|
Май, 2020
Къэбэрдей-Балъкъэрым накъыгъэм и 15 пщIондэ щыпащэ ягъэувауэ щыта мардэхэм
2020-05-13
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Instagram сетым щиIэ напэкIуэцIымкIэ захуигъэзащ республикэм щыпсэухэм, КъБР-м и цIыхухэр узыфэм щыхъума хъун папщIэ ягъэува мардэхэм къытекIыжыным хуэунэтIауэ адэкIэ зэфIэгъэкIыпхъэхэм я IуэхукIэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм
КъБР-м и Iэтащхьэм Налшык къалэм щыIэ «ЩIыхьым и МафIэ Мыужьых» мемориалым удз гъэгъахэр трилъхьащ ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 75-рэ щрикъу махуэм
2020-05-13
- 1941 — 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэш-хуэм къыщытхьа ТекIуэныгъэр илъэс 75-рэ щрикъу махуэм, накъыгъэм и 9-м, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, а зауэм хэкIуэдахэм я фэеплъым пщIэ зэрыхуищIыр къигъэлъагъуэу, удз гъэгъахэр трилъхьащ Налшык къалэм щыIэ «ЩIыхьым и МафIэ Мыужьых» мемориалым.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм
Нобэ
2020-05-13
- УФ-м и Тенджыз ФIыцIэ флотым и махуэщ. 1783 гъэм тенджыз ФIыцIэм къыщызэрагъэпэщащ Урысей флотыр.
- 1754 гъэм пащтыхь гуащэм, Пётр Езанэм ипхъу Елизаветэ, унафэ ищIащ Урысейм япэ къэрал банк къыщызэгъэпэщыным теухуауэ.
- 1829 гъэм Пушкин Александр Москва кърагъэкIри, Кавказым щызауэ дзэм хагъэхьащ.
- 1836 гъэм Урысейм ухуэн щыщIадзащ къэралым щыяпэ гъущI гъуэгур, Петербург — Царское Село — Павловск щIыпIэхэр зэпызыщIэнур. Километр 26-рэ зи кIыхьагъ а гъуэгур къызэIуахат 1837 гъэм щэкIуэгъуэм и 11-м.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Си адэ Ацкъан Хьэсбий
2020-05-13
- Эссе
- Си адэр куэдрэ си нэгу къыщIохьэ мыпхуэдэу: ар щIым хоплъэ, пхыплъыну хэт фIэкIа умыщIэну. ИужькIэ уафэм ходэIухь, зэми и нэр быдэу зэтрипIэу. Апхуэдэм деж сэри уафэм сыходэIухь, ву макъ гуэр зэхэсхыу къысфIэщIу. Нэхъыжьхэм къызжаIауэ сощIэ си адэр зауэм лIыгъэ зэрихьэу зэрыщыIар, кхъухьлъатэзехуэхэм зэрахэтар. Абы теухуауэ езым зыри къыбжиIэнукъым, сэ абы и гум щызэблэкI псор щызыхэсщIэнум сынэсакIэкъым. Ву макъ гуэр къэIуауэ къыщыхъуа – си адэр уафэм ходэIухь, и нэ къуэлэнышхуитIым, зэщIэлыдэу, зыгуэр щызолъатэ, зэми хьэндырабгъуэ къысщыхъуу. ЩIылъэмрэ уафэмрэ яку щызоуэ зым емыщхь абы и плъэкIэр. Иджыпсту зыгуэр жиIэнущ жысIэу соумэзэх, сыпоплъэ, ауэ зыри жиIэркъым, хэщэтыкI фIэкIа. ХощэтыкIри — зыщIыпIэкIэ егъазэ, зыхуэкIуэр езыми имыщIэу. Сэ сысабийщ, иджыри псори къызгурыIуэркъым, ауэ куэд псэкIэ зыхызощIэ, зэшыгъуэ мыгурыIуэгъуэ гуэр къыстригъауэу. ЗыхэсщIэ хуэдэщ си адэм и псэр зезыхуэр. Илъэсхэр макIуэ, сэ сыкъыдокIуэтей, си адэм и гум щызекIуэм нэхъри пыщIа сохъу. Мыпхуэдэ зы махуэ нобэ си гупсысэр хэтщ, усэм хуэкIуэжауэ. Адэм и гъусэу губгъуэм сыпхрокI. Езыр-езыру си щхьэм къохьэ мы сатырхэр:
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2020-05-13
- Мы тхыгъэр зытеухуа Уэрыш Нурхьэлий Хъызыр и къуэм адыгэ лъэпкъым хуищIам уасэ хуэгъэувыгъуейщ. Апхуэдэу щIыжытIэм щхьэусыгъуэ хуэхъур «Адыгэ псалъэм» зэрыщылэжьа илъэс тIощIым къриубыдэу зэфIигъэкIа лэжьыгъэшхуэм и закъуэкъым. Журналистикэм щыхыхьам къыщегъэжьауэ псэухукIэ ар адыгэхэм хьэлэлу зэрахуэлэжьар зи нэгу щIэкIахэм я гукъэкIыжхэми, дэ тлъэгъуахэми хуитыныгъэ къыдат апхуэдэу жытIэну. Нурхьэлий и гъащIэр триухуащ лъэпкъым и блэкIар къэтIэщIыжыным, абы и щIэблэм къахуэщхьэпэн Iуэхухэр къызэринэкIыным. Псэужамэ, илъэс 85-рэ ирикъунут ар мы махуэхэм.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Фэеплъ
Мыхьэнэшхуэ зиIэ тыгъэ
2020-05-13
- Къэбэрдей-Балъкъэрым гуманитар къэхутэныгъэхэмкІэ и институтым «Хэку зауэшхуэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхыдэм» проект гъэщІэгъуэныр и кІэм нигъэсащ. ТекІуэныгъэр илъэс 75-рэ щрикъум ирихьэлІэу ирашэжьа а ІуэхущІафэр иджыблагъэ тхылъу дунейм къытехьащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Нащхъуэ къызэрела щIыкIэр
2020-05-13
- Урысей гвардием къыхилъхьа «ТекIуэныгъэм и автограф» Iуэхум Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпещэ. Зи гугъу тщIы IуэхущIапIэм Къэбардей-Балъкъэр Республикэм щиIэ и къудамэм къулыкъу щызыщIэхэм ящыщщ Щомахуэхэ Аскэррэ Анзоррэ. А тIум иджыблагъэ щыгъуазэ дыхуащIащ я адэшхуэ Мэкъуауэ Нащхъуэ и зауэ гъуэгуанэм щыщ напэкIуэцIхэм.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Уафэбгыкъу и нэлат
2020-05-13
- МэшбащIэ Исхьэкъ
- Тхыдэ роман
-
(КIэлъыкIуэр. ПэщIэдзэр №№37 — 39, 41 — 48, 50 — 51-хэм итщ).
- Зэрыныкъуэдыкъуэр гужьгъэжь хэлъу зыдищIэжырти, Жэфар фыгъуэ бампIэм къызэщитхъыурэ зи Iэпкълъэпкъ пщыкIутI зэхуэдэхэм нэхъри дыджу еижырт. Нэхъ бжьыфIэу, нэхъ дахэу, нэхъ екIуу, нэхъыбэу дунейм тетхэм я мызакъуэу, а бжьыфIэхэр къызыхэкIа лъэпкъхэри зэрызэрыIыгъыу щIы фIыцIэм щIигъэлъэдэнут. Бэхъуным и нэкIэ псори Iейт, псори мысэт. Мысэт ахэр езым фэбжь зэриIэмкIэ, хэбгъэзыхьмэ: мысэт ахэр къызыхэкIа лъэпкъхэри езыр къызыхэкIам елъытауэ, фIыуэ зэрынэхъыбэмкIэ. Бэхъуныр дапщэщи бампIэм ихьырт: «Си щхьэмрэ си псэмрэ ещхь дыдэт си лъэпкъым къылъысар — бжыгъэкIэ мащIащэ дыдэрэ здэтIысам деж щIыналъэ щамыIэххэу!»
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2020-05-13
- ХьэтІохъущыкъуей Ипщэм и псалъалъэ
- «Адыгэ псалъэ» газетым щIэх-щIэхыурэ адыгэбзэм хэкIуэдыкIыж е щIагъуэу щызэрамыхьэж псалъэу къытеддзэхэр зэхуэтхьэсыну яужь дыщIихьам тхакIуэ цIэрыIуэ Нало Ахьмэдхъан и фIыщIэ хэлъщ. Зэгуэрым, уэршэр дахэм хэту, къуажэкIэ ХьэтIохъущыкъуей Ипщэ (Зеикъуэ) сыщыщу къыщищIэм, Налом къызыкъуихри, «Фызэрыпсалъэ диалектыр къызжепIэмэ, лэкъумлыку пхуезгъэщIынущ», жиIащ пыгуфIыкIыу. И жыIэкIам гушыIэ жьауэ къищIырт, ауэ сыгупсысащ. Къуажэр Бахъсэн щIыналъэм зэрыхыхьэр, адыгэ тхыбзэм лъабжьэ хуэхъуари бахъсэн псэлъэкIэу зэрыщытыр жысIэнут, ауэ «лэкъумлыкум» зыгуэр зэрыкъуэлъыр къызгурыIуэрти, арат Iэнкун сызыщIыр. Ахьмэдхъан абы гу щылъитэм, зэрихабзэу, ину икIи гухэхъуэу дыхьэшхащ. «Хъарзынэ хъуащ зыри зэрыжумыIар, ущыуэ нэхърэ ар нэхъыфIщ, — пищащ Ахьмэдхъан, фIыуэ дыхьэшха нэужь. — «СщIэкъым» жыпIэмэ, гъэщIэгъуэн куэд зэбгъэщIэну Iэмал уиIэщ, ари щIэныгъэ ирикъункIэ зэрыхъунури зыщумыгъэгъупщэ. АтIэ, адыгэбзэм и кIадащхьэр Зеикъуэ дэкIэрэхъуауэ зэрыдэ-лъым ущыгъуазэ?», — жиIэри къыщIигъужащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Адыгэбзэр ядж
2020-05-13
- БлэкIа лIэщIыгъуэм и бгъущI гъэхэм Псыгуэнсу къуажэм хуабжьу зыщиубгъуащ спорт лIэужьыгъуэ зыбжанэм. Абыхэм щIэуэ къахыхьащ а щIыпIэм щыщ ныбжьыщIэ куэд дэзыхьэха кикбоксингыр. Аращ зи фIыгъэр дуней псом тIэунейрэ и чемпион, Европэмрэ ЩIы хъуреймрэ я кубокыр къэзыхьа, спортымкIэ дунейпсо класс зиIэ мастер Жьанэ Мурат а жылэм къызэрыдэкIар.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Спорт хъыбархэр
|