ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Май, 2020

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ К. В. Кавказ зауэм хэкIуэда Адыгэхэм я фэеплъ махуэм ирихьэлIэу цIыхухэм  зэрызахуигъазэр

2020-05-21

  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыпсэухэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
  • Нобэ илъэси 156-рэ ирокъу адыгэ лъэпкъым и тхыдэм и напэкIуэцI нэхъ гузэвэгъуэ, нэщхъеягъуэ дыдэхэм ящыщу ува Кавказ зауэр зэриухрэ.
  • А зауэ гущIэгъуншэм, ар зыхуэза лъэхъэнэм дунейм щынэхъ лъэщ дыдэхэм ящыщ къэрал зыбжанэм я сэбэп зыхэлъхэр зэрызэпэщIэувам къыхэкIам, и зэранкIэ адыгэхэм зэи пхуримыгъэкъужын хэщIыныгъэшхуэхэр ягъуэтащ, дуней псом щызэбгрыпхъа хъуащ. Апхуэдэу щытми, ягъэва апхуэдиз хьэзабым, гузэвэгъуэм лъэпкъыр ирищIыкIакъым, атIэ абыхэм япэлъэщри къелащ, езыхэм я щхьэхуэныгъэхэр, я бзэр, я псэкупсэ къулеигъэхэмрэ я лъэпкъ щэнхабзэмрэ яхъумэфащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Тхыдэм фIыуэ ещIэж

2020-05-21

  • Тхьэмадэм и псалъэ
  • Ныбжьэгъу лъапIэхэ! Мы гъэм илъэси 156-рэ ирокъу Кавказ зауэр зэриухрэ. Дунейм зауэ гуащIэ, лъагъажэ куэд зэрытетар тхыдэм ещIэж. Ауэ Кавказ зауэм, абы и кIыхьагъым, абы хэкIуэдахэм я бжыгъэм, лъэпкъым къыхуихьа къулейсызыгъэм тепщIыхьмэ, зыми ебгъапщэ мыхъун гузэвэгъуэт ар. Псом хуэмыдэу адыгэ лъэпкъым леишхуэ къыщытехьащ а зауэм, цIыхуипщIым ящыщу бгъур е яукIащ, е я хэкур ибгынэн хуей хъуащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

2020-05-21

Зыхыхьэхэр: Хэха

2020-05-21

  • 2020 гъэм накъыгъэм и 25-р щымылажьэ
  • гуфIэгъуэ махуэу гъэувыным и IуэхукIэ
  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ
  • «Я фIэщхъуныгъэр зыхуэдэнур езыхэм яубзыхужынымкIэ яIэ хуитыныгъэмрэ дин зэгухьэныгъэхэмрэ я IуэхукIэ» 1997 гъэм фокIадэм и 26-м къащта Федеральнэ закон №125-ФЗ-м и 4-нэ статьям и 7-нэ пунктым тету, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм НэщIикIыж хьи- дыр щагъэлъапIэ накъыгъэм и 24 — 26 махуэхэм я IуэхукIэ зыкъызэрытхуигъэзам ипкъ иткIэ унафэ сощI:
  • 2020 гъэм накъыгъэм и 25-р щымылажьэ гуфIэгъуэ махуэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыгъэувын.
  •       Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
  •       и Iэтащхьэ КIУЭКIУЭ Казбек
  • Налшык къалэ
  • 2020 гъэм накъыгъэм и 20-м
  • №56-УГ

Зыхыхьэхэр: Указ

Урыс-Кавказ зауэм хэкIуэда адыгэхэм

2020-05-21

  • Ди шыпхъухэ,
  • дядэ-анэхэ, ди къуэшхэ,
  • ЩIы фIыцIэр жэнэт пщIащэ зыхуэхъун,
  • Насыпыр лъэпкъ къабзагъэкIэ ягуэштэм,
  • ЩымыIэт хьэрхуэрэгъу фэ къыфхуэхъун.
  • Фи лIыгъэкIэ фэ псоми фраплъапIэт,
  • Фи хабзэкIэ Кавказым фрищIыхьт,
  • Фи Хэкум къизышием зэ и лъапэ
  • Къыщыхъурт илъэгъуахэр жэнэт пщIыхь.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ДАХ-р куэдым егъэпIейтей

2020-05-21

  • Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэм я зи чэзу зэхуэсыр Адыгэхэм я щыгъуэ-щIэж махуэм ирагъэхьэлIэри, дыгъуасэ видеоконференц щIыкIэм тету къызэрагъэпэщащ. Онлайн жыпхъэм иту видеоконференцыр иригъэкIуэкIащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Лъэпкъ Iуэху

Нобэрэ пщэдейрэ

2020-05-21

  • Накъыгъэм и 21, махуэку
  • Кавказ зауэм хэкIуэда адыгэхэм я фэеплъ махуэщ. Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и Совет Нэхъыщхьэм 1992 гъэм мазаем и 7-м къищта унафэм ипкъ иткIэ ягъэуващ.
  • Хьэршым и дунейпсо махуэщ
  • ЗызэхэщIыкIынымрэ зыужьыныгъэмрэ яхуэгъэпса щэнхабзэ зэмылIэужьыгъуагъэм и дунейпсо махуэщ
  • Урысейм и ВМФ-м и Хы Щэху флотым и махуэщ
  • Дзэ зэдзэкIакIуэм и махуэщ

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

2020-05-21

  • Къэбэрдейм и хуитыныгъэм папщIэ
  • ХVIII лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм Урысейр зи къару илъыгъуэ къэрал лъэщ хъуащ, абы Кавказым щригъэкIуэкI политикэми зихъуэжу щIидзащ. И лъэр Тэрч псым и Iэшэлъашэм щыува нэужь, урыс пащтыхьым мурад ищIащ Кавказ гупэр, псом япэрауэ, Къэбэрдейр, зыIэщIиубыдэну. Къэбэрдейр зыIэщIимыубыдауэ, Кавказ гупэр къыхуэзэунутэкъым Урысейм, Кавказ щIыбри хуэIыгъынутэкъым. Къызлар къыщыщIэдзауэ Мэздэгу нэс быдапIэхэр щаухуащ, бгырысхэм фIаубыда щIым къэзакъ жылагъуэхэр кърагъэтIысхьащ. БыдапIэхэр щIаухуэр гурыIуэгъуэт — бгырысхэм, псалъэм папщIэ, къэбэрдейхэм, ебгъэрыкIуэн щхьэкIэт. Къэбэрдеипщхэмрэ лIакъуэлIэшхэмрэ ягу техуакъым я щIыналъэм быдапIэхэр къызэрыращIыхьыр, къэзакъ жылагъуэхэр къызэрырагъэтIысхьэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

2020-05-21

  • Тхуэфащэ гулъытэм дыпоплъэ
  • Кавказ зауэм ди лъэпкъым хэщIыныгъэу къытхуихьар зэбгъапщэ хъун щыIэкъым. Ар хьэкъщ. Илъэси 101-кIэ екIуэкIа лъэпкъгъэкIуэд зауэм адыгэр лъэрыщIыкI зэрищIар къызыгурымыIуэ, дауи, къытхэткъым. ИкIи нобэ дунейм адыгэу тетым ди гум идгъэлъын хуейр зыщ: хабзэншагъэ къыщыткIэлъызэрахьа, гуауэ ин лъэпкъым щилъэгъуа лъэхъэнэр дигу идмыгъэхуу, ауэ абыкIэ деплъэкI зэпыту дымыпсэууэ, ди Iуэхухэр ипэкIэ зэрыдгъэкIуэтэным дыхущIэкъунращ. АтIэ, сыт хуэдэ IуэхуфIхэмкIэ дгъэнщIыфыну лъэпкъым и къэкIуэнур?

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

2020-05-21

  • Хэплъэгъуэщ  дызыIут IэнатIэр
  • Къэбэрдей Лъэпкъ Хасэм и пащхьэм ХьэтIохъущокъуэ Исмел
  • 1805, 1806 гъэхэм щыжиIа псалъэ
  • ХьэтIохъущокъуэ Исмел адыгэ лъэпкъ цIэрыIуэм къыхэкIащ, 1787 — 1791 гъэхэм екIуэкIа урыс-тырку зауэм хэтащ, иужькIэ, дунейм ехыжыху, Къэбэрдейм къыщыхъуа Iуэху псоми хэхутащ, и цIэр адыгэхэм ящыгъупщакъым нобэр къыздэсым, М. Ю. Лермонтовым и поэмэ цIэрыIуэм («Измаил-бей») и лIыхъужь нэхъыщхьэщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Согуэ Данил и уэрэдхэр

2020-05-21

  • УАДЫГЭНУ СЫТ И УАСЭ
  • Псалъэхэр АфIэунэ Лиуан ейщ
  • Уи адэжьхэм я бзэм урипсалъэу,
  • Я хъыбарыжь Iущхэр уи пшыналъэу,
  • Хъуэхъум я нэхъыфIыр зэхыуагъэхыу
  • Ху махъсымэ фалъэр зэIэпыпхыу —
  • Зэ уадыгэну сыт и уасэ!

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха