Бгым ущхьэдохри, хы Iуфэм уIуохьэ
2020-11-19
- Иужьрей илъэсхэм топсэлъыхь Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и зыгъэпсэхупIэхэмрэ хы ФIыцIэ Iуфэмрэ я зэхуаку дэлъ гъуэгуанэм текIуадэ зэманыр гъэкIэщIын зэрыхуейм. Къапщтэмэ, Кисловодск къыщыщIэдзауэ Сочэ нэс километр 700 дэлъщи, ар уригъэшу кIыхьщ, гъуэгухэри хуэщIакъым уи машинэм уису, ущыхуейм деж укъэувыIэрэ зыбгъэпсэхуу узекIуэным.
- Урысей Федерацэм и Президентым деж къэрал къулыкъумрэ цIыхубэ хозяйствэмкIэ щыIэ Урысей академием и Кавказ Ищхъэрэ институтым и уна-фэщI Лъыс Азэмэт зэрыжиIэмкIэ, хы ФIыцIэ Iуфэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ я зыгъэпсэхупIэхэр гъуэгущIэкIэ зэрапхмэ, ди федеральнэ щIыналъэм къакIуэхэм я бжыгъэм зэуэ къыхэхъуэнущ.
- ХэкIыпIэу ялъагъур Кисловодск — Адлер гъуэгур яухуэнырщ. Ар зыпхыкIыну щIыпIэхэр иджыри ягъэ-белджылакъым, куэд зэпалъытын зэрыхуейм къыхэкIыу. Псалъэм папщIэ, экологхэм къалъытэ а ухуэныгъэ иныр мэзгъэфIэнхэм (заповедникхэм) зэран яхуэхъуну.
- Сытым къытемыувыIэми, Кисловодск, Домбай, Архъыз, Къуэбыдэ (Красная поляна) зыгъэпсэхупIэхэр а гъуэгум зэрипхын хуейщ, Сочэ зыщызыгъэпсэхур абыхэми псынщIэу къэсыфын хуэдэу.
- Зы курортым икIыу адрейм тыншу нэсыныр къэрал зызыужьахэм куэд щIащ зэраIэрэ. КIэщIу жыпIэнумэ, щапхъэр къыхэпхын хуей къудейуэ аращ.
- ГъуэгущIэр хуэщхьэпэнущ хьэрычэт мащIэмрэ курытымрэ заужьынми. Псом хуэмыдэу хьэщIэщ зыщI- хэр тегушхуэнущ я мылъку мы Iуэхум къыхалъхьэну. ГъуэгущIэмрэ абы и бгъум тращIыхьынухэмрэ Кавказ Ищхъэрэм зэрыхуэщхьэпэнум шэч къытрахьэркъым.
- Ди федеральнэ щIыналъэм зегъэужьыныр зи нэIэм щIэт вице-премьер Трутнев Юрий унафэ яхуищIащ автомобиль гъуэгур зыхуэдэнум, ар щIыуэпсым зэран хуэмыхъуу зэраухуэнум пыухыкIауэ елэжьыну. Къэрал унафэщIхэм мы Iуэхур зэфIэгъэкIыпхъэу къыщалъытакIэ, куэд щIауэ зытепсэлъыхьыр и пIэм икIыну къыщIэкIынщ.