ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Адыгэ литературэм и классик

2020-05-30

  • Зыхуэзгъадэ щымыІэ шынэхъыжь!
  • Адыгейми, КъБР-ми, КъШР-ми я цІыхубэ тхакІуэ цІэ лъапІэхэр зезыхьэ, СССР-м, Урысей Федерацэм, Адыгэ Республикэм я Къэрал саугъэтхэр, ­Шолохов Михаил и цІэкІэ щыІэ, ДАХ-м я дунейпсо саугъэтхэм, Островскэ Ни­колай и цІэкІэ щыІэ саугъэтхэр зы­хуагъэфэща, зэрыадыгэ дунейуэ зэ­рыгушхуэ тхакІуэшхуэм нобэ уи ныбжьыр илъэс 90 зэрырикъур богъэлъапІэ. Сыхуейт мы махуэм и цІэкІэ гум къыб­гъэдэкІыу хъуэхъукІэ зыпхуэзгъэ­зэну.

  • Литературэ гъуэгуанэ купщІафIэ къэп­кІуащ, жылагъуэ лэжьакІуэ емы­шыжу Іуэхугъуэбэ къепхьэлІащ. А псор лъэп­къым хуэлэжьэн зэрыхуейм и щапхъэ нэсщ. Илъэс 58-рэ хъуауэ Адыгэ Республикэм и ТхакІуэхэм я зэгухьэныгъэм урипашэщ, дзыхь къыуа­гъэзурэ СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым ухэтащ, Адыгейм, Краснодар щІыналъэхэм я Советхэм лІы­кІуэу ухахащ, Урысейм и Жылагъуэ палатэм нобэ жы­джэру ухуолажьэ.
  • Зэчиишхуэ зыбгъэдэлъ тхакІуэм, лъэпкъ литературэм и классикым деж илъэс 90-р лъагапІэщ, адыгэм и бын нэсым ищІэн хуеймрэ илэжьын хуейм-рэ абдеж щыплъагъуу. Уи Іэдакъэ­щІэкІхэр Урысейм и лъэпкъыбэ литературэм и фІыпІэм халъытащ. «Щхьэл мывэ», «Хъан-Джэрий», «Адыгэхэр», «Бзиикъуэ зауэ», «Ридадэ» романхэр, поэмэхэр, усэхэр лъэпкъым и тхыдэр къызыхэщыж дуней пэжщ, щІэблэм и пщэдейрей гъуэмылэщ.
  • Уи зэдзэкІыгъэм я фІыгъэкІэ адыгэ щІэ­джыкІакІуэр урысей икІи дунейпсо литературэм и классикхэм я Іэдакъэ­щІэкІхэм зыщагъэгъуэзащ, уеблэмэ зыхащІащ, я дуней лъагъукІэм зригъэубгъуащ. Адыгэ Хэкум и Гимныр зэ­хэзылъхьар уэращ. Уи фІыщІэ хэлъщ ФІыцІагъэ ЛъапІэр — КъурІэныр — ады­гэбзэкІэ зэдзэкІауэ дунейм къызэ­ры­техьами.
  • УемыхъуэпсэнкІэ Іэмал зимыІэ уи жы­джэрагъымрэ лэжьыгъэм хуиІэ гуры­щІэмрэ уи къалэмыр зэригъабзэм ­и мызакъуэу, хэкум, лъэпкъым, цІыхум хуиІэ фІылъагъуныгъэр яхъумащ. Уи цІэ зэхэзымыха, укъыщамыщІэ, Кавказыр къыщыгъэнауэ, Урысейми, ­дунейми щІыпІэ куэд щыІэу къыщІэкІынукъым. Ущалъхуа лъахэм хуиІэ хуабагъыр, укъызыхэкІа лъэпкъым хуэпщІ лъагъуныгъэр уи тхыгъэхэм Іэтауэ къы­зэрыщыбгъэлъагъуэм къыпхуихьащ ар.
  • Илъэс пщІы бжыгъэ зыбжанэ хъуауэ псэемыблэжу епхьэкІ лэжьыгъэри ­гу­лъытэншэ хъуакъым — цІэ лъапІэу къып­­фІащамрэ фІыщІэтыну къып­хуагъэфэщамрэ къыпхуэмылъытэну куэд мэхъу. Ауэ уи текІуэныгъэ нэхъ ин дыдэр — лъэпкъым хуэблэжьа Іуэхутхьэбзэращ. Адыгэм къыхэкІа куэдыр уи псалъэм и къуэпсхэм хуригъэплъэкІыжащ, и гупэр и тхыдэмкІэ хуригъэгъэзащ.
  • ПщІэ мылъытэр зыхуэсщІ Исхьэкъ! Уузыншэу иджыри куэдрэ дяпэ уиты- ну, уи ІэдакъэщІэкІ купщІафІэхэмкІэ иджы­ри бэрэ дыбгъэгуфІэну сыпхуо­хъуахъуэ.
  • ХЬЭФІЫЦІЭ Мухьэмэд,
  • Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ,
  • «Адыгэ псалъэ» газетым и
  • редактор нэхъыщхьэ