ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Узыр  къэкIуэгъуафIэ  щхьэкIэ кIуэжыгъуафIэкъым

2020-11-19

  • «Махуэку» кIуами тетат коронавирусым теухуа тхыгъи, аргуэру абы и  гугъу сымыщIами хъунут. Ауэ, зауэм щыIэм и хъыбарым пэплъэхэу зэрыщытам хуэдэу, мы уз зэрыцIалэм Iэмал гуэр къыхуагъуэтыну пIэрэ, жытIэу ятхым деджэн, жаIэм дедэIуэн хуей мэхъу.

  • Дохутырхэм я нэхъыбэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, иджыри мази 7 — 8-кIэ тщхьэщыкIынукъым мы уз зэрыцIалэр. Жэщ-махуэм цIыху мини 4 — 5 сымаджэу къахутэу щытамэ, а бжыгъэр мин 20-м  щхьэдэхащ, нэхъыкIэжыращи, абыи къыщымыувыIэну жаIэ. Псалъэм папщIэ, Урысейм елъытауэ, Франджым и цIыхур хуэдитIым щIигъукIэ нэхъ мащIэщ, ауэ зы жэщ-махуэм сымаджэ хъум я бжыгъэр мин 58-м нэ-сащ.
  • Москва, Москва область, Санкт-П етербург щIыналъэхэм я медицинэ хуэIухуэ-щIэр зэрынэхъыфIыр, хущхъуэкIи нэхъ къызэрызэгъэпэщар гурыIуэгъуэщ. Тхьэусыхафэр нэхъыбэу къыздиIукIыр ди къэралым и хэгъэгухэрщ: дохутыр къебджамэ, абы куэдрэ упэплъэн хуей мэхъу; хущхъуэхэр лъапIэщ, уеблэмэ гъуэтыгъуеи къахокI. ИщхьэIуэкIэ зи гугъу щытщIа къалитIымрэ областымрэ хэбгъэкIмэ, цIыху мелуани 120-рэ хэгъэгухэм щопсэу. Абы-хэм я Iуэхур дауэ хъуну?
  • Сымаджэхэм я бжыгъэм къызэрыхэхъуэм мыпхуэдэ унафэ къаригъэщтащ. Коронавирусыр амбулаторнэу зыгъэхъужхэм я узыфэр къыщахута махуэм къыщыщIэдзауэ хущхъуэу зыхуеинур уасэ щIамыту иратын хуейщ. ЩэкIуэгъуэм и 9-м УФ-м и Правительствэм щыжаIащ мы узым ирипэщIэтыну хэгъэгухэм иратагъэххэ сом мелардитхум иджыри хущIагъуну.
  • «Амбулаторнэу зызыгъэхъужыну сымаджэхэм хущхъуэр зэуэ ирату щIадзэн хуейщ, ахэр аптекэм мыкIуэн, нэхъ псынщIэу зэIэзэн щIадзэн папщIэ», — жиIащ узыншагъэр хъумэнымкIэ министр Мурашкэ Михаил. Абы къыхигъэщащ дыхуей хъумэ жаIэу хущхъуэ куэд цIыхухэм къызэращэхур, аптекэхэм щызэтрихьэ цIыхухэм уз зэрыцIалэм зэрызрагъэубгъур. КъищынэмыщIауэ, хущхъуэр ирату зэрыщIадзар хуэщхьэпэнущ дохутырым хуитхам фIэкIа цIыхум зримыхьэлIэным. Ар къыщIыхагъэщыр сымэджахэм еупщIу е интернетым къриджыкIыу хущхъуэ зэзыхьэлIэр зэрымымащIэращ.
  • Дауэ хущхъуэр зэрыратынур? Хэгъэгу къэс абы зыгуэр къыхуагупсыс, ауэ псом нэхърэ нэхъ тэмэму къалъытэр узыр къэзыхута дохутырым е волонтёрхэм хущхъуэ сымаджэм Iэрагъэхьэнырщ.
  • Экспертхэм жаIэ, сыт хуэдизкIэ къыдэмыхьэлъэкIми, тхьэмахуищ хуэдэкIэ зэ-хуэщIын хуейуэ сабий садхэри, ищхьэ, курыт еджапIэхэри, спорт, нэгъуэщI секцэхэри. Щапхъэу къахь Израилыр: жэпуэгъуэм и 1-м зы жэщ-махуэм 9000 сымаджэм къахэхъуэу щытамэ, тхьэмахуищым къриубыдэу ар 400-м нэс кърагъэхыфащ. Къэралым и гъунапкъэхэри я IуэхущIапIэхэри зэрызэхуащIаращ ар къызыпэкIуар. ЩIымахуэ кIыхь дызыхуэкIуэм Урысейми зигъэбыдэмэ (тхьэмахуищкIэ нэхъ мыхъуми), цIыхури экономикэри нэхъ хъума хъуну къалъытэ. Дыпэплъэнщ ящIыну унафэм. ЗэрыфхузэфIэкIкIэ фызыхуэсакъ, уз зэрыцIалэр псынщIэу кIуэдыжыну зыми дыкъигъэгугъэркъым.