Абидокъуэ Лусанэ: ЦIыхубз нэгъэсауэ, журналист лъэрыхьу дунейм сытетыфмэ, си насыпщ
2020-11-19
- Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм къыщыдэкI «Черкес хэку» адыгэ газетым илъэс 16 хъуауэ щылажьэ, абы жэуап зыхь и секретарь, КъШР-м щIыхь зиIэ и журналист Абидокъуэ (Щохъужь) Лусанэ интервью къыIахауэ иджыблагъэ къытрадзащ Тыркум къыщыдэкI «Жьынэпс» адыгэ газетым. ЩIыналъэкIэ дызэпэIэщIэми, гурэ псэкIэ дызэрызэпыщIам, жыджэру дызэрызэдэлажьэм и щыхьэту «Адыгэ псалъэ» газетми тыдодзэ, ди лэжьэгъухэм ягъэхьэзыра тхыгъэр икIи ди гуапэу фыдогъэцIыху адыгэ журналистикэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIхэм ящыщ шэрджэс пщащэр.
- — Лусанэ, япэ дыдэ нэIуасэ дыщыпхуэхъуар Хэкум къыщыдэкI, адыгэ щыпсэу хэгъэгухэм щыIэ газетхэм зэгъусэу ягъэхьэзыр къыдэкIыгъуэхэм «Жьынэпсри» хыхьэну хуейуэ, лэжьыгъэ IуэхукIэ адэжь щIыналъэм дыныщыкIуаращ.
- Абы лъандэрэ «Жьынэпс» газетыр адыгэбзэкIэ щэ къыдэдгъэкIащ. ИкIи, япэрауэ, ди газетым зи гуащIэ хэзылъхьэ дэтхэнэми къыдбгъэдэкIыу фIыщIэ ин пхуэтщIыну дыхуейщ а газетищми уи къару, щIэныгъэ, IэкIуэлъакIуагъ зэрепхьэлIэм папщIэ! Уэ тхыгъэ куэд тхузэбгъэзэхуэжащ, гупсэхуу тхущIэбджыкIащ. КъищынэмыщIауэ, чэнджэщкIэ дапщэрэ дыныплъыхъуэми, уигурэ уи псэрэ ихауэ укъыддэIэпыкъуащ, дызыхуейм ди Iуэхур тхунэбгъэсащ. ФIыщIэ ин пхудощI.
- Иджы дыхуейт ди щIэджыкIакIуэхэм уакъедгъэщIэну, уи гупсысэм, узыбгъэдэт лэжьыгъэм, узыхунэса ехъулIэныгъэхэм ди лъэпкъэгъухэр щыдгъэгъуэзэну. Хъунумэ, уи къекIуэкIыкIам, журналист лэжьыгъэм узэрыхуэкIуам къытхутеувыIэ…
- — Тхьэм уигъэпсэу, хуабжьу псалъэ гуапэ къысхужыпIащ. Iуэхушхуэ фхуэсщIауэ аракъым, ауэ, дяпэкIи, схузэфIэкI къэзмыгъэнэну фыкъызогъэгугъэ…
- Сэ сыкъыщалъхуащ Хьэгъундыкъуей адыгэ къуажэжьым, абы дэт, адыгэбзэмрэ анэдэлъхубзэмрэ джыным гулъытэ ин щыхуащI курыт еджапIэри къэзухащ. Абы иужьым егъэджакIуэхэр щагъэхьэзыр училищэм сыщеджащ, абыи лъэпкъыбзэр джыным, ар щIэблэм зэрабгъэдэплъхьэн Iэмалым фIыуэ сыщыгъуэзауэ сыкъыщIэкIащ.
- Илъэси 8-кIэ Черкесск къалэм дэт 18-нэ курыт еджапIэм адыгэбзэмрэ анэдэлъхубзэмрэ щезгъэджащ. Абдеж сыщылажьэурэ, си IэщIагъэмкIэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ университетым щызэзгъэгъуэтащ. Адыгэбзэмрэ анэдэлъхубзэмрэ нэмыщI, урысыбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэ IэщIагъэр къыщIэсхащ.
- Зы зэманкIэ усэ тхыным сыдихьэхри, си усэ цIыкIуитI «Черкес хэку» газетым 2004 гъэм къытехуауэ щытащ. ИкIи, газетым сыкърагъэблагъэри, журналист IэщIагъэм абы щыгъуэм сыхэпщIа хъуащ. Мис, нобэр къыздэсым, илъэс 16 хъуащи, адыгэ журналистикэм сытолажьэ. Абы къыдэкIуэуи, тхылъ зыбжанэ илъэс бжыгъэ хъуауэ солэжь. Тхьэм жиIэмэ, зэман кIэщIкIэ ахэри дунейм къытехьэнущ. АдыгэбзэкIи урысыбзэкIи сотхэ…
- Газетым и лэжьыгъэм нэмыщI, республикэм щекIуэкI адыгэ жылагъуэ Iуэхухэми я курыкупсэм сыхэтщ, лъэпкъ фестивалхэр, зэхыхьэхэр утыку инхэм щызогъэкIуэкI…
- Аращи, адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэу си гуащIэдэкI лэжьыгъэр езгъажьэри, адыгэ журналистикэм зестыжащ.
- — Куэд щIакъым хъуэхъу гуапэхэр къыпхужаIэу интернетым зэрыщытлъагъурэ, журналист зэпеуэ иным текIуэныгъэ къыщыпхьат. Дэри абыкIэ дынохъуэхъу! ДяпэкIи уефIэкIуэну Тхьэм жиIэ. Дыщыбгъэгъуазэмэ хъунт а зэпеуэм…
- — ИщхьэкIэ зэрыщыжысIауэ, журналист лэжьыгъэм адыгэбзэкIи урысыбзэкIи зэхуэдэу зызопщыт. Зи гугъу пщIы журналист зэпеуэр урысыбзэкIэщ зэрырагъэкIуэкIыр. Абы Урысей къэралым хыхьэ щIыналъэ 85-м къабгъэдэкIа журналист мин бжыгъэ холэжьыхь. А зэпеуэм ирагъэхь тхыгъэхэм къыщаIэт хэгъэгухэр, цIыхухэр нэхъыбэу зыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэр. Лъэпощхьэпохэр къэIэтауэ, абы и зэфIэхыкIэ хъуным журналистым и еплъыкIэри къыщыгъэлъэгъуауэ щытын хуейщ.
- ИлъэсищкIэ узэIэбэкIыж-мэ, 2017 гъэм, япэ дыдэ а журналист зэпеуэм текIуэныгъэр къыщысхьауэ щытащ. Абы щыгъуэми зи гугъу сщIар Черкесск къалэм дэт, зи нэхэм ямылъагъухэм папщIэ щыIэ тхылъ хъумапIэм и екIуэлIапIэр зэрымытыншыр, зэрызэтемыгъэпсыхьарат. Журналист лэжьыгъэ мини 4-м щIигъу а зэпеуэм хэтауэ щытащ. ТекIуэныгъэр зыхуагъэфэща нэрыбгэ 500-м сэри сахэхуат…
- Мы гъэми журналистхэм лэжьыгъэ мини 6-м щIигъу зэпеуэм ягъэхьащ. Си тхыгъэр зытеухуауэ щытар Черкесск къалэм дэт, къат куэду зэтет унэхэм щIэсхэм къагъэсэбэпа псыр зэрылъадэ кумбхэр, канализацэ кIуапIэхэр зэрызэтемыгъэпсыхьаращ. А лъэпощхьэпом гулъытэ зэрыхуэсщIар, абдеж къыщысIэта Iуэхугъуэм мыхьэнэ иIэу къыхагъэщауэ аращ.
- Япэм щыгъуэ текIуэныгъэр къэзыхьа журналистхэм къэралым и Президент Путин Владимир Санкт-Петербург къалэм къыщытIущIауэ щытащ, купщIафIэу къыдэпсэлъат.
- Иджы, пандемиер зэрекIуэкIым ипкъ иту, «Медиафорум»-р щащIыну пIалъэм дыщыгъуазэкъым… ЖысIэнщи, мы зэпеуэм текIуэныгъэр къыщызыхь журналистым ахъшэфIи саугъэту къыхуагъэфащэ.
- ПщIэ лъагэ зиIэ а зэпеуэ иным адыгэ журналистхэм ящыщу тIэунейрэ текIуэныгъэр къызэрыщысхьам срогушхуэ…
- — Упсэу! Иджы газетым и Iуэхум зыхуэдгъэзэнщи, КъШР-м къыщыдэкI адыгэ газетым и электроннэ Iэмалым зиужьу къэплъытэрэ? Хьэмэрэ щIэджыкIакIуэхэм тхылъымпIэм иту яIэрыхьэныр нэхъ къыхахыу щыт? Электроннэр — тхылъымпIэм тетым и пIэ иувэну къыпщыхъурэ?
- — Зэуэ жысIэнщи, нобэрей гъащIэм зэрызиужьым, шэч хэмылъу, адыгэ газетри докIуатэ. Газетым сайт егъэлажьэ, иIэщ электроннэ Iэмалри, газетхэр щызэхуэхьэса архиври. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, а Iэмалхэр нэхъыбэу къэзыгъэсэбэпыфыр ныбжьыщIэхэращ, компьютер, нэгъуэщI технологиехэр зиIэхэрщ. Ар зы лъэныкъуэкIэ фIыщ. АтIэ, иджырей зэманым сабий бгъуэтынукъым телефонкIэ, интернеткIэ зыхуей зыхуэмыщIэн: псоми хуэгъэпсауэ къотэдж. Апхуэдэ ныбжьыщIэр лъэпкъыпсэ-хэкупсэмэ, Iэмал имыIэу адыгэ дунейм зыщигъэгъуэзэну хуеинущ, къилъыхъуэнущ адыгэ газетри, тхыгъэхэри щIиджыкIынущ.
- Дауэ мыхъуми, ар глобализацэм къытхуигъэув щытыкIэщи, а Iуэхур кIуэтэнущ…
- МыдреймкIэ, нобэ Хэкум, Къэрэшей-Шэрджэсым къыщыдэкI «Черкес хэку» адыгэ газетыр мыбы адыгэ къуажэу итым — жылэ 17-м — щыпсэухэм яIэрохьэ. Къуажэм нэхъыбэу дэсыр ныбжь зиIэхэращ, интернетым щIагъуэу пымыщIахэращ. Ахэр, зэресэжащи, тхылъымпIэм тету газетыр къаIэрыхьэмэ, яфIэкъабылщ. Къуажэм сыкIуэмэ, цIыхухэм жаIэу зэхызох: «Черкес хэкум» зы хьэрф къэзмыгъанэу къызоджыкI! СытемыпыIэжу сыпоплъэ газетыр къыщысIэрыхьэнум»… Ар жызыIэр зи ныбжь хэкIуэтахэращ.
- Пэжыр жысIэнщи, газетым лъэпкъыбзэр зэрихъумэм, а лъэныкъуэмкIэ мыхьэнэ ин зиIэ лэжьыгъэ зэригъэзащIэм къыдэкIуэу, «Черкес хэкум» лъэпкъым и тхыдэри етх.
- СызэреплъымкIэ, газетыр тхылъымпIэм тету къыдэгъэкIыныр зэи зэпыбгъэу мыхъун Iуэхугъуэщ. Абы игъэзащIэ мыхьэнэр уасэншэу къызолъытэ.
- — ЩIалэгъуалэм газетым хуаIэ еплъыкIэр сыт хуэдэ? Ахэр газетым еджэным дегъэхьэхынымкIэ сыт щIэн хуейр?
- — Псом япэращи, адыгэ унагъуэ къэс адыгэ газет илъын хуейщ. Сабийм сыт щыгъуи илъагъун хуейщ балигъыр а газетым зэреджэр, зэрыфIэгъэщIэгъуэныр. Зы адыгэ унагъуэ срихьэлIащ: «Адыгэ газетыр къыщыдэкIа махуэм и пщыхьэщхьэм зэрыунагъуэу дызэхотIысхьэри, ар щIыдоджыкI, тхыгъэхэм дытопсэлъыхь, зэпкърыдох, ини-цIыкIуи ди еплъыкIэр къыдогъэлъагъуэ». Ар телъыджащэкъэ! Апхуэдэ унагъуэм къыщIэтаджэ сабийр Iэмал имыIэу лъэпкъыпсэу къэхъунущ, бзэр и Iэпэгъуу щытынущ, адыгэм и дунейм щыгъуэзэнущ. Абдежращ къыщежьэр щIэблэм бзэр фIыуэ егъэлъагъуныр, лъэпкъ газетым пщIэ хуищIу къэгъэтэджыныр.
- АдреймкIэ, сабий куэд ди щIэджыкIакIуэщ. АтIэ, газетым диIэщ «Дыгъэбын» зи фIэщыгъэ рубрикэ. Мазэм зэ догъэхьэзыр а напэкIуэцIыр икIи абдеж гулъытэ щыхудощI адыгэр дызэрыгушхуэ щIэблэм, абыхэм я ехъулIэныгъэхэр (сыт и лъэныкъуэкIи) къыдогъэлъагъуэ. Абы Iэмал имыIэу егъэгушхуэ сабийхэр, а напэкIуэцIым къытехуэну хущIэкъу ещI, уеблэмэ а газетхэр зэтелъу зезыхьэхэри ди куэдщ. Псом хуэмыдэу, спортсмен ныбжьыщIэхэм газетым къыхуаIэ пыщIэныгъэр куэдкIэ нэхъ инщ. А лэжьыгъэри уасэншэщ щIэблэр газетым къепшэлIэнымкIэ. Иджыри зэ къытызогъазэри, лъэпкъым и бзэр зыхъумэ газетым щIэблэм хуиIэну лъагъуныгъэр, япэрауэ, къыщежьэн хуейр унагъуэрщ. Пэжщ, а Iуэхур щагъэкIуатэ еджапIэхэми.
- — Дэтхэнэр нэхъ гугъу: адыгэ цIыхубзу ущытынра хьэмэрэ адыгэ журналист лъэрыхь ухъунра?…
- — Мы упщIэм жэуап естыфыну къыщIэкIынкъым. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, лъэныкъуитIымкIи нэгъэсауэ си Iуэху згъэзэщIэфу дунейм сытету къэслъытэркъыми. Арами, сыкъызыхэкIа лъэпкъым сыхуэфащэу сызэрыщытыным, сыщагъэса унагъуэм илъа хабзэхэр зэрызесхьэным сыхущIэкъуу дунейм сытетщ.
- АдреймкIэ, узытелажьэ Iуэхур фIыуэ плъагъумэ, удихьэхмэ, уи псэр зэщIищтэмэ, Iэмал имыIэу абыкIэ уехъулIэнущ. Журналистикэм хуабжьу сыдехьэх, мы IэщIагъэр сфIэтелъыджэщ, сфIэгъэщIэгъуэн дыдэщ. Сыт щыгъуи зызужьыну, нэхъри нэхъ лъагапIэ инхэм сыхуэкIуэну сыщIохъуэпс. Зыхуэзгъэувыж къалэнхэр гугъуехь хэмылъу зэрызыIэрызгъэхьэр, дауи, зи фIыщIэр си IэщIагъэр фIыуэ зэрыслъагъурагъэнщ.
- ЦIыхубз нэгъэсауэ, журналист лъэрыхьу дунейм сытетыфмэ, си насыпщ.
- — Тхьэм уигъэпсэу, Лусанэ.
- Епсэлъар Хьэжбэвыкъуэ Эрдогъанщ.
- Истамбыл къалэ.