ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Урысейпсо зэхьэзэхуэм

2020-11-19

  • Налшык щыIэ Универсальнэ спорт комплексым щекIуэкIащ тхэквондомкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ илъэс 15 — 17 зи ныбжь спортсменхэр.

  •  Къэралым и щIыпIэ куэдым къикIа тхэквондоист 600-м нэблагъэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм иджыблагъэ щызэхуэсат. Дэтхэнэри зыщIэхъуэпсыр япэ увыпIэрат. Абыхэм ди спортсменхэр къахэжаныкIащ икIи медалиплI зыIэрагъэхьащ.
  • Я хьэрхуэрэгъу псоми ефIэкIри, зэхьэзэхуэм бжьыпэр щиубыдащ зи хьэлъа-гъыр килограмм 45-м нэсхэм я деж щызэуа Багъ Идар. КIэух зэIущIэм ар ефIэ-кIащ и лъахэгъу Щокъуий Ислъам.
  • Урысейпсо зэхьэзэхуэм домбеякъ медалыр къыщихьащ Яхненкэ Даниил. Ар хэтащ килограмм 51-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм.
  • Хуабжьу дигъэгуфIащ Бекъул Миланэ. Килограмм 42-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэныкъуэкъуныгъэм абы дыщэ медалыр къыхихащ, и хьэрхуэрэгъу псоми нэрылъагъуу ятекIуэри.
  • Ди спортсменхэр ягъэхьэзыращ тренер гъуэзэджэхэу Ахъмэт Амиррэ Ким Викторрэ.
  • Налшык и Универсальнэ спорт комплексым щекIуэкIа тхэквондомкIэ зэхьэзэхуэм кърикIуахэм япкъ иткIэ Урысей Федерацэм и командэ къыхэхар зэхагъэу-ващ. Абы гъэ къакIуэ зыкъыщигъэлъэгъуэнущ дунейпсо зэпеуэ инхэм.
  • Жыласэ Замир.