|
Ноябрь, 2020
ЩоджэнцIыкIу Алий теухуа тхылъыщIэ
2020-11-10
- Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ мы махуэхэм илъэси 120-рэ ирикъуа, адыгэ-шэрджэс тхыбзэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа усакIуэ ЩоджэнцIыкIу Алий теухуа тхылъыщIэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Iэ тедзэгъуэр йокIуэкI
2020-11-10
- ПщIэ зыхуэтщI щIэджыкIакIуэхэ!
- 2020 гъэм фокIадэм и 1-м щIидзауэ йокIуэкI 2021 гъэм и япэ илъэс ныкъуэм цIыхухэм яIэрыхьэну газетхэм, журналхэм Iэ тедзэныр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Хэку лъагъуныгъэм и дамыгъэ
2020-11-10
- 1830 гъэм дунейм къытехьа Адыгэ ныпым теухуауэ зэдауэ куэд зэрыщыIэм къыхэкIыу, абы и тхыдэм гулъытэ хурикъуу сытепсэлъыхьыну сыхуейт.
- Зымахуэ интернет сайтхэм языхэзым адыгэ бэракъым и гугъу зыщI тхыгъэ сыщрихьэлIащ. 1830 гъэм утыку кърахьа, вагъуэ 12-рэ шабзищрэ зытещIыхьа ныпыр, нобэ Адыгэ Республикэм и къэрал дамыгъэр, Хэку зауэшхуэм (1941 — 1945 гъгъ.) и зэманым зэрыпхъуакIуэхэм я лъэныкъуэр къэзыщта епцIыжакIуэхэм яIэщIэлъа хуэдэу жеIэ ар зытхам. Пхэнжу, тегъэщIапIэншэу утыку кърахьа лэжьыгъэр интернетым зэрыщызэбгрыкIым нэмыщI, ди лъэпкъ дамыгъэм и тхыдэр пцIыуэ къигъэлъэгъуэным зыгуэрым мурад зэрыхуищIар наIуэщ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Сыт хуэдэ зауэри щIыуэпсым и бийщ
2020-11-10
- ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм 2001 гъэм и щэкIуэгъуэ мазэм хъыбар зэбгригъэхауэ щытащ, цIыхухэм я зэхуаку къыдэхъуэ зэжьэхэуэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэмрэ зауэхэмрэ щызэщIэплъэ щIыпIэхэм щIыуэпсым и щытыкIэр къызэрымыкIуэу зэрыщызэIыхьэр къэлъытауэ, жылагъуэр а Iуэхугъуэ мыщхьэпэм пэщIэтыным къыхуезыджэ махуэу щэкIуэгъуэм и 6-р (International Day for Preventing the Exploitation of the Environment in War and Armed Conflict) къызэдэщтэн зэрыхуейм ехьэлIауэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Махуэгъэпс
Макъамэр къызыдалъхуа композитор
2020-11-10
- УФ-мрэ КъБР-мрэ гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэрал саугъэтым, Къандур Мухьэдин и цIэр зезыхьэ дунейпсо саугъэтым я лауреат, ЩIДАА-м хэт, композитор Молэ Владимир и ныбжьыр щэкIуэгъуэм и 2-м илъэс 80 ирикъуащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2020-11-10
- Производствэм и унэтIыныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм зэман кIыхьым къриубыдэу ехъулIэныгъэфIхэр къыщызыгъэлъэгъуа, КъБР-м мэкъумэшымрэ ухуэныгъэмкIэ и IэнатIэ зыбжанэм я Iэтащхьэу илъэс бжыгъэкIэ лэжьа Тхьэгъэпсо Мухьэмэд Хьэмид и къуэр псэужамэ, илъэс 70 ирикъунут.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Фэеплъ
«И нанэр Хуэдз щагъэдыщасэу, Псыжь щагъэнысауэ беслъэней ухуэзэмэ, ар хэти щрещ, узэрикъуэшыр зыщумыгъэгъупщэ…»
2020-11-10
- (Беслъэней адыгэбзэм и псалъалъэ)
- Беслъэней адыгэбзэм и псалъалъэ цIыкIуу нобэ теддзэм гукъэкIыж мащIэкIэ дыхуэкIуэмэ, тфIэигъуэт. Анкара къалэм дэтщ Лъэпкъхэм я музей гъэщIэгъуэн, Тырку щIыналъэм и щIыдэлъху лъэпкъыжь куэдым я щэнхабзэр щагъэлъагъуэу. 2009 гъэрщ абы япэу сыщыщIыхьар. Тыркум ит адыгэ хасэхэм я Хасащхьэм (KAFFED жыхуаIэм) абазэ-адыгэбзэхэмкIэ къызэригъэпэщауэ щыта бзэ курсым щхьэ къыхэхыпIэ димыIэу тхьэмахуищ хуэдизкIэ дыхэлэжьауэ, жьы Iурыхьэгъуэм и хьэтыркIэ си хэгъэрей щIалэм адыгэхэмрэ абазэхэмрэ ди унэкъуэщ хьэтхэм я щIэиныжьхэр уэзгъэлъагъунщ, жиIэри сишауэ щытат. ТхылъкIэ фIэкIа дымылъэгъуа пасэрей хьат мывэскъар къомыр тфIэгъэщIэгъуэну, дрикIукI-дыкърикIукIыу щызэпэтплъыхьу дыздыщIэтым, зыгуэр къызэрыдэплъакIуэм тIуми гу лъыттащ. ЛIыр ди ужь щимыкIыххэм, си хэгъэрейр абы нэкIуэпакIуэу бгъэдыхьэри еупщIащ зыщыщымкIэ, апхуэдизу къыщIыткIэлъыплъымкIэ. Зыбгъэдыхьа лIыри адыгэбзэ къабзэкIэ къэпсэлъащ: «ЕмыкIу сывмыщI, фи адыгэбзэм фи ужь сыкъригъэуващ, сыщытегушхуэ сывбгъэдыхьэнурат», жиIэри. ЗанщIэуи зыкъыдигъэцIыхуащ — Анкара къалэм и Iэгъуэблагъэм ит Бала жыхуаIэ щIыпIэм къызэрыщыхъуари, Чазокъуэхэ зэращыщри къыджиIащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Топыр тенджызым ирагъэхьат
2020-11-10
- «ТIуапсы» (ТIуапсы) — «Спартак-Налшык» (Налшык) — 0:4 (0:3). ТIуапсы. Школ №6-м и стадион. ЩэкIуэгъуэм и 7-м. Еплъынухэр стадионым ирагъэхьакъым.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Футбол
ЩэкIуэгъуэм екIуэкIыну зэIущIэхэр
2020-11-10
- Урысей Федерацэм и етIуанэ дивизионым и Япэ гуп
-
- ЕпщыкIутхуанэ джэгугъуэ
- ЩэкIуэгъуэм и 13
- (мэрем)
- «Анжи» (Мэхъэчкъалэ) — «ТIуапсы» (ТIуапсы)
- ЩэкIуэгъуэм и 14
- (щэбэт)
- «Спартак-Налшык» (Налшык) — «Мэшыкъуэ-КМВ» (Псыхуабэ)
- «Черноморец»
- (Новороссийск) — «Форте» (Таганрог)
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Футбол
|