Сталинград зыхъума Сыжажэ Талий
2020-05-30
Фронтым и псэзэпылъхьэпIэ IэнатIэхэм Iута Сыжажэ Талий и зауэ гъуэгуанэр къызэрекIуэкIа щIыкIэр гъэщIэгъуэнщ. КъБР-м и фэеплъ тхылъым зэрыратхамкIэ, ар 1942 гъэм хэкIуэдащ. Ауэ, и насыпти, къелащ а мафIэ лыгъэм.- 1914 гъэм ХьэтIохъущыкъуей Ипщэ къуажэм (Зеикъуэ) къыщалъхуащ Талий. 1941 гъэм дыгъэгъазэм и 25-м дашри, хагъэхьащ 115-нэ шу дивизэм. КъыкIэлъыкIуэ илъэсым, бадзэуэгъуэ мазэм ар хэтащ Ростов щIыналъэм щекIуэкIа зауэ гуащIэм. 1942 гъэм бжьыхьэпэ мазэм 115-нэ шу дивизэм и штабым щагъэхьэзыра тхылъымпIэм зэритымкIэ, а дивизэм хиубыдэ 278-нэ полкым щыщ зауэлI Сыжажэ Талий уIэгъэ хъуащ. Абы иратхащ хэкIуэдахэм я цIэ-унэцIэхэри. Абыхэм хабжащ Зеикъуэ щыщ адыгэ щIалэри. 2015 гъэм къыдэкIа «КъБР-м и Фэеплъ тхылъми щыуагъэкIэ иратхащ фронтым и псэр щитауэ: «Сыжажэ Талий Къасым и къуэр 1941 гъэм Бахъсэн район военкоматым совет армэм ириджащ. Сэлэтщ. 1942 гъэм хэкIуэдащ».
- Ростов губгъуэхэм щекIуэкIа зауэ гуащIэм къелащ Талий. И уIэгъэр зэпцIыжа нэужь, 1942 гъэм щIымахуэпэ мазэм фронтым Iухьэжащ 269-нэ фочауэ дивизэм хэту. 1943 гъэм, щэкIуэгъуэ мазэм, ар пIалъэ кIэщIкIэ хэхуащ 188-нэ фочауэ полкым. 1944 гъэм и пэщIэдзэм 279-нэ фочауэ дивизэм хагъэхьэри, Украинэр, Кърым щIыналъэр хуит къэзыщIыжахэм ящIыгъуащ. Сыжажэр сэлэт хахуэу зэрыщытам и щыхьэтщ дивизэм хиубыдэ 103-нэ полкым и командирым и Iэ зыщIэлъ тхылъымпIэр: «Кърымым хиубыдэ Азэт къуажэр бийм къыщыIэщIахыжым, фашистхэр зэпымыуэ IэщэкIэ къызэрыуэм щхьэкIэ мыхашэу, нэмыцэм пэгъунэгъуу зауэ ди лъэсыдзэм шэхэр зэраIэригъэхьам, апхуэдэу ди дзэр щебгъэрыкIуэм къызэрымылэнджам папщIэ «За боевые заслуги» медалыр сэлэт Сыжажэ Талий Къасым и къуэм етын». А дамыгъэ лъапIэр адыгэ щIалэм къыщыIэрыхьэжар зауэр щиуха илъэсырщ. Ипщэ советыдзэ гупышхуэм щыщ генерал-майор Ткаченкэ и IэкIэ къритыжащ ар.
- ЖыIапхъэщ Сыжажэм щIыгъуу полкым хэта и къуажэгъу ЛIызам Суфяни а медаль дыдэр къызэрыхуагъэфэщари. 1944 гъэм, зэрыхэкIуэдауэ, «Хэку зауэ» орденым и 2-нэ нагъыщэ зиIэр иратыну унафэ къыдэкIат. А орденым щыхьэт техъуэ тхылъымпIэр Суфян и пхъум къыхудэтхыжащ илъэс зыбжанэ ипэкIэ.
- 1944 гъэм Сыжажэр япэщIыкIэ хэтащ 200-нэ фочауэ полкым, иужькIэ армэ складым щIэтащ. 1945 гъэм, и узыншагъэр зэрызэкIэлъымыкIуэм къыхэкIыу, дзэ къулыкъум тIэкIу нэхъ пасэу къыхагъэкIыжащ. СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и унафэкIэ, зауэр щиуха илъэсым абы къратащ «Германием зэрытекIуам папщIэ» медалыр. Апхуэдэу къыкIэлъыкIуэ илъэсхэм Сыжажэм къыхуагъэфэщащ Хэку зауэшхуэр зэриухам техуэ и юбилейхэм я саулыкъукIэ къыдэкIа медаль зыбжанэ.
- И адэжь щIыналъэ къекIуэлIэжа нэужь, колхозым хыхьэри, пхъэщхьэмыщхьэ хадэм щылэжьащ Талий. Абы щхьэгъусэ хуэхъуащ Къэрмокъуэ Мэржынэт (Быцэ). Зэщхьэгъусэхэм зэдапIащ быний: Анатолэ, СулътIан, Мусэ, Раисэ, Майе, ФатIимэт, Iэминат, Катя сымэ.
- ЗауапIэ губгъуэм щигъуэта фэбжьхэм яхьыжащ Талий: ар дунейм ехыжащ 1983 гъэм, илъэс 69-рэ хъуауэ.
- 115-нэ шу дивизэм хэту, Зеикъуэ щыщ зауэлIыр фашистхэм щапэщIэтащ Сталинград къалэм и Iэшэлъашэхэм. Абы къратын хуеят «Сталинград бийм зэрыщихъумам папщIэ» медалыр. АрщхьэкIэ а дамыгъэр езыми, и Iыхьлыхэми къаIэрыхьакъым. Сэлэт хуахуэм и къуэрылъху Рустам къыбгъэдэкIыу гъэ кIуам письмо едгъэхьащ УФ-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм КадрхэмкIэ иIэ управленэ нэхъыщхьэм икIи а Iуэхум хэплъэу унафэ трищIыхьыну делъэIуащ. Куэд дэмыкIыу тхыгъэм и жэуап къыIэрыхьащ Талий и къуэрылъхум: «Уи адэшхуэм, Сыжажэ Талий Къасым и къуэм, «Сталинград бийм зэрыщихъумам папщIэ» медалыр зэрырамытам теухуа письмом щыгъуазэ зытщIащ. Абы щыхьэт техъуэ тхылъымпIэр къыватыжынущ, УФ-м и Президентым и нэIэм щIэту лажьэ, Дамыгъэ IуэхухэмкIэ и управленэр хэплъа нэужь.
- Фронтым Iутахэм къратын хуея дамыгъэхэр къэугъуеижыным, ахэр зыхуагъэфэщахэм я Iыхьлы гъунэгъухэм яIэрыгъэхьэжыным теухуауэ едгъэкIуэкIа зи чэзу лэжьыгъэр псыхэкIуадэ зэрымыхъуар гуапэ тщымыхъуу къэнакъым. А щIыкIэм тету, илъэс 77-рэ дэкIа нэужь, Сыжажэ Талий и къуэрылъхум IэщIалъхьэжынущ хэкур бийм щызыхъума и адэшхуэм къратыжын хуея къэрал дамыгъэ лъапIэм щыхьэт техъуэ документыр.
- НЭХУЩХЭ Ахьмэдрэ Дианэрэ.