Пашэхэр ди куэдщ
2019-06-11
- Новгород Ищхъэрэ къалэм щекIуэкIащ панкратионымкIэ Урысейм и чемпионат. Абы хэтащ къэралым и щIыналъэ куэдым къикIа спортсмен 250-м щIигъу. Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменхэми фIы дыдэу зыкъагъэлъэгъуащ.
- Чемпион хъуащ Щоджэн Артур (кг 57-рэ), Балъкъыз Ахьмэд (кг 66-рэ), Лачковэ Ксение (кг 58-рэ) сымэ. Жэз медалыр къихьащ Теувэжыкъуэ Рустам (кг 62-рэ).
- МЭЗКУУ Къанщобий.