ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Май, 2020

ТекIуэныгъэм и Бэракъыр Iуащхьэмахуэ и щыгум щагъэув

2020-05-08

  • 1941 — 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэш­хуэм ТекIуэныгъэ къызэрыщахьрэ илъэс 75-рэ щрикъум и пэ къихуэу, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Iуащхьэмахуэ щIыналъэм и щIыпIэ администрацэм и унафэщI Залиханов ­Къанщобий иритащ ТекIуэныгъэм и Бэракъымрэ Урысейм и Президент Путин Владимир и Iэ зыщIэлъ, юбилейм хуащIа вымпелымрэ, ахэр Европэм и къурш нэхъ ­лъагэ дыдэ Iуащхьэмахуэ дахын папщIэ.
  • Урысейм и МЧС-м Iуащхьэмахуэ щиIэ бгы лъагэ къэлъыхъуакIуэ-къегъэлакIуэ гупым хэтхэм, зэрыжьапщэм, зэрыпша­гъуэмрэ уэсышхуэ къызэресымрэ щхьэкIи къамыгъанэу, щIыхь пылъу дыгъуасэ ягъэ­зэщIащ къалэн къыщащIар — ТекIуэныгъэм и Бэракъыр метр 5642-рэ лъагапIэм деж щагъэуващ.
  • КъБР-м и Iэтащхьэм фIыщIэшхуэ яхуи­щIащ бгым дэкIахэм икIи къыхигъэщащ ­Iуащхьэмахуэ ТекIуэныгъэм ухуэзышэ фIэщ­хъуныгъэ узыфIэмыкIыжынум и дамыгъэу зэрыщытыр, абы и щыгу уихьэныр — Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм, абы хахуэу хэтахэу нобэ псэухэм я лIыхъужьыгъэр зэ­рытщымыгъупщам, пщIэ зэрахуэтщIым зэрищыхьэтыр.
  • КъБР-м и Iэтащхьэмрэ
  • Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Зыхыхьэхэр: Хэха

Уэрэдым зэпещIэ

2020-05-08

  • Тхыдэм «ЕтIуанэ дунейпсо зауэ» фIэщыгъэм щIэту къыхэна 1941 — 1945 гъэхэм екIуэкIа зауэшхуэр, Урысейм и дэтхэнэ щIыналъэми ещхьу, Къэбэрдей-Балъкъэрми къылъэIэсащ. Фашист зэрыпхъуакIуэхэм япэ махуэхэм щыщIэдзауэ япэщIэувахэм ящыщт зауэм дэкIа адыгэ щIалэхэри.
  • КъБР-м цIыху щIагъуэ ису къыщIэкIынкъым и унагъуэм щыщ гуэр а зауэм хэмытауэ. «ТекIуэныгъэ махуэ» уэрэдым къызэрыхэщым ещхьу, Накъы­-гъэм и 9-р «нэпсхэр нэм щIэту ягъэлъапIэ махуэшхуэщ».
  • Ди щIыналъэ цIыкIум щыщу псэзэпылъхьэпIэ IэнатIэм Iуувауэ щытащ цIыху мин 60. Абыхэм ящыщу сэлэт мин 12-м орденрэ медалрэ къыхуагъэфэщащ, цIыху 33-м Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэ лъапIэр къыфIащащ, цIыхуи 6-м ЩIыхьым и орденым и нагъыщэ псори къратащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ сэлэтхэр къэмыланджэу щызэуащ Брест, Мэзкуу, Сталинград, Киев, Севастополь, Курск къалэхэр хуит къащIыжын папщIэ ирагъэкIуэкIа зауэзэрылIхэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Ди щхьэр яхудогъэщхъ

2020-05-08

  • Хэку зауэшхуэм къыщытхьа ТекIуэныгъэр илъэс 75-рэ щрикъур щыдгъэлъапIэ ­махуэм дахуохъуахъуэ а гуфIэгъуэ иныр лIыгъэрэ хахуагъэкIэ къэзызэуа ди нэхъыжьыфIхэм.
  • Ди щхьэхуитыныгъэмрэ мамырыгъэмрэ папщIэ зи псэр зытахэм я фэеплъыр зэи тщыгъупщэнукъым. Дригушхуэу икIи я цIэр ину жытIэу къытхэтыж ветеранхэр, куэд мыхъужми, нобэ ди щхьэр яхудогъэщхъ, пщIэрэ щIыхьрэ яхуэтщIу ди жьантIэм дэсщ.
  • Мамыр гъащIэм и джэлэсу къытхуэнэжа нэхъыжьыфIхэм узыншагъэ быдэрэ ­гъащIэ кIыхьрэ яIэну дахуохъуахъуэ. Абыхэм я нэгу щIэкIам хуэдэ гузэвэгъуэ лъэпкъ­кIи, хэкукIи, къэралкIи, дэри, ди щIэблэми Тхьэм димыгъэлъагъу!
  • Дунейпсо Адыгэ Хасэм и президент
  • Сэхъурокъуэ Хьэутий,
  • Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ
  • ХьэфIыцIэ Мухьэмэд.

Зыхыхьэхэр: Хэха

ТЕКIУЭМАХУЭ

2020-05-08

  • Псалъэхэр Харитонов Владимир,
  • макъамэр Тухманов Давид яйщ

  • ТекIуэмахуэ, пIалъэ жыжьэу лъапэнэху,
  • Лыгъэсахуэм къыщыхъуапсэу дэп лъащIэху.
  • Гъуэгу лыпщIахэр сабэ кIагъуэм исеижт, —
  • Махуэу щыIэр а зы махуэм епщIыхьыжт.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ЛIыхъужьым и гъуэгуанэ хьэлъэр

2020-05-08


  • Хэку зауэшхуэр ди къэралым  и ТекIуэныгъэ ИнкIэ зэриухрэ илъэс 75-рэ дэкIыжами, урохьэлIэ и лIыгъэр къэдгъэлъэгъуэну ди къалэмыпэр зыхунэмыса зауэлI хахуэхэм, къыщхьэщыжакIуэ нэс­хэм. Абыхэм ящыщ зыщ Жылэ ТIынэ МытIатI и къуэр. Тэрч рай­оным хыхьэ Курп Ищхъэрэ ­(Къаншыуей) къуажэм ар 1924 гъэм накъыгъэм и 5-м къыщалъхуащ. 1942 гъэм курыт еджапIэр къиухащ, мазищ нэхъ дэ­мыкIыуи дзэм ираджэри, пIалъэ кIэщIкIэ ягъасэхэм яхэту курс ягъэкIуащ.
  • 943-нэ фочауэ полкым хэту ар япэу зауапIэм Iухьащ — Краснодар крайм и Крымскэ станицэр ­яхъумэрт ди зауэлIхэм. Зэхэуэ ­гуащIэр гъэунэхупIэт адыгэ щIалэм и дежкIэ икIи абы щIыхь пылъу пхыкIащ, станицэр хуит къащIыж-ри, иужькIэ ТIынэ хэтащ Севасто­поль теухуа зэхэуэ гуащIэхэм. АдэкIэ ягъэкIуащ Донбасс и Дебальцевэ районым икIи абы япэу уIэгъэ щыхъуащ. Ар щIэлъащ Кис­ловодск дэт госпиталь №5395-м.
  • Иджыри мыхъужыпауэ, Жылэр ягъэкIуащ фочауэхэр щагъэ­хьэ­зыру Куржым (Грузием) щыIэ курс­хэм, ар къиухыху уIэгъэхэри зэ­рыкIыжынум тращIыхьри. МазитI­кIэ еджахэр зэрыкурсу мыгувэу яунэтIащ Ленинград фронтым. Жылэ ТIынэ хэхуащ генерал Се­менюк зи пашэ ордензехьэ дивизэм и 192-нэ фочауэ полкым. Ар къыщыхъуар 1943 гъэм и кIэуххэрат.Ленинград зэхэуэ гуащIэхэр ще­кIуэкIырт. ИужькIэ ахэр Эстонием и Нарвэ, Тарту къалэхэм ягъэкIуащ. Абы етIуанэу уIэгъэ щыхъуащ ТIынэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

2020-05-08

Зауэр иухащ! Берлин,1945 гъэ, накъыгъэм и 2

Зыхыхьэхэр: Хэха

Темыркъанхэ зэадэзэкъуэм я лIыгъэр щIэблэм я щапхъэщ

2020-05-08

  • Темыркъан Жанхъуэт граждан зауэм хэтахэм ящыщащ. Ар щызэуащ къэрал псом цIэрыIуэ щыхъуа ­ Дзэ Плъыжьым и 11-нэ армэм. Зауэр иуха иужькIэ и жылэжь къигъэзэжри, Темыркъаныр жыджэру ­хэ­лэжьыхьащ гъащIэщIэ ухуэным. ЦIыху­­хэм щIэ­ныгъэ егъэгъуэтыныр къалэну зыхуигъэувыжат ­ абы. 1920 гъэм Псыгуэнсу ­къуажэм япэ дыдэу школ къыщы­зэIуихащ, икIи и унафэщIу 1934 гъэ пщIондэ лэ­жьащ. А IэнатIэм къыпэ­рыкIри, 1937 — 1942 гъэхэм Темыркъаныр колхозым и парт организацэм и секретару щытащ..
  • Хэку зауэшхуэр щыщIи­дзэм Темыркъан Жанхъуэт Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъунапкъэхэм щIытIхэр щы­щIыным, бийр ди щIыналъэм къимыгъэхьэным хуэгъэпса ухуэныгъэхэм елэ­жьа батальоным и комиссару щытащ, икIи къызэ-­
  • гъэпэщакIуэ Iэзэу абы зыкъызэрыщигъэлъэгъуам къыпэкIуэу къыхуагъэфэщат 10-нэ сапёр армэм и ЩIыхь тхылъыр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Апсэхэр жъуагъохэу огум къыщепсых

2020-05-08

  • Родинэм, Ным, цIыфыбэхэм апае зи­щыIэныгъэ зытыгъэхэ лIыхъужъхэм апсэхэр арых жъуагъохэу огум къыщеп­сыхэрэр.Хэгъэгу зэошхор къызежьэм Адыгэ хэку цIыкIум икIыхи, фронтым нэбгырэ мин 80-м нахьыбэ кIогъагъэ. Ахэр лIыгъэ зэрахьэу чIыпIэ зэфэшъхьафхэм а­щызэуагъэх: Москва пыим езымыгъэштагъэхэм, Ленинград блокадэм къизыщыжьыгъэхэм, Сталинград дэжь нэмыц техакIохэр хьапэ-сапэ щизгъэфагъэхэм, Курскэ дугам щыкIогъэ зэошхом хэтыгъэхэм, Белоруссиер, Украинэр, нэ­мыкI къэралыгъуабэр фашизмэм къы­Iэпызыхыжьыгъэхэм ыкIи а зэкIэми яшъхьэтеIулIэжьэу, Берлин зыштагъэхэм, Совет  Союзым и Къэралыгъо Быракъ Плъыжь ащ щызIэтыгъэхэм ахэтыгъэх лъэп­къышхо дэдагъэу, ау зэо зэпы­мычыжьхэм аужъгъэигъэ адыгэхэр.
  • 1941 – 1945-рэ илъэсхэм щыIэгъэ Хэгъэгу зэошхом, нэмыкI цIыф лъэпкъ зэфэшъхьафхэм афэдэу, адыгэ лъэпкъым итхакIохэр, журналистхэр, артистхэр, режиссерхэр, поэт ныбжьыкIэхэр хэлэжьагъэх. Ахэм ащыщых зэуапIэм щыфэхыгъэхэу зигухэлъи, зипсалъи зэфэдэу чаныгъэхэу, зиIорэ зишIэрэ зэтехьажьыгъэхэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ЛIыхъужъхэр лIэхэрэп

2020-05-08

  • Адыгэ Республикэм и Лъэпкъ тхылъеджапIэ тхылъ экспозициякIэу «Имя, ставшее бессмертным» зыфиIоу адыгэ усакIоу, журналистэу, Советскэ Союзым и ЛIыхъужъэу Андырхъое Хъусен къызыхъугъэр илъэси 100 зэрэхъурэм фэгъэхьыгъэр къыщызэIуахыгъ. Ар зыгъэхьазырыгъэр краеведческэ ыкIи лъэпкъ литературэмкIэ отделым иIофышIэу ГъукIэлI Асиет.
  • Андырхъое Хъусен

  • Къэгъэлъэгъоныр тхылъеджапIэм ифонд хэлъ тхылъ зэфэшъхьафыбэу Хэгъэгу зэошхом итемэ, ти­дзэкIолI­хэм япсэемыблэжьныгъэ, тидзэ пащэхэм япытагъэ къэралыгъор, совет цIыфхэр а мэфэ шIуцIэхэм зыхэтыгъэхэ хьазабыр, фашизмэм зэрэпэшIуекIощтыгъэ­хэр, зэрэтекIуагъэхэр ыкIи Хъусенэ ищыIэныгъэрэ илIыгъэрэ къащиIотыкIыгъэх. Мыхэр тхылъеджэхэм зэлъягъэшIэгъэнхэр, заом ишъыпкъэ афиIотыкIыгъэнымкIэ IэубытыпIэ шIыгъэнхэр ары мурадэу къэгъэлъэгъонымкIэ зыфашIы­жьыгъэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Сэлэт хахуэ Хутэ Умар

2020-05-08

  • Зэгуэр илъэгъуар, зэхихар сабиигум быдэу иреубыдэ, и нэгум къыщIонэри, балигъ хъуа нэужьи мычэму ар игу къредзэж. Апхуэдэ гукъэкIыж гуапэщ курыт еджапIэм дыщыщеджэ илъэсхэм Хэку зауэшхуэм и ветеранхэм даIущIэу, ахэр классхэм къытхурагъэблагъэ­мэ, къытхуаIуэтэж хъыбархэм нэ­хъуеиншэу дыщIэдэIуу зэрыщытар.
  • Накъыгъэм и 9-м къызэрагъэпэщу щыта пэкIу уардэхэр-щэ?! ЛIыгъэмрэ гуеигъэмрэ я нагъыщэ орденхэр, медалхэр зи бгъэгухэм къы­щылыд, махуэшхуэм нэхъри дэбжьыфIэжа ветеранхэм я сатырхэм уахэплъэныр сыту гухэхъуэгъуэт! Ди жагъуэ зэрыхъущи, блэкIащ а илъэсхэр, 1941-1945 гъэ ерухэм я зауэлIхэм я сатырхэм хэщIурэ, ветеран закъуэтIакъуэщ къытхуэнэжар. Абы нэхъри къалэн къытщещI, къытхэмытыжхэми, зи щIыхьыр щIылъэм къытезына ди лъэпкъэгъухэм, хэ­куэгъухэм я хъыбархэр щIэблэм махуэ къэс зэхедгъэхыныр, къытхуахьа мамырыгъэм дызэрыхуаша зауэ гъуэ­гуанэхэм гукъэкIыжкIэ дрикIуэ­жыныр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Лъэпкъым и лIыхъужь

2020-05-08

  • 2018 гъэм дунейм ехыжащ лIыгъэмрэ хахуа­гъэмрэ я щапхъэкIэ зи гъащIэр гъэнщIауэ щыта цIыху щыпкъэ, Хэку зауэш­хуэм и мафIае гъуэгухэм щIалэщIэ дыдэу ирикIуа Жанэ Мухьэмэд Хьэмид и къуэр. И унагъуэмкIи дэркIи гуауэ хъуа илъэсым и пэ къихуэу, ТекIуэныгъэ Иным и Махуэм ирихьэлIэу дыхуэзауэ щытащ ди лъэпкъым и цIэр фIыкIэ зыгъэ­Iуа лIыхъужь хахуэм. ИкIи ди насып къихьат абы депсэлъэну, и гукъэкIыж­хэм дыщIэдэIуну…

  • Жанэ Мухьэмэд 1925 гъэм накъыгъэм и 2-м Шэрджэс автоном областым хыхьэ Эрсакон (Абатэхьэб­лэ) къуажэм къыщалъхуащ. Мыб­деж къыщыхэгъэщыпхъэщ Жанэхэ я унагъуэр зауэм куэдкIэ ипэ иту хьэ­лэбэлыкъ зэрыхэхуар. Къэ­ралым и политикэ Iуэху ­мыхъумыщIэм и зэранкIэ унагъуэр хэкум ирагъэкIащ 1933 гъэм. Апхуэдэ щIы­кIэкIэ, Жанэхэ Омскэ областым къыщыхутащ. ­Унагъуэр гъуэгуанэ хьэлъэм тетыху Мухьэмэд и шып­хъуищрэ и зы къуэшрэ дунейм ехыжащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Инарыкъуей щагъеяр къыщалъхуам и закъуэкъым

2020-05-08

  • Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм зэ­пэ­щIэувэныгъэм я нэхъ гуащIэхэм ящыщ Инарыкъуей и щыгухэм зэрыще­кIуэ­кIам ди щIыналъэм щыпсэу куэд щыгъуазэщ.
  • 1942 гъэм Кавказ Ищхъэрэм и щIы дагъэ къыщIэхупIэхэр ирамыгъэубыду 317-нэ фочауэ дивизэр нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм махуищэм щIигъукIэ япэ­щIэтащ. ЗауэлI мини 7-м я щхьэр ­ща­гъэтIылъащ абдеж. Инарыкъуей ща­гъеяр къыщалъхуахэм я закъуэкъым. Нобэр къыздэсым къуажэм и Iэхэлъахэм зауэм и Iэужь хьэп­шып­хэмрэ зауэлIхэм я къупщхьэхэмрэ къыщагъуэтыж. Хэку лъагъуныгъэм и гуащIагъымрэ абы и уасэмрэ къуа­жэдэс ныбжьыщIэхэм хьэкъ тщы­зы­щIыр мащIэтэкъым. Апхуэдэт зауэм къыщIэна хьэпшыпхэмкIэ къулей музейр, зауэм и фэеплъ обелискыр, зауэр зи нэгу щIэкIахэр хэту къызэрагъэпэщ зэIущIэхэр. СССР-м и цIыхубэ артист Этуш Владимири щызэуар ди щыгухэращ. ИужькIэ абы мызэ-мытIэу ди щIыналъэм къытригъэзат икIи хуэфащэ дыдэу фIащат «Тэрч къалэ щIыхь зиIэ и цIыху» цIэ лъапIэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Хэкупсэ нэс

2020-05-08


  • Хэку зауэшхуэм зи гуа­щIэрэ лIыхъужьыгъэкIэ къы­хэжаныкIа Дукъуэ ­Хьэмид 1910 гъэм дунейм къытехьащ. Къуажэ курыт еджапIэм классиблыр ­къиухыжа иужькIэ егъэджакIуэхэм я курсхэм щIэтIысхьэжащ. ПэщIэ­дзэ классхэм я егъэджакIуэу, комсомол IуэхущIапIэм и секретару лэ­жьащ. 1932 — 1935 гъэхэм Дзэ Плъы­жьым хэту къулыкъу ищIащ, связымкIэ взво­дым и унафэщIым и дэ­Iэпыкъуэгъуу щытащ. 1939 гъэм ВКП(б)-м хы­хьащ.
  • 1941 гъэм и щэкIуэгъуэ мазэм Хьэмид зауэлI фащэр етIуанэу щитIэгъащ. 39-нэ шуудзэм и 1-нэ шуу­дзэ полкым хэту Ростов щIыналъэм щекIуэкIа зауэ гуащIэхэм хэтащ.
  • 1942 гъэм и гъатхэпэ мазэм Хьэмид уIэгъэ хьэлъэ хъури, и узыншагъэм къимыхьыжу къэкIуэжащ. АрщхьэкIэ хэ­кум и щхьэхуитыныгъэм, абы  и къэкIуэнум хуэгумыгъуэ щIалэр унэм щIэтысхьэжу щIэсахэм ящыщкъым. Нэ­мыцэ зэ­рыпхъуакIуэхэр Джылахъ­стэнейм къыщебгъэ­ры­кIуэм, ар партизанхэм яхыхьащ. 1943 гъэм и щIышылэ мазэм, бийр щIыналъэм ирахужа иужькIэ, цIыхубэ хозяйст­вэр зэфIэзыгъэувэжхэми яхэтащ.
  • 1944 гъэм и бадзэуэгъуэ мазэм Дукъуэр лъаIуэри зауэм тригъэзащ. 34-нэ ­топгъауэ полкым, иужькIэ 2-нэ Украинэ фронтым и 30-нэ топгъауэ бригадэм и взводым и командирым и дэIэпыкъуэгъу ящIащ. Сержант нэхъыжь Дукъуэ Хьэмид Венгрием, Чехословакием я щIыналъэ­-хэр щхьэхуит щIыжыным щIэбэнхэм яхэтащ. Австрием щекIуэкIа зэхэуэ гуащIэм, Венэ къэзыщтахэм ящыщщ ар. Аращ текIуэныгъэ къыщахьам здэщыIари. 1945 гъэм и фокIадэ мазэращ Ду­-къуэр къуажэм къыщы­ды­хьэжар.
  • ЗауэлI нэсым, лъэпкъым и къуэ пэжым Хэкум хуи­щIа псори къалъытэри ­Вагъуэ Плъыжь орден, «Зауэм къыщигъэлъэгъуа лIыгъэм папщIэ», «Венэ къызэрищтам папщIэ», «Германием зэрытекIуам папщIэ» медалхэр къратащ.
  • Зауэ нэужьым, пенсэм тIысыжын и пэ, Хьэмид и гуащIэ хилъхьэу щылэ­жьащ «Вагъуэ Плъыжь» колхозым. Ар колхозым и тхьэмадэу, парткомым и секретару, бригадэм и унафэщIу лэжьащ.
  • Зауэм, лэжьыгъэм я ветеран Дукъуэ Хьэмид 1985 гъэм дунейм ехыжащ. Абы и цIэфIым, лIыхъужьыгъэм, хэкупсэ лъагъуныгъэм нобэми щIэблэр щIапIыкI.
  • Дзэгъащтэ Нусэ.

Зыхыхьэхэр: Хэха

ХьэмрутI и гуащIэр

2020-05-08


  • Къэрэш ХьэмрутIи ящыщщ текIуэныгъэм хэ­лIыфIыхьахэм. И ныбжьэгъу куэдым хуэдэу, Хэку зауэшхуэр къызэрыхъейуэ ар дэкIащ.
  • Iэщэ къищтэу бийм япэу щыпэщIэувар 507-нэ фоч­гъауэ полкым хэту Къры­мым щыкIуарщ. Зэхэуэ гуа­щIэ екIуэкIыу ди сэлэтхэр къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ икIуэтырт. Абдеж ХьэмрутI япэу уIэгъэ щыхъуащ. Ягъэхъужу госпиталым къыщIэ­кIыжа иужькIэ, ар хагъэхьащ 37-нэ фочауэ дивизэм и ­75-нэ сапер батальоным. 1943 гъэм Курск щызэуащ. ИужькIэ хэтащ Белоруссиер, Польшэр хуит къэзыщIыжахэм.
  • Зауэр къыщыхъея махуэхэм щегъэжьауэ ар иухыхукIэ псэемыблэжу, япэ итхэм ящыща Инарыкъуей щIалэр Кърымым щегъэжьауэ Берлин нэс кIуэцIрыкIащ. Ар щэнейрэ уIэгъэ ящIащ, ауэ абыхэм къагъэувыIакъым, текIуэныгъэм хуэпабгъэ щIалэфIым и гур.
  • Абы зэрихьа лIыгъэм и щыхьэтщ къыхуагъэфэща дамыгъэ лъапIэхэр: Хэку ­зауэ орденым и япэ нагъыщэр, Вагъуэ Плъыжьыр, ЩIыхьым и орденым и ещанэ нагъыщэр, «Хахуа­гъэм папщIэ» медалитIыр, «Германием зэрытекIуам папщIэ» медалыр.
  • Зауэ нэужьым Къэрэшым Джылахъстэнейм къигъэ­зэжри, и гуащIэ хилъхьэу цIыхубэ хозяйствэм и Iэ­­-натIэ зэмылIэужьыгъуэхэм зри­гъэужьащ.
  • Ар 1989 гъэм дунейм ехыжащ.
  • Щауэмахуэ Анзор.

Зыхыхьэхэр: Хэха

ТIасхъэщIэх Хъыбий Балилэ

2020-05-08


  • Хэку зауэшхуэм и тхыдэм зи цIэ къыхэщыжхэм ящыщщ Хъыбий Нэгъуей и къуэ Балили. Ар 1918 гъэм дунейм къытехьащ. Къуажэ курыт еджапIэр къиуха иужькIэ колхозым щы­лэжьэн щIидзат. 1938 — 1940 гъэхэм Дзэ Плъыжьым хэ­ту къулыкъу ищIащ. 1941 гъэм армэм къикIыжа иужь­кIэ, колхозым и комсомол IуэхущIапIэм и секретару ­хахащ. Куэд мыщIэу Хэку ­зауэшхуэр къэхъейри, бжьыхьэм Билал зауэм ­дашащ. Армэм щызэригъэщIа щэхухэр къызыхуэ­сэбэпыжа щIалэр занщIэу тIасхъэщIэххэм хагъэхьащ.
  • КъухьэпIэ фронтращ Хъыбийр зыIутар. Абы жэуап­лыныгъэ ин пылъу игъэзащIэрт и унафэщIхэм пщэ­рылъ къыхуащI Iуэхушхуэ­хэр. Зи унафэщI гупым мызэмытIэу «бзэгухэр» ­къаубыдыурэ ягъэпса­-лъэрт, бийр зэрыт Iэхэлъахэр щIапщытыкIырт. Абы­-хэм къыщIаIукIа хъыбархэр куэдрэ дзэм къахуэщ­хьэпащ.
  • 1942 гъэм и гъатхэу, Хъыбий Балилэ и гупым я гъусэу пщэрылъ къыхуащIа Iуэху ехъулIэу игъэзэщIарэ «бзэгуи» къаубыдауэ къыщы­кIуэжым лагъымым теувэ­ри, къэуащ. ТIасхъэщIэх Iэзэм Москва, Саратов, Т­ашкент дэт сымаджэщхэм ­куэд дыдэрэ къыщеIэзащ икIи зи лъакъуитIри зы­фIэкIуэда Балилэ унэм къагъэкIуэжащ.
  • Зауэм щызэрихьа лIы­-гъэм папщIэ абы къыхуа­гъэфэщащ Хэку зауэ орденым и етIуанэ нагъыщэр, «Москва зэрихъумам пап­щIэ», «Заполярьер зэри­хъумам папщIэ», «Германием зэрытекIуам папщIэ» ­медалхэр.
  • Зауэ IэнатIэм къыIукIыжа иужькIи Балилэ Iуэхуншэу щысакъым. Абы зэры­ху­зэ­фIэкIкIэ защIигъакъуэу щылэжьащ къуажэ колхозым.
  • Зауэм, лэжьыгъэм я ветеран Хъыбий Балилэ 1984 гъэм дунейм ехыжащ.
  • Нэужьокъуэ Ислъам.

Зыхыхьэхэр: Хэха

« Раньше