ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Жэрдэмымрэ ахъшэмрэ зэщIыгъумэ

2020-11-19

  • Ди щыIэкIэ-псэукIэм зригъэхъуэжыну гугъэ уэзыгъэщIщ 2021 гъэм къару зыгъуэтыну хабзэщIэр — щIыпIэм къыщалэжьым, хэхъуэу яIэм и Iыхьэ ар зи хьэрычэтхэм къагъэсэбэпыну Iэмал яIэ зэрыхъунур. УФ-м и Президентым Iэ щIидзащ БюджетымкIэ кодексымрэ щIыпIэ самоуправленэмкIэ хабзэмрэ халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэм.

 

  • Сыт хабзэм игъэбелджылыр? Япэрауэ, щIыпIэм и хэхъуэм щыщ къагъэсэбэпыну хуит ещI цIыхухэм я щыIэкIэ-псэукIэр егъэфIэкIуэным теухуауэ. ЕтIуанэрауэ, ди къуажэр, къалэр дгъэдэхарэт, жаIэу гудзакъэ зыхэлъ цIыхухэм ягъэхьэзыра проектхэм я нэхъыфIхэр, япэ игъэщыпхъэхэр къыхахыу ар ягъэзэщIэн хуейщ.
  • Жэрдэм къызэбэкIым ахъшэ иIэкъым, ахъшэ зиIэр жылагъуэ Iуэхум къыхэшэгъуейщ. Ар икIи гурыIуэгъуэщ, я нэхъ мащIэрамэ, налогымкIэ хуэгъэкIуатэ щыIапхъэт хьэрычэтыщIэр апхуэдэ лэжьыгъэм къыхэпшэн папщIэ.
  • Ди жагъуэ зэрыхъунщи, псэуну тIысагъащIэхэм ещхьщ ди къуажэхэм я нэхъыбэр. Ахъшэ зэрамыIэм къыхэкIыу, илъэс пщIы бжыгъэкIэ я лъапсэр къращIэкI. Унэ ныкъуэщIхэм гъуабжафэ къытрагъауэ ди къуажэхэм. Псом хуэмыдэу нэр фIонэ уэрам быркъуэшыркъуэхэм, шэдхэм, Iэщыр мащIэ зэрыхъуам къыхэкIыу, къуацэ-чыцэм зэщIащта губгъуэхэмрэ джабэ нэкIухэмрэ.
  • Мы зэманым зрагъэужьыну яужь итщ «къуажэ туризм» жыхуаIэм. Къалэм дэзэшыхьхэм, шхын къабзэ тшхарэт, ди щIыналъэм я нэхъ дахэхэр зэдгъэлъэгъуарэт, жаIэу ди щIыпIэмкIэ къэзыунэтIынкIэ хъунухэм захуэдгъэхьэзырынымкIэ мы хабзэр сэбэп хъунущ. Псалъэм къыдэкIуэу жысIэнщи, туризмэмкIэ демыбауэ пIэрэ, цIыхухэм ахъшэ щамыIэ, лэжьапIэншэхэр щыкуэд, абы уз зэрыцIалэри къыхыхьэжу гъащIэр къызэтеувыIауэ къыщыпщыхъу зэманым? Дауэ щымытми, дакъыкIэрыху хъунукъым адрей щIыналъэхэм.
  • Зи гугъу тщIы хабзэм цIыхухэр трегъэгушхуэ я къуажэр, къалэр, районыр, республикэр езыгъэфIэкIуэн, абыхэм щыпсэухэм гъащIэр тынш ящызыщIын жэрдэм къыхалъхьэну. Проект къыхэзылъхьам и Iуэхур даIыгъ-дамыIыгъым теухуауэ щIыпIэ администрацэм и унафэщIым мазэ пIалъэм къриубыдэу жэуап иратын хуейщ.
  • Хабзэм елэжьахэм зэрыжаIэмкIэ, цIыхухэр хэтын, тегъэгушхуэн хуейщ я псэукIэр езыгъэфIэкIуэну Iуэхухэм. Хэтын къудей мыхъуу, бюджет ахъшэр зытрагъэкIуадэм кIэлъыплъыну хуитщ.
  • Ар дауэ зэрыпщIынур? ЦIыхуипщI нэхърэ мынэхъ ма- щIэ зэгуохьэ, къуажэм, къалэм (щхьэж щыпсэум елъытауэ) щащIэну хуейм и проектыр щIыпIэ администрацэм щIалъхьэ. Проектым мыхьэнэуэ иIэр, мылъкуу текIуэдэнур, н.къ. псори гъэбелджылауэ, тхауэ администрацэм етын хуейщ.
  • Псалъэм папщIэ, Ставрополь крайм, Дагъыстэным къыщагъэсэбэп «ЩIыпIэ жэрдэмхэр» программэр. Республикэм мы гъэм а программэм хухихащ сом мелуан 269,6-рэ. Абы щыщу сом мелуани 181,5-р республикэм и бюджетым, сом мелуан 28,1-р муниципалънэ бюджетым, сом мелуан 60-р меценатхэм къыхалъхьащ.
  • ЦIыхум жэрдэм щIыхэлъын, абы ар дэIыгъын щIыхуейм щхьэусыгъуэ зыбжанэ иIэщ. Япэрауэ, ар демократием къигъэув Iуэхущ. ЕтIуанэрауэ, цIыхухэр политикэми, экономикэми, псэукIэм епха нэгъуэщIIуэхухэми хэпсэлъы-хьыну хуимытмэ, я псалъэм пщIэ имыIэмэ, жылагъуэу пхузэкъуэгъэувэнукъым. АтIэ псом хуэмыдэу мы зэманым абы мыхьэнэшхуэ иIэщ, щIыпIэ администрацэр и закъуэ зыпэмылъэщын Iуэху куэд зэтрихьэ хъуащи. Ар лэжьа- пIэншагъэм, афияным, ди щIыпIэм щыземыкIуа хабзэ къытхэзыпщэну зызыгъэткIийхэм, нэгъуэщIхэми епхащ икIи зи гугъу тщIа дэтхэнэ зы Iуэхури ди щыIэкIэ-псэукIэр хьэлъэ зыщIщ. Абы тещIыхьауэ уегупсысмэ, мы хабзэм мылъку зэхэдзи, акъыл зэхэдзи тщIыну Iэмал къыдет.