Мэкъуауэгъуэм и 1-р Сабийхэр хъумэным и дунейпсо махуэщ
2020-05-30
- Ирепсэу ди Хэкур!
- Сытым щыгъуи къытхуэгуапэу,
- КъытлъэIэсу псоми япэ,
- НэхъыфI дыдэу хэт дэ тлъагъур?
- — Ар ди мамэщ!
- ЩIыпIэу щыIэм я нэхъ дахэу,
- Сытым щыгъуи дрипагэу,
- ЦIыкIухэр дэнэ дыщыпсэур?
- — Ар ди Хэкурщ!
- Дэ къытхилъхьэу къаруушхуэ,
- Нэхъ Iуэху инхэм дытегушхуэу,
- ДытекIуэфу сыт дызыщIыр?
- — Ныбжьэгъугъэрщ!
- Ди псэукIэр нэхъ ефIакIуэу,
- ТщIа мурадым дыхуигъакIуэу,
- Хэкур сыт зыдэщIэращIэр?
- — ГуащIэдэкIырщ!
- Сабий псори насыпыфIэу,
- ГъащIэм сыткIи игъэгуфIэу
- Псэун папщIэ, сыт дыхуей дэ?
- — Мамырыгъэ!
- Къагъырмэс Борис,
- КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ