ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Мыщэ анэ Машкэрэ абы и шыр цIыкIу Мишкэрэ нэIуасэ къызэрысхуэхъуар

2019-06-11

  • Сэ куэд щIауэ сыщакIуэт, щIымахуи гъэмахуи симыIэу мэзхъумэу сылажьэрт. АпхуэдизкIэ а хуей мэзышхуэм сесат, си псэр дихьэхырти, зыгуэркIэ зы махуэ сымыкIуамэ, си напIэр къэбэгырт. Ауэ къызэрыгуэкI мэзтэкъым ар! Жыг зэмылIэужьыгъуэу абы къыщымыкIыр укIуэдыжт: жыгей, бжей, дей ухуей, мей, кхъужьей, къущхьэмышх жыпIэн — псори щыгъунэжт. Мэзым зэрыкIуэ гъуэгум и бгъуитIымкIэ къэзмакъ, пыжьей, къуацэ-чыцэхэр, зэрыджэ къыщыкIырт. ЩIымахуэ гъэтIы-лъыгъэ зыщIыну хуейхэр мэзым кIуэрт бжьыхьэм икIи мэзыдэу, пщIийуэ, мы цIыкIуу, кхъужь цIыкIуу, пыжьу, нэгъуэщI къинэмыщIу зыхуейм хуэдиз унэм яхьырт. Абыхэм къыщинэмыщIауэ мэз мэракIуэр, мамкъутыр, санэр, мэракIуапцIэ фIыцIэр гъунэжт.

  • А мэзышхуэм сыкъыщыщыхутам деж зыгъэпсэхупIэ лъапIэ гуэрым сыщыIэу фIэкIа къысщыхъуртэкъым. Уэшх-уэсым зыщысхъумэн папщIэ, собэ щIэту зы унэ цIыкIу зэзгъэпэщат. ХьэкIэкхъуэкIэ зэран къысхуэмыхъун щхьэкIэ, зыгъэпсэхупIэр лъагэу сIэтащ: гъущI пкъоиплI, метри 5-6 я лъагагъыу, хэстIэри, абы тесщIыхьащ зы пэш цIыкIу, пхъэ гъуэлъыпIэ щIэхуэу. ДэкIуеипIэр бгъузэ лъагэу Iэта хъуащ, дэгъэзеигъуэрэ хьэкIэкхъуэкIэхэр дэмыкIуеифын хуэдэу. Пэшым зы бжэрэ зы щхьэгъубжэрэ хэслъхьащ. Абы и хъуреягъыр къэпкIухь хъууэ пхъэбгъукIэ къэсщIыхьащ, и щхьэри толкIэ згъэбыдащ. ЩыщIымахуи щыгъэмахуи а IущIыхьым утету мэзышхуэм ухэплъэн, жьы къабзэ къыпщIихуу зыбгъэпсэхун жыхуэпIэр сыт и уасэ! МахуэкIэрэ спэмыжыжьащэурэ мыщэ, дыгъужь, бажэ, тхьэкIумэкIыхь хуэдэхэр щыслъагъуми, ахэр гъунэ- гъуу къызбгъэдыхьэртэкъым.
  • Пщэдджыжь къэс си фоч зэгуэтыр къасщтэрт, шалъэр зыкIэрысщIэрти, си «Нива» хужьыбзэм сису, макIуэ-мэлъей, хуей мэзышхуэм сыкIуэрт. Зы махуэ гуэрым, тIэкIу къепсэпсауэу, щIыIэтыIэу, жьыбгъэ мащIи къепщэу си пхъэ гъуэлъыпIэм силът. ЩхьэгъубжэмкIэ сыдэплъмэ, солъагъу си пщыIэм пэмыжыжьэу зы мыщэ бэлацэжь, гъуэжьыфэ-плъыжьыфэ хъужауэ къэувауэ. Пэшым сыкъыщIокIри IущIыхьым сыкъытоувэ, мыщэм сыкIэлъоплъ, и мурадыр къэсщIэн си гугъэу. Абы зигъэхъейркъым, и пIэм ижыхьауэ, и нитIыр къыстриубыдауэ къызоплъ. Мыщэр мэжащIалIэу, и шхын зэримыгъуэтым кърихужьауэ къысщыхъуащ. Тхьэм узэрелъэIуну, мыщэм и щхьэщыгум хуэзанщIэу жыгым зы бгъэжь къытетIысхьащ. Пэшым сыкъыщIыхьэжщ, фоч зэгуэтыр сузэдри, IущIыхьым сыкъытехьэжащ. Бгъэжьым езгъапщэри зэ уэгъуэм къезудыхащ, мыщэм и пащхьэм къихуэу. Бэлацэжьыр зыхуеиххэр арати, гужьеяуэ, трахыжыным хуэдэу, си дежкIэ къаплъэурэ ишхын щIидзащ. Дзыхьышхуэ къысхуищIыртэкъым мыщэм, арщхьэкIэ зэрымэжалIащэм къыхэкIыу, IуигъэзыкIыжыфыртэкъым. Бгъэжьыр шхын иуха иужьщ мыщэм кIэбгъу зыщищIар.
  • Зымахуэ гуэрым кIийуэ, зилIэжу зы кхъуэпIащэ си дежкIэ къожэ. Си фоч зэгуэт картечымкIэ сеуэри кхъуэпIащэр къэзукIащ. КъызэрыщIэкIамкIэ, мыщэм кърихужьауэ къихуу арат: псэущхьэ абрагъуэм и къэси, кхъуэпIащэ лIэуэ щылъым и зытедзи зы ищIащ. Абдежым кхъуэпIащэр зыIурилъэфэжу ишхри, макIуэ-мэлъей, бзэхыжащ. Мис апхуэдэурэ мэзри сохъумэ, мыщэм и фIыгъэкIэ щэкIуэнри къэзгъанэркъым.
  • Гъэмахуэри макIуэ, бжьыхьэри къос. Мэз пхъэщхьэмыщхьэхэр хъуащи, мэзакIуэхэр куэдщ, еджакIуэ цIыкIуи, балигъи, зи ныбжьыр хэкIуэтахэри къокIуэ. Сэ абыхэм сакIэлъоплъ, жыгхэм зэран зэрахуэзмыгъэхъуным яужь ситщ. Садоуэршэр, сытрагъэу. Сэри абыхэм задэсщIу пхъэщхьэмыщхьэ зэхузохьэс, машинэм изокIутэри, унэм сошэ. СщIэркъым сыкъэзымыцIыхухэм сакъызэрыщыхъур, ауэ мэзыр къэзгъанэу нэгъуэщI лэжьапIэ сыкIуэфынукъым, апхуэдизкIэ сесащ, сыдихьэхащ, сыщотыншри. Пэжыр жысIэнщи, лэжьапщIэр куэд хъуркъым, ауэ сызыхуей-сызыхуэныкъуэхэмкIэ зырызогъэкъуф. Унэ хадэм нэмыщI, мэз лъапэм щIы къыщыдатауэ, кIэртIоф, къэбыстэ, пхъы, жэгундэ хуэдэ хадэхэкIхэри щыхыдосэ. Си бынхэри сщIыгъуу хадэр зыхуей худогъазэ, псынэ и гъунэгъущи, щыуэгъум псы щIыдогъэлъадэ. Нэгъабэ бжьыхьэм адрей хадэхэкIхэм нэмыщI кIэртIофу къэпщэ ныкъуэ къетхьэлIэжащ. Аракъэ насып жыхуаIэр?! Узэгугъур къогугъуж, жаIэ игъащIэми. Тшхыну дрикъунрэ жылапхъэрэ къэдгъанэри, кIэртIоф къэнар нартыхурэ гуэдзкIэ тхъуэжащ. «Уэ хьэрычэт щIэ, сэ берычэт хэслъхьэнщ», — жиIащ Алыхьым.
  • Зы махуэ гуэрым, хабзэ зэрысхуэхъуауэ, пщэдджыжьым жьыуэ мэзым сыкIуэмэ, си пщыIэм деж щыст мыщэ шыр цIыкIу. Ар къэзубыдри, «Мишкэ», — жысIэу сепсалъэурэ пхъэ дэкIуеипIэм дэсхьеящ, унэми щIэсхьащ. Гъуэмылэ схьам щыщ естати, гъэблэгу ищтам хуэдэу ишхащ. Заул дэкIауэ сабэр дрипхъейуэ къэсащ а сэ сцIыху мыщэ гъуэжьыфэ-плъыжьыфэр. «Си шыр уи деж щыIэр къызэтыж», — жыхуиIэу, гъуахъуэу бжэIупэм къэуващ. Насып сиIэти, унагъуэшэ щIэмыху литритI сиIэт, птулъкIэ зырызым итуи, зым кIапсэ пысщIэри Машкэ хуезгъэлэлэхащ. МыдэкIэ сэ сщIа чы матэм Мишкэ изгъэтIысхьэщ, бжьэф зыпылъ шэ птулъкIэр естщ, кIапсэ кIыхькIэ щIым нэзгъэсри Машкэ Iэрызгъэхьэжащ. Мыщэ анэм зы гуфIэкIэ иIэти, пхужыIэнтэкъым, а сыхьэтым дунейм къытехьами ярейт. Къысхудэплъейри, и нэхэмкIэ фIыщIэ къысхуищIащ, фIалъэ лъакъуитIымкIэ къэуври тIэкIу щытащ. IукIыжахэ иужькIэ къызэкIэлъыкIуэу хуежьащ си ныбжьэгъущIэхэр.
  • Махуэ зытIущ дэкIащ Машкэрэ Мишкэрэ сымылъагъуурэ. Къэхъуари къэщIари сымыщIэу сыгузавэрт. Абыхэм яхуэзгъэхьэзырат шхын гуэрхэр, бэзэрым сыкIуэри къупщхьэлъапхьэ къахуэсщэхуат. АрщхьэкIэ а махуэми тIури къыкъуэкIакъым. ЕтIуанэ махуэм гурыму, щэIуу, щIакъуэу къысхуэкIуащ мыщэ анэр. Шэ щIэмыху птулъкIэр къасщтэри сыщIэкIащ, абы ефэху седэхащIэурэ и лъакъуэ ижьыр къэсIэтмэ, банэшхуэ хэлъщ. Зэрызмыгъэузыным сыхущIэкъуурэ къыхэсхащ банэр, мыщэм зыри зэрыжимыIам тепщIыхьмэ, къызэрищIэшхуа щыIэтэкъым. КъыкIэлъыкIуэ махуэм къэкIуащ тIури, къупщхьэу сиIэри езгъэшхри, шэ щIэмыхуи трезгъэфыхьыжащ. ЛъакъуитIкIэ къэувауэ, щхьэщэ къысхуащIым ещхьу тIэкIурэ щытащ ахэр. ИтIанэ Машкэ къызбгъэдыхьэри къызэпэмащ, нэгъуэщIым сыхимыгъэзэрыхьын хуэдэу сызригъэцIыхуащ. Мис апхуэдэ щIыкIэкIэ нэIуасэ схуэхъуащ Машкэрэ Мишкэрэ, адрей хьэкIэкхъуэкIэхэр къыдэхъуапсэу дызэхуэзэу, дызэдэджэгуу щIэддзащ.
  • Дыгъэр пэзазэу уафэгум итщ, цIыхухэр нэжэгужэщ, удз гъэгъа зэмылIэужьыгъуэхэм я мэ гуакIуэр жьым зэрехьэ, къуалэбзухэм уэрэд къраш, жыпIэнурамэ махуэшхуэм хуэдэщ псэ зыIуту дунейм тетым я дежкIэ. Мишкэрэ сэрэ гъуэрэгъуапщкIуэ доджэгу Машкэ къыткIэлъыплъу. Мис апхуэдэу дытхъэжу дыщопсэу хуей мэзышхуэм. Фи фIэщ мыхъумэ, фыкъакIуэ!
  •  
  • ПЩЫБИЙ СулътIан,
  • тхакIуэ.