ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Нобэ

2019-06-11

  • Инджылыз пащтыхьыгъуэ зэгуэтымрэ Ирландие Ищхъэрэмрэ я лъэпкъ махуэшхуэщ — я пащтыхь гуащэр къыщалъхуа махуэр ягъэлъапIэ
  • 1826 гъэм Москва къыщызэIуахащ нэм щеIэзэ япэ сымаджэщыр.
  • 1842 гъэм дунейм къытехьащ Гоголь Николай и тхыгъэ цIэрыIуэр — «Мёртвые души» — зыфIищар.
  • 1889 гъэм США-м щыщ Перди Джонрэ Садгвар Джеймсрэ къагупсысащ зэпкърыпх-зэпкърыплъхьэж хъу шэнтыр.

  • 1965 гъэм Инджылызым и пащтыхь Елизаветэ Британие империем и орденыр яритащ «Биттлз» гупым и музыкантхэм.
  • 1975 гъэм Алыджым къыщащтащ и конституцэр.
  • 2010 гъэм ЮАР-м щыщIидзащ дунейм футболымкIэ и ХIХ чемпионатым. Нэхъапэм Африкэм и щIыналъэм футболымкIэ чемпионат зэи щекIуэкIатэкъым. Мэкъуауэгъуэм и 11 — бадзэуэгъуэм 11-хэм къриубыдэу зэхьэзэхуахэм я нэхъ лъэщу къыщIэкIар Испанием и командэ къыхэхарт.
  • Урыс тхакIуэ, критик, философ, демократ Белинский Виссарион къызэралъхурэ илъэс 208-рэ ирокъу.
  • Нэмыцэ композитор, дирижёр цIэрыIуэ Штраус Рихард къызэралъхурэ илъэси 155-рэ ирокъу.
  • Урысейпсо радиом и диктору щыта, СССР-м и цIыхубэ артисткэ Высоцкая Ольгэ къызэралъхурэ илъэси 113-рэ ирокъу.
  • Франджы зыплъыхьакIуэ, сурэттех, режиссёр, дунейпсо хыхэр джынымкIэ цIэрыIуэ хъуа Кусто Жак Ив къызэралъхурэ илъэси 109-рэ ирокъу.
  • Пшынауэ Iэзэу щыта, КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ ДыщэкI ФатIимэт илъэс 80 ирокъу.
  • Урысей пианист, жылагъуэ лэжьакIуэ, УФ-м и цIыхубэ артист Мацуев Денис и ныбжьыр илъэс 44-рэ ирокъу.
  • Дунейм и щытыкIэнур
  • «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 28 — 30, жэщым градус 19 — 20 щыхъунущ.