УсакIуэшхуэхэм я щIыхькIэ
2019-06-11
- Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэм я бзэхэмкIэ усэ къеджэнымкIэ «Сыщалъхуа щIыналъэм и макъ» зэпеуэр. Ар къызэрагъэпэщащ Дагъыстэным и цIыхубэ усакIуэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Гамзатов Расул къызэралъхурэ нэгъабэ илъэс 95-рэ зэрырикъуам, Адыгэ литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, усакIуэ цIэрыIуэ ЩоджэнцIыкIу Алий къызэралъхурэ етIанэгъэ илъэси 120-рэ зэрырикъунум я щIыхькIэ.
- Илъэс етIуанэ хъуауэ ирагъэкIуэкI зэпеуэ щхьэпэр и жэрдэмщ Псыхуабэ щызэхэта «Мэшыкъуэ» щIалэгъуалэ зэхуэсышхуэм щытекIуа Жылау Антемыр. ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ федеральнэ агентствэм къыхуигъэфэща грантымкIэ ар къызэригъэпэщащ, КъБКъУ-м и студентхэмрэ аспирантхэмрэ я профсоюз IуэхущIапIэмрэ Литературэ клубымрэ и дэIэпыкъуэгъуу. Нэгъабэ япэу къыхалъхьа мы зэпеуэр абы щыгъуэм траухуауэ щытащ КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, СССР-ми РСФСР-ми я Къэрал саугъэтхэм, Лениным и цIэр зезыхьэ саугъэтым я лауреат Кулиев Къайсын къызэралъхурэ илъэси 100 зэрырикъум.
- Зэхьэзэхуэр къыхэзылъхьахэм я мурадыр щIалэгъуалэм лъэпкъ усыгъэмрэ литературэмрэ яджыным гулъытэ нэхъыбэ егъэгъуэтынырщ, Гамзатов Расулрэ ЩоджэнцIыкIу Алийрэ я гъащIэмрэ гуащIэмрэ, щэнхабзэм, литературэм хуащIа хэлъхьэныгъэм нэхъ куууэ хагъэгъуэзэнырщ, абыхэм я фэеплъыр, щIэинхэр щIэблэм егъэхъумэнырщ, лъэпкъхэм яку дэлъ зэхущытыкIэхэр егъэфIэкIуэнырщ, Кавказ Ищхъэрэм щыпсэухэм яку зэрылъытэ илъу къэгъэхъу-нырщ, художественнэ къеджэныгъэр хэIущIыIу щIынырщ, абы щIэпIыкIынырщ, нэхъри дегъэхьэхынырщ, цIыхухэм я пащхьэм зыкъыщагъэлъэгъуэу егъэсэнырщ.
- Хабзэ хъуауэ къызэрагъэпэщ пшыхь дахэм зэхуишэсащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и еджапIэ нэхъыщхьэхэм я студентхэр. IыхьитIу зэщхьэщыха мыгъэрей зэпеуэр унэтIыныгъитIу екIуэкIащ. Студентхэр дагъыстэн усакIуэ Гамзатов Расул и усэхэм — урысыбзэкIэ, адыгэ усакIуэ ЩоджэнцIыкIу Алий и Iэдакъэ къыщIэкIахэм — адыгэбзэкIэ къеджащ. Зэпеуэм зи зэфIэкI щеплъыжахэм я утыку итыкIэр, зыIыгъыкIэр, усэ къеджэным щаIэ зэфIэкIымрэ Iэзагъымрэ къалъытащ.
- КъэпщытакIуэ гупым хэтащ филологие щIэныгъэхэм я докторхэу, литературэджхэу ХьэкIуащэ Мадинэрэ Кучуковэ Зухърарэ, киномрэ театрымрэ я режиссёр ЕмкIуж Андзор, зэпеуэр къызэзыгъэпэщахэм ящыщ Битокъу Владимир сымэ.
- Зэхьэзэхуэм кърикIуахэр къэпщытакIуэхэм зэхалъхьэжащ икIи абы пашэ щыхъуахэм щIыхь тхылъхэмрэ саугъэтхэмрэ хуагъэфэщащ.
- ТЕКIУЖЬ Заретэ.