ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЩIДАА-р мэлажьэ

2020-11-19

  • ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием иджыблагъэ «стIол хъурей» иригъэкIуэкIащ, онлайн жыпхъэм тету.

  • Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ республикэхэм, Краснодар крайм, Тыркум щыщ адыгэ щIэныгъэлIхэр. Ахэр тепсэлъыхьащ адыгэ лъэпкъым и демографие щытыкIэмрэ хамэ щIыналъэхэм исхэр хэкум къызэрыкIуэжын Iэмалхэмрэ.
  • Мы зэIущIэр хохьэ ЩIДАА-м иубзыхуа «Адыгэхэр 2040 гъэм. Зыужьыныгъэ Iэмалхэр» проект иным. КъыкIэлъыкIуэ зэIущIэм щызэпкърахыну я мурадщ адыгэбзэмрэ адыгэ хабзэмрэ нобэ я Iуэху зыIутыр, абыхэм я зегъэужьыкIэ хъунур.
  • КъызэгъэпэщакIуэхэм зэраубзыхуам тету, зи гугъу тщIа адыгэ Iуэхухэм я хэкIыпIэ хъунум теухуауэ лэжьыгъэ нэхъыфI зыгъэхьэзырым грант иратынущ. ИкIи текIуахэм я лэжьыгъэхэр утыку къыщрахьэну Iэмал яIэнущ ЩIДАА-м къызэригъэпэщыну конференц иным.
  • Конференцым хэта лэжьыгъэхэр тхылъу къыдагъэкIыжынурэ адыгэ зэрыс хэгъэгухэм я Iэтащхьэхэм я деж ирагъэхьынущ, хэти еджэну зыIэригъэхьэ хъунущ.
  • — Сэ къызолъытэ, сытым дежи зи гугъу тщIы ди блэкIам и мызакъуэу, щIэныгъэ и лъэныкъуэкIэ ди къэкIуэнум дытелэжьэн, ар дубзыхун хуейуэ. Псом япэ игъэщыпхъэхэм ящыщщ демографие щытыкIэр. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, дэ нобэ гу лъыдотэ къалъхухэм я бжыгъэр мащIэ зэрыхъуам, зэбгъэдэкIыжхэр зэрыкуэдым, унагъуэм-рэ нэчыхьымрэ хуащI пщIэр зэрелъэхъшэхам. ЩIДАА-м а псор къилъытэрэ щIэныгъэ и лъэныкъуэкIэ щIигъэбыдэжмэ, ахэр зэрызэфIэтхын Iэмалхэмрэ хэкIыпIэхэмрэ игъэхьэзырмэ, лъэпкъым и зыужьыныгъэм дежкIэ сэбэпышхуэ хъуну къызолъытэ, — жиIащ ЩIДАА-м и президент Къанокъуэ Арсен.
  • НэщIэпыджэ Замирэ.