Нэмруз бзаджащIэм и кIуэдыжыкIэ хъуар
2020-05-30
- Япэм фыкъызэрыдгъэгугъащи, нобэ дытетхыхьынущ «Сэращ Алыхьыр» жызыIэу щыта Нэмруз бзаджащIэм и кIуэдыжыкIэ хъуам.
- ИпэкIи зэрыщыжытIащи, абы нэхърэ нэхъ лъы фIей щыIакъым, цIыхубэр псори зыхуигъэпщылIырт. Езым Алыхьу зибжыжырти, зыри пэщIэувэну хуиттэкъым, занщIэу иукIырт.
- Ибрэхьим бегъымбарыр зыхадза мафIэм и зэран лъэпкъи абы емыкIыу, псэууэ, узыншэу къызэрыхэкIыжар и нэгу щIэкIа пэтми, Iиман лъэпкъ къихьатэкъым Нэмруз, атIэ, уеблэмэ, нэхъ ерыщ екIуауэ, лей нэхъыбэ зэрихьэрт.
- Абы и хабзэт гъэкIэ Iуахыжа гъавэм щыщ игъэтIылъурэ, адрейхэм лъапсейуэ ярищэжу. Ауэ щыхъукIи, гъавэ зыщэхуну къэкIуам япэщIыкIэ ар еупщIырт: «Сэ сыхэт?» жиIэрти. «Уэращ Алыхьыр», — жаIэу щхьэщэ къыхуащIа нэужь, итIанэт щарищэр гъавэр.
- Зэгуэрым, имыIэныгъэм къыхэкIкIэ Ибрэхьим бегъымбарри кIуащ Нэмруз и деж гъавэ къищэхуну. БзаджащIэм ЛIыкIуэр къицIыхужащ икIи къеупщIащ: «Хэт Алыхьыр?» — жиIэри. «Алыхьыр дыкъэзыгъэщIауэ дызыгъэлIэжынуращ», — жиIэу ЛIыкIуэм жэуап щитым, Нэмруз жиIащ: «Сэри схузэфIокI ар». И пащхьэ ит лIитIым я зыр иукIри жиIащ: «Мис мы тIури къэзгъэщIати, зыр псэууэ къэзгъэнащ, адрейр сукIыжащ». «АтIэ Алыхьым дыгъэр КъуэкIыпIэмкIэ къыщыщIегъэкI, уэ КъухьэпIэмкIэ къыщыкъуэгъэкI», — жиIащ ЛIыкIуэм. АрщхьэкIэ, Нэмруз игъуэтакъым абы къыпидзыжын жэуап. «Щхьэщэ къысхуэщI, гъавэ ухуеймэ», — жиIащ Нэмруз. «Щхьэщэ зыхуэфащэр Алыхь закъуэращ», — жиIэу, Ибрэхьим жэуап щитым, гъавэр кърищэн имыдэу къыIуигъэкIыжащ.
- ЛIыкIуэр IэнэщIу унэм зэрыкIуэжыр апхуэдизкIэ и гум щIыхьати, и къэпым ятIэ из ищIри, унэм кIуэжащ. Мо хьэлъэ зыIыгъар апхуэдизкIэ ешати, гъуэлъри, занщIэу жеящ. Къыщыушыжам и пащхьэ кърагъэуващ ерыскъы пщэфIар. ЛIыкIуэм ар фIэтелъыджэу щIэупщIащ: «Дэнэ мыр къыздифхар?». «Уэ къытхуэпхьа хьэжыгъэм къыхэтщIыкIащ», — жэуап къратащ Ибрэхьим бегъымбарым. ЛIыкIуэм Iыхьлыхэм яжриIакъым Iуэхур къызэрекIуэкIа псори, ауэ и нэпсыр къежэхыу Алыхьым фIыщIэ хуищIащ.
- Аращи, Алыхьым зэи щыгъупщэркъым и пщылIыр. Ар зыхуей дыдэр щыхуей дыдэм къигъэхъунущ. Абы теухуауэ КъурIэн лъапIэм къыщыкIуащ мы Iэятыр: «Абы зыгуэр къигъэхъуну хуеймэ, «Къэхъу!» жеIэри, ар къохъу». (Ясин сурэм и 82-нэ Iэятыр).
- Нэмруз бзаджащIэм ифIэщу Алыхьым езэуэну зигъэхьэзырырт. «Алыхь щыIэр пэжмэ, къыспэщIэгъэувэ, сегъэзауэ абы», — жиIащ Нэмруз, Ибрэхьим зыкъыхуигъазэри. Алыхьым и ЛIыкIуэм Iэмыр къыхуищIащ: «Хъунщ, уезгъэзэуэнщ», — жриIэну. Апхуэдэу щыхъум, Нэмруз зэхуишэсащ IэщэкIэ зэщIэузэда и дзэ гупыр. Ахэр лъэщт икIи икъукIэ куэд хъурт. Алыхь Iэмырти, абыхэм къащхьэщыхьащ хымкIэ къикIа аргъуей дзэшхуэр. Нэмруз и дзэр псори, я къупщхьэхэм фIэкIа къэмынэу, аргъуейхэм зэтрашхыхьащ. Псэууэ къагъэнар Нэмруз закъуэщ. Абы и пэгъуанэм ипщхьащ аргъуейхэм ящыщ зыр. ИужькIэ, ар щхьэ куцIым кIуащ. Щхьэ куцIым ис аргъуейм и зэранкIэ, Нэмруз щIым щIихуэу и щхьэр къеузырт. Ину зыгуэркIэ и щхьэм теуIуа нэужь, узыр тIэкIу нэхъ мащIэ хъурти, псори чэзууэ, хэти мывэкIэ, хэти IэштIымкIэ абы и щхьэм еуэурэ, ар псэуащ илъэс плIыщIкIэ. ИужькIэ, ящыщ зым хуэмышэчыж щыхъум, Нэмруз и щхьэм уадэшхуэкIэ еуэри, щхьэ къупщхьэр тIууэ зэгуигъэхуащ. Илъэс плIыщIкIэ щхьэ куцIым иса аргъуейр бзу хуэдиз хъуауэ къилъэтыкIыжащ. «Ар Алыхьым и нэлэту и бийм трилъхьаращ», — жиIэри, аргъуейр кIуэдыжащ.
- Псори зыхуэзыгъэпщылIу, Алыхьым езэуэну жызыIа Нэмруз хугу хьэдзэ хуэдиз фIэкIа мыхъу аргъуейм иригъэшхыжащ. Мис аращ бзаджащIэм и кIуэдыжыкIа хъуар. Алыхьым и къарур бгъэщIагъуэ хъунукъым.