КИФЩI-м и журналистхэр Мэхъэчкъалэ щызэхуос
2019-12-12
- Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм хыхьэ хэгъэгухэм щыIэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм щылажьэхэр щызэхуашэс зэIущIэ инхэм ящыщ зыуэ щытащ Дагъыстэным и къалащхьэ Мэхъэчкъалэ дыгъэгъазэм и 5 — 6-хэм щекIуэкIа форумыр. Абы и лэжьыгъэм хэтащ УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэ Матовников Александр, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Осетие Ищхъэрэ — Алание, Ингуш, Дагъыстэн республикэхэм, Ставрополь крайм я Iэтащхьэхэр, федеральнэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лIыкIуэхэр, нэгъуэщIхэри.
- Мыгъэрей зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ нэхъыщхьэт Урысей Федерацэм и ТАСС хъыбарегъащIэ IэнатIэр, УФ-м Кавказ Ищхъэрэм и IуэхухэмкIэ и министерствэр, Дагъыстэн Республикэм и Правительствэр. Форумыр егъэкIуэкIыным щIэгъэкъуэн хуэхъуащ УФ-м и Президентым и лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэм и Аппаратри.
- Медиа-зэIущIэр зэрызэхэта махуитIым къриубыдэу КИФЩI-м и журналистхэм дерс зыбжанэ драгъэкIуэкIащ езыхэм я щIыналъэхэм нэмыщI, къэралми цIэрыIуэ щыхъуа, зи IэщIагъэм фIыуэ хэзыщIыкI гъэсакIуэ-ущиякIуэхэм. Апхуэдэ зэIущIэхэм кърихьэлIахэм яIущIащ, я лэжьыгъэ къызэгъэпэщыкIэмкIэ ядэгуэшащ УФ-м Лъэпкъ зэхуаку журналистикэмкIэ и гильдием и унафэщI Лянге Маргаритэ, къэралым и лIыщхьэхэм зэпсэлъэныгъэ щхьэпэхэр куэдрэ ядезыгъэкIуэкIа, журналист цIэрыIуэ Ванденкэ Андрей, зэпэщIэувэныгъэ гуащIэхэр щекIуэкI щIыпIэхэм мызэ-мытIэу къыщыщIидза, репортаж гъэщIэгъуэнхэр зыщIа Поддубный Евгений сымэ, нэгъуэщIхэри.
- Мэхъэчкъалэ дэт ухуэныгъэ нэхъ инхэм икIи нэхъ зыкъизыххэм ящыщу къалъытэ, «Урысейр си тхыдэщ» паркым къатищу зэтет и унэ нэхъыщхьэм форумым и етIуанэ махуэм щекIуэкIа, журналист хьэщIэхэм ящыщу 150-р щызэхуашэса пресс-конференцыр къызэIуихащ УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэ Матовников Александр. Медиа-зэIущIэм зыщытепсэлъыхьа Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ Кавказ Ищхъэрэм туризмэм зэрызыщиужьым, лъэпкъ проектхэр зэрыщагъэзащIэм ехьэлIахэр, терроризмэм и Iэужьхэр щыгъэкIуэдыжыным хуэгъэзауэ щалэжьхэр, щIыналъэм и щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэр зэпызыщIэ гъуэгухэм я щытыкIэр, нэгъуэщIхэри.
- — Нобэ мыбдежым щызэхуэсахэр фыхуитщ лъэпкъ проектхэм я щIыналъэ Iыхьэхэр хэгъэгухэм зэрыщагъэзащIэм, ахэр пхыгъэкIыным ехьэлIауэ фызыIууэ гугъуехьхэм ятеухуауэ щхьэж зыщыщ республикэхэм, крайм я Iэтащхьэхэм, уеблэмэ, гъунэгъу хэгъэгухэм я лIыщхьэхэми фызыхуей упщIэхэмкIэ захуэвгъэзэну, — къыхигъэщащ Матовников Александр, журналистхэм щепсалъэм. — Нэхъыщхьэр аращи, а Iуэхухэм дащытепсэлъыхькIэ, Кавказым хуэгъэзауэ цIыхухэм яIэ хъуа егупсысыкIэ-бгъэдыхьэкIэм фIы и лъэныкъуэкIэ зегъэхъуэжын, зегъэужьын зэрыхуейр ди унэтIыныгъэ нэхъыщ-хьэу зэрыщытыр къэтлъытэнырщ.
- ЩIыналъэм щыпсэу лъэпкъхэр зэгурыгъэIуэным, дин зэмылIэужьыгъуэ зезыхьэхэм я зэхуаку дэлъ зэхущытыкIэхэр егъэфIэкIуэным хуэгъэзауэ иужьрей зэманым КИФЩI-м и журналистхэри зэрызэдэлажьэм мыхьэнэшхуэ иIэщ. Ар къыхагъэщащ зэIущIэм къыщыпсэлъахэми.
- — Дэ гъуазэу дыкъэзылъытэ ди цIыхухэм, жылагъуэм сыт и лъэныкъуэкIи едгъэлъагъупхъэр Кавказыр мамырыгъэрэ хьэщIагъэрэ щытепщэ щIыналъэу зэрыщытырщ, армыхъумэ, адэкIэ-мыдэкIэ къыщыхъу зэщымыщхъуныгъэ закъуэтIакъуэхэм къытедгъэзэжурэ дытепсэлъыхьыныр, дгъэбэтэныр аракъым. Пэж дыдэуи, ди къэрал псор къэтщтэнщи, щIэпхъаджагъэ хьэлъэ къыщыхъу щIыпIэхэм ящыщу Кавказ Ищхъэрэм мы зэманым иужьрей увыпIэр иIыгъщ, — къыпищащ и псалъэм полномочнэ лIыкIуэм.
- Шэшэн Республикэм щыщ журналистыр щIэупщIащ «Кавказ Ищхъэрэм щыIэ зыгъэпсэхупIэ нэхъ инхэр зэпищIэфын хуэдэу, туризмэм ехьэлIауэ псоми зэдай зэгухьэныгъэ къызэдгъэпэщ щIэмыхъур сыт?» жиIэри. Абы и жэуапу Матовников Александр къыхигъэщащ а Iуэхур зэтеублэгъуафIэу зэрыщымытыр, ауэ, итIани, бгъэдыхьэкIэщIэхэр къыхуэбгъэсэбэпмэ, абы хэкIыпIэ дэгъуэхэр къызэрыхуэбгъуэтыфынур. Псалъэм папщIэ, апхуэдэхэм ящыщ зыуэ Матовниковым къелъытэ Минводы къалэм пэгъунэгъуу щыIэ кхъухьлъатэ къетIысэхыпIэм бгъэдыхьэу гъущI гъуэгущIэ хэшын зэрыхуейр, «ПцIащхъуэ» («Ласточка») зи фIэщыгъэ мафIэгу псынщIэм хуэдэхэр екIуэлIэфын хуэдэу.
- — Нэхъыщхьэр аращи, а Iуэхуми, федеральнэ властхэм дызэхахыфын хуэдэу, мурадыфIхэр худиIэщ. ТхужыIэнущ, а лъэныкъуэмкIи лъэбакъуэфIхэр тхуэчауэ, — жиIащ Матовниковым.
- Къыхэгъэщыпхъэщ, КИФЩI-м хыхьэ хэгъэгухэм я Iэтащхьэхэми журналистхэм я упщIэ куэдым жэуап къызэрыратар. Псалъэм папщIэ, Кавказ Ищхъэрэм щыпсэухэм я узыншагъэм зэрыкIэлъыплъым, цIыхухэм я гъащIэм и кIыхьагъым хэгъэхъуэным хуэгъэзауэ щалэжьхэм, экологиемрэ гъуэгу хозяйствэм зегъэужьынымрэ хуэунэтIауэ щыIэ щытыкIэм, нэгъуэщIхэми ятеухуауэ зэхуэсышхуэм псалъэ щхьэпэ щыжаIащ КъБР-м, Къэрэшей-Шэрджэсым, Ингуш Республикэм, Осетие Ищхъэрэ — Аланием, Ставрополь крайм, Дагъыстэным я Iэтащхьэхэу КIуэкIуэ Казбек, Темрезов Рашид, Калиматов Мэхьмуд-Алий, Битаров Вячеслав, Владимиров Владимир, Васильев Владимир сымэ.
- Тхыгъэри сурэтхэри
- КЪУМАХУЭ Аслъэн ейщ.