ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Шууей Хасэм хэтхэр зэхуос

2019-06-11

  • Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и къудамэм — Шууей Хасэм — и зи чэзу зэхуэс Налшык къалэ иджыблагъэ щекIуэкIащ. Ар къызэIуихащ икIи иригъэкIуэкIащ а зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Къудей Аслъэн.

  • ЗэIущIэм къыщапщытэжащ Шууей Хасэм хэтхэм яхузэфIэкIахэр, апхуэдэуи адэкIи ящIэну я мурадхэр щаубзыхуащ. Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд нэхъ пасэу къыхилъхьауэ щытащ Адыгэшым и махуэ хэха диIэн, ар гъэ къэс Iэтауэ гъэлъэпIэн зэрыхуейм теухуа жэрдэмыр. А Iуэхум щытепсэлъыхьауэ щытащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и зэхуэсхэм ящыщ зым.
  • Къудей Аслъэн къызэрыхигъэщащи, нэхъыжьхэм къыдаIыгъмэ, нэхъ яфIэкъабылт а махуэр жэпуэгъуэ мазэм и пэщIэдзэхэм трагъэхуэныр. Сыту жыпIэмэ, къущхьэхъу хъупIэхэм кърахухыж шыхэр я пIэ нэхъ щизэгъэжри, дунейр нэхъ щIыIэтыIэ щыхъури, шыгъажэхэр егъэкIуэкIынымкIи нэхъ къызэрезэгъри а зэманырщ. Апхуэдэуи, Къудейм къыхигъэщащ Адыгэшым и махуэр Адыгэ Республикэм и къалащхьэ Мейкъуапэ мы дызэрыт мазэм и кIэхэм зэрыщагъэлъэпIэнур. Къэбэрдей-Балъкъэрым икIыу а гуфIэгъуэ дауэдапщэхэм хэтыну ягъэкIуэну шууейхэр зэман гъунэгъум къагъэлъэгъуэну зэрамурадыр Шууей Хасэм и тхьэмадэм жиIащ.
  • НАФIЭДЗ  Мухьэмэд.