2020-11-12
            
              
                - ЩэкIуэгъуэм и 10-м Налшык щекIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и органхэм я ветеранхэмрэ я лэжьакIуэхэмрэ гъэлъэпIэным теухуа гуфIэгъуэ зэхыхьэ. Дауэдапщэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, республикэм и хабзэхъумэ, къарузехьэ IэнатIэхэм я унафэщIхэр, КъБР-м щыIэ МВД-м и лэжьакIуэхэр, полицэм и ветеранхэр.
 
              
              Псоми еджэн…
             
            Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм
           
          
            Къэбэрдей-Балъкъэр  къэрал  мэкъумэш  университетым  и  «Бжьыхьэ  дыщэплъыр»
            2020-11-12
            
              
                - КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым иджыблагъэ ебланэу щекIуэкIащ МэкъумэшыщIэхэм я махуэм ирихьэлIэу зэхашэ «Бжьыхьэ дыщэплъ» гъэлъэгъуэныгъэр. Хабзэ зэрыхъуауэ, агроном факультетым и гупэ къит утыку хуитым мэкъумэш университетым и къэхутэныгъэхэмрэ ехъулIэныгъэхэмрэ щагъэлъэгъуащ. Махуэр уэрэджыIакIуэ ныбжьыщIэхэмрэ студентхэмрэ зыхэт концерткIэ ягъэдэхащ, гушыIэрэ джэгу теплъэгъуэхэмкIэ ягъэщIэрэщIащ.
 
              
              Псоми еджэн…
             
            Зыхыхьэхэр: Гъэлъэгъуэныгъэхэр
           
          
            Налшык нэхъыфIхэр зэхуешэс
            2020-11-12
            
              
                - Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм дэт Универсальнэ спорт комплексым щекIуэкIащ «Локомотив»-м и дунейпсо кубокым щыщIэбэна зэхьэзэхуэ. Урысей Федерацэм и щIыпIэ 20-м къикIа дзюдоист ныбжьыщIэ 800-м щIигъу абы кърихьэлIащ.
 
              
              Псоми еджэн…
             
            Зыхыхьэхэр: Спорт хъыбархэр