Джэрыджэ Инал и текІуэныгъэхэр
2020-05-30
- «ТекІуэныгъэр илъэс 75-рэ ирокъу! ЛІыгъэмрэ щІыхьымрэ!» — арат ТекІуэныгъэм и фэеплъыр щІэблэм зэрахъумэр икІи зэрызыхащІэр утыку щІыным хуэунэтІауэ «ЩІэныгъэм и гъуэгу» щІэныгъэ-узэщІакІуэ Центрым иджыблагъэ иригъэкІуэкІа дунейпсо зэхьэзэхуэм зэреджэр.
- Зауэжь блэкІар зи нэгу щІэмыкІа щІалэгъуалэм апхуэдэ нэщІэбжьэ ямылъагъуным, ТекІуэныгъэр къыдэзыхахэм я фІыщІэр къэІэтыным зэпеуэр хуэгъэзат. Абы къыдэкІуэу, апхуэдэ гупсысэр и лъабжьэу ныбжьыщІэхэм я ІэдакъэщІэкІхэм, тхыгъэхэм, гъэлъэгъуэныгъэ зэхуэмыдэхэм нэхъыфІыр къыхэгъэщынми, ахэр дунейпсо утыку ихьэнми зэхьэзэхуэр хуэгъэпсат.
- Щалъхуа Хэкур фІыуэ лъагъуным, абы и тхыдэм гулъытэ хэха хуэщІыным, адэжьхэм я фэеплъыр хъумэным тегъэщІауэ щыт зэпеуэм Урысейм и щІыналъэхэм я мызакъуэу, хамэ къэрал щыщ ныбжьыщІэхэри жыджэру хыхьат. КъызэгъэпэщакІуэхэм къызэрыхагъэщамкІэ, Іуэхум хэтахэм я гулъытэр апхуэдизкІэ жант, нэхъыжьхэм хуащІ пщІэр апхуэдизкІэ инти, мамырыгъэр щытепщэ, дахагъэр щыпэрыт щІэблэ къызэрытщІэхъуэмкІэ зы гурыщхъуи димыІэжу, тщІэм и мыхьэнэри зыхэтщІэжу дыдихьэхауэ лэжьыгъэр етхьэкІащ.
- УнэтІыныгъэ 34-кІэ зэхэкІыж дунейпсо зэпеуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ ныбжьыщІэхэри хэтащ, узэрыгушхуэ хъун ехъулІэныгъэфІхэри щагъэлъэгъуащ. Апхуэдэу, «ФІыщІэр ууейщ, ЗауэлІ!» унэтІыныгъэм лъэщ дыдэу зыкъыщигъэлъэгъуам къыщымынэу, къыщыхэжаныкІащ, япэ увыпІэри къыщихьащ Налшык къалэ дэт, Хужьокъуэ Владимир и цІэр зезыхьэ 29-нэ гимназием и еджакІуэ Джэрыджэ Инал.
- Усэ тхыным, сурэт щІыным, гъуазджэм епха ІуэхущІафэхэр гъэхьэзырыным хуэгъэпсауэ щыт унэтІыныгъэм и къэпщытакІуэхэм я пащхьэ Инал ирилъхьа лэжьыгъэр, «ЗауэлІым хуэгъэза тхыгъэ» зыфІищар, гум нэс, куэдым уезыгъэгупсыс, узыгъэпІейтей тхыгъэ купщІафІэт. ФІыщІэ щыхуищІым къыщымынэу, цІыху нэсу щытыну зауэлІым псалъэ езыт щІэблэщІэм и тхыгъэ къабзэт ар. Адыгэ щІалэм и гурыщІэ къабзэм къигъэщІа гупсысэхэм зэпеуэр зэхэзышахэм хуэфащэ уасэ зэрыратам ущымыгуфІыкІыу къанэркъым.
- Джэрыджэхэ я щІалэщІэр апхуэдэ зэхьэзэхуэм и щыпэхыхьэкъым. Дэнэ зыкъыщимыгъэлъагъуэми, сыт хуэдэ утыку имыхьэми, къызыхэкІа лъэпкъым хуэфащэ щІалэ къызэрыщІэувэр къэзылъагъухэм я фІэщ ищІу апхуэдэщ. Куэд щІакъым Инал нэгъуэщІ зы текІуэныгъэкІи и егъэджакІуэхэри, и адэ-анэхэри зэригъэгуфІэрэ. ТекІуэныгъэр илъэс 75-рэ зэрырикъум ирихьэлІэу тхыгъэ зэгъэпэщынкІэ Мэзкуу щекІуэкІа урысейпсо зэпеуэми япэ увыпІэр къыщихьащ абы.
- ТекІуэныгъэхэр зыІэрызыгъэхьа щІалэр тхыгъэ купщІафІэкІэщ цІыхум зэрахыхьэри, зи гупсысэри зи псалъэри зэщІэту лъэпкъым ифІ зыхэлъ ІуэхукІэ и дунейм къыхыхьэн ныбжьыщІэм мащІэ-мащІэурэ зыкъигъэлъагъуэу худогъэфащэ.
- Зытеува гъуэгум хущІемыгъуэжу нэхъри гушхуауэ ирикІуэну, нэхъри иригъэфІэкІуэну, къызыхэкІа лъэпкъым и набдзи хъуну Инал ди гуапэу дохъуэхъу!
- ШУРДЫМ Динэ.