ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Май, 2020

IэщIагъэлI нэс, цIыху щыпкъэ

2020-05-19

  • Къэбэрдей-Балъкъэр радиокомитетым и унафэщIу, КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министру, КъБКъУ-м и тхыдэ-филологие факультетым и декану щыта Къардэн Башир Мэхьмуд и къуэр псэуащ и псалъэмрэ Iуэхумрэ, и мурадымрэ Iэужьхэмрэ зэтехуэу. Сыт хуэдэ IэнатIэ пэрытами, зыхущIэкъур гупыр зэгурыгъэIуэнырт, лэжьыгъэр зыхуей хуэзэу къызэгъэпэщынырт икIи ар абы фIы дыдэу къехъулIэрт.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Юбилей

Нобэрэ пщэдейрэ

2020-05-19

  • Накъыгъэм и 19, гъубж
  • Пионерием и махуэщ. 1922 гъэм СССР-м пионер зэгухьэныгъэр къыщызэрагъэпэщащ
  • Тэтэрстан Республикэм и Печатым и махуэщ
  • Тыркум щагъэлъапIэ щIалэгъуалэмрэ спортымрэ я махуэр
  • Къыргъызым щагъэлъапIэ Анэм и махуэр
  • 1649 гъэм Инджылызыр Республикэ хъуащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Iэ тедзэгъуэр йокIуэкI

2020-05-19

  • Мэлыжьыхьым и 1-м щIидзауэ йокIуэкI 2020 гъэм и етIуанэ илъэс ныкъуэм цIыхухэм яIэрыхьэну газетхэм, журналхэм Iэ тедзэныр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Къытпаубыдхэр  къагъэщэбами, нэкIуIупхъуэхэр  къонэ

2020-05-19

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм республикэм щыпсэухэм ягу къегъэкIыж цIыхухэм къыпаубыдхэр къагъэщэбами, нэкIуIупхъуэхэр адэкIи къызэрагъэсэбэпын хуейр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ЛэжьапщІэм и ІуэхукІэ

2020-05-19

  • Урысей Федерацэм ЛэжьыгъэмкІэ и министерствэм къыхелъхьэ улахуэу ягъэувар (оклад жыхуаІэр) лэжьапщІэм и мардэ нэхъ мащІэ дыдэу къекІуэкІым (МРОТ-м) хуэдиз щІын хуейуэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Гу зылъытапхъэ

Уасэ зимыIэ лэжьыгъэ

2020-05-19

  • «Зольский район. 1941-1945» и фIэщыгъэу иджыблагъэ дунейм къытехьащ тхылъ гъэщIэгъуэн. Ар къыщыдэкIа тхылъ тедзапIэм и унафэщI Котляров Виктор зэрыжиIэмкIэ, ТекIуэныгъэ Иным хуэфащэ, Дзэлыкъуэ районым щыщхэм Хэку зауэшхуэм хуащIа хэлъхьэныгъэр къэгъэлъэгъуэнымкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ лэжьыгъэщ ар. Апхуэдэ ди республикэм и мызакъуэу, къэралми къыщыдэмыкIагъэнкIэ хъунщ жыуигъэIэу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ТхылъыщIэ

Гъуазджэм и лэжьакIуэхэр

2020-05-19

  • Жэзым, гъуаплъэм, домбеякъым, нэгъуэщI гъущIхэкI лIэужьыгъуэхэм хьэкъущыкъу пIащIэхэр къыхэщIыкIыныр ди лъэпкъым пасэ зэман лъандэрэ къыдекIуэкI IэщIагъэхэм ящыщщ. Апхуэдэу щытми, ди зэманым абы хуэшэрыуэ куэд бгъуэтынукъым.
  • ГъущIхэкIыр имыгъэплъу, уадэкIэ еуэурэ ар хихуурэ хьэкъущыкъу телъыджэхэр, хьэпшып цIыкIуфэкIухэр къыхэщIыкIыным, абыхэм тхыпхъэщIыпхъэ дахащэхэр хэщIыхьыным хуэIэзэ дыдэщ УФ-м и цIыхубэ IэпщIэлъапщIэ ПIаз Александр Залымхъан и къуэр.

Зыхыхьэхэр: Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр

Уафэбгыкъу и нэлат

2020-05-19

  • Мэшыкъуэ Исхьэкъ

  • Тхыдэ роман

  • (КIэлъыкIуэр.
  • ПэщIэдзэр №№37 — 39, 41 — 48,
  • 50 — 51,  54 —  56-хэм итщ).
  • — Си жаней ныбжьэгъужь Чыдэш ХьэтIатI зэрыжиIауэ: «Iейм нэхърэ фIыр сыт щыгъуи нэхъ лъэщщ». ФщIа мурадыфIри, Iэмал имыIэу, къывэ­хъулIэнущ.
  • — Зэ жыIэжыт… «ХьэтIатI» — жыпIа? — Миншакъ зэхихар и фIэщ хуэмыщIу: — «Чыдэш ХьэтIатI» — жыпIатэкъэ?

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

«ЛIыхъужьхэр» Къуэбыдэ деж  щагъэлъапIэ

2020-05-19

  • 1864 гъэм накъыгъэм и 21-м дунейр уфауэ, кIагъэпшагъэу, къепсэпсауэу нэху щащ. Къуэбыдэ (Мзымтащхьэ, убыххэм я лъахэм — иджы Красная Поляна жылагъуэм) щиувыкIа дзэм я гуфIэгъуэт: Кавказ зауэр иухат, абы и саулыкъукIэ Къуэбыдэ нобэ парад щекIуэкIынут.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Шэрджэс парламент

2020-05-19

  • Зауэр кIуэ пэтми нэхъ къащытехьэлъэм, адыгэ тхьэмадэхэм къагурыIуащ лъэпкъ псоми я къарур зэщIамыгъэуIуауэ я хэкум къиужьгъа дзэм зэрыпэмылъэщынур. Убых дзэпщ цIэрыIуэ Бэрзэдж Джырандыкъуэ и жэрдэмкIэ, 1861 гъэм мэкъуауэгъуэ мазэм и 13-м Сочэ псыхъуэ щызэхыхьащ шапсыгъхэм, абазэхэхэм, натхъуэджхэм, убыххэм я лIыкIуэхэм я хасэ. Шэрджэс къэралыгъуэ къызэгъэпэщын хуейуэ унафэ ищIащ хасэм, абы и унафэр IэщIалъхьащ Лъэпкъ зэхуэсышхуэм (меджлисым е парламентым). Меджлисым и лэжьыгъэр иунэтIын хуейуэ лIыкIуэ (депутат) 15-м я пщэ далъхьащ; меджлисым и тхьэмадэ хъуащ Бэрзэдж Джырандыкъуэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Адыгэхэр дызэтраукIэмэ,  хэт и фейдэ хэлъ абы?

2020-05-19

  • УРЫСЕЙМ зауэ къызэрыдищIылIэ лъандэрэ зы къэрали кавказ лъэпкъхэм къыддэIэпыкъуакъым. Тырку сулътIаным деж куэдрэ дгъэкIуащ лIыкIуэ, къыткъуэувэнкIэ, къыддэIэпыкъункIэ дыщыгугъыу, ауэ абыи къытхуищIа щыIэкъым. Персиеми дгъэкIуащ лIыкIуэ, иужьрейуэ Мэхьмэт Алий зыхуэдгъэзащ, ауэ абыхэми, дыкъагъэгугъа фIэкIа, дызэхащIыкIакъым. Шэрджэсым и лIыкIуэхэм я пщэ дэтлъхьауэ щытащ Урысейм къыдищIылIа зауэр къызэрыттехьэлъэм и хъыбар къэрал лIыщхьэхэм я деж нагъэсын хуейуэ: дэ ди хабзэхэри ди динри нэгъуэщIщ, арыншамэ Урысейр апхуэдизрэ щхьэ къыдэзэуэн хуейт?

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Лъэпкъым и дахагъэр къыщежьэр

2020-05-19

  • ШЭРДЖЭСХЭМ я лъахэр телъыджэщ, пхъэщхьэмыщхьэ жыгхэр щыкIуэдыкIейщ, япсхэр къабзабзэщ, мэзыр я гъунэжщ. Хьэуар абы щыкъабзэ дыдэщ, зэгъщ. Шэрджэсхэр зэрылъэпкъ дахэр зи фIыщIэр арауэ солъытэ. Лъахэ дэгъуэ дыдэ зэрисымрэ гъэсэныгъэ тэмэм зэрахэлъымрэ лъабжьэ хуэхъуащ адыгэ лъэпкъым и дахагъэм.
  • Ферран,франджы дохутыр. 1702 гъэ

Зыхыхьэхэр: Лъэпкъ Iуэху

Пэжым лъэпкъхэр зэкъуегъэувэ

2020-05-19

  • Накъыгъэм и 21-м Урыс-Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 156-рэ ирокъу. ЦIыху тхыдэм зэи къыщымыхъуауэ ар кIыхьт икIи гущIэгъуншэт. Къэралхэм, лъэпкъхэм ящыщ куэд щыгъуазэкъым лъапсэрых зэрыукIым. БлэкIа лIэ-щIыгъуэрэ ныкъуэм а гузэвэгъуэр иджыри цIыхухэм я лъым хэтщ, зауэм и уIэгъэхэри кIыжакъым, сыту жыпIэмэ абы и жьыр нобэ псэу къэбэрдейхэми, кIахэхэми, шэрджэсхэми, шапсыгъхэми къащIеху.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Къэбэрдей Адыгэ Хасэ

Уз

2020-05-19

  • Дыгъужь ФуIэд
  • Уз Iеищэ къызоуз,
  • Къызоузри — сегъэгыз.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

2020-05-19

Адыгэхэр я адэжь хэкум ираху. Сурэтыр 1864 гъэм ящIащ.

Зыхыхьэхэр: Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр

« Раньше