ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Ноябрь, 2020

2020 гъэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и псыежэххэм хаутIыпщхьащ Тхылъ плъыжьым иратха бдзэжьейкъуэлэным и хьэмцIажьэу мелуаным нэблагъэ

2020-11-14

  • «РусГидро»-м Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэм Тэрч псымрэ абы къыхэлъадэхэмрэ хиутIыпщхьащ бдзэжьейкъуэлэн хьэмцIажьэу мини 110-м нэблагъэ. Тэрч, Шэрэдж, Балъкъ псыхэм бдзэжьейхэр хэутIыпщхьэжыным, щыгъэбэгъуэжыным хуэунэтIауэ илъэс зыбжанэ хъуауэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэхэм я кIэух Iыхьэу аращ ар. Псори зэхэту 2020 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и псыежэххэм Тхылъ плъыжьым иратха бдзэжьейкъуэлэным и хьэмцIажьэу мин 942-м щIигъу хаутIыпщхьащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

2020-11-14

  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЩIалэгъуалэ
  • правительствэм и зэхэлъыкIэм и IуэхукIэ
  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
  • и Iэтащхьэм и Унафэ
  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЩIалэгъуалэ правительствэм теухуа Положенэм, «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЩIалэгъуалэ правительствэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Президентым 2008 гъэм бадзэуэгъуэм и 25-м къыдигъэкIа Указ №85-УП-мкIэ къищтам, и 3.2 пунктым ипкъ иткIэ:

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Унафэ

ЩIэныгъэм  зи  кIэн  къыщикIахэр

2020-11-14

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм хъыбар къызэритамкIэ, «Зыгъэпсэхугъуэ ин» зи фIэщыгъэ урысейпсо зэхьэзэхуэм щытекIуа цIыху 600-м ди щIыналъэм щыщ еджакIуих хиубыдащ: 9-нэ классым щIэс Абазэ Мурат, 11-нэ классым щеджэ Айбаз Феликс, БетIрожь Сабинэ, Кулиевэ Танзиля, Шыкъ Уэзырмэс сымэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Егъэджэныгъэ

«Кавказ зэгурыIуэ»

2020-11-14

  • ЩэкIуэгъуэм и 6-м Дагъыстэным и къалащхьэ Мэхъэчкъалэ «Кавказ зэгурыIуэ» зи цIэ щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэм и зэхуэс щекIуэкIащ. Ди республикэм щыщу абы хэтащ КъБР-м и Дин IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэ Сыжажэ Алим.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Дин Iуэху

И мыхьэнэр къыдгурыIуэу

2020-11-14

  • ЩэкIуэгъуэм и 15-р КIэрыхубжьэрыхухэм хэлэжьыхьыжыным (рециклинг) и дунейпсо махуэщ. 2020 гъэм ар щагъэлъапIэ Урысей Федерацэм, Украинэм, Белорусым, нэгъуэщIхэми.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Махуэгъэпс

КЪАРДЭН Хьэдис Мудар и къуэр

2020-11-14

  • И ныбжьыр илъэс 78-м иту дунейм ехыжащ Къардэн Хьэдис Мудар и къуэр. Ар Шэрэдж щIыналъэм хыхьэ Зэрэгъыж къуажэм къыщалъхуащ 1942 гъэм мэкъуауэгъуэм и 1-м.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

КъБР-м и ТВ-мрэ радиомрэ

2020-11-14

  •  1 КъБР «Мир» канал
  • Блыщхьэ, щэкIуэгъуэм и 16
  • 6.00 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
  • 6.30 «КъэкIуэнур нобэм пыщIащ». Лефлер Андрей (12+)
  • 7.00 «Ди къежьапIэ» (адыгэбзэкIэ) (12+)
  • 7.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
  • 8.00 «Адэжь щIэин» (адыгэбзэкIэ) (16+)
  • 8.40 «Литературэм теухуа псалъэмакъ» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
  • 9.15 «ЩыIащ-псэуащ…» (балъкъэрыбзэкIэ) (6+)

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Нэтынхэр

Мэремкъул Ларисэ:   Сызыхуэныкъуэ  дунейм тету сщIэркъым

2020-11-14

  • ЦIыхум хэлъым я нэхъыщхьэр сабиигъуэм къызэрыщежьэм шэч къытесхьэркъым сэ. ИужькIэ псыхьа хъу ди Iэпкълъэпкъым, ди псэм дыкъэзыухъуреихьхэм яжь мымащIэ къыщIихуми, нэхъыбэр къыддалъхуу, псори нэхъуеиншэу щызыщIэтшэ сабиигъуэм къыхэкIыу къысфIощI. Нобэ къыщалъхуа махуэр зэригъэлъапIэр си щхьэусыгъуэу псэлъэгъу схуэхъуа журналист Iэзэ, зэдзэкIакIуэ гъуэзэджэ, и къалэмыпэм къыпыкIа зэдзэкIыгъэхэмрэ и ра-дио нэтын купщIафIэхэмкIэ ди республикэми гъунэгъу щIыналъэхэми фIыуэ къыщацIыху Мэремкъул Ларисэ  хуэгъэза  си  япэ упщIэри а зэманым щIехьэлIам и щхьэусыгъуэр арат.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ДифI догъэлъапIэ

ЕгъэджакIуэ  щыпкъэ

2020-11-14

  • Теунэ Ритэ Псыхъурей къуажэм щыщ, адыгэ хабзэр щытепщэ унагъуэм къыщалъхуащ. Зэрысабийрэ и анэшхуэм и жьауэм щIэту къэтэджа Ритэ гъащIэм Iущ хуэхъуащ. Ритэ и адэ-анэ Хъуранхэ Мухьэмэдрэ Сэмриятрэ адыгэ хабзэм тетт, пщIэ-нэмыс я зэхуаку дэлъти, я бынитIми (Ритэрэ Аликрэ) ахэр щапхъэ яхуэхъуащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Щапхъэ

Хьэтуей  и  тхыдэ жыжьэм  ухегъаплъэ

2020-11-14

  • Иджыблагъэ «Принт Центр» типографием къыщыдэкIащ «Хатуей. Штрихи к истории селения и генеалогии жителей» тхылъыр. Ар теухуащ Анзор Хьэту и къуажэр ТэрчкIэ къиIэпхъукIыу Урыху псым и Iуфэм къызэрытIысрэ илъэси 170-рэ зэрырикъум. Тхылъыр и IэдакъэщIэкIщ Мамхэгъ Астемыр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ТхылъыщIэ

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2020-11-14

  • Нэщэнэхэр
  • Бабыщхэм удзым зыхакухьмэ, уэлбанэ хъунущ
  • Абгъуэм абгъуэрынэ кърамынэу джэдыкIэ псори кърахыртэкъым.
  • Адакъэпщыр фIэбгъэжыжмэ, абы и лъэпкъ псори докIуэдыж.
  • Анэм и быдзыщхьэр шхэмэ, и бын сымаджэ мэхъу.
  • АнэщIэр Iуэну фIыкъым — угъурсызщ, хужаIэрт. Апхуэдэр яукIырти яшхыжырт. «Джэд Iуа трашхыхьа?» — жыхуаIэ псалъэжьыр абы къытекIащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис