КъэхутакIуэ емызэш
2020-05-30
- Мэкъумэш щIэныгъэхэмкIэ дунейпсо академием и академик, ЩIДАА-м и член-корреспондент, КъБР-м цIыхухэм щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, техникэ щIэныгъэхэм я доктор, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым и профессор ШэджыхьэщIэ Юрий Ахъмэтхъан и къуэр и IэдакъэщIэкIхэмкIэ ди республикэм и мызакъуэу, Урысейм и щIыналъэ куэдым къыщацIыху.
- Юрий Тэрч щIыналъэм хыхьэ Урожайнэ къуажэм 1961 гъэм жэпуэгъуэм и 16-м къыщалъхуащ. Курыт школ нэужьым абы щIэныгъэ нэхъыщхьэ щызригъэгъуэтащ КъБР-м щыIэ агромелиоративнэ институтым мэкъумэш хозяйствэр механизацэ щIынымкIэ и къудамэм. Еджэным ехъулIэныгъэфIхэр щызыIэрызыгъэхьа, щхьэх имыщIэу, жэуаплыныгъэ хэлъу зыкъэзыгъэлъэгъуа щIалэщIэр еджапIэр къиуха нэужь лэжьыгъэншэу куэдрэ щысакъым — ар уващ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш академием.
- И щIэныгъэмрэ IэщIагъэмрэ хигъахъуэ зэпыту, егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ Iуэхухэм къадэкIуэу къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэри иригъэкIуэкIыу къокIуэкI ШэджыхьэщIэр.
- Мэкъумэш хозяйствэм къыщагъэсэбэп технологиехэмрэ Iэмалхэмрэ унэтIыныгъэмкIэ абы Владикавказ дэт къэрал мэкъумэш университетым 1995 гъэм щыпхигъэкIащ и кандидат лэжьыгъэр. Ар теухуауэ щытащ пхъэщхьэмыщхьэ къызыпыкIэ жыгхэм я щIагъым къыщыкI удзхэр къызэрахыну Iэмэпсымэ зэпкърылъхьэным.
- Илъэс зыбжанэкIэ елэжьауэ, 2001 гъэм Краснодар къалэм дэт Кубанскэ къэрал мэкъумэш университетым и доктор лэжьыгъэри щыпхигъэкIащ Юрий. ЩIэныгъэлIым утыку ирихьат Кавказ Ищхъэрэм и бгылъэ щIыпIэхэмрэ абыхэм къыщыкI къэкIыгъэхэмрэ техникэ Iэмалхэр къэбгъэсэбэпкIэрэ зэрызепхьэну щIыкIэхэр.
- КъыкIэлъыкIуэ илъэсым абы профессор цIэ лъапIэр къыфIащри, КъБКъМУ-м механизацэмрэ ток къарукIэ IуэхущIапIэхэр къызэгъэпэщынымкIэ и факультетым и декану ягъэуващ.
- Юрий университетым щрегъэдж «Метрология, стандартизация, сертификация», «Патентоведение» дисциплинэхэр. Мэкъумэш къэкIыгъэхэр къэгъэхъун папщIэ къагъэсэбэп технологие зэхэлъхьэн, техникэ къэгупсысын и лъэныкъуэкIэ хуабжьу цIэрыIуэ щIэныгъэлIщ ШэджыхьэщIэр. Ар щIэх-щIэхыурэ хэтщ урысейпсо, дунейпсо щIэныгъэ-гъэунэхуныгъэ конференцхэм. ЩIэныгъэлI щыпкъэм иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм ятеухуа лэжьыгъэ купщIафIэу дунейм къытехьащ 394-рэ, абыхэм ящыщу 35-р монографие щхьэхуэщ. Ахэр студентхэр еджэнымкIэ дэIэпыкъуэгъу, апхуэдэу агропромышленнэ комплексым телажьэхэми зыпэрыт IэнатIэ елъытауэ сэбэп яхуохъу.
- ЗэфIэкI лъагэ зыбгъэдэлъ цIыхущ ШэджыхьэщIэр. И щIэныгъэр и лъабжьэу лэжьыгъэ купщIафIэ куэд зэфIигъэкIащ абы. Юрий къэхутэныгъэхэм яужь итщ — абы иIэщ езым и щхьэзакъуэ лэжьыгъэу мэкъумэш хозяйствэм и лъэныкъуэкIэ къэсэбэпыну Iэмэпсымэхэу, хьэпшыпу патент зыхуагъэфэщауэ 29-рэ.
- ЗэфIигъэкIа Iуэху щхьэпэхэм уриплъэмэ, мэкъумэш IэнатIэм къыщагъэсэбэпхэм я щапхъэу 19-р щагъэлъэгъуащ республикэ, урысейпсо, дунейпсо гъэлъэгъуэныгъэхэм. Абыхэм къыхуагъэфэщащ щIыхь тхылъу 36-рэ, УФ-м и ВВЦ-м и «Бжьыхьэ дыщафэ» дыщэ медалу 7, дыжьыну 3, жэзу 3. Абыхэм ящыщ куэдыр «Урысейм пхъэщхьэмыщхьэ гъэкIынымкIэ и машинэ системэ» каталогым ихуащ.
- КъБКъМУ-м и базэм и нэIэ щIэту Юрэ къызэригъэпэщащ «Мэкъумэш хозяйствэм и механизацэ къудамэм и технологиехэмрэ Iэмалхэмрэ» щIэныгъэ еджапIэр. ШэджыхьэщIэр я щIэныгъэ унафэщIу техникэ щIэныгъэхэм я кандидат лэжьыгъэхэр пхагъэкIащ цIыхуищым, доктор лэжьыгъэр — цIыхуитIым. Иджыпсту ар я дэIэпыкъуэгъуу цIыхуищым я кандидат, доктор лэжьыгъэхэр ягъэхьэзыр.
- Апхуэдэу, илъэс блэкIам КъБКъМУ-м и щIэныгъэлIхэу Апажэ Аслъэнрэ Хьэжмэт Лиуанрэ ящIыгъуу ягъэхьэзыра лэжьыгъэм, жылэр трасэн и пэ къихуэу щIыр зэрыгъэхьэзырыпхъэм, абы папщIэ къэгъэсэбэпыпхъэ технологиехэм, экологие и лъэныкъуэкIэ яIэн хуей къабзагъэм теухуам, мыхьэнэшхуэ зэриIэр къалъытэри, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэрал саугъэтыр къыхуагъэфэщащ.
- ШэджыхьэщIэ Юрий и гъащIэм и нэхъыбэр хуигъэпсащ зыпэрыт IэнатIэм, мэкъумэш щIэныгъэм хэлъхьэныгъэшхуэхэр хуэщIыным. КъэхутакIуэ емызэшым и хъуэпсапIэ псори къехъулIэну ди гуапэщ.
- ХЬЭРЭДУРЭ Аллэ.