Ефэнды Джылахъстэн Къасым и къуэр
2019-12-12
- Къэбэрдей-Балъкъэрым хэщIыныгъэшхуэ игъуэтащ. Илъэс 96-нэм иту 2019 гъэм дыгъэгъазэм и 11-м лIащ къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ, республикэм и щэнхабзэм и лэжьакIуэ гъуэзэджэ, зэфIэкI зыбгъэдэлъ литератор, публицист ефэнды Джылахъстэн Къасым и къуэр.
- Ефэнды Джылахъстэн 1924 гъэм щэкIуэгъуэм и 14-м Аушыджэр къуажэм къыщалъхуащ икIи абы пэщIэдзэ щIэныгъэ щызригъэгъуэтащ. 1937 — 1939 гъэхэм Налшык дэт педагогикэ еджапIэм, 1939-1941 гъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэр педагогикэ институтым щеджащ.
- Хэку зауэшхуэм и илъэсхэм Ефэнды Дж. Къ. Серов А. К. и цIэр зэрихьэу Батайск дэта авиацэ еджапIэм и курсанту щытащ, ар къиуха нэужь Краснодар, Вязников къалэхэм дэта дзэ авиашколхэм щригъэджащ.
- 1945 гъэм дзэм къыхэкIыжа нэужь, Ефэнды Джылахъстэн илъэс 17-кIэ республикэм и комсомол, парт органхэм къулыкъу зэмылIэужьыгъуэхэр щиIыгъащ.
- 1963 гъэм щегъэжьауэ 1987 гъэм нэсыху Ефэнды Джылахъстэн Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм и Iэтащхьэу щытащ. А къулыкъум щыпэрыта зэманым абы лэжьыгъэ ин зэфIигъэкIащ республикэм щэнхабзэмкIэ и IэнатIэм зегъэужьыным хуэгъэзауэ. Министрыр жыджэру хэтащ Налшык къалэм Къэрал музыкэ театрыр къыщызэгъэпэщыным, республикэм и къалащхьэм, щIыналъэхэм, къуажэхэм щэнхабзэм и IуэхущIапIэхэр щыщIыным.
- Пенсэм кIуа иужь, Ефэнды Джылахъстэн «Хэку» зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм, «Адыгэ Хасэ» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и Налшык къалэ къудамэм я унафэщIу щытащ, адыгэхэм я Япэ дунейпсо конгрессыр егъэкIуэкIыным, Дунейпсо Адыгэ Хасэр къызэгъэпэщыным зэфIэкIышхуэ езыхьэлIахэм ящыщщ.
- ТхакIуэм, публицистым и зэфIэкI нэс Ефэнды Джылахъстэн зэрыбгъэдэлъар нэрылъагъу къыпщащI «Афэрым, «Кабардинка», «Илъэсхэр, къэхъукъащIэхэр, цIыхухэр» тхылъхэм, республикэми нэгъуэщI щIыпIэхэми къыщытрадза статья куэдым.
- Ефэнды Джылахъстэн Къасым и къуэм и гъащIэмрэ и лэжьыгъэмрэ Iуэхум хуэпэжу щытынымкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щхьэмыгъазэу хуэлэжьэнымкIэ щапхъэ гъуэзэджэщ.
- А цIыху щыпкъэм и лэжьыгъэм хуэфэщэн пщIэ къэралым къыхуищIащ. Абы къратащ «ЩIыхь Дамыгъэ», ГуащIэдэкI Бэракъ Плъыжь орденхэр, «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и пащхьэм щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» орденыр, Иорданием и Вагъуэ орденым и япэ нагъыщэр, медаль зыбжанэ. Апхуэдэу Ефэнджы Джылахъстэн къыфIащащ «РСФСР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ», «КъБАССР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэхэр.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и къуэ пэж, цIыху гъуэзэджэ, хэкупсэ нэс Ефэнды Джылахъстэн Къасым и къуэр дэ зэи тщыгъупщэнкъым.
- КIуэкIуэ К. В., Егоровэ Т. Б., Мусуков А. ТI., Мэкъуауэ Т. Э., Къуэдзокъуэ М. М., Амщыкъуэ Ф. Къ., Аттаев Ж. Ж., Ахъуэхъу Т. Б., Быкъыш Р. Хь., Берд Хь. А., Быф А. Ж., Бозий Н. М., Вэрокъуэ В. Хъ., Геккиев З. Д., Геляхов А.С., Говоров С. А., Губин Г. С., Жанатаев С. А., Жыджэт А. А., Залиханов М. Ч., Зумакулов Б. М., Инжыджокъуэ С. М., Къанокъуэ А. Б., Канунников А. Д., Къардэн М. Н., Къэрмокъуэ Хь. М., КIэрэф М. А., КIуэкIуэ Ю. А., Къумахуэ М. Л., Къуныжь М. А., Марьяш И. Е., Молэ В. Л., Нэхущ З. А., Опрышкэ О. Л., Пащты Б. С., Рахаев А. И., Сэхъурокъуэ Хь. Хь., Тау П. КI., Тату Къ. Б., Тхьэгъэзит Ю. М., Ульбашев М. Н., Федченкэ Л. М., Фырэ Р. Б., Хьэщхъуэжь А. Б., ХьэIупэ Дж. Къу., ХьэфIыцIэ М. М., Хъубий М. Б., Шурдым Ю. Хъ., Щхьэгуэш А. Л.
- КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм, Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъхэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм, Дунейпсо, Къэбэрдей, Налшык къалэ Адыгэ Хасэхэм, «Хэку» зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм, «Адыгэ псалъэ» газетым, «Iуащхьэмахуэ», «Нур» журналхэм, «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм я коллективхэм гущIыхьэ ящыхъуащ республикэм щэнхабзэмкIэ и министру илъэс 24-кIэ лэжьа, Налшык Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Ефэнды Джылахъстэн Къасым и къуэр дунейм зэрехыжар икIи абы и Iыхьлыхэмрэ и благъэхэмрэ яхуогузавэ.