ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Ахъэр зэманым и нэщэнэхэр

2020-05-30

  • Дунейр щыкъутэжынум и нэщэнэхэр КъурIэн лъапIэми хьэдисми къы­щыкIуащ.
  • Ауэ а махуэр къыщысынур зыми ищIэркъым — Езы Алыхь закъуэм фIэ­к­Iа. ЛIыкIуэхэм ящыщуи зыри щыгъуа­зэ ищIакъым а Iуэхум.
  • А­ нэщэнэхэр тIууэ егуэш: нэ­щэ­нэшхуэхэмрэ нэщэнэ цIыкIухэмрэ.

  • Нэщэнэ цIыкIухэр
  1. Иужьрей ЛIыкIуэр (Мухьэмэд бегъымбарыр) зэрыщыIэнур.
  • ИпэкIэ къеха тхылъхэм зэритам ипкъ иткIэ, лIыкIуэ псори щыгъуазэу щытащ Мухьэмэд бегъымбарыр иужьрей лIыкIуэу зэрыщытынум.
  1. Муслъымэн къэралыгъуэшхуитI е зэзэуэнущ, е зэпэщIэувэнущ.
  2. ПщылIхэм пщы къалъхунущ.
  • Абы и мыхьэнэр щIэныгъэлIхэм я тэфсирым мыпхуэдэу къыщыкIуащ. ПщылIыр — адэ-анэращ, пщыр — быныращ. Быным адэ-анэр ямыгъэпсэлъэжу, абыхэм унафэ хуащIу хъунущ дунейм и кIэ щыхъуам и деж. Къи­щы­нэмыщIауэ, пщыхэм я унэIутхэр щхьэгъусэ ящIу хъунущ. Языныкъуэ щIэ­ныгъэлIхэми жаIэ къулейсызхэр ­къулей, дыгъуасэ вакъэ къэзымыщэ­хуфу щы­тахэм унэ зэтетышхуэхэр дращIейуэ хъу­нущ.
  1. Гуэныхьышхуэхэр дунейм куэду щалэжь хъунущ.
  2. Дин щIэныгъэлIхэр мащIэ дыдэ ­хъунущ. Ислъам диным щымыщ ­халъхьэурэ зэбграхыу щIадзэнущ.
  3. ЦIыхубзхэр куэдкIэ нэхъыбэ хъунущ цIыхухъухэм нэхърэ.
  4. «Дэ дылIыкIуэщ» жаIэурэ пцIыупсу 30-м нэс къежьэнущ.
  5. ЩIыр куэдрэ хъей хъунущ.
  6. Зэманыр псынщIэу кIуэнущ. Псын­щIэ ды­дэу къызэракIухь машинэхэр ­къе­­жьэнущ.
  7. ЦIыхуукIыр куэд хъунущ.
  8. Къулейхэр икъукIэ куэд хъунущ, ­уеблэмэ, сэджыт зыхуагъэфэщэн ­ща­­­мыгъуэтыж зэман къэунэхунущ. Хьэ­рэмыр апхуэдизкIэ бэгъуэнущи, Iиман щыпкъэ зыбгъэдэлъхэм дунейр яфIэ­мы­IэфIыж хъунущ.
  • Нэщэнэшхуэхэр
  1. ЛIыкIуэ лъапIэм жиIащ: «Къемэт махуэр къэсыным и пэ къихуэу мы нэ­щэнэхэр къэхъунущ: Iимам Мэхьди къэ­кIуэ­нущ. Абы теухуауэ КъурIэн лъапIэм Iэят­хэр къыщыкIуащ. Абыхэм ящыщ зым и мыхьэнэр щIэныгъэлIхэм я тэфсирым мыпхуэдэу къыщы­кIуащ: «Iимам Мэхьди зэрыщыIэнум ­зы шэч лъэпкъи хэлъкъым. Ар къыщы­кIуам и дежщ ислъам диным дуней псор щызэлъищIысынур».
  2. Дыгъэр КъухьэпIэмкIэ къыщы­къуэ­кIы­нущ. Дыгъэр КъухьэпIэмкIэ къызэрыкъуэкIынур я фIэщ хъуакъым джаурхэм. Ауэ Алыхьым иухам фIэкIыпIэ иIэкъым. А сыхьэтыр къыщы­сам деж джаурхэм, шэч хэмылъу, Iиман ­къа­хьыжынущ, ауэ ар къабыл хъу­жынукъым. Абы теухуауэ КъурIэн лъапIэм къыщыкIуащ мы Iэятыр: «А нэщэнэхэм ящыщ гуэр Алыхьым ­уи нэгу щIигъэкIа нэужь, къэпхьыж Iиманым и сэбэпынагъ къокIыжынукъым, нэхъ ипэIуэкIэ Iиман къэпхьу, Iуэху­гъуэфI щумылэжьакIэ».
  3. Псэущхьэ телъыджэ псалъэу ­щIым къытехъуэнущ. Абы теухуауэ Абу Хьурейрэ къиIуэтэжащ мы хьэдисыр: «Зэгуэрым дыгъужь мэжэлIам мэлы­хъуэм и мэл ­гуартэм щыщ зы къиубыдри ишхащ. Мэлыхъуэм и мэл ­кIуэдар къищилъы­хъуэм, ар IущIащ зи ныбэ из хъуа ды­гъужь зэбзеижу щысым. Дыгъужьыр къэп­салъэри жиIащ: «Алыхьым къыс­хуигъэ­фэща ерыскъыр степхыну арат?». Ар зэхэзыха мэлы­хъуэр пIэщIэгъуэкIэ ЛIыкIуэ лъапIэм и деж кIуэри, жиIащ: «Си псэр зи IэмыщIэ илъ Алыхьым и цIэкIэ соIуэ, ды­гъужь псалъэу зэрыслъэгъуамкIэ!». Ар зэхэзыха ЛIыкIуэм (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуам) жиIащ: «Алыхьым и цIэкIэ соIуэ, мы лIым жиIэр зэрыпэжымкIэ! Къемэт махуэр къэсынукъым, псэущ­хьэхэр цIыхум къыщепсэлъэну зэманыр къэмысауэ».
  4. Iугъуэм дунейр зэщIищтэнущ. Абы и щыхьэтщ КъурIэн лъапIэм къыщы­кIуа мы Iэятыр: «Дунейр къутэжын и пэ къихуэу уафэм къехынущ Iугъуэ. Ар зэрыIу­гъуэм зыми шэч къытри­хьэнукъым. Ар цIыху псоми ­ялъэIэсынущ. Ар тезыр хьэлъэу цIыхум тетлъхьэнущ» («Духъан» сурэм и 10-11-нэ Iэятхэр). А Iугъуэм теухуауэ ­хьэдисми къыщыкIуащ: «Къемэт махуэр къызэрыблэгъам и япэ нэщэнэхэр — Дэджал зэрыщыIэнур; Мэрем и къуэ Хьисэ бегъымбарыр щIым къызэ­ры­кIуэжынур; Йемен мафIэшхуэр къы­щызэщIэнэу, цIыху псори зы щIыпIэм зэрыщызэхуихусынур; Iугъуэм дунейр зэрызэщIищтэнур». ИужькIэ бегъыбарым еупщIахэщ: «Уа, ЛIыкIуэ лъапIэ! Сыт а Iугъуэр зищIысынур?». Жэуапу абыхэм зэхахащ: «А Iугъуэм дуней псор зэщIищтэнущ — КъухьэпIэм щегъэжьауэ КъуэкIыпIэм нэскIэ. Апхуэдэу дунейр щытынущ махуэ плIыщIрэ жэщ плIыщIкIэ. АлыхьымкIэ фIэщхъуны­гъэ зиIэхэм апхуэдэу зыхащIэнукъым а Iу­гъуэр, атIэ, мащIэу я пэпс- нэпсхэр къыпихуну аращ. Джаурхэм я дежкIэ гузэвэгъуэшхуэу щытынущ а Iу­гъуэр. Ахэр чэфым хуэдэу щытынущ, Iугъуэр абыхэм я кIуэцIхэм кIуэнурэ, я пэхэмкIэ, тхьэкIумэхэмкIэ къикIыжынущ».
  5. Дэджалыр къэкIуэнущ.
  • Ар лейзехьэу дунейм къытехьэнущ. Дуней псор абы къызэхикIухьынущ, Мэчэмрэ Мадинэмрэ къищынэмы­щIа. А къалитIым ар мелыIычхэм дагъэ­хьэнукъым. Абы жиIэнущ: «Сэращ Алыхьыр». Абы теухуауэ Мухьэмэд бегъымбарым (Тхьэм и нэфIыр зыщы­хуам) мыпхуэдэу жиIащ: «Дэджал дуней псор къызэхикIухьынущ махуэ плIы­щIым и кIуэцIкIэ. Япэ махуэр хуэдэнущ илъэсым. ЕтIуанэ махуэр — мазэм, ещанэр — тхьэмахуэм, адрейхэр фэ фи махуэхэм хуэдэнущ».
  1. Хьисэ бегъымбарыр къехыжынущ.
  • Абы теухуауэ КъурIэн лъапIэм къы­щыкIуа Iэятхэм ящыщ зым и мыхьэнэр:
  • чыристанхэм зэрыжаIэм хуэдэу, Хьисэ бегъымбарыр яукIакъым, атIэ псэууэ Алыхьым и деж дрихьеижащ. Хьисэ ­бегъымбарыр щыхьэт техъуат ипэкIэ Алыхьым и пащхьэ къикIа Теурэтми, езым къыхуеха Инджылми, езым и ужькIэ Мухьэмэд бегъымбар лъапIэр къы­зэ­ры­кIуэнури цIыхубэм яжриIат. ­АрщхьэкIэ, ар зэхахыну хуеякъым языныкъуэхэр. Ап­хуэдэу щыхъум, Алыхьым пIалъэкIэ ­дрихьеижащ, Къемэт махуэр къэсын и пэ ­къихуэу щIылъэм къехыжынущ. Дэджалыр зыукIынури Хьисэ бегъымбарыращ. Мис абы щыгъуэм деж ислъам диным псори къихьэнущ.
  1. ЯIджуджрэ МэIджуджрэ щыIэнущ.
  • Абы теухуауэ КъурIэным къыщыкIуащ мы Iэятыр: «ЯIджуджрэ МэIджуджрэ къэдутIыпщынущ. Ар зылъагъуну Iиманыншэхэм я нэхэр къихунущ. Абыхэм жаIэнущ: «Гузэвэгъуэ! Дэ ди фIэщ хъуа­тэкъым!»
  1. ЩIыр щэнейрэ ин дыдэу хъеинущ — КъухьэпIэмкIэ, КъуэкIыпIэмкIэ, Хьэрып ХытIыгум.
  2. КъурIэн лъапIэр Алыхьым дрихьеи­жы­нущ.
  3. Муслъымэн щыIэжынукъым.
  4. Псэм фIэфIу жьыбгъэ щабэ къы­къуэу­нурэ, муслъымэну къэнар лIэнущ. Кэхьбэри щыIэжынукъым.
  5. Йемен мафIэшхуэ къыщызэщIэнэнущ. Абы къыпих лыгъейм цIыху псори зы щIыпIэ и деж щызэхуихусынущ.