Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ К. В. Урысей Федерацэм и Конституцэм и махуэм теухуа и хъуэхъу
2019-12-12
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
- Си гуапэу сынывохъуэхъу Урысей Федерацэм и Конституцэм и махуэмкIэ!
- Урысей правовой системэм и лъагапIэу, ди къэралым и суверенитетыр, абы и политикэ, экономикэ, социальнэ зыужьыныгъэр хъумэнымкIэ лъабжьэ быдэу Конституцэр уващ. Закон Нэхъыщхьэм фIыгъуэ мылъытэу игъэуващ цIыхур, абы и хуитыныгъэхэмрэ щхьэхуитыныгъэхэмрэ. А конституцэ хабзэм зэрытетым и щыхьэту иджыпсту къэралым пыухыкIауэ къигъэлъэгъуащ цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэныр езым и къалэн нэхъыщхьэ дыдэу къызэрилъытэр.
- Конституцэм япэкIэ дыкIуэтэнымкIэ къыдит Iэмалхэр къэдгъэсэбэпурэ, дэ псори дызэщIыгъуу икIи Урысейм лъэпкъ куэду зэхэт ди цIыхубэм дыхэту а мурадыр зэрызэдгъэхъулIэнум, дыщалъхуа Къэбэрдей-Балъкъэрым, ди Хэкум я фIыгъуэмрэ зыужьыныгъэмрэ къызэрызэдгъэпэщынум шэч къытесхьэркъым.
- Узыншагъэ быдэ, мамырыгъэ, фIыгъуэ, ефIэкIуэныгъэ фиIэну сынывохъуэхъу.
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.