ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Дэнэ здахьынур?

2019-12-12

  • Къэралыр ахъшэм къызэгуеч, ауэ къулейсызхэм
  • я сомитI зэпыхьэркъым
  •  Урысейм и Правительствэм къылъыкъуэкIащ зыпэмылъа гугъуехь: абы ищIэркъым псоми къыдигъахуэурэ зэхуихьэса ахъшэшхуэр къызэригъэсэбэпыну щIыкIэр. Ноль защIэу пщыкIущ (!) пыту ягъэхъыбар. ДыщыгуфIыкI хъун хуэдэщ — апхуэдэу щыщыткIэ, дыкъулейщ, дызыхуей дгъуэту дыпсэунущ… Ауэ щхьэ ди улахуэхэр цIыкIу, гъуэгухэр, сымаджэщхэр, школхэр щхьэ зыхуей хуамыгъазэрэ? ИкIэм-икIэжым, сыт дыщIэкъулейсызыр? ЦIыхухэм ядэIэпыкъуну и чэзу хъуакъэ? А упщIэхэм жэуап ягъуэтыркъым.

  • ЯпэщIыкIэ а ахъшэшхуэр къыздикIам теухуауэ. Илъэс зыбжанэ хъуауэ щIыдагъэ баррель къэс къыщIахым щыщу бюджетым кIуэр доллар 40 къудейщ, адрейр ЦIыхубэ ефIэкIуэныгъэм и фондым халъхьэ. Адрей IэнатIэхэри аращ. Абыи и закъуэкъым: фигу къэдгъэкIыжынщи, правительствэм уасэхэм щIагъужам тралъхьэ налогыр (НДС) къиIэтащ.ЗэрыгурыIуэгъуэщи, абы инфляцэр ирихужьащ, экономикэм и зыужьыныгъэр къызэтригъэувыIащ, сом мелардхэр къыдигъэхуащ.
  •  Нэгъабэ и закъуэ сом триллиони 2,7-рэ зэхуахьэсащ, мы гъэми апхуэдиз е нэхъыбэж къыдагъэхуну я мурадщ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ зэхуахьэса ахъшэр щылъщ зыкIи къамыгъэсэбэпу. Правительствэр апхуэдизу нэпсей хъуащи, уеблэмэ IэнатIэхэм фIэкIыпIэ имыIэу халъхьэн хуей мылъкуми къыдегъахуэ. Къэзыбж палатэм къызэритамкIэ, дызэрыт илъэсым и мазипщIым къулыкъущIэхэм къагъэсэбэпар бюджетым къиутIыпща ахъшэм и процент 70-рщ. Иджы къэнар епIэщIэкIыу ягъэкIуэщIыну хущIокъу. Ауэ IуэхущIапIэм и унафэщI Кудриным къелъытэ зы триллион хуэдиз къахуэмыгъэсэбэпу гъэр иухыну.
  • АтIэ, здахьынур щамыщIэкIэ, щхьэ зэхуахьэсрэ, щхьэи налогхэм хагъахъуэрэ?
  • Иджыри зы илъэс ныкъуэкIэ
  •  
  • — Уи компанием хэхъуэ къыпхуихьу хуежьамэ, уэ зэуэ уегупсысынукъым уи лэжьакIуэхэм я улахуэхэр къэIэтын зэрыхуейм. — «Урыс фондхэр» инвестор гупым и унафэщIхэм я Советым и Iэтащхьэ Васильев Сергей апхуэдэ щапхъэкIэ къыдгурегъаIуэ къулыкъущIэхэм я Iуэху бгъэдыхьэкIэр зыхуэдэр. — Урысейр хуэм-хуэмурэ хуэкIуащ къэрал-уней корпорацэ иным. Абы къыхэкIыу кIуэ пэтми нэхъ быдэ икIи къулей хъунущ, ауэ и цIыхухэр псэунущ я сомитI зэпамыгъэхьэфу.
  • УФ-м ФинансхэмкIэ и министерствэм къыщалъытэ дяпэкIи ахъшэ зэхуэхьэсын хуейуэ. Япэ вице-премьер Силуанов Антон и псалъэхэм ятепщIыхьмэ, ар къагъэсэбэпу щыщIадзэнур илъэс ныкъуэ дэкIмэщ — 2020 гъэм и зэхуэдитIыр къэсмэщ. ЦIыхухэми ахъшэкIэ защIигъэкъуэнуи къегъэгугъэ. Ауэ ар пэжи пцIыи. ЗэкIэ правительствэм и плъапIэр нэгъуэщIщ. КIэщIу жыпIэмэ, белджылыкъым мылъкур здахьынур.
  1. Ахъшэр нэгъуэщI къэралхэм щIыхуэу етын.
  • Экономикэм и Школ нэхъыщхьэм и IэщIагъэлIхэм къалъытэ къыдагъэхуа ахъшэр нэгъуэщI къэралхэм проценткIэ иратын хуейуэ. Абы ди экономикэм хуабжьу зригъэужьыну жаIэ: дэ абыхэм щIыхуэ етт къудейкъым, атIэ яхуэдгъэувынущ ди деж технологие лъагэхэр щащэхуну. Псалъэм папщIэ, АЭС-хэр ираухуэну е ди Iэщэхэр ящэхуну. АрщхьэкIэ апхуэдэ щIыхуэхэм зи фейдэ хэлъыр лэжьапIэ компание инхэм я закъуэщ. НэгъуэщI къэралхэм щIыхуэхэр куэдрэ зэрыхуагъэгъум къыхэкIыуи ари дзыхьщIыгъуэджэщ.
  1. ГъуэгущIэхэр ухуэн.
  • Ар нэхъ тэмэмт: гъуэгухэм сыт щыгъуи ухуеинущ. Ахъшэ щыдиIэкIи ухуэн хуейщ. ЛэжьапIэ IэнатIэщIэхэри къызэIуахынущ.
  •  — Гъуэгухэм мыхьэнэшхуэ яIэщ экономикэм и дежкIэ, — жеIэ ЩIэныгъэхутэ финанс институтым и унафэщI Назаров Владимир. — Ухуэныгъэ IэнатIэм зрегъэубгъу, хьэлъэхэмрэ цIыхухэмрэ къешэкIыным трагъэкIуадэр егъэмащIэ. Ауэ абы папщIэ ухуэн хуейр сэбэп къытхуэхъуну, дызыхуэныкъуэ гъуэгухэрщ.
  • АрщхьэкIэ, ухуэныгъэр сыт щыгъуи ахъшэр нэхъ щызэхадыгъуэ IэнатIэщ. Экономикэм процент ныкъуэкIэ зригъэIэтынщ, ауэ Iулъхьэу проценти 10-20 щIатынщ. Хэт зи фейдэ хэлъыр? Абы и жэуапыр гурыIуэгъуэщ
  1. Къулейсызхэм защIэгъэкъуэн.
  • Мыр цIыхугъэм тещIыхьат, ауэ правительствэм и мурадхэм хыхьэркъым: къулыкъущIэхэр мэшынэ инфляцэм зричынкIэ.
  • — Мы Iуэхур егупсысауэ къызэрагъэпэщмэ, псалъэм папщIэ, къулейсызхэм хущхъуэ е ерыскъы талонхэмкIэ къащэхуу зэтраухуэфмэ, щытыкIэм зихъуэжынут, — хуегъэфащэ Зыужьыныгъэм и партым и унафэщIым и къуэдзэ Звагельский Виктор.
  • Хэхъуэ нэхъ мащIэ дыдэ нэхъ мыхъуми, яIэрыхьэнкIэ цIыхухэм шэсыпIэ иратын хуейщ, — щIегъуж Назаров Владимир. — Лъэпкъ проектхэм къыщыгъэлъэгъуащ абыхэм я бжыгъэр хуэдитIкIэ ягъэмэщIэн хуейуэ. Дэ къулейсызыгъэр къанэ щымыIэу тхуэгъэкIуэдынущ, къулейсызхэм я хэхъуэр псэун папщIэ цIыхухэр нэхъ мащIэ дыдэу зыхуейм нэдгъэсмэ. IэщIагъэлIым къелъытэ а Iуэхум зы илъэсым сом мелард 500 нэхърэ нэхъыбэ темыкIуэдэну — бюджетым зы илъэсым къыдагъэхуа ахъшэм и проценти 2 нэхърэ мынэхъыбэ.
  1. Налогхэр ягъэмэщIэн.
  • Мыбы тепсэлъыхьыркъым IэщIагъэлIхэмрэ хьэрычэтыщIэхэмрэ фIэкIа . Ауэ а Iэмалым экономикэр къигъэщIэрэщIэнут.
  • IуэхущIапIэхэм я хэхъуэхэмрэ хэщIхэмрэ зэрызэхущытыр зэпалъытын хуейщ. Щапхъэ къызытетхын диIэщ — Корее Ипщэмрэ США-мрэ. Банк кредитхэм щхьэщатыкIхэр ягъэмэщIэн, налогхэмкIэ худачыхын, IэнатIэхэр къызэрагъэпэщын хуейщ — жеIэ Звагельскэм.
  • Аращи, зэкIэ гурыIуэгъуэкъым сом триллионхэр здахьынур. Куэд щIогъуэпс абы хэшхыхьыну, арщхьэкIэ кIэлъыплъакIуэхэр куэдыIуэщи, зэкIэ къайхъулIэркъым.