ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Май, 2020

КъБР-м и Iэтащхьэм иригъэкIуэкIащ республикэм коронавирусым зыщемыгъэубгъуным хуэунэтIа Iуэхухэр зи нэIэ щIэт Оперативнэ штабым и зэIущIэ

2020-05-16

  • КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек видеоконференц мардэм тету дыгъуасэ иригъэкIуэкIащ коронавирус уз зэры­цIалэм республикэм зыщемыгъэу­-бгъуным хуэунэтIа профилактикэ лэжьыгъэхэр къызэрызэрагъэпэщымрэ а узыфэм зэрыпэщIэтымрэ теухуа Iуэхухэр зэкIэлъызыгъакIуэ Оперативнэ штабым и зэIущIэр.

  • Абы щыхэплъащ республикэм коронавирусым и зэранкIэ щыщыIэ хъуа санитар-эпидемиологие щытыкIэм, узыншагъэр хъумэным епха IуэхущIапIэхэм я лэжьэкIэм, карантин мардэхэм цIыхухэр зэрытетым.
  • КъБР-м и Iэтащхьэм зэIущIэм хэтхэм ягу къигъэкIыжащ цIыхухэм узыфэм зы­щахъу­мэным хуэунэтIауэ зытехьа мардэ­хэм хуэм-хуэмурэ къытекIыжыным яужь ихьэн папщIэ «Роспотребнадзор»-м унэтIыны­гъищым къагъэлъагъуэхэр къэ­лъытэн ­хуейуэ накъыгъэм и 8-м къызэригъэувар. А псори пыщIащ щIыналъэм щыIэ эпидемиологие щытыкIэмрэ узыншагъэр хъумэн IэнатIэр абы зэры­хуэхьэзырымрэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Къэпщытэныгъэхэр ягъэIэпхъуэ

2020-05-16

  • Ди къэралым и курыт еджапIэхэр къэзыух ныбжьыщIэхэм илъэс куэд лъандэрэ ят Зыуэ щыт къэрал экзаменыр (ЕГЭ). Мы гъэм абы и екIуэкIыкIэм зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэр халъхьащ, коронавирус уз зэрыцIалэм ди щIыналъэм зэрызыщиубгъуам къиша лъэпощхьэпохэм къахэкIкIэ.
  • УФ-м егъэджэныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ Басюк Виктор егъэджэныгъэмкIэ щIыналъэ IэнатIэхэм я унафэщIхэм иджыблагъэ ядригъэкIуэкIа видеоконференцым зэры­щыжиIамкIэ, мэкъуауэгъуэм и 8-м къызэрагъэпэщыну я мурада ЕГЭ-р пIалъэкIэ ягъэIэпхъуэнущ. Апхуэдэ унафэ къащтащ, узыншагъэр ­хъумэнымкIэ къэралпсо IэнатIэхэм ята чэнджэщхэм япкъ иткIэ. Къэп­щытэныгъэхэр щекIуэкIыну махуэхэр мыгувэу иубзыхунущ УФ-м и Прави­тельствэм, абыхэм ятеухуа унафэ къыщащтэнущ УФ-м и Къэрал Думэмрэ ФедерацэмкIэ Советымрэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Газетхэм Iэ щIэвдз

2020-05-16

  • Мэлыжьыхьым и 1-м щIидзауэ йокIуэкI 2020 гъэм и етIуанэ илъэс ныкъуэм цIыхухэм яIэрыхьэну газетхэм, журналхэм Iэ тедзэныр.
  • Иджыпсту щыIэ щытыкIэм ипкъ иткIэ, цIыхухэм Iэмал яIэщ пощтхэм мыкIуэу, я унэ щIэсыжу газетхэм Iэ традзэну — Урысейм и Пощтым и сайтым иIэ podpiska.pochta.ru жыхуиIэмкIэ апхуэдэ Iуэхутхьэбзэр зэфIагъэкIыфынущ, къэралым къыщыдэкI газет, журнал минитхум ящыщ дэтхэнэ зыми Iэ традзэфынущ. Iуэхутхьэбзэр тэмэму зэтеухуауэ щытщи, дэнэ щIыпIэ щыпсэуми апхуэдэ щIыкIэкIэ Iэ традзэфынущ нэхъ дэзыхьэх къыдэкIыгъуэхэм.
  • «Адыгэ псалъэр» зыIэрыхьэну хуейхэм хъыбар фыдогъащIэ: мази 6-м ди газетым и уасэр сом 696-рэ кIэпIейкIэ 30-рэщ.
  • Ди индексыр П 5894

Зыхыхьэхэр: Хэха

КъБР-м и Iэтащхьэм ирегъэкIуэкI республикэм и туризм IэнатIэм и щытыкIэм теухуа зэIущIэ

2020-05-16

  • КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек накъыгъэм и 13-м иригъэкIуэкIащ коронавирус узыфэ зэрыцIалэм щебэн мы зэманым туризм IэнатIэм зегъэу­жьынымкIэ щыIэ хэкIыпIэхэм теу­хуа зэIущIэу видеозэпыщIэныгъэ Iэмэ­псымэхэр къагъэсэбэпурэ къызэрагъэпэщар. ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков      А. ТI., Iуэхур зэхьэлIа министерствэхэм я унафэщIхэр, республикэм и щIыналъэ администрацэхэм я Iэтащхьэхэр,   туризм IэнатIэм и лIыкIуэхэр.
  • ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и туризм ­IэнатIэм, санаторэзыгъэпсэхупIэ IуэхущIапIэхэм иджыпсту я Iуэху зыIутым, и гугъу щащIащ мы зэманым зыIууа лъэпощхьэпохэр лъэныкъуэ езыжа нэужь абыхэм я лэжьыгъэр тэмэму зэтеухуэжынымкIэ щыIэ Iэмалхэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Адыгэхэм я фэеплъ махуэм ирихьэлIэу

2020-05-16

  • Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 156-рэ зэрырикъум ехьэлIауэ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм, Дунейпсо Адыгэ Хасэм, республикэм и жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм, район, къалэ щIыпIэ администрацэхэм зэгъусэу къызэрагъэпэщыну Iуэхугъуэхэр щекIуэкIынущ республикэм и щIыналъэ псоми.
  • Накъыгъэм и 20-м сыхьэт 12.00-м видеоконференц екIуэкIынущ Дунейпсо Адыгэ Хасэм, республикэм и жылагъуэ IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэмрэ я лIыкIуэхэмрэ хэту. А махуэ дыдэм сыхьэт 14.00-м ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъуро­къуэ Хьэутий «Черкес FM» радиостанцым къыщыпсэлъэнущ Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 156-рэ зэрырикъум теухуауэ. Апхуэдэуи Интернетым флешмоб щрагъэкIуэкIынущ, «Iуащхьэмахуэ» уэрэдымрэ «Боль» усэмрэ гукъыдэж зиIэхэм ягъэзащIэу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Лъагъуныгъэм, пщIэм, нэмысым я лъахэ

2020-05-16

  • Унагъуэр — къэралым и зы Iыхьэщ, жылагъуэм и быдапIэщ. Аращ къыщежьэр цIыхухэм яхэлъ хьэл дахэ псори: лъагъуныгъэри, пщIэри, нэмысри, гумащIагъри, пэжыгъэри… Къэралым и къэкIуэнур зэ­лъыта цIыхухэр щапI унагъуэр хъу­мэным гулъытэ хэха хуригъэщIын папщIэ, Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я ­Зэгухьэныгъэм (ООН) и Ассамблее Нэхъыщхьэм 1993 гъэм игъэувауэ щытащ Унагъуэм и дунейпсо махуэр. Ар гъэлъэпIэныр трагъэхуащ накъыгъэм и 15-м. Урысей Федерацэм махуэшхуэр япэу щыщаIэтар илъэс 25-рэ ипэкIэщ, 1995 гъэм къы­щыщIэдзауэщ.
  • Сыт хуэдэ лъэхъэнэми дэтхэнэ къэралми и зэIузэпэщыгъэр ­къалъытэ абы и унагъуэ къызэрыгуэ­кIым иIэ псэукIэм и лъагагъымкIэ, абы исхэр зыхуей-зыхуэфIхэр ягъуэту гъащIэм зэрыхэтыфымкIэ. Унагъуэр гъэбыдэным дапщэщи гулъытэшхуэ щегъуэт ди къэралым. Псом хуэмы-дэу ар нэрылъагъущ иджырей зэманым — коронавирус уз зэрыцIалэм и шынагъуэр къыщытхьэщыт лъэхъэ-нэ гугъум.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

2020-05-16

Кхъухьлъатэзэхуэ цIэрыIуэ, Совет Союзым и ЛIыхъужь
Къуэныкъуей Назир (1918 — 1975 гъгъ.)

Зыхыхьэхэр: Хэха

Я закъуэ къарукIэ яутIыпщ

2020-05-16

  • Ди планетэм и хъуреягъкIэ хьэршым къыщызылъэтыхь Къэрал зэ­хуаку станцым (МКС) и Iэгъуэблагъэм накъыгъэм и 27-м къыщы­щIи­дзынущ США-м щыIэ SpaceX ­ком­панием NASA щIэныгъэ Iуэ­ху­­щIапIэм хуигъэхьэзыра Crew Dragon хьэршырыкIуэ кхъухьлъатэр. Абы къыкIэраутIыпщыкIыну Falcon 9  ракетэм исынущ а къэралым щыщ астронавт щIалэхэу Бенкен Роберт­рэ Херли Дагласрэ.

  • ЖыжьэрыкIуэ кхъуафэр, щIым зыкъытриIэтыкIа иужькIэ, сы­хьэт 24-м и кIуэцIкIэ МКС-м къыбгъэ­дэхутэнущ. А Iуэхум теухуа хъыбар иджыблагъэ зэбграгъэхащ NASA Iуэ­хущIапIэм и лэжьакIуэхэм. Къыхэгъэ­щыпхъэщ цIыху зэрыс хьэршырыкIуэ кхъухьлъатэхэм ящыщ гуэрми иужьрей илъэсипщIым къриубыдэу США-м и щIыналъэм зэрызыщимыIэтари.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Мы махуэхэм

2020-05-16

  • Накъыгъэм и 16,
  • щэбэт
  • Мамыру зэдэпсэуным и дунейпсо махуэщ. 2017 гъэм дыгъэгъазэм и 8-м Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэм и Ассамблее Нэхъыщхьэм унафэ къищтащ накъыгъэм и 16-р Мамыру зэдэпсэуным и дунейпсо махуэу гъэувыным теухуауэ.
  • Нэхум и дунейпсо махуэщ
  • Ставрополь крайм и махуэщ
  • Биографхэм я махуэщ
  • Къалмыкъ шейм и махуэщ

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Iуэхур цIыкIуфэкIуу къытщремыхъу

2020-05-16

  • Дунейм и щытыкIэм куэду ­елъытащ ди зэманым псэухэми дяпэкIэ къэунэхуну щIэблэхэми я щыIэкIэ-псэукIэр, къэралхэр ерыскъыпхъэкIэ къызэрызэгъэпэщар, цIыхухэм, зэхуахьэса мылъкум те­мышыныхьу, я гъащIэм щаIэ псэ­тын­шыгъуэр зыхуэдэр.

  • Накъыгъэм и 15-м ирырагъэ­хьэлIа Климатым и махуэр ягъэ­лъапIэ экологием лей лъымыгъэсыным телажьэ къэхутакIуэхэм, щIыуэп­сым къыщекIуэкIхэм кIэ­лъыплъ IуэхущIапIэхэм я IэщIагъэлI­хэм, къэрал властым щыщхэм, щIэ­ны­гъэлIхэм, дыкъэзыухъуреихь дунейм и щытыкIэм тегузэвыхь цIыху къызэрыгуэкIхэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Нэхъыжьхэр ягъэгушхуэ

2020-05-16

  • ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 75-рэ щрикъум ирихьэлIэу «Спартак-Налшык» профессионал футбол клу­бым игъэлъэпIащ и ветеранхэр.

  • Хэку зауэшхуэм дызэрыщытекIуам икIи Налшык и «Спартак»-р къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 85-рэ щрикъум я щIыхькIэ «Спартак» ­ПФК-м и унафэщI Мэшыкъуэ Аслъэнрэ гупым и пашэу илъэс куэдкIэ щыта Заруцкий Александррэ щIыхь тхылъхэмрэ ерыскъыхэкIхэмрэ хуашэри, дуней псом щытепщэ ко­ронавирус уз зэрыцIалэм и зэранкIэ я унэм къыщIэкIыну мазитIым нэблэ­гъауэ Iэмал щIагъуэ зимыIэ нэхъы­жьыфIхэм ящIэупщIащ. Гулъытэ зыгъуэтахэм ящыщщ 1965 гъэм ди командэм хэту Урысей Федерацэм и чемпион хъуа Гогибедашвили Заур, Налшык и «Спартак»-м щыджэгуу я хьэрхуэрэгъухэм я гъуэм япэу топищэ дэзыгъэкIыфа Бэч Руслан, командэм и капитану щыта Алшэгъыр Алий сымэ, нэгъуэщIхэри.
  • Ветеранхэм хуабжьу я гуапэ хъуащ зэращымыгъупщэр икIи нобэми щIэб­лэщIэм зэралъэкIкIэ зэрызыщIагъэкъуэнур жаIащ.
  • Хьэтау Ислъам.
  • Сурэтым: Гогибедашвили Зауррэ Мэшыкъуэ Аслъэнрэ.   

Зыхыхьэхэр: Хэха

1КъБР*»Мир» канал

2020-05-16

  • Блыщхьэ, накъыгъэм и 18
  • 6.00 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
  • 6.30 ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 75-рэ ирокъу. «Жыгхэр паркым къыщыкIынущ…» 115-нэ шуудзэм хэтахэм я фэеплъу Большая Мартыновкэ къыщызэIуаха паркыр (12+)
  • 6.50 «Адэжь щIэин». Адыгэхэм жыг зэрагъэкIыу щытам теухуауэ (адыгэбзэкIэ) (12+)
  • 7.10 «Щэнхабзэм и дуней». Хъущтэ-Сырт къуажэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм и лэжьыгъэр (балъ­къэ­рыбзэкIэ) (12+)
  • 7.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэ­хуаку хъыбархэр» (16+)

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ОТР Общественное Телевидение России

2020-05-16

  • Блыщхьэ, накъыгъэм и 18
  • 6.00 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
  • 6.30 ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 75-рэ ирокъу. «Къэбэрдей-Балъкъэрым и Дыщэ вагъуэхэр». Совет Союзым и ЛIы­хъужь Ушанёв Сергей (12+)
  • 6.40 «Щэнхабзэмрэ дэрэ». УсакIуэ, тхакIуэ Куэш­бей  Жамболэт (12+)
  • 7.10 «Бгыхэмрэ бгырысхэмрэ». Уянаев Владимир (12+)
  • 7.40 «Зэманымрэ цIыхумрэ». СССР-м и Къэрал саугъэтыр зыхуагъэфэща, УФ-м машинэ щIынымкIэ щIыхь зиIэ и лэ­жьакIуэ Хьэжу Владимир (12+)

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

КъБР-м и РАДИО

2020-05-16

  • Блыщхьэ, накъыгъэм и 18
  • 00.00 — Макъамэ 99,5-FM (урысыбзэкIэ)
  • 1.00 — Макъамэ 99,5-FM (адыгэбзэкIэ)
  • 1.35 — «Фэр папщIэ» (адыгэбзэкIэ)
  • 2.00 — «Макъамэ» (адыгэбзэкIэ)
  • 2.30 — «Жэщыбг нэужьым» (адыгэбзэкIэ)
  • 3.00 — «Орайда» (балъкъэрыбзэкIэ)
  • 4.00 — «Сахна» (балъкъэрыбзэкIэ)
  • 5.00 — Макъамэ 99,5-FM (урысыбзэкIэ)
  • 6.35 — «ПщIэну щхьэпэщ» (урысыбзэкIэ) (12+)
  • 6.45 — 7.00 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ) (12+)

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

«Къэбэрдей-Балъкъэр» ГТРК-м и радио

2020-05-16

  • Блыщхьэ, накъыгъэм и 18
  • «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 11.30, 13.10, 15.10, 18.10
  • 7.10 — 8.00 «Пщэдджыжьым жьыуэ» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ)
  • 8.10 — 8.35 «Гъэхэмрэ гъащIэмрэ» циклым щыщщ. «Сыт дэ тщIэр Къудащ Елбэздыкъуэ теухуауэ» (адыгэбзэкIэ)
  • 8.35 — 9.00 Бгырыс хабзэ (балъкъэрыбзэкIэ)
  • 11.45 — 12.00 «Ди хъугъуэфIыгъуэ­хэр» циклым щыщщ (адыгэбзэкIэ)
  • 13.25 — 14.00 Шинкубэ Бэгърат. «ЖылакIэ» романым щыщ пычыгъуэ. Япэ Iыхьэр
  • 15.25 — 15.50 «Iуэху куэд щызэфIагъэкI блыщхьэ»

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

« Раньше