ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Май, 2020

Коронавирусым пэщIэт дохутырхэм гулъытэ  хуащI

2020-05-14

  • COVID-19 узыфэр зыпкърытхэм я бжыгъэм иужьрей жэщ-махуэм цIыху 74-рэ къыхэхъуащ. Иджы сымаджэхэр псори зэхэту 1475-рэ мэхъу. Хъужахэм я бжыгъэр 285-м нос. Узыфэ шынагъуэм цIыхуи 7 илIыкIащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Нобэрэ пщэдейрэ

2020-05-14

  • Накъыгъэм и 14, махуэку
  •  1692 гъэм япэ урыс дзэ кхъухьыр псым трагъэхьащ.
  •  1796 гъэм инджылыз еджагъэшхуэ Дженнер Эдуард япэу фэрэкI хилъхьащ.
  •  1878 гъэм США-м и тыкуэнхэм къыщIалъхьащ Инджылызым щыщ химик Чезбро Роберт зэхилъхьа, медицинэми косметологиеми къыщагъэсэбэп вазелиныр.
  •  1900 гъэм Франджым и къалащхьэ Париж къыщызэIуахащ II Гъэмахуэ Олимп Джэгухэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Къызбрун  и  хъумакIуэхэм  папщIэ удз гъэгъахэр

2020-05-14

  • Хэку зауэшхуэм къыщытхьа ТекIуэныгъэ Иным и махуэшхуэм ирихьэлIэу, Бахъсэн районым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ Балъкъыз Артуррэ Iуащхьэмахуэ щIыналъэм и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ Залиханов Къанщобийрэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм щыIащ Къызбрун щIыналъэм и хъумакIуэхэм я фэеплъым удз гъэгъахэр тралъхьэн папщIэ. Район унафэщIхэр дакъикъэкIэ яхуэщыгъуащ зауэм хэкIуэдахэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Абхъаз лъэпкъым и пашэ Ардзинбэ Владислав

2020-05-14

  • Къэрал, политикэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ, Абхъаз Республикэм и япэ Президент, тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, ЩIДАА-м и академик Ардзинбэ Владислав Григорий и къуэм и ныбжьыр нобэ илъэс 75-рэ ирикъунут. 1990 гъэм къыщыщIэдзауэ ар Абхъазым и Совет Нэхъыщхьэм и УнафэщIу щытащ. Республикэмрэ Куржымрэ я зэхуаку зауэ къыщыдэхъуам, Ардзинбэ дзэм и тхьэмадэ нэхъыщхьэ ящIащ. Совет Нэхъыщхьэм ар Президенту щыхихар 1994 гъэрщ. Илъэси 10-кIэ Абхъазым и УнафэщI къулыкъу мытыншыр ирихьэкIауэ, Владислав и узыншагъэм къызэримыхьым къыхэкIыу IэнатIэм IукIащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Махуэгъэпс

Лэжьыгъэр   зэпагъэуркъым

2020-05-14

  • Коронавирус узыфэр зиIэхэр нэхъыбэ мыхъун папщIэ цIыхухэр я унэхэм щIэсын хуей хъуами, УФ-м и Къэрал Думэм и депутатхэмрэ «Урысей зэкъуэт» политикэ партым хэтхэмрэ жыджэру зэфIагъэкI зыкъызэрыхуагъазэ Iуэхухэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Ащхъуэт Адэлджэрий и уэрамыр

2020-05-14

  • Илъэс 75-рэ ирикъуащ Хэку зауэшхуэр зэриухрэ, ауэ цIыхубэм щыгъупщэркъым абы и Iэужь шынагъуэхэр. Нобэми гъущыжакъым зи Iыхьлы хэкIуэдахэм я нэпсхэр, яхуэухыркъым зауэм къихьа гузэвэгъуэм теухуа Iуэтэжхэр. ЛIыгъэрэ хахуагъэрэ а зауэм къыщызыгъэлъэгъуа ди цIыхухэм я щапхъэ дахэхэм щIапIыкI къыдэкIуэтей щIэблэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ТекIуэныгъэ

Зи  пщIэр  ин  Къуэдзокъуэ  Жамболэт

2020-05-14

  • КъБР-м ЩIалэгъуалэм дзэ-хэкупсэ гъэсэныгъэ ядегъэкIуэкIынымкIэ и Жылагъуэ советым и унафэщI, МЧС-м и ветеранхэм я зэгухьэныгъэм хэт, «Союз народовластия и труда» урысейпсо политикэ жылагъуэ зэщIэхъеиныгъэм дзыхь иригъэзу Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ, полковник Къуэдзокъуэ Жамболэт нобэми жыджэру мэлажьэ, и зэфIэкIым зэрыкIэримыгъэхуным, и къэухьым, и щIэныгъэм зэрыхигъэхъуэным хущIэкъу зэпыту.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Жьыщхьэ махуэ

МэкъумэшыщIэхэм сом мелуан 200-м щIигъукIэ  зэщIагъакъуэ

2020-05-14

  • Мы гъэр къызэрихьэрэ Урысейм и «Мэкъумэшбанк» акционер обществэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэшыщIэхэм сом мелуан 200-м щIигъу щIыхуэ яритащ. Ар нэгъабэрейм процент 14-кIэ щIегъур.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Банк Iуэхухэр

2020-05-14

КIыщокъуэ Алим и тхылъыщIэр и анэ Куэз тыгъэ хуещI. Щхьэлыкъуэ къуажэ, 1964 гъэ

Зыхыхьэхэр: Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр

Уафэбгыкъу и нэлэт

2020-05-14

  • МэшбащIэ Исхьэкъ
  • Тхыдэ роман
  • (КIэлъыкIуэр. ПэщIэдзэр №№37 — 39, 41 — 48, 50 — 51,  54-хэм итщ).
  • — Хьэж зыщIахэр Мэчэм къызэрикIыжу хьэжы-ефэнды хъууэ ара?.. — къызыфIимыгъэIуэху хуэдэурэ, и щхьэ хуопсэлъэж Абрэджыр.
  • — Сыакъылэгъущ а иджыпсту жыпIамкIэ, — Iэта-Ильяс асыхьэтым Мырзэбэчтэкъым жыхуиIэр. Абрэджым и упщIэр щхьэдигъэIухауэ, нэгъуейр иджыри Джэмал молэм епсэлъылIэрт. Бэхъуныр ней-нейуэ къызэреплъым гу лъитэри, молэ набдзэшхуэм, гузэвауэ Мырзэбэч дежкIэ зигъэзащ:

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ЦIыкIураш

2020-05-14

  • Сабийхэр  мэгушыIэ
  • «НанэкIэ» сыноджэнущ
  • Хуабжьу зызыгъэщIалэфI Анзор цIыкIу и анэшхуэм жреIэ:
  • — Мэрожнэ къысхуумыщэхунумэ, псоми зыхахыу «нанэкIэ» сыноджэнущ!

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха