ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Насып зэхэгъэкIыпIэ

2020-11-19

  • НэфIэдз  Мухьэмэд
  • Повестым  щыщ  пычыгъуэхэр
  • (КIэлъыкIуэр. ПэщIэдзэр №137-м итщ.).
  • * * *
  • Ещанэ къатым и балкон бгъуфIэ хужьышхуэм ит Динэ удз гъэгъахэм псы щIекIэ. Абыхэм я мэ гуакIуэр и Iум итми, защимыгъэнщIу, щIэх-щIэхыурэ ину хьэуар зыжьэдешэ. Гъэгъахэм я мэ гурыхьым нэхърэ нэхъ гуащIэжу и гум зы IэфIыгъэ гуэри щызщ — ар зэрымыщIэкIэ зэщIэгъэгъа лъагъуныгъэрщ.

  • — Сыт абы сыкъыщIыхихар, хъыджэбз дунейм текIыжа хуэдэ? Пэж дыдэу сыкъилъагъуу пIэрэ? Си жьэм къысхуемыгъэкIуэн псалъэщ, ауэ сэри ар фIыщэу солъагъу. КъысщIэупщIэу къэпсэлъэжыркъым, дауи, и жагъуэ хъуагъэнщ иужьрейуэ зэхезгъэха псалъэхэр. НтIэ, сытыт жесIэнур — сэри си гум урохь, жысIэу сыбгъэдэувэнут?
  • — Уи ныбжьэгъур къэкIуащ, Динэ, къех, — и гупсысэхэр зэпиудащ и анэм.
  • — Ася хъунщ ар, къыдэгъэкIуей, мамэ.
  • Заул дэкIауэ, пщащэр къыбгъэдыхьащ.
  • — Уи махуэ фIыуэ — IэплIэ къыхуищIащ.
  • — Къеблагъэ!
  • — Дыкъеблэгъакъэ, дауэ ущыт, уи закъуэу узэшуи щхьэ мыбы утет?
  • — Си закъуэ сэ сытми, Алыхьыр си гъусэщ, мы удз гъэгъа цIыкIухэми си гур ябгъэдэмыкIыу арат, тхьэ.
  • — Мыбдей зыщуплъыхьынуи уасэ иIэкъым, таурыхъым хуэдэщ. Ауэ дыщIэгъэкIи, къалэм дыдэгъэхьэ, тIэкIу ди нэгум зыщедгъэужьынщ.
  • — Зи, сыхуеищэкъым зыщIыпIи сыкIуэну, дыщIэгъэс дыдей.
  • — Мыпхуэдэ пщыхьэщхьэ дахэм дауэ унэм узэрыщIэсынур, еуэ, ныщIэкI, зытедгъэунщ жысIэри аращ сыкъыщIэкIуар.
  • ЗэрызэгурыIуам тету, Ася Динэ къишат парк цIыкIум. А тIур тетIысхьэпIэм здытесым, Резуан блэкIрэ пэт, зэрымыщIэкIэ къабгъэдыхьа хуэдэу къыIухьащ.
  • — УэI, мы тIум еплъыт, фыузыншэм!
  • — Къеблагъэ, къеблагъэ, уэрат дызэжьэр, дэнэ укъикIа? — гушыIэурэ щIэупщIащ Ася.
  • — Сэ апхуэдэурэ сыкъыкъуоху, ауэ Динэ уэрэ фызыпэплъэIарэ? ЩIалэжь гуэрхэр къыIухьэн хуеймэ, жыфIэ, зэран сыфхуэмыхъуу зыIуезгъэхыжынщ.
  • — Хьэуэ, къэтIыс уэри ди гъусэу, — зыхуигъэзащ абы Динэ.
  • — Уэлэхьи, ар сэ си мыжагъуэ, нэху щыхуи сывбгъэдэсыфынум. — Ар жиIэри Ася и лъэныкъуэмкIэ щетIысэхащ, ауэ, зэуэ къыщылъэтыжри, хъыджэбзхэм захуигъэзащ: — ФынакIуэ, моуэ, кафе е нэгъуэщI зыгуэрым дыщIэсынщ.
  • Динэ зрилъэфыхьу гу щылъитэм, Ася абы и Iэблэр иубыдурэ:
  • — НакIуэ, накIуэ, сыт, мыбы ущысхьрэ? — жиIащ.
  • Нэгумэм и уэрамымкIэ ирагъэзыха къудейуэ, Заур мо гупым къазэрыхуэкIуэм гу лъатащ.
  • — Сэлам алейкум! — япэ зригъэщащ Резуан.
  • — Алейкум сэлам, хъыджэбзхэри фыузыншэм, жери, сэлам ярех. — Сэри сыздэфшэ фыздежьам.
  • — ЯпэщIыкIэ щIэупщIэ, дэнэ фыздэкIуэр, жыIи, — зыкъыхуигъэзащ и ныбжьэгъум.
  • — Сэ дэнэми содэ, фэ сывигъусэмэ.
  • — Абы щыгъуэм «Форум» кинотеатрым хэт кафем докIуэ.
  • Заур Динэ и гъунэгъуу щысщ, щIэх-щIэхыурэ и нэгум иплъэми, пщащэм гу зэрызылъримыгъэтэным хущIэкъу зэпытщ.
  • — Сэ иджыпсту къэзгъэзэжынщ, — къэтэджащ ар, мыгувэуи къыIухьэжащ, билетиплI иIыгъыу.
  • — Сыт мыхэр зищIысыр? — щIэупщIащ и ныбжьэгъур.
  • — Иджыпсту кином щIидзэнущи деплъынщ.
  • — Гувакъэ, дыкIуэжын хуейщ, — къэпсэлъащ Динэ.
  • — Махуэ къэс мыпхуэдэу зыдагъэгъэпсэхуну къыщытхуимыхуэкIэ, тхьэ сэ сыарэзым. Мыпхуэдэ щIалэхэм зыми драгъэхьынкъым, Динэ, дымыгузавэу, хуиту девгъэплъ, — жиIащ Ася.
  • — Ахэращ дзыхь зыхуэзмыщIыххэр, абыхэм уамыдыгъуфыну щхьэ къыпщыхъуа? — дыхьэшхыурэ, щIэупщIащ Дини.
  • — Сэ сщIэ мыгъуэрэ, дапщэщми зэ ар къыщытпэщылъкIэ, дадыгъуми мыхэр нэхъ къытщысхьурэ дахьынщ, ямыгъэузIауэ, пэжкъэ, Резуан?
  • — Дэ дыфщымышынэу дынывэIусэфын?
  • — Сыт, апхуэдэу дышынагъуэ дэ? — зигъэгусаифэ зытригъауэу щIэупщIащ Ася.
  • — Хьэуэ, дэ езыр дыфщошынэ, фэ дывдыгъункIэ. Ауэ апхуэдэ гукъэкI фымыщI щIыкIэ, фынакIуэ псынщIэу кином, дыкъыкIэроху, — пиупщIащ Заур и ныбжьэгъум.
  • Кинор зэриухыу, цIыху Iувым яхэту къыщIэкIыжащ ныбжьыщIэхэр. Резуан Ася и Iэблэр иубыдри иришэжьащ, Динэрэ Зауррэ я ужьым нэхъ къинауэ якIэлъокIуэ.
  • «Зи насып, я Iэхэр зэрыIыгъыу, зэхуэгуапэхэу макIуэ», — игукIэ жеIэ ехъуапсэу Заур.
  • Пщащэри зэрыщэхущ, ауэ, апхуэдэу куэдрэ кIуэ зэрымыхъунур зыщIэ щIалэм абы зыхуигъэзащ.
  • — Динэ, зыгуэркIэ уи жагъуэ сщIамэ, къысхуэгъэгъу, сэ сыхуеякъым.
  • — Хьэуэ, тхьэ, зыкIи си жагъуэ лъэпкъ къэпщIакъым, — къыхуеплъэкIащ нэщхъыфIэу.
  • — А хъыджэбзым ухуэсакъыу гъэкIуэтэж, сэ мы си нэхур нэзгъэсыжынщ, — къызэпсэлъэкIащ и ныбжьэгъур.
  • — Хъунщ, укъимыкIуэт уэ.
  • Динэ тIэкIу Ася хузэгуэпырт къигъанэу зэрежьэжам щхьэкIэ. НэгъуэщI мыхъуми, сэлам кърихыж хъунутэкъэ? Ауэ зыми закъригъэщIакъым.
  • Сыхьэтыр пщыкIузым нэблэгъати, машинэ зежэхэри нэхъ ужьыхат, «Газель» е автобус упэплъэу къэувыIэпIэм утетмэ, нэху къыптещхьэнри хэлът. Таксихэри жэщым къэбгъэувыIэну фIэдзыхьщIыгъуэджэти, зыри жимыIами, Заур зэригъэкIуэтэжыр нэхъ къищтащ, тIэкIу фIэмыфI хуэдэу зищIми. Сыт ищIэн, зыгъэпэгэныр абы хъыджэбз хьэлу хэлът. Зыгуэр жриIэнуми, щIалэр пIащIэртэкъым, пщащэр Советскэ уэрамым нэс игъэкIуэтэжынути, зэманыр хурикъунут.
  • — Динэ, мо Шыхулъагъуэм пэмыжыжьэу уафэм ит вагъуэ нэщхъеифэр плъагъурэ?
  • — НтIэ, сыт щIыжыпIэр?
  • — Сэ абы куэд щIауэ сыкIэлъоплъ. Адрейхэм япэIэщIэу лъагэу имысу, вагъуэ гъусэ гуэрхэр иIамэ, фагъуэу щымыту, нэхъ нуру мылыдыну пIэрэт ар?
  • — Пэжу къыщIэкIынущ.
  • — КъыщIэкIынутэкъым, щытынурат. Уэ егупсыс, цIыхури апхуэдэщ. Я нэхъ зызыгъэбланэ дыдэри закъуэныгъэм дэужьыхынкIи хъунущ.
  • — Уэ апхуэдэу къыпщызыгъэхъур сыт?
  • — Сэ ар бжесIэкIэ, уэ къыбгурыIуэнукъым. Узыхуэмейр къыбжаIэкIэ, зэхэпщIыкIыну гугъущ.
  • — ЖыIэ, сэ сыхуейщ къызгурыIуэну!
  • — ПщIэрэ, дунейм тет цIыхур ныбжьэгъуу уиIэми, лъагъуныгъэншэу упсэумэ, зыри уимыIэу уи закъуэ пэлъытэщ. Сэ жысIэну сызыхуейращи, сыпхущытыфынукъым уэ ныбжьэгъуу, слъэкIыркъым, схузэфIэкIынукъым сызэпэщIэувэжын, си гум илъыр тепщэ къысфIохъу. Сэ сынолъэIу, сыхуейкъым уэ усфIэкIуэдыну, щысхуэблэ мы щIылъэм дыгъэу, мазэу!
  • КъэувыIэхэри, уэрам уэздыгъэ нэхум хэт ныбжьыщIитIыр гукIэ, псэкIэ псалъэншэу зэIущащэу заулкIэ щытахэщ.
  • — Заур, сэри…. сэри сыхуейкъым зэпэIэщIэ дыхъуну, — щэхуу къыжьэдэIукIри, плъыжь къэхъуауэ, и щхьэр мащIэу игъэщхъащ.
  • — НтIэ, схуэхъу гъащIэ гъусэ. Зыми лъэкIынкъым дэ ди зэхуакум къыдыхьэн.
  • — СщIэркъым, Заур.
  • — Мы си гум уэркIэ лъагъуныгъэр изщ. Ар псалъэ гъущэкъым, псэм къыбгъэдокI. Сэ сыту куэд къесхьэкIа уэ бжезмыIэфу, мы нобэ махуэр зэи сщымыгъупщэжыну тха пэлъытэу си гъащIэ тхыдэм къыхэнэнущ, уэрэ сэрэ ттеухуа гукъэкIыж IэфIу.
  • Зэрыхъуари езы дыдэм имыщIэжу, Iэбэри хъыджэбзым и Iэр иубыдащ, пщащэри тIэкIу къызэрыскIар къапщIэу тхытхащ, ауэ щIалэм абы и Iэр къыIэщIихыжакъым.
  • «Сытуи хуабэ икIи щабэ», — йогупсыс Заур. Иджы япэу абы къыхуихуэу арат хъыджэбзыIэ игъафIэу иIыгъыну. Махуэ къэс сэлам гъущэ зрих адрей пщащэхэм хуэдэтэкъым мыр. Мыбы малъхъэдису узыщIишэу зыгуэр хэлът. ТIуми зыхащIэрт ар зэрылъагъуныгъэр. ЗыхищIэрт медан къэскIэ Динэ и лъынтхуэр къызэреуэр, езы щIалэм игури абы къызэрыдеуэри — ар и гъащIэм щыщ Iыхьэ хъуащ. Иджы а тIур зэIэпыкIыжмэ, гъащIэри ужьыхыжынущ. Хэт зэпэIэщIэ хуэщIын ахэр, пситIым я гур апхуэдэу къызэдеуэ хъуауэ?!
  • — Заур, сэ сыту фIыуэ слъагъурэ мыпхуэдэ мазэгъуэ жэщыр. Мо мазэр дунейр кIыфIу щымытын папщIэ уэздыгъэшхуэу уэгум кърагъэува фIэкIа пщIэн?
  • — Зыгуэр сигу къэбгъэкIыжащ, зыщIыпIэ сыкъыщеджауэ щытауэ. ИстамбылакIуэхэм щыгъуэ хэкум икIыжахэмрэ мыбы къинахэмрэ абыкIэ зэрыщIэу щытащ.
  • — Ар дауэ?
  • — Псалъэм папщIэ, зэпэIэщIэ хъуну зэпсэгъуитIыр зэгурыIуэрт мо мазэм сеплъмэ, сыноплъ къысфIэщIу, мо мазэм уеплъмэ, сэ укъызэплъ къыпфIэщIу уэгу мазэр ди плъапIэу дызэрыщIэнщ, жаIэу. Зэпэжыжьэ хъуахэм я зэхуаку дэлъ лъагъуныгъэр апхуэдэу яхъумэфу щытащ.
  • — Бэлыхь куэд яшэчащ а зэманым ди адыгэ лъэпкъым. Абхъаз тхакIуэ Шинкубэ Бэгърат убыххэм ятеухуауэ итха тхылъым нэпс щIэзмыгъэкIыу седжэфакъым. Убых лъэпкъым я кIуэдыкIар нэгум къыщIэгъэхьэгъуафIэкъым. Тенджыз Iуфэхэм шхын щхьэкIэ, уз зэрыцIалэхэм я зэранкIэ IулIыхьа къомыр-щэ! ИтIанэ тхакIуэм и тхылъым къыхэщыж Зауркъан лIыжьыр пфIэгуэныхь мыхъун плъэкIыркъым, уи лъэпкъым уэ фIэкIа бзэр зыщIэж зы цIыху яхэмытыжу, уеблэмэ уи бын дыдэм укъыгурымыIуэжу, абы нэхъ Iей сыт щыIэ?
  • — ГъащIэм къыптрилъхьэмэ, пшэчынщ, Динэ, сыт тщIэн?
  • — КъытфIэIуэхуу ар дэ нэсу къыдгурымыIуэж, тхыдэми абы теухуауэ куэд къыхэмыщ щхьэкIэ, дэ урысей империем лъапсэрых зауэ къыдищIылIауэ щытащ. Языныкъуэхэм деж согъэщIагъуэ, дауи дыкъызэтена, ди нобэм дыкъэсын хуэдэу?!
  • — ПщIэрэ, Динэ, нэхъапэхэм ди лъэпкъыр зауэм ихьу щытамэ, иджы аракъым, дэ езым зыдогъэкIуэдыж щхъухькIэ — фадэ, тутын, афиян жыпIэми. Бзэр тэмэмуи зыщIэжыр кIуэ пэтми нэхъ мащIэ хъу зэпытщ. Зэтпэсыжыркъым дэ хъугъуэфIыгъуэу къыддекIуэкI лъэпкъ нэщэнэхэр, дуней псом дыкъызэрыщацIыхуауэ щыта ди хабзэ, нэмыс дахэхэр. Сэ къызэрыслъытэмкIэ, щыхупIэм дыщхьэщытщ, къэдмыгъэзэжу щытмэ, дыщыхун хьэзыру.
  • Пщащэм и телефоныр къыщызум, и сумкIэм къыдихащ.
  • — НтIэ. Мамэ, сынокIуэж, умыгузавэ. Иджыпсту сынэсыжынущ. Хъунщ. ФIыкIэ.
  • — Гузавэ хъунщ фи дейхэр.
  • — Адэ-анэр аракъэ, дапщэщи апхуэдэщ.
  • — Пасэрей адыгэлIым зэрыжиIэгъащи, «Си анэм игу къэкIхэр къэмыхъуу, си щхьэгъусэм зэрыжиIэу ирехъу». Анэр сыт щыгъуи гузавэ зэпытщ, си къуэр псым итхьэлауэ пIэрэ, джатэкIэ къауIамэ-щэ, е бийм пэщIэхуэу къаукIа, жиIэу. Щхьэгъусэр фIыкIэ гугъэу, узыншэ хъунщ, мыгувэу къэсыжынщ, — жиIэу нэхъ поплъэф. Ар сигу къэбгъэкIыжащ, ауэ уэри уи щхьэр згъэузагъэнщ си мыхабзэу нобэ.
  • — Хьэуэ, апхуэдизым зэрыхэпщIыкIыр згъэщIагъуэу сынодаIуэ.
  • — Мы дунейм, укIэлъыплъ закъуэмэ, куэд къуигъэщIэнущ. А псор Iуэхукъым, ауэ, хъунумэ, пщэдеи дызэхуэгъазэ?
  • — Заур, сщIэркъым, гъэ еджэгъуэщIэм зэкIэ сыхуэхьэзыркъым, махуиплI къэнэжауэ аращ. Пщэдджыжь сыдэкIыу тIэкIу сыщэхуэну си гугъэщ.
  • — НтIэ, пщэдеймыщкIэ пщыхьэщхьэу, сыхьэтыр хым ирихьэлIэу пхущIыхьэн?
  • — Деплъынкъэ…
  • ТIэкIурэ зыри жамыIэу кIуахэщ. ЯIэт ахэр зэгупсысын. Нобэ къэунэхуа гурыщIэ къабзэм и вагъуэщIэр имыжу блэнуми е къызэщIэна къудейуэ ужьыхыжынуми мурад дахэ зыщIа ныбжьыщIитIырат зэлъытар. Ар езыхэми къагурыIуэжи хуэдэт. ТIуми къазэрыщыхъур жамыIэфми, къыпхуэмылъытэнум хуэдизщ абы яIэ дэрэжэгъуэр. Iэпкълъэпкъым жыжьэу щыгъэпщкIуа, щызэщIэна мафIэ лыгъэр зыгъэункIыфIын къару щыIэу зи фIэщ мыхъу щIалэм мы дакъикъэхэм и гур уафэгум ихьауэ къыщелъэтыхь. Ар яIыгъщ хъуэпсапIэ дахэхэмрэ лъагъуныгъэ къабзэмрэ. Абы нэхъ насыпыфIэ щыIэуи иджыпсту къыгурызыгъэIуэфын щыIэкъым мы щIылъэм. Дауи пхуэщIын, хъыджэбзу дунейм тетым я нэхъ дахэр щIыгъущ. Апхуэдэущ езым къызэрыщыхъур. ИгъащIэм къыхуихуауи ищIэжыркъым нобэ хуэдэу махуэ лъапIэрэ зэман IэфIрэ. Абы щыгъупщэжащ и сабиигъуэм нэпсу щIигъэкIамрэ и блэкIар дыджу зэрыщытамрэ.
  • И псэр щIитынщ нобэ къеуэлIа насыпыр зыIэщIимыгъэкIын папщIэ. Сыт хуэдэ гугъуехьми пэщIэтыфынщ, а пщащэ зэкIужыр щIыгъумэ. Мес иджыри абы и Iэпэр иIыгъщ, имыутIыпщыжауэ икIи абы и хуабагъэр зыхещIэ. Хьэрэмагъ лъэпкъ зи гум къэмыкI пщащэмрэ щIалэмрэ яIутыр зы псэщ. ЩIалэр зэзэмызэ хъыджэбзым хуоплъэкI. Мазэгъуэ жэщ дахащэм фIыуэ илъагъум и нэгур игъэнэхум и мызакъуэу, и нэ къуэлэнри абы пэлыду къыпщохъу. Дини гъэпщкIуауэ, щIалэм зыкъримыгъащIэу ар зэпеплъыхь: псыгъуэ кIыхьщ, езыр щIалэ къамылыфэщ, куууэ игъэтIысхьа и нэ къуэлэнитIым губзыгъафэ къытрагъауэ. Егъэлеяуэ Iэдэбщ. ЩыпсалъэкIэ, жиIэм егупсысу апхуэдэщ, жиIэну псалъэр хэплъыхьауэ къищып фIэкIа пщIэнкъым. Пэжщ, щIалэ щэхущ, ауэ къыщызэрыкIахэм деж, нобэ хуэдэу, нэхъ зыкъызэрызэкъуих зэзэмызэр хыумыбжэмэ.
  • — Сыкъэсыжащ сэ, Заур, мис ди унэр.
  • ЩIалэм и жьэр Iурыхуауэ зэпиплъыхьу щIидзащ къыздэувыIа лъапсэр.
  • — Сэ сщIакъым мыпхуэдэ псэукIэ фиIэу, — ар жиIэри, и щхьэр ирихьэхащ.
  • — КъызжеIэт ар щIыжыпIэр, дэ ди зэхущытыкIэм абы сыт хуаIуэху?
  • — Сэ сщIэрэ. ЖызоIэ ауэ сытми. НтIэ, хъунумэ, медколледжым и щIыбагъымкIэ пщэдей дэкIмэ пщыхьэщхьэр сыхьэтихым сыножьэу сыщытынущ.
  • — Хъунщ, Заур, узыншэу!
  • — Узыншэу! — Сэлам къезыхыжу IукIыжа пщащэр нэкIэ игъэкIуэтэжу, ар куэбжэр зэIужу дыхьэжыхукIэ кIэлъыплъу щытри, езыри ежьэжащ. Советскэ уэрамыр къызэринэкIри, Чернышевскэм и цIэр зезыхьэм къытеуващ. Мы уэрамыр махуэ псом машинэр щызэблэмыжыфу щыIуву щытми, иджыпсту хуэдэ зэманхэм нэщIт. Зэзэмызэ блэж закъуэтIакъуэхэмрэ гъуэгу Iуфэхэм щызэхэзекIуэ цIыху мащIэмрэт плъагъур. Студентхэм я зэхуэсыпIэ «Пятачокым» нэсащ. Зэрефар къапщIэу зебыршэу, зы лIы хэкIуэта къыхуокIуэ.
  • — Ныбжьэгъу, — сэлам кърихыу, и Iэр къеший. — ГъуэгупщIэ пIыгъмэ, си хьэтыр къэлъагъуи, кхъа выручать сыщI.
  • Модрейми хуэгъэщIэхъукъым. ЕщIэ бжьэ уасэ зэрищIынури, итIани ирет.
  • — Упсэу, брат! — гуфIэгъуэр къызыщIих и нитIыр гуапэу къригъэлыдыкIыу, фIыщIэ къызэрыхуищIыр хуэмыгъэпщкIуу, IуокIыж.
  • — Ари зы тхьэмыщкIэщ, — йогупсыс щIалэр, и гуныкъуэгъуэр игъэтIысыну, зэфар фIэмащIэу, Алыхьым ещIэ абы щыщIикIэн. Апхуэдэ дапщэ дэту илъагъурэ Заур мы къалэм, укIуриижауэ щIым щылъхэу.
  • Общежитым нэблэгъэжащ. ЩыщIыхьэжым зыгуэр къеджащ.
  • — Заур! — мо щIыб уэздыгъэ нэхум хэт ныбжьыщIэм къыхуэцIыхуакъым. ЗэщIоувыIыкI, итIанэ, зэуэ зречри, абыкIэ еунэтI.
  • — Заур, уэра ар хьэмэрэ сыщыуэрэ?
  • — Хьэуэ, сэращ, уэ ухэтыт?
  • — Дауэ ущыт, си щIалэ, Уэлийщ ар. СыкъэпцIыхужа иджы?
  • — Мис иджы къэсщIэжащ, сыт уи узыншагъэ? — гуапэу сэлам ирихащ.
  • — Допсэу. Мыдэ си пхъурылъху щIалэ цIыкIур къыщIэкIыжын хуейуэ сежьэу аращ. Мы гъэм мы еджапIэм щIэдгъэтIысхьащ, уэзгъэцIыхунщи, псапэщ, уи нэIэ тхутегъэт.
  • — Хъарзынэкъэ, тхузэфIэкIымкIэ дыдэIэпыкъунщ. Сыт хуэдэ факультет?
  • — Тхыдэм.
  • — ФIыуэ школым щеджа хъунщ, абыкIэ и щIэныгъэм хигъэхъуэну къыщыхихакIэ?
  • — ЕджакIэ сыт, ахъшэ уимыIэмэ, щIэныгъэр иджы зыми имыщIысыжу къэнащ.
  • — Апхуэдэу щхьэ жыпIэрэ?
  • — Мыбы щIэхуэн папщIэ и адэ-анэр гугъу зэрыдехьар зыхуэдизыр сощIэри аращ. Машинэ уасэ еджапIэ ущIэтIысхьэн папщIэ ауэ сытми птыну дауэ къыпщыхъурэ? Ар абы къиухыу щытми, иджыпсту ят улахуэм тепщIыхьмэ, лIэжыху къыхуэлэжьыжынукъым.
  • — ГъащIэр и пIэм иуджыхькъым, зэманми зихъуэжыну къыщIэкIынщ.
  • — Нэхъ Iей мыхъумэ, нэхъыфIкIэ зызэридзэкIыжыну си фIэщ, зикI, хъуркъым. Сом фIэкIа напэ зимыIэж апхуэдэ цIыхухэр къытхэту дауэ нэхъыфI зэрыхъунур?
  • Заур игу къэкIыжащ ахъшэкIэ езыми оценкэ зрыригъэгъэувауэ щыта егъэджакIуэхэр. Ахъшэр зачеткэхэм дэлъу гуп псом щыхагъэкIаи къахуихуащ.
  • — Пэжщ, ирагъэлейуэ Iызых закъуэтIакъуи яхэтщ, ауэ псори апхуэдэ защIэу жыпIэныр къезэгъыу къыщIэкIынукъым, мэлищэ щIакъуэншэ хъурэ, жыхуаIэращ.
  • — Апхуэдэу зыщIэр къаубыдурэ лъэхъуэщым щIадзэу щытамэ, Iулъхьи щыIэжынутэкъым.
  • — Ари пэжщ, ауэ языныкъуэхэри а Iулъхьэр къыIахын хуейуэ гъащIэм ирехулIэ, мыбы къыщахь лэжьапщIэмкIэ уи щхьэр бгъэпсэужынкIэ Iэмал лъэпкъ щыIэкъым. Я унагъуэр ирапIыжын папщIэ языныкъуэхэм къыIахын щIадзэ, итIанэ, хуэмурэ йосэри, ирагъэлеин хуей мэхъу. Пэжщ, мыбы щIэтIысхьэхэм зыгуэр езымыту щIэхуэр мащIэ дыдэщ. Абитуриентым я спискэр экзамен Iызыхым и пащхьэм илъщи, хэт ахъшэ итауэ щIэгъэхуапхъэми, хэт пыгъэхупхъэми гукIэ ящIэ.
  • — Аращ дэ ди къэралыр апхуэдизу щIыдэхуэхар, — хэщэтыкIащ лIыжьыр.
  • — Сыт тщIэн, мы дунейр апхуэдэу зэхэлъщ, ауэ цIыху псори зэхуэдэкъым. Дэ, насыпыр диIэщи, напэншэхэр куэдкIэ нэхъ мащIэщ.
  • Абы хэту щIалэщIэ гуэр къыIухьащ. Зи пащIэ-жьакIэ зэщIэувэну хунэмыса ныбжьыщIэм зигъэбалигъыфэ щхьэкIэ, и джэгун зэрыримыкъуар фэуэ тету. Куэдри зэбгъэдэмытыжу, зэбгъэдэкIыжахэщ.
  • * * *
  • Иужьрей зэманым гупсысапIэм хэмыкI Заур и щхьэр здихьынур имыщIэу кърихьэкIыу къэнащ. Мыращ жиIэу езыми зытриухуэнур ищIэркъым. Къэзылъхуа икIи къыхыфIэзыдза и адэ-анэр къигъуэтыну ищIа мурадым текIыфыркъым. Ар йохъуапсэ мамэ, папэ жызыIэхэм. Хуейщ игъащIэ лъандэрэ зыщIэхъуэпсу щыта насыпыр зригъэгъуэтыжыну. Мы дунейм мылъкуу тетыр уиIэми, мы гъащIэм ущизакъуэмэ, зыми ищIыскъым, насыпкъым ахэр.
  • «Сыт щхькIэ, сэ Динэ сиIэкъэ?» — зоупщIыж, и гур игъэфIрэ и щхьэр игъэлъэгэжу. Ауэ зыхещIэж, хуей хъумэ, къыкъуэувэну Iыхьлыуэ е благъэу зыри зэримыIэр. Мы щIылъэм телъ хъугъуэфIыгъуэр щIитынт абы къуэш е шыпхъу иIэу ищIамэ, ауэ апхуэдэ насып дэнэ щыIэ?
  • Къызыхихари имыщIэу и гум къэкIыжащ сабийхэр интернат пщIантIэм къыдэкIауэ бжэIупэм щыджэгухэу здэщытым, зи ныбжькIэ щIалэ цIыхубзым и Iэпэр зыIыгъ сабийм зыIэпыщIиуду, IэфIыкIэхэр зыщIэлъ абджыпс тыкуэн цIыкIумкIэ жауэ зэрыщытар.
  • — Мамэ, мор къысхуэщэху, мобыи сыхуейщ.
  • Фызым, ар зыхуей псор къызыщIэкIын ахъшэ иIыгъ хъунтэкъыми, итIанэ къыхуищэхуну къигъэгугъэ зэпытт. Ауэ а псор абы къыгурыIуэртэкъым, анэми къыIуилъэфыжыфыртэкъым. Сытми, нэхъ пудыIуэу морожнэ къыхуищэхури, еубзэу, тригъэужурэ Iуишыжат.
  • Етхуанэ е еханэ классым щIэсу арат абы щыгъуэ Заур.
  • «Сэри мамэ сиIамэ, а хъыджэбзыжь цIыкIум хуэдэу сыгъуэгыу згъэгузэвэнтэкъым, езым ахъшэ сиIэ хъумэ, зыхуей псори къыхуэсщэхуу фIыуэ слъагъунт», — игукIэ жиIат абы.
  • ЩIалэр куэдым егупсысырт, къыгурыIуэрт мы гъащIэм зэрыщизакъуэр. И ныбжьэгъухэм щахэтым деж ар тIэкIу нэхъ щыгъупщэми, жэщ хъурэ гъуэлъыжамэ, хуэму, адрейхэм къамыщIэу и гур къызэфIэзэрыхьурэ щыгъи къэхъурт. А нэпсхэр зэми щIыIэт, лъагъумыхъуныгъэм къыхэкIырти. Ауэ и нэхъыбэм хуабэт, зыхуэныкъуэ гуапагъэм хущхъуэ хуэхъуу. ЦIыхуфI защIэхэт я гъэсакIуэхэр. Хьэуэ, яхэтт абыхэм гу щIыIэ-псэ щIыIэхэри. Ауэ апхуэдэхэр нэхъ мащIэт. Зэманым Iейр пIэщIихыжу фIыр гум нэхъ къинэжу зэрыщытым къыхэкIыу къыщIэкIынущ псэм фIэмыфIыр щIыпIэщIэхужыр. Ауэ, щымыгъупщэжыну, и бгъэм хуемыгъэхыу мыр тенауэ телъщ щIалэм нобэми. И ныбжьэгъу гуэр и гъусэу шхапIэм щIыхьахэу сабийр буфетым бгъэдыхьэри, абдей тет тепщэчым илъ булъкIэхэм тIу къыхихат. Ар къэзылъэгъуа пщафIэ Зулимэ къэгубжьауэ къыбгъэдэлъадэщ, и Iэблэр иубыдщ, булъкIитIыр къыIэщIичыжри: «Мэ, удыгъуэнумэ, хьэ щылъху», — жиIэри къиубэрэжьу щIидзащ. Абы хэту, къыздикIари мыгурыIуэгъуэу, къыIулъэда дохутыр Лалинэ сабийр къытрихыжат.
  • — Укъыщхьэщымыж мы зинэкIэ къалъхуам, мыр дыгъуэгъуакIуэщ.
  • — Сыт мыбы апхуэдизу къыпфIидыгъуар?
  • — Тепщэчым мо тIур къыхидыгъукIащ, — ирегъэлъагъу стIолым триутIыпщхьэжахэр.
  • — Мыр сабийщ, а псор зэригъэзэхуауэ къыщIэкIынкъым. Хъунщ, хуэгъэгъу. Иджы, кIуэ уэ цIыкIур, щIэкIыжыпIэм деж къыщызэжьэ.
  • Зыщышынэу, зыIуплъэ мыхъуу щыта мастэхэлъхьэм а махуэм гъунэгъу хуэхъуат щIалэр. И гугъэнтэкъым зил къыпщIэмыузу гъущI мастэжьыр уигъэгуIэу къыпхэзыIум апхуэдизу гу хуабагъэ кIуэцIылъу. Абы щыгъуэ а цIыхубзым псалъэ гуапэу къыжриIар, ар къызэреубзэрэбзар — псори ещIэж нобэми.
  • … Мазэм щIигъуащ еджэным зэрыщIадзэжрэ. Пщэдей рейтинг яIэну къапэщылъщ. Тимур быдэу елъэIуащ я къуажэм ишэу, а лIыр иригъэцIыхуну. Хэт ищIэрэ, и адэрауэ къыщIэкIынкIи хъунщ. Иджыри махуитI иIэщ тхьэмахуэр къэсыным. Ар къэблэгъэху и гур нэхъ мэпIейтей. Зэми йогупсыс: сыткIэ сыхуей сэ къысхуэмыныкъуэу къызэлъэпэуам? Ауэ, хущIогъуэжри, сиплъэнщ и нэгу, жеIэж. Сыт хуэдэу щымытами, илъэс дапщэ дэкIа а махуэр къыщысынум сыпэплъэурэ? ПщIэншэу сыгугъауи къыщIэкIынкъым.
  • — Сыт, щхьэ ухэплъэрэ? — зыхуигъэзащ пэшым къыщIыхьэжа Резуан гупсысэм яIыгъыу щыс и ныбжьэгъум.
  • — Согупсыс пщэдей япэ рейтингыр зэрыстынум, — трилъэфащ Заур.
  • — Иджыри къэс щIэвмыдзауэ ара?
  • — Хьэуэ!
  • — Сыт пщэдей къызэрывэупщIынур?
  • — АнтичнэмкIэ.
  • — Греческэ хьэмэрэ Римскэ литературэмкIэ?
  • — Алыджыр нэгъабэ, етIуанэ семестрым экзамену диIащ, иджы УрымымкIэщ.
  • — НтIэ, Вергилий, Овидий, Гай Юлий Цезарь сымэщ вджыр? Уэ пщIэрэ хэт жызыIар Ars longa vita brevis?
  • — Цицеронщ.
  • — Сэ къызгурымыIуэр зыщ, сыт фэ медицинэм и лэжьакIуэхэм античнэ литературэр зэрыфщIынур? АпхуэдизкIэ псоми дызыхуэмей куэд дагъэдж, игъащIэкIэ къэдмыгъэсэбэпыну.
  • — Уэ ущоуэ, мы дунейм зыри щылейкъым. ЦIыхур сытми щыгъуазэу щытын хуейщ. Мис уэ а щапхъэу къэпхьа Цицерон и псалъэ «ГъащIэр кIэщIщ, искусствэр зэи мыкIуэдыжынщ» жыхуиIэри щыхьэт зэрытехъуэщи, дэ ди гъащIэр медицинэм етпхми, дыхуейкъым жытIэу щэнхабзэр дгъэкIуэдыж хъунукъым, апхуэдэуи япэ игъэщыпхъэщ лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэу ди нэхъыжьхэм къытхуагъэнахэр. Дэ ди лъэпкъ щэнхабзэр тхъумэжыхукIэщ лъэпкъри зэрыщыIэнур, ди бзэр, ди хабзэр, нэмыс дахэхэр димыIэжмэ, лъэпкъри дыпсэужкъым. ИтIанэ, зыщумыгъэгъупщэ, дохутыр хъунухэр зэрыIэзэнум хохьэ псэлъэкIэри.
  • — Хъунщ, сынодауэркъым, щыгъэтыж иджы.
  • — Фэ сыт хуэдэ фиIар?
  • — Физкультурэ, — погуфIыкI Резуан.
  • — НтIэ, дауэ хъуа?
  • — ПщIэрэ, егъэджакIуэм сызыбгъэдишэу къызжиIар?
  • — Сыт?
  • — Фыхуеймэ, цIыху къэс сом щитI-щитI зэхэвдзи, рейтингри зачетри зэхэту фхуэзгъэувынщ, — жиIащ.
  • — Къывдеджэхэр арэзы хъуа-тIэ? — щIоупщIэ Заур.
  • — Хъуащ, нобэ иныкъуэм къызатащ, пщэдей зыгуэрхэми къахьынущ. Ауэ дэ а егъэджакIуэм етщIэр уэдгъэлъагъунщ.
  • — ЛIо фэ абы апхуэдизу фхуещIэнур?
  • — Си гъусэу Iулъхьэр хэзыха щIалэм сэ мо егъэджакIуэм щыхуэсшийкIэ, зыфIимыгъэIуэху хуэдэурэ и телефонымкIэ видео трихынущ.
  • — Ар абы къищIэнщ. Хэт фи гугъэ фэ нэхърэ нэхъ делэр?
  • — УгъэщIэгъуэнщ уэ, абы телефоным хищIыкI уи гугъэ? ЛIыжьщ ар.
  • — Деплъынщ фэ ар къызэрывэхъулIэм.
  • — Уи мыгугъэнуми, аращ зэрыщытыр.
  • — Сигу къэбгъэкIыжащ, дэри диIэу щытащ латиныбзэмкIэ иригъаджэу зы цIыхубз фIыцIэ пшэрышхуэ гуэр.
  • — Сыт, фиIэжкъэ иджы, мылэжьэжу ара?
  • — Ы, уи гугъи уэ, апхуэдэхэр пхуIухун? Дэ дримыгъэджэжу аращ. Абы куэд IэщIэкIкъым Iулъхьэншэу. Псом нэхърэ нэхъ Iеижыр упщIэхэм жэуап ептауэ щыпхуимыгъэув къыщыхъум дейщ. ЕгъэджакIуэм, пщIэркъэ уэ езым, дагъуэ къыпхуищIыну хуеймэ, сыт хуэдэ IэмалкIэми, укъиубыдыфынущ. Мис апхуэдэщ ари. ПщIэрэ Iулъхьэр зытыну нэхъ къэзыщтэхэри зэрыщыIэр? Абы и щхьэусыгъуэри емыджэу зыщIезыгъэххэм ахъшэ иратри, псори зэхуагъэхъужри аращ. Апхуэдэу щыт цIыху щхьэхынэхэм къагуроIуэ икIи нэхъ къащтэ сомыр хэкIыпIэфIу зэрыщытыр. Абы, дауи, нэхъ хилъафэр дэ тхуэдэ тхьэмыщкIэ закъуэтIакъуэхэрщ.
  • — Я щхьэ зэрыхьщ псоми, — ину хэщэтыкIащ Резуан.
  • — Аращ, дэ тхузэхъуэкIынукъым ахэр.
  • Бжэм зыгуэр къытеуIуащ.
  • — КъыщIыхьэ, — зэдыжаIащ тIуми.
  • Уэлий нэфIэгуфIэу къыщIэбэкъуащ. Ар иужьрей зэманым щIалэхэм къакIэлъыкIуэрей хъуат. Зыгуэр имыIыгъыуи къыщIыхьэртэкъым. Мис иджыпстуи мыIэрысэ изу зэрылъ хъуржыныр Iэнэм къытригъэуващ.
  • ЛIыжьыр ныбжьыщIэхэм гъунэгъу къащIыхуэхъуами зы щхьэусыгъуэ иIэт. Ар и пхъурылъху Азрэт и щыгъынхэр езым нэхърэ курс зытIущкIэ нэхъыжь щIалэхэм ягъэбзэхыу щыхуежьэм, Резуан сымэ къызэрыщхьэщыжарт. ГуащIэу зэпсэлъам къыщымынэу, зэпэщIэува щIалэхэр зэрызэзэуари Уэлий зэхимыхыжу къэнатэкъым. Ауэ аратэкъым Зауррэ Уэлийрэ щIызэхуэгуапэр.
  • ЩыIэт ахэр зэзышалIэ, мащIэу тIэкIу зэщхьэщыкIми. ЩIалэм абы хуиIуэтат и къекIуэкIыкIам и хъыбарыр икIи хущIегъуэжыртэкъым, сыт щыгъуи ар чэнджэщэгъуу иIэт.
  • Уэлии Заур къыжриIат куэд щIауэ зыгъэгулэз хъыбар гуауэ — и къуэ закъуэм къызэримыгъэзэжрэ илъэс тIощIым щIигъуат.
  • БгъущIрэ тIу гъэм куржы-абхъаз зауэр къыщыхъеям мафIэ лыгъэм хыхьа щIалэм и хъыбару къыIэрыхьар ар хъыбарыншэу зэрыкIуэдарт. ЩIэблэ гуэр къыщIэнауэ щытамэ, я гуауэр апхуэдэу къатемыхьэлъэнкIи хъунт, ауэ хунэса мыгъуэкъым. Лъэужьыншэу кIуэда фIащауэ, сыт хуэдиз къыкъуэкIыжрэ? Аращи, мэгугъэ и къуэпсыр адэкIэ зыгъэкIуэтэну зыщыгугъ закъуэр гува-щIэхами къыкъуэкIыжыну. Унэм щыщIэсым бжэ Iух макъ зэхихмэ, къыщIыхьэжыну къыфIэщIу мэпсэу.
  • (КъыкIэлъыкIуэнущ).