ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЩыIэхукIэ адыгэбзэр, ди лъэпкъыр мыкIуэдыжын, зыIутым адыгэпсэ адыгэбзэр ихъумэжынщ

2019-06-11

  • ЗэгурыIуэныгъэм псори доунэ
  • Ди газетым зэрытетащи, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и X зэхуэсышхуэр накъыгъэм и 31-м Налшык къалэ щекIуэкIащ. Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм щызэхуэсатКъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм, КъБР-м и Правительствэм, КъБР-м и Парламентым, министерствэхэм, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм къикIахьэщIэхэр КъАХ-м къалэхэм-рэ щIыналъэхэмрэ щиIэ къудамэхэм я лIыкIуэхэр, хасэм иригъэкIуэкI лэжьыгъэхэм жыджэру хэтхэр, адыгэ Iуэхум хуэмыщхьэххэр.
  • ЗэIущIэр къыщызэIуихым, КъАХ-м и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд жиIащ апхуэдэ зэхуэсышхуэр илъэситхум зэ зэрырагъэкIуэкIыр, ящIахэр къызэрыщапщытэжыр, къыкIэлъыкIуэ пIалъэм лэжьэнухэр зэрыщыхахыр. Докладым щIимыдзэ щIыкIэ, Мухьэмэд я цIэ къриIуащ блэкIа илъэсхэм КъАХ-м хэтахэу, жыджэру къыдэлэжьахэу дунейм ехыжахэмя цIэхэр: Бахъсэн щIыналъэ хасэм и тхьэмадэ Шапсыгъ Хьэсэн, Абхъазым и цIыхубэ, УФ-м щIыхь зиIэ и артист Мысостышхуэ Пщызэбий, ЩIДАА-м и Президент Нэхущ Iэдэм, тхакIуэ Тхьэмокъуэ Барэсбий, Дзэлыкъуэ щIыналъэ хасэм и уна-фэщI Шэру Хьэбас, КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ, Налшык къалэ хасэм и тхьэмадэу щыта IутIыж Борис, дин лэжьакIуэ ПщыхьэщIэ Iэнас, Джылахъстэней щIыналъэ хасэм и тхьэмадэу щытахэу Емкъуж Хьэсэнбийрэ Балъкъэр Борисрэ, егъэджакIуэ, усакIуэ Джэдгъэф Хъусен сымэ. Абыхэм къызэхуэсахэр дакъикъэкIэ яхуэщыгъуащ.
  • Сэхъурокъуэ Хьэутий

  • Ныбэжь Михаил

  • КъущхьэтIу Хьэутий

  • Балэ Людмилэ

  • Къалмыкъ Жылэбий

  • Ахъсор Хьэлым ягъэлъапIэ

  • Зэхуэсышхуэр езыгъэкIуэкIа, УФ-м и Жылагъуэ палатэм хэт Нэхущ Заурбий псалъэ иритащ КъАХ-м и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд. 2013 — 2018 гъэхэм Хасащхьэм иригъэкIуэкIа Iуэхугъуэхэм ар зэпкърыхауэ тепсэлъыхьыжащ (ХьэфIыцIэм и къэпсэлъэныгъэр щхьэхуэу тыдодзэ).
  • Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий жиIащ илъэс куэд щIауэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд хасэ Iуэхум гурэ псэкIэ зэрыпэрытыр, и къару, акъыл, зэман тригъэкIуадэу, километр бжыгъэкуэд зэпичу лэжьыгъэшхуэ зэрыригъэкIуэкIыр.
  • — Зэманым декIур лIыфIщ, жеIэ адыгэм. Апхуэдэ цIыхущ Мухьэмэд. Хамэ къэралхэми гъунэгъу хэгъэгухэми хасэм и лэжьэкIэм и щапхъэу щыдгъэлъагъуэу апхуэдэщ Къэбэрдей Адыгэ Хасэр, — къыхигъэщащ Сэхъурокъуэм. — ЗэманкIэ узэIэбэкIыжмэ, ХьэфIыцIэр хасэ лэжьыгъэм щыпэрыхьам зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр щекIуэкI лъэхъэнэт. Лъэпкъми, къэралми я пщэ къыдэхуэ къалэнхэр яубзыхун хуейт, екIуэкIхэр мыгурыIуэгъуэу щыщыт зэманти. Мис абы щыгъуэ гугъу зезыгъэхьу хасэр къызэзыгъэпэща Къалмыкъ Юрий деж щегъэжьауэ нобэр къыздэсым абы пэрытхэм фIыщIэшхуэ яхуэфащэщ. Мухьэмэд илъэс куэд дыдэ щIауэ адыгэ лъэпкъым щхьэкIэ къимыкIуэтхэм яхызобжэ.
  • БлэкIам дерс къыхэтхыурэ ипэкIэ дыплъэн хуейщ нобэрей тхьэмадэхэри щIалэгъуалэри. Мыр жылагъуэ зэгухьэныгъэщ, лъэпкъым и къэкIуэнум телэжьэн хуейуэ. Иджырей зэгухьэныгъэхэм дазэрыдэлажьэм тепщIыхьмэ, гугъэфIхэр щыIэщ дызэгурыIуэу зы лъагъуэ хэтшыну. ИджыпстукIэ пщтыру къытщыхъу щIалэхэми еущиен хуейуэ къыдолъытэ.
  • Дызэрыт зэманым дэ зэдгъэпэщым хэпсэукIынур къыдэкIуэтей щIэблэращ, — къыпищащ Хьэутий. — Ар зэи зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым. Сыт хуэдэ лъэпкъми и Iуэху зыгъэкIуатэр хэкупсэу щыт, мылъку къэзылэжьыф, хэлъэт зиIэ, адыгэм и пщэдейм егупсыс- хэращи, мис апхуэдэхэр хасэм нэхъыбэу къыхэшэн хуейщ. ИтIанэ ди Iуэхур нэхъ кIуэтэну къысщохъу.
  • Къардэн Мурат

  • Къуэжей Артём

  • Джылахъстэней щIыналъэ хасэм и лIыкIуэ Ныбэжь Михаил тепсэлъыхьащ нобэрей адыгэ щIалэгъуалэм я шыфэлIыфэм, хьэгъуэлIыгъуэхэр зэрырагъэкIуэкI щIыкIэм, анэдэлъхубзэр зэзымыпэсыж адэ-анэхэр зэрыщыIэм, нэгъуэщIхэми. Абы къыхилъхьащ адыгэбзэр зыуэ щыт къэрал экзаменхэм хагъэхьэну.
  • «Къуажэхэм я цIэхэр адыгэбзэкIэ щхьэ тедмытхэрэ? Щхьэ пасэм зэрахьа цIэхэр ди сабийхэм яфIэдмыщыжрэ? Адыгэхабзэм ди щIэблэр щхьэ щIэдмыпIыкIрэ? Ди нысашэхэрхамэ шхапIэхэм тхьын хуей? Лъэпкъ фащэр щхьэ щIалэгъуалэм ящымыгърэ?» Нобэ-рей гъащIэм къигъэув Iуэху-гъуэ щхьэпэ куэд къиIэтащ Ныбэжьым, хасэм унафэ трищIыхькIэрэ гъэзэкIуэжа зэрыхъунум шэч къытримыхьэу.
  • Аруан щIыналъэ хасэм и тхьэмадэ КъущхьэтIу Хьэутий лъэпкъым теухуауэ зэфIагъэкI Iуэхухэм щытепсэлъыхьым, жиIащ щIыналъэ администрацэхэм я унафэщIхэри хъарзынэу сэбэп къазэрыхуэхъур.
  • — Дэ сыт хуэдэ Iуэхуми дыхуэнабдзэгубдзаплъэщ. Псом хуэмыдэу ди нэIэ щIэтщ къыдэкIуэтей щIэблэр, ахэр зыщIэс курыт еджапIэхэр. Абы къыхэкIыу, сыт щыгъуи мыхъумыщIагъэхэм гу лъыдотэ, ар зи пщэ къыдэхуэ къулыкъущIэхэм я деж ныдогъэс, егъэджакIуэхэм дадолажьэ, — къыхигъэщащ нэхъыжьыфIым.
  • Адыгэбзэм нобэ и Iуэху зыIутым, ар еджапIэхэм зэрыщрагъэдж щIыкIэм теухуауэ къэпсэлъащ егъэджакIуэ, Кэнжэ ЩэнхабзэмкIэ и унэм и унафэщIым и къуэдзэ Балэ Людмилэ:
  • — ЕджапIэм сызэрыщIэсрэ «адыгэбзэр фымыдж» жаIэу зэи къытпаубыдауэ сщIэжыркъым. Абы хухэха сыхьэт бжыгъэр нэхъ мащIэ щащIаи, нэхъыбэ щыхъужаи къэхъуащ, ауэ сытым дежи курыт школхэм щрагъэдж. Пэжыр зыщ: сы-хьэт бжыгъэр ягъэмэщIами, нэгъуэщI Iэмалхэр щыIэщ адыгэбзэр фIыуэ ебгъэджынумэ. Анэдэлъхубзэм щIэблэр дебгъэхьэхын, лъэпкъ хабзэм щIэбгъэджыкIын папщIэ сабийр къыдэпхьэхын, ебгъэджыр гъэщIэгъуэну бгъэдэплъхьэнхуей къудейуэ аращ.
  • Дакъикъэ 40-кIэ, шэч хэмылъу, адыгэбзэр джаи хъу-маи хъунукъым. Ар школым щекIуэкI сыт хуэдэ дерсми хэлъын хуейщ. Зи гугъу сщIым и щапхъэ дахэ куэд «Си бзэ — си псэ, си дуней» республикэпсо фестиваль-зэпеуэм щагъэлъэгъуащ, физикэри, математикэри, нэгъуэщI предметхэри адыгэбзэкIэ ятурэ. Мис апхуэдэурэ адыгэбзэр предмет псоми къыщыгъэсэбэпа хъумэ, цIыкIухэри нэхъ дебгъэхьэхыфынущ. Тхыдэр щаджкIэ, псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, а бджы лъэхъэнэм теухуа уэрэдыжь, хъыбар къыхэплъхьэфынущ, иджырей технологиещIэхэр здынэсар къэплъытэмэ, езы сабийхэми къебгъэгъуэтыфынущ гъэщIэгъуэн гуэрхэр. Мэртэзей къуажэм дэс лIыжьхэм я деж яшэурэ хъыбархэм зэрыщIагъэдэIур слъэгъуащ сэ, тхыдэ дерсхэм хэту.
  • Псори зэлъытар методикэ-ращ — егъэджэкIэрщ. А методикэр сэ къыхуэзгупсысрэ егъэджакIуэм и пащхьэ ислъхьэкIэ, сэбэп хъунукъым, езым апхуэдэ зэчийрэ жэрдэмрэ бгъэдэмылъмэ, цIыкIухэр къызэрыдихьэхын Iэмалхэр къигупсысыным хуэмыжыджэрмэ. Сыхьэт бжыгъэ къуаткIи, дакъикъэ бжыгъэ пхухахкIи, адыгэбзэр пхуэхъумэнукъым, уэ езым уи къару, акъыл, зэчий иумыхьэлIэмэ. Мис абы и лъэныкъуэкIэ егъэджакIуэм къалэнышхуэ и пщэ къыдохуэ. Фи фIэщ фщIы, дерсым нэхъыбэрэ адыгэбзэ-кIэ ущыпсалъэ щхьэкIэ, Москва къикIыу тезыр къыптрамылъхьэну. Дерс гъущэ щату щытар щыIэжкъым, иджы зэхэухуэнауэщ псори зэрырагъэкIуэкIыр. АтIэ щхьэ ар къэдгъэсэбэп мыхъурэ ди лъэпкъым, ди анэдэлъхубзэм ифI едгъэкIыу?!
  • Людмилэ жиIащ Кэнжэ ЩэнхабзэмкIэ и унэр Къэбэрдей Адыгэ Хасэм жыджэру зэрыдэлажьэр, проект гъэщIэгъуэнхэр зэрызэдащIэр. «Лъэпкъым и Iуэху дэгъэкIынымкIэ, бзэмрэ хабзэмрэ хъумэнымкIэ сыт хуэдэ Iуэхуми дыхуэхьэзырщ,ди бжэхэр зэIухащ», — пищащ абы.
  • КъБР-м щыIэ Адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лэжьыгъэр зэзыгъэуIу советым и унафэщI Къалмыкъ Жылэбий къытеувыIащ зы Iуэху зэрызэдащIэм и фIыгъэкIэ Мухьэмэд-рэ абырэ куэдрэ зэрызэхуэзэр, илъэс Iэджэ щIауэ зэрызэныбжьэгъур.
  • — Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэу зэрылажьэрэ куэд хузэфIэкIащ ХьэфIыцIэм, — къыхигъэщащ Жылэбий. — Абы щытхъуи, ар зыуби щыIэщ. Ауэсэ сызэреплъращ: Мухьэмэд ищIэм пылъ сэбэпынагъыр къэдвгъэлъыти, хузэфIэмыкIымкIэ зыщIэдвгъэгъакъуэ, ар куэдкIэ нэхъ щхьэпэщ.
  • Хасэр къыщежьам щыгъуэ щэнхабзэ Iуэху фIэкIа зетхуэнукъым жаIэу щытащ, ауэ нобэ ар лъэныкъуэ псоми жьэхоуэ. Жылагъуэ зэгухьэныгъэ жыпIэ щхьэкIэ, мы Iуэхур политикэм пымыщIауэ щыткъым. Бзэр хъума хъун къудейр епхащ политикэм. Мухьэмэд сэрэ ди Iэ зыщIэлъ тхылъкIэ, джэпсалъэкIэ, лъэIукIэ Урысей Федерацэми Къэбэрдей-Балъкъэрми я унафэщIхэм куэдрэ захудогъазэ. Зэи къэхъуакъым ХьэфIыцIэр икIуэту, шынэу. Лъэпкъым ифI зыхэлъ сыт хуэ-дэ Iуэху къепхьэжьэми, япэу къыпкъуэувэнухэм ящыщщ ар. Нобэ зи гугъу тщIы Iуэхухэм, дигу зэрыгъу ныкъусаныгъэхэм теухуауэ ХьэфIыцIэр зи редактор нэхъыщхьэ «Адыгэ псалъэ» газетми къалэнышхуэ егъэзащIэ. Ар хуабжьу Iэрыхуэу къегъэсэбэп Мухьэмэд.
  • Зэхьэзэхуэр мэунэри, зэижитIыр мэунэхъу, жи адыгэм. Ди цIыхубэр, жылагъуэр Iэмал имыIэу властым гурыIуэн, дэлэжьэн хуейщ. ДызэпэщIэувэкIэ, зыри къэтхьынукъым, ди къару зэхэтлъхьэмэ, ехъулIэныгъэнэхъыбэ диIэну аращ, — апхуэдэу иухащ и къэпсэлъыныгъэр Къалмыкъ Жылэбий.
  • КъБР-м и Правительствэми УнафэщIым и къуэдзэ Къардэн Мурат жиIащ, сыт хуэдэ къулыкъу пэрытри гукIэ псэкIэ адыгэмэ, ар сыт щыгъуи лъэпкъым сэбэп зэрыхуэхъуфынур. «Мухьэмэд хуабжьу лэжьыгъэшхуэ ирегъэкIуэкI. Ар зэрымытыншыр псоми къыдгуроIуэ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, цIыхубэ гумызагъэмрэ къулыкъущIэ гумызагъэхэмрэ я зэхуаку удэ-ту улэжьэныр гугъу дыдэщ. Мис ахэр зэгурыгъэIуэныр фIыуэ къохъулIэ ХьэфIыцIэм. Ар къагъэлъэгъуащ блэкIа илъэсхэм», — игъэбелджылащ Къардэным.
  • — ХьэфIыцIэмадыгэмхуищIам хуэдиз зыщIаи дяпэкIэ зыщIэфыни куэд диIэу слъагъур-къым, — жиIащ УФ-м и Жылагъуэ палатэм хэт Нэхущ Заурбий. — Сэ къэрал къулыкъу сыщыпэрытами, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэу сыщыщытами, куэд къызэдэткIухьащ абырэ сэрэ, Iуэху куэд зэдэтщIащ. Абы лъандэрэ блэ-кIа илъэсхэм Мухьэмэд зихъуэжакъым, нэхъ гуащIэмащIи хъуакъым. Тхьэм узыншэу куэдрэ игъэлажьэ.
  • КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм Къэрал кIуэцI политикэмкIэ и управленэм и унафэщI Къуэжей Артём жиIащ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд зыпэрыт IуэхумкIэ и пщэм къыдэхуэ псори зыхуей хуэзэу зэригъэзащIэр.
  • — Нобэ Хасэм и лэжьыгъэм и гугъу щащIым, бзэр, хабзэр, щэнхабзэр хъума зэрыхъунум куэд тепсэлъыхьащ. Анэдэлъхубзэр кIуэдынущ, илъэс 20 — 30 дэкIмэ, щыIэжынукъым жаIэуи зэхызох. «Адыгэбзэр кIуэдынущ» жытIэн хуейуэ аракъым, атIэ «адыгэбзэр дгъэкIуэды-жынкъым» жытIэурэ, щхьэж хузэфIэкI абы етхьэлIэн хуейуэ аращ. Унагъуэм щIэс адэ-анэр, сабий гъэсапIэм щыIэ гъэсакIуэр, еджапIэм щылажьэ егъэджакIуэр егугъумэ, Хасэм къызэригъэпэщыпхъэхэр екIуэкIмэ, си фIэщ мэхъу гугъуехь дызэримыIэнур, — къыхигъэщащ Къуэжейм.
  • — Пэжщ, къулыкъущIэхэм но-бэ куэд яхуошхыдэ, уеблэмэ, диIэщ къулыкъу пэрытхэр мыадыгэу, адыгэнуи хуэмейуэ щыту къызыщыхъу щIалэгъуалэ, — къыпищащ Артём. — Дунейпсо Адыгэ Хасэм и хэщIапIэм зэIущIэ щекIуэкIыу, а щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэм ящыщ зым и пашэ щIалэм сеупщIащ: «СыткIэ уэ, адыгэ щIалэр, къэрал къулыкъу пэрыт адыгэ щIалэм укъызэрыщхьэщыкIыр?» Жэуап къызитыфакъым. Зыщ къызэрыщхьэщыкIыр: адыгэ зэгухьэныгъэм и пашэ щIалэр и лъэпкъым изакъуэщ зыхуэлажьэр, къулыкъу гуэр пэрытыр республикэм лъэпкъыу исым яхуэлэжьэн,ахэр зэгурыгъэIуэным и гуащIэ хилъхьэн хуейщ.
  • Хасэ Iуэхум пэрыт нэхъыжьыIуэхэми адрейхэми ящIэ иджыпсту республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ игъэзэщIэну къытхуагъэкIуэжа КIуэкIуэ Казбек цIыхухэм нэхъ гъунэгъуу ябгъэдэтын, мыпхуэдэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм жаIэхэм едэIуэн, псэукIэр иригъэфIэкIуэн, лъэпкъхэм я Iуэхухэр ядиIыгъын мурадхэр зэриIэр. Псори фыкъыхузоджэ абы дыкъуэувэну, дифI зыхэлъ Iуэхухэр зэгъусэу зэдэтщIэну.
  • Ди лъэпкъым, зэгурыIуэ къудеймэ, шэч хэлъкъым адэкIэ зэрызиужьынум. ДызэпэщIэувэжкIэ зыри къикIынукъым. Езыхэр зэгурыIуэмэщ сыт хуэдэ лъэпкъми пщIэ щиIэнур, и Iуэху щыдэкIынур, къэралым мамырыгъэ щилъынур. Ар къыдэхъулIэнращ зытелажьэр Къэбэрдей Адыгэ Хасэри къэрал къулыкъущIапIэхэри.
  • Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и X зэхуэсышхуэм Дунейпсо Адыгэ Хасэм и щIыхь дамыгъэмрэ щIыхь тхылъымрэ Сэхъурокъуэ Хьэутий щритащ КъАХ-м и къудамэхэм жыджэру щылажьэ, зи ныбжьыр илъэс 80 ирикъуа КъущхьэтIу Хьэутийрэ (Аруан щIыналъэ хасэм и тхьэмадэ) Ахъсор Хьэлымрэ (Джылахъстэней щIыналъэ хасэм и тхьэмадэ). Апхуэдэуи ДАХ-м, КъАХ-м я тхьэмадэхэм я къуэдзэ Щоджэн Iэминат и ныбжьыр илъэс бжыгъэ дахэ зэрырикъуам и щIыхькIэ тыгъэ лъапIэр хуагъэфэщащ.
  • АдэкIэ IэIэткIэ хахащ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэр, КъАХ-м и Хасащхьэм, ГъэзэщIакIуэ гупым, Къэзыпщытэ-къэзыбж гупым щылэжьэну-хэр.
  •  НэщIэпыджэ Замирэ.
  • КъАХ-м и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд
  • Бахъсэн щIыналъэм щыщ Зеикъуэ (ХьэтIохъущыкъуей Ипщэ)къуажэм 1946 гъэм къыщалъхуащ. КъБКъУ-р къиухащ.
  • «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэщ, «Хэхэс адыгэхэр», «Нарт», «Хасэ» газетхэри къыдегъэкI. Урысей Федерацэм и ТхакIуэхэм, Журналистхэм я зэгухьэныгъэхэм хэтщ.
  • КъБР-м и Совет Нэхъыщхьэм и цIыхубэ депутату (1990 — 1993 гъгъ.), ДунейпсоАдыгэХасэм и япэ вице-президенту (2009 — 2012) щытащ. ЩIэныгъэхэмкIэДунейпсоАдыгэАкадемием и вице-президентщ, «АдыгэщIэнгъуазэ» институтыми унафэщIщ, КъэбэрдейАдыгэХасэм 2000 гъэ лъандэрэи тхьэмадэщ. ХьэфIыцIэМухьэмэдУФ-мщэнхабзэмкIэщIыхьзиIэ и лэжьакIуэщ, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгейм, Къэрэшей-ШэрджэсымщIыхьзиIэ я журналистщ. «ПщIэрэЩIыхьрэ» абхъазорденыр, «Адыгейм иЩIыхь» медалыр,Дунейпсошэрджэсфондым и «ФIыщIэ» саугъэтыр къыхуагъэфэщащ. ЩIДАА-м, ПетровскэАкадемием, ТворчествэмкIэдунейпсоакадемием, Урысгеографиеобщест-вэмхэтщ. ЦIыхубэдипломатщ, США-м и Оклахомэ штатымхыхьэСтиллуотеркъалэмпщIэзиIэ и цIыхущ.
  • КъАХ-м и тхьэмадэм и къуэдзэ Лъхукъуэщауэ Хьэбас
  • Аруан щIыналъэм хиубыдэ Шэрэдж Ищхъэрэ къуажэм 1958 гъэм къыщалъхуащ. Школ нэужьым Ленинград дэтмэз-техникэ академиер къиухащ (1979).
  • «Аруан» колхозым, унэлъащIэ щащI «Эльбрус» комбинатым щылэжьащ. Дзэм къулыкъу щищIащ (1986 — 1988). ИужькIэ «Къэббалъкъснаб» IуэхущIапIэм и къудамэм и унафэщIу, «Борэн-текстиль» ООО-м и директорым и къуэдзэу, иужькIэ а IуэхущIапIэм и тхьэма-дэу щытащ.
  • 2015 — 2017 гъэхэм ЛъхукъуэщауэмНалшык и «Горзеленхоз»-м и унафэщIым и къуэдзэ къулыкъур игъэзэщIащ.
  • Хьэбас унагъуэщ — щхьэгъусэрэ къуитIрэ иIэщ.
  • КъАХ-м и тхьэмадэм и къуэдзэ Щоджэн Iэминат
  • КъБКъУ-м филологиемкIэ и къудамэр къиухащ. Урысыбзэмрэ адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэу щылэжьащ Налшык къалэ дэт 13-нэ, 14-нэ гимна-зиехэм.
  • 2011 гъэмКъБКъУ-м и филологие къудамэм и Методикэцентрым и унафэщIуягъэуващ. КъБКъУ-м ЕгъэджэныгъэполитикэмкIэ и управленэмзэрырагъаджэпрограммэхэм я фIагъыркъэзыпщытэ и къудамэм и лэжьакIуэщ. КъБР-м ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэщIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэмлъэпкъыбзэхэмкIэ и къудамэм и къэпщытакIуэ со-ветымхэтщ. ДунейпсоАдыгэХасэм и тыгъэнэхъыщхьэмрэЩIыхьтхылъымрэкъратащ. ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэгупымилъэс 4-нэ хъуауэхэтщ, 2018 гъэлъандэрэ — вице-президентщ.
  • КъАХ-м и тхьэмадэм и къуэдзэ НэщIэпыджэ Замирэ
  • Аруан щIыналъэм хыхьэ Къэхъун къуажэм къыщалъхуащ. КъБКъУ-р «Филолог. Редакцэм и литературэ лэжьакIуэ» IэщIагъэр иIэу къиухащ, Белгород къалэм дэт университетым и филиалу Налшык щыIэм экономист IэщIагъэр щызригъэгъуэтащ.
  • 2002 гъэм щегъэжьауэ «Адыгэ псалъэм» щолажьэ, иджыпсту газетым политикэмкIэ, жылагъуэмрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и къудамэм и унафэщIщ, «Iуащхьэмахуэ» журналми редактору щыIэщ. УФ-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм хэтщ. И лэжьыгъэфIым папщIэ мызэ-мытIэу къыхуагъэфэщащ республикэм и министерствэ, нэгъуэщI къэрал IуэхущIапIэ куэдымя щIыхь тхылъхэр. Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и журна-листщ.
  • НэщIэпыджэ Замирэ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым илъэсихкIэ хэтащ, 2015 — 2018 гъэхэм ДАХ-м и вице-президенту щытащ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм жэуап зыхь и секретару лэжьащ.
  • КъАХ-м жэуап зыхь и секретарь Щомахуэ Залинэ
  • Тэрч щIыналъэм хыхьэ Инарыкъуей къуажэм къыщалъхуащ. Школ нэужьым КъБКъУ-м ФилологиемкIэ и институтым щеджащ. 2012 гъэ лъандэрэ «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьа-кIуэщ.
  • Залинэ жыджэру хэтащ КъБР-м и ТхакIуэхэм я союзым щыIа «Шыхулъагъуэ» литературэ хасэм. И Iуэтэжхэр, новеллэхэр, очеркхэр, таурыхъхэр ди республикэм къыщыдэкI газетхэм, журналхэм къытохуэ. Апхуэдэу абы и тхыгъэхэр ихуащ тхакIуэ ныбжьыщIэхэм я IэдакъэщIэкIхэр щызэхуэхьэса «КъудамэщIэ», «Шыхулъагъуэм» и вагъуэхэр» сборникхэм. 2014 гъэм и «Мадоннэ» тхылъыр дунейм къытехьащ.
  • Щомахуэр мызэ-мытIэу хэтащ Кавказ Ищхъэрэм и тхакIуэ ныбжьыщIэхэм я зэIущIэхэм. Апхуэдэу абы Мэшыкъуэ щрагъэкIуэкI щIалэгъуалэ зэхыхьэм щигъэлъэгъуащ лъэпкъыбзэр, хабзэр, гъэсэныгъэр хъумэным, егъэфIэкIуэным хуэгъэпса проект.
  • 2013 гъэм Мейкъуапэ щекIуэкIа «Адыгэ пщащэ» зэпеуэмЩомахуэ Залинэ япэ вице-мисс щыхъуащ.
  • ЦIыхубэм я фIыщIэ къэблэжьыну тыншкъым
  • УзэщIакIуэ телъыджэ, гупсысакIуэ цIэрыIуэ Къэзанокъуэ Жэбагъы и хэкуэгъухэр сытым дежи къыхуриджэрт я къэкIуэнум телэжьэнхэу. «Зи къэкIуэнум емыгупсысыж лъэпкъым и кIэухыр къэблэгъауэ аращ», — жиIэрейт абы. АдыгэлI щэджащэм цIыхухэр хуигъэIущырт лъэпкъ гупсысэр ямыгъэужьыхыну, ар къэзыгъэщIыж бзэмрэ хабзэмрэ, нэр напIэм зэрихъумэм хуэдэу, яхъумэну. АбыкIэ IэмалыфIуи къилъытэрт ижь-ижьыж лъандэрэ лъэпкъым къыдекIуэкI жылагъуэ зэхэтыкIэ дахэр — Адыгэ Хасэр.
  • Нобэ зэманыр нэгъуэщIщ. Дунейпсо зэхэтыкIэм и лъапIэныгъэ нэхъыщхьэхэми къудамэбэу заубгъуащ, ауэ кIуэдакъым лъэпкъыр лъэпкъ зыщIыж и нэщэнэхэм, фащэхэм я мыхьэнэр. Уеблэмэ, ахэр къэгъэщIэрэщIэжыным нэхъ егугъу хъуащ блэкIа лIэщIыгъуэм и 90 гъэхэм къыщыщIэдзауэ. Арыншауи хъунукъым, утеплъэкъукIамэ, кIуэ пэтми нэхъ хуабжьу екIэрэхъуэкI дуней шэрхъыжьым тхыдэм и дурэшым удидзэныр зы бетэмалщ.
  • Дуней псом щикъухьа шэрджэс лъэпкъым апхуэдэ къыщымыщIыным и мэIухущ Адыгэ Хасэр.
  • Нартхэр зэхуэсрэ я лъэпкъ Iуэху щытепсэлъыхьу щыта Хасэм и мыхьэнэм зимыхъуэжауэ ди зэманым къэсащ. Адыгэхэм я хабзэ дахэр щаIэщIэхужми, нэхъ тэмэму жыпIэмэ, щыIэщIагъэхужми, нэгъуэщI лъэпкъхэм ар хэт ПарламенткIэ, хэти Думэ-кIэ, МеджлискIэ, РадэкIэ, ХуралкIэ, н.къ. зэрахъуэкIауэ къагъэсэбэп. Нарт эпосым илъэс мини 6-м нэблагъэ и ныбжьу щIэныгъэлIхэм къыщалъытэкIэ, Хасэри апхуэдиз мэхъу.
  • Абы щыхьэт тохъуэ лъэпкъ IуэрыIуатэмрэ тхыдэмрэ. Хасэр псом япэ лъэпкъыр зэкъуэзыгъэувэ, абы ифI зыхэлъхэр пхызыгъэкI, и къэкIуэнур зыубзыху, и лъапIэныгъэхэр щIэзыгъэбыдэ зэхыхьэт. Хасэм щызэчэнджэщырт, щызэгурыIуэрти, лъэпкъым нэхъ къыхуэщхьэпэну унафэхэр къыщащтэрт. Ар зэхашэрт пщыхэр щыхахкIи, лъахэр бийм зэрыщахъумэну щIыкIэр щаубзыхукIи, гъаблэ е гъей къыщыхъукIи, фIыщIэ лей адыгэм къыхуэзыхьа лIыхъужьыр щагъэлъапIэкIи, нэгъуэщIхэм дежи.
  • Иджырей демократием и нэщэнэ апхуэдэ зэхыхьэм щызэраухылIэ псалъэр быдэт, хабзэ къалэн игъэзащIэу. Хабзэгъэув Хасэ нэхъыщхьэм XIX лIэщIыгъуэм къэсыху кърагъэблагъэу щытар цIэрэ щхьэрэ зиIэ пщыхэрт, я уэркъхэр я гъусэу. Ауэ а лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм къраджэу хуежьащ цIыхубэм я лIыкIуэхэри. И зэхэтыкIэкIэ Адыгэ Хасэр инджылыз лордхэм я зэIущIэм хуэбгъадэ хъунут. Апхуэдэу екIуэкIащ урыс пащтыхьым и администрацэ хабзэхэр Къэбэрдей щIыналъэм щагъэувыху. Абы и ужькIэ хэку унафэ зыщI, хеящIэ къалэн зыгъэзащIэ зэхыхьэу Хасэр щытыжакъым.
  • И теплъэм зихъуэжами, лъэпкъым къыщхьэщыжын, абы и бзэмрэ и хабзэмрэ хъумэн къалэн иIэу Хасэр къэщIэрэщIэжащ. КъыщыщIэрэщIэжари дэнэ жыпIэмэ, — хамэщIырщ. Кавказ зауэжьым и ужькIэ дунейм текъухьа хъуа шэрджэсхэр зэрыгъэгъуэтыжыным, зи гур иуда лъэпкъым зыкъегъэщIэжыным хуэунэтIауэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм лэжьыгъэшхуэ зэфIагъэкIащ. Хэхэс адыгэхэм я япэ щэнхабзэ Хасэр 1899 гъэм Каир къыщызэрагъэпэщыгъащ, аз-Азхьэр университет цIэрыIуэм щеджэ, щезыгъаджэ адыгэ щIалэхэр хэту. «Шэрджэс зэгухьэныгъэ Хасэм» къалэн нэхъыщхьэу зыхуигъэувыжырт Мысырым щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр зэшэлIэжыныр, я бзэр, я хабзэр яфIэмыкIуэдынымкIэ ядэIэпыкъуныр, щIэблэр гъэсэныр, Кавказым, Тыркум ис адыгэхэр зэпыщIэныр, нэгъуэщIхэри. Абыхэм ящыщ гуэр а зэман гугъум лъэпкъым хуэблэжьынми лIыгъэшхуэ пылът.
  • И зэфIэкIкIэ Каир Хасэм куэдкIэ щхьэпрыкIыжауэ щытащ Тыркум Iэпхъуа адыгэхэм 1908 гъэм Истамбыл къыщызэIуахауэ щыта «Черкес теаун джемиети» ФIыщIэ Хасэр. Абы бзэр, хабзэр, лъэпкъ тхыдэр сабийхэм щрагъэджыну пэщIэдзэ еджапIи къыщызэIуахат. А Хасэращ «Гъуазэ» адыгэ газетыр япэу дунейм къытезыгъэхьари.
  • Истамбыл Хасэмрэ «Гъуазэм» и лэжьакIуэхэмрэ фIыщIэ жыг щIахухэпсэн лэжьыгъэ зэфIагъэкIащ хэкур ябгынэу Тыркум адыгэхэр Iэпхъуэныр къызэтегъэувыIэным, лъэпкъыр щIэныгъэм хуэшэным хуэунэтIауэ. А Хасэм и «кIыщым» къыщIэкIащ цIыхубэ лэжьакIуэшхуэ, щIэныгъэлI, узэщIакIуэ цIэрыIуэхэр — Цагъуэ Нурийрэ НэгъущI СуIэдрэ.
  • Каиррэ Истамбылрэ дэс шэрджэсхэм я щапхъэм тету Адыгэ ФIыщIэ Хасэхэр къыщызэIуахыгъащ Сириеми (1927 гъэм — КъунейтIрэ; 1948 гъэм — Дамаск), Иорданиеми (1932 гъэм — Амман), Израилми (1953 гъэм — Кфар-Камэ), ди лъэпкъэгъухэр нэхъыбэу щыпсэу нэгъуэщI къэралхэми. Хэхэс адыгэхэм я Iуэху дагъэкIыу, я бынхэр лъэпкъ хабзэхэм щIапIыкIыу, бзэм, тхыдэм щыхурагъаджэу Хасэхэр нобэ щолажьэ Тыркум, Сирием, Иорданием, Израилым, Германием, США-м, Голландием, Инджылызым, Эстонием, Франджым, Австралием, Хьэрып Эмиратхэм. Ахэр еунэтI зи IуэхущIа-пIэр Налшык дэт Дунейпсо Адыгэ Хасэм.
  • Дэ дызэреплъымкIэ, хэхэс адыгэхэм я Хасэхэм я щапхъэм тету, абы ягъэзащIэ къалэным хуэдэи пщэ дэлъущ блэкIа лIэщIыгъуэм и90 гъэхэм я пэщIэдзэм Къэбэрдей-ми Хасэр къызэрыщыунэхужар.
  • Япэ илъэсхэм апхуэдэущ зэрыщытари. Лъэпкъ интеллигенцэм щыщхэр зэхыхьэурэ дунейм и Iыхьэ ханэр зыIыгъ къэралыгъуэшхуэм къыщыхъу зэхъуэкIыныгъэхэм зэрахущыт щIыкIэр, я Iуэху еплъыкIэхэр къыщаIуатэ зэIущIэхэр ирагъэкIуэкIырт. ЩIэныгъэлIхэм, тхакIуэхэм, журналистхэм, студентхэм, къызэрыгуэкI къулыкъущIэхэм утыку къралъхьэрт лъэпкъ тхыдэм, бзэм, хабзэм, щIыуэпсым пыщIауэ нэхъ зыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэр, абыхэм я зэфIэхыкIэ хъунуми тепсэлъыхьырт. Лъэпкъым и фIыщIэ къэзылэжьа и цIыхухэр, хамэ хэгъэгу къикIа хьэщIэхэр кърагъэблагъэрти, ягъэлъапIэрт, я псалъэ гуапэ зэхрагъэ-хырт, езыхэми едаIуэрт.
  • Дэ зи гугъу тщIыр ЕгъэджакIуэм и унэу Налшык дэтым щекIуэкIыу щыта пшыхьхэрщ. Апхуэдэу ежьащ Къэбэрдей Адыгэ Хасэр, иужькIэ и хабзэри, и программэри къащтэу зэгухьэныгъэ теплъэ зыгъуэтар. Къэбэрдей лъэпкъыр абы куэдкIэ щыгугъырт: ди тхыдэм и тэмэмыпIэр убзыхуным, лъэпкъ хабзэр къыдэхыжыным, адыгэбзэм хуэфащэ увыпIэ егъэгъуэтыжыным, зэманым къыздихьа мыхъумыщIагъэхэм (фадэм, афияным, щIэпхъаджащIэ гупхэм) щIэблэр щыхъумэным теухуауэ.
  • Апхуэдэ щIыкIэкIэ Адыгэ Хасэр къызэфIэуващ. Абы и псалъэр пхигъэкIыф, цIыхухэр къигъэдэIуэф хъуащ. Адыгэм и псэм щигъафIэ гуращэ дахэхэм хуэгъэпса зэщIэхъееныгъэм зиубгъуурэ, ар ди жылагъуэ псоми нэсащ. Хасэм къару зэригъуэтыр зылъэгъуа цIыху зыбгъупщI абы щыгъуэ утыкуакIуэ хъууэ хуежьащ. ЗэрыжаIэу, цIэи щхьэи ямыIэу, ауэ псори ягъэIущыжыну, «гъуэгу захуэ трагъэувыжыну» хэт гупым, укIытэрэ хабзэрэ зыхэлъ, зи гъащIэр лъэпкъ щIэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ щхьэузыхь хуэзыщIа нэхъыжьхэр хуэм-хуэмурэ трагъэкIуэтри, бжьыпэр зыIэрагъэхьащ.
  • КIэщIу жыпIэмэ, ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэм къыдекIуэкI «Зыгъаси, хасэм кIуэ» псалъэжьыр IэщIыб ящIащ. НэгъуэщIкIэ абы уеджэ хъуну дэ тщIэркъым. Хасэм и унафэщIу теувахэм я мурадыр къэнэхуащ, абы и зэхуэсхэм ящыщ зым хабзэр (уста-выр) щызэрахъуэкIыу политикэ Iуэхум зрата нэужь. Жылагъуэ зэгухьэныгъэр щIызэхаша лъэпкъ лъапIэныгъэхэр лъэныкъуэ ирагъэзри, къэрал унафэр зыIэрагъэхьэныр я мурад нэхъыщхьэу ягъэуват. ГъэщIэгъуэнракъэ, къулыкъушхуэ зэрызрагъэгъуэтынури хэхыныгъэхэм хэмыту, абыхэм щытемыкIуэут.
  • Арати, пэкIухэр къежьащ, зэпэщIэувэныгъэмрэ зэщыIеиныгъэмрэ заубгъуу хуежьащ. ЗымащIэт къэнэжар Шэшэныр насыпыншагъэ ин дыдэм хуэзыша гъуэгум дытрашэным. Ауэ лъэпкъым псынщIэу зыкъищIэжащ, зэхигъэкIащ пэжымрэ пцIымрэ икIи, игъащIэми къыдекIуэкI Iущыгъэм и фIыгъэкIэ, щыхупIэм дыкъыбгъэдишыжащ. ЦIыхубэм даIыгъакъым лъэпкъ Iуэхум щхьэхуещагъэ хэзылъхьэну хущIэкъуахэр.
  • Абы щыгъуэщ лъэпкъыр зэрыукIыта пшыналъэ бгъунлъар узэщIыжын хуейуэ къалэн къыщыдэкIар. Арыншауэ хъунутэкъым. А зэщIэхъееныгъэр къыщIежьа Iуэхугъуэхэр — лъэпкъ зэхэщIыкIыр къэIэтыжыныр, бзэм, щэнхабзэм зегъэужьыныр, ижь-ижьыж лъандэрэ къыддекIуэкI хабзэхэр къэгъэщIэрэщIэжыныр, щIэб-лэр фIым хуэгъэсэныр — пхызыгъэкI къару адыгэхэр хуэныкъуэнут. Абы къыхэкIыу 2000 гъэм и бадзэуэгъуэ мазэм жылагъуэ зэгухьэныгъэм зимычэзу и зэхуэсышхуэ едгъэкIуэкIын хуей хъуащ. Абы и лIыкIуэхэр хабзэм тету КъАХ-м и щIыналъэ къудамэхэм я зэIущIэхэм IэIэткIэ щыхахат. Съездым унафэ зыбжанэ къищтащ, и уставри Урысей Федерацэм щызекIуэ къэрал хабзэхэм езэгъ ищIащ. Нэхъ иужьыIуэкIэ а псоми Дунейпсо Адыгэ Хасэм и V Конгрессри арэзы техъуащ.
  • Ауэ Iуэхур абыкIэ иухакъым. Суд хьэлэбэлыкъым дыхуэкIуащ. Дэ къытпэщIэтхэм ягу техуэртэкъым захуагъэр зэрызэфIэувэжар, КъАХ-м и къалэн нэхъыщхьэхэр зи гугъу тщIа лъэпкъ лъапIэныгъэхэм зэрытриухуэжар. Ауэ къаугъэ къаIэтыну сыт хуэдиз Iэмал къамыулъэпхъэщами, зыри къикIакъым. КъыщIикIын лъабжьи щыIэтэкъым. ИкIэм-икIэжым Iуэхур тэмэму зэфIэкIащ — Къэбэрдей-Балъкъэрым и Суд Нэхъыщхьэм диIыгъакъым абыхэм къагъэувхэр. Урысей Федерацэм и Суд Нэхъыщхьэм ахэр иужькIэ щытхьэусыхэжат, ауэ абыи зэрыщыту къигъэнэжащ Налшык щащIа унафэр.
  • Мы псор щIыжытIэр кIыхьлIыхьу екIуэкIа суд Iуэхухэм мазибгъум щIигъукIэ хуиту дызэримыгъэлэжьарщ.
  • ИтIани, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм иригъэкIуэкI лэжьыгъэм теухуауэ, иужьрей илъэс 19-м республикэм къыщыдэкI газетхэмрэ журналхэмрэ къытрадзахэм, телевиденэмрэ радиомрэ къатахэм ятепщIыхьмэ, жыпIэфынкъым зыри дымыщIэу дыщысауэ.
  • Лъэпкъым къыхуэщхьэпэну сыт хуэдэ Iуэхуми жэуаплыныгъэр зыхэтщIэу дыбгъэдохьэ. Къыттралъхьа пцIым дызэгуигъэпами, ар сэтей къэщIыным зэман тегъэкIуэдэн хуей хъуами, нэхъыщхьэращи, лъэ быдэкIэ къэдгъэувыжащ Къэбэрдей Адыгэ Хасэр. Дызэрылэжьа пIалъэм, 2000 гъэ лъандэрэ, КъАХ-м IуэхуфI куэд зэфIигъэкIащ, къыпэщылъри нэхъыбэжщ. Хасэм Iуэхум щIэрыщIэу хузэщIигъэуIуэжащ лъэпкъым и къэкIуэнум егупсыс, абы игъэпIейтей и цIыху пэрытхэр. Къуажэхэм, къалэхэм, щIыналъэхэм (районхэм) щылажьэ къудамэхэри къигъэщIэрэщIэжащ. А Iуэхум къыхишащ пщIэ зэхуащI нэхъыжьыфIхэр, егъэджакIуэ-гъэсакIуэхэр, хэкупсэ нэсхэр, жылэ унафэщIхэр.
  • ЩIэблэм гъэсэныгъэ тэмэм егъэгъуэтыным, я анэдэлъхубзэр фIыуэ ялъагъуу, къабзэу ирипсалъэу къэгъэтэджыным нэхърэ нэхъапэ сыт щыIэ? Аращ зыхуэлажьэр «Си бзэ — си псэ, си дуней» республикэпсо зэпеуэр. Къэбэрдей Адыгэ Хасэмрэ «Адыгэ псалъэ» газетымрэ я жэрдэмкIэ, илъэс 20 и пэкIэ зи гугъу тщIы зэпеуэр ежьа хъуащ. 2008 гъэм а Iуэху дахэр къыддащтащ КъШР-м щыIэ шэрджэс школхэм, мэздэгу къэбэрдейхэм я еджапIэхэм. Ар хуабжьу сэбэп мэхъу адыгэбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэ-хэм я Iэзагъым хагъэхъуэнымкIэ, еджапIэхэм анэдэлъхубзэм и пщIэр къыщыIэтыжынымкIэ, сабийхэр абы дегъэхьэхынымкIэ. «Ди щхьэр лъагэу дывгъэлъагъужащ, къэралым, Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкI еплъыныгъэхэм зи зэфIэкI щызыгъэлъагъуэ ди лэжьэгъухэм дехъуапсэрти, иджы дэри апхуэдэ Iэмал дывгъэгъуэтащ», — къыджаIэрт адыгэбзэмрэ литературэмрэ езыгъэджхэм. БлэкIа илъэсхэм «Си бзэ — си псэ, си дуней» зэпеуэм хэтащ еджапIи 100-м щIигъу, егъэджакIуэ, еджакIуэ мин бжыгъэхэр.
  • «Си бзэ — си псэ, си дуней» республикэпсо фестиваль-зэпеуэм текIуэныгъэ къыщызыхьа егъэджакIуэхэр дгъэкIуащ Москва, Санкт-Петербург, Самарэ къалэхэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэхэм икIи мызэ-мытIэу япэ увыпIэ-хэр щызыIэрагъэхьащ. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, КъАХ-м и Хасащхьэм хэт, Налшык къалэм дэт 13-нэ гимназием и унафэщIым и къуэдзэ Хур Мадинэ 2010 гъэм «Урысейпсо мастер-класс» зэпеуэм и саугъэт нэхъыщхьэр — «Дыжьын къабзийр» — къыщыхуагъэфэщащ. Нэгъабэ адыгэбзэмрэ литературэмрэ езыгъэдж цIыхуи 153-рэ дгъэлъэпIащ, саугъэтхэр еттащ. Абы къикIращи, анэдэлъхубзэм, хабзэм, тхыдэм хуащI гулъытэм хэхъуэ зэпытщ, ар лъэпкъыр къызэрыщIэрэщIэжым и нэщэнэфIщ.
  • Анэдэлъхубзэм къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ ар адрей лъэпкъхэм къахэзыгъэщхьэхукI гупсысэкIэр, дуней еплъыкIэр. Дэ куэдрэ жыдоIэ «адыгэрзы дыхъужын хуейуэ», ауэ, дэ дызэреплъымкIэ, япэу зы дызэрыхъужын хуейр щIыналъэкIэкъым, атIэ ди гупсысэкIэмкIэщ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, къэрал зэпэщхьэхуэ щыпсэу, идеологие зэтемыхуэхэм щIапIыкI щIэблэм я дуней еплъыкIэмрэ къэзыухъуреихьхэм хуаIэ щытыкIэмрэ зэщхьэщымыкIынкIэ Iэмал иIэкъым. Дэнэ щIы-пIи щыпсэу адыгэхэм зы лъэпкъ гупсысэ яIэным, я Iуэху еплъыкIэр гъунэгъу зэхуэщIыжыным ехьэлIауэ Хасэм куэд елэжь.
  • Зи гугъу тщIыр ДАХ-мрэ КъАХ-мрэ нэхъ дызэгугъухэм ящыщ зыщ. ХаситIри гуащIафIэу ядолажьэ адэжь щIыналъэм къэзыгъэзэжа ди лъэпкъэгъухэм. БлэкIа илъэситхум цIыху 400-м нэс Хасэм къытхуеблэгъащ, хамэ къэралхэм къикIыжауэ. Ахэр ягъэпIейтей зыIууэ гугъуехьхэм, я бынхэм бзэр егъэджыным, IэщIагъэ щызрагъэгъуэт еджапIэхэм щIэгъэтIысхьэным, паспорт къахудэхыным, унагъуэ хъуахэм нэчыхь яхуегъэтхыным, нэгъуэщIхэми. Зы цIыху абыхэм ящыщу щIэдгъэкIыжакъым, гулъытэ имыгъуэтауэ. Абыхэми дадоIэпыкъуф, властхэм дадолажьэ, дапыщIауэ дыщытщи, дызэгуроIуэри.
  • Дунейпсо Адыгэ Хасэм и лIыкIуэхэм драгъусэу дыщыIащ ди лъэпкъэгъухэр нэхъыбэу зэрыс къэралхэм — Тыркум, Сирием, Иорданием, Израилым, Германием, абыхэм щыпсэу адыгэхэм я псэукIэр зэдгъэлъэгъуащ. Ди хэкуэгъухэм я щэнхабзэ гъэлъэгъуэныгъэхэм жыджэру дыхэтащ. Налшык, Черкесск къыщыдэкI тхылъхэр, газетхэр, журналхэр хэхэсхэм яIэрыдогъэхьэ. Къэбэрдей-Балъкъэр телевиденэм абыхэм папщIэ игъэхьэзыр нэтынхэр къызыдогъэпэщ, «Нарт-ТВ» дунейпсо каналым (Иордание) идогъэхь.
  • Сирием, Иорданием, Тыркум, Израилым я Адыгэ Хасэхэм я унафэщI-хэм дазэрыгурыIуам тету, иужьрей илъэсхэм а къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я сабийуэ 400-м щIигъу КъБР-м щылажьэ гъэмахуэ лагерхэм зыщедгъэгъэпсэхуащ. КъуэкIыпIэ Гъунэгъум, Мэздэгу къикIа ныбжьыщIэхэм ядолажьэ адыгэбзэм, хабзэм, лъэпкъ тхыдэм хуезыгъаджэ IэщIагъэлIхэр, Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыпIэ дахэхэр ядогъэлъагъу, цIыкIухэр адыгэ унагъуэхэм щыдогъэхьэщIэ. Ди хэкуэгъухэм я бынхэу Налшык и еджапIэ нэхъыщхьэхэм щIэсхэм дакIэлъоплъ, я Iуэху зэтет зыдогъащIэ, ди лэжьыгъэм къыхыдошэ.
  • Фигу къэдгъэкIыжынщи, КъАХ-м и проект щхьэхуэу илъэс зыбжанэ хъуа-уэ хамэ къэралхэм щекIуэкI Iуэхугъуэхэм «Адыгэ псалъэм» и журналистхэр хэтщ, газетым ятхыжым и мызакъуэу, телевиденэмкIэ фильмхэр къыдогъэлъэгъуэж. Апхуэдэу Тыркум, Израилым, Германием илъэс зэхуэмыдэхэм къитха нэтын гъэщIэгъуэнхэр «1 КБР» телеканалым къитыжащ, абы интернеткIи уеплъ хъунущ. ДяпэкIи апхуэдэ нэтынхэм къыпытщэну ди мурадщ.
  • Мы Iуэхум гуэпх хъунукъым пыщIэныгъэшхуэ яхудимыIэурэ къекIуэкIа щIыналъэхэри. Дэ запытщIащ Краснодар крайм и Успен щIыналъэмхыхьэ Кургъуокъуей, Бэчмырзей, Щхьэщэхуж къуажэхэм. А жылэхэм щопсэу беслъэнейхэр, къэбэрдейхэр, абазэхэхэр, бжьэдыгъухэр. Абыхэм хасэ IуэхукIэ Адыгейми Къэрэшей-Шэрджэсми икIыу зэи зыри яхуэкIуатэкъым.
  • КъБР-м икIа лIыкIуэхэр (Нэхущ Заурбий, Сэхъурокъуэ Хьэутий, КъБКъУ-м и проректор Шыбзыхъуэ Азэмэт, дэри дахэту) гуапэу драгъэблэгъащ. ХьэщIэхэм къаIущIащ Краснодар крайм и Хабзэгъэув Зэхуэсым и тхьэмадэ Бекетов Владимир, район унафэщIхэр. Крайм и тхьэмадэхэм ди лъэIукIэIуэхуфIхэр зэфIагъэкIащ Щхьэщэхуж, Бэчмырзей, Кургъуокъуей къуажэхэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным хуэунэтIауэ. Япэм Хасэ гугъу щащIу щымыта жылищым илъэс зыбжанэ хъуауэ щолажьэ цIыхубэ зэгухьэныгъэр.
  • Адыгэ мини 10 щыпсэу Осетие Ищхъэрэм и Мэздэгу, Ставропольем и Курской районхэм илъэс къэс тIэу-щэ далъоIэс. Мэздэгу къэбэрдейхэр щIыналъитIым игуэшами, ахэр быдэу зэкъуэтщ, я гуфIэгъуи гузэвэгъуи зэгъусэу дах. Мэздэгу Хасэм и тхылъхэр гъэхьэзырынымкIэ, къэралым егъэтхынымкIэ дадэIэпыкъуащ, икIи ахэр 2018 гъэм ДАХ-м и зы къудамэ хъуащ. Иналхьэблэ (Аваловэ) щыпсэу ди къуэшхэм ягъэхьэзыра «ВакIуэдэкI» махуэшхуэми, нэгъуэщI гуфIэгъуэ зэхыхьэхэми илъэс 18 хъуауэ дыхэтщ. Мэздэгу адыгэхэр ящыщщ зи лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэр нэхъ жыджэру зыхъумэжхэм. Абы ипкъ иткIэ, щIэх-щIэхыурэ фестивалхэр къызэрагъэпэщ, дэри зэи абыхэм дыхэныркъым. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, «Мэздэгу адыгэхэм я зэгухьэныгъэ» лъэпкъ-щэнхабзэ жылагъуэ зэгухьэныгъэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 25-рэ зэрырикъур нэгъабэ ягъэлъэпIащ. КъБР-м икIа гупышхуи Мэздэгу дыкIуащ, артистхэр ди гъусэу, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къардэн Муратрэ ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутийрэ ди пашэу.
  • Апхуэдэуи Нартсанэ щыIэ Адыгэ Хасэм и лэжьыгъэми щыгъуазэ зытщIащ. Кисловодск дыщыкIуэм здэтшат «Нал цIыкIу» сабий къэфакIуэ гупымрэ «Пщэдджыжь вагъуэ» урысейпсо зэпеуэм щытекIуа уэрэджыIакIуэ Апэнэс Астемыррэ.
  • «Фэтэр зырызым щIэгуэша хъуа» адыгэхэр зэрыгъэцIыхужынырщ, зэрыгъэубыдыжынырщ зытеухуауэ щытар Адыгэ Республикэм хыхьэ Блашэ-Псынэ, Куэшхьэблэ къуажэхэми дызэрыщыIар. Абы и пэ къихуэу «Адыгэ псалъэм» и лэжьакIуэхэмрэ Адыгейм щыщ журналист БрантIы Къазбэчрэ къэбэрдей жылагъуитIым ятеухуа щIэнгъуазэ тхыгъэхэр ягъэхьэзырри, Блашэ-Псынэрэ Куэшхьэблэрэ унагъуэу дэсым ди газет къыдэкIыгъуэ зырыз саугъэту хуашэжащ. Урысейм ис адыгэхэм я лъэпкъ-щэнхабзэ автономием и тхьэмадэ Уэхъутэ Алек-сандр Блашэ-Псынэ дэт курыт еджапIэм сом мин 50 иритащ, школым и къэфакIуэхэм адыгэ фащэ къыхуращэхуну.
  • Къыхэгъэщыпхъэщ Ставрополь дэт Адыгэ щэнхабзэ Хасэми дазэрыдэIэпыкъур. Крайм и щыхьэрым щыпсэу, щеджэ ди лъэпкъэгъухэр къызыщIэзыгъэуIуэ жылагъуэ зэгухьэныгъэр 2018 гъэм ДАХ-м къыхыхьащ. КъБР-м, КъШР-м, Адыгэ Республикэм лъэпкъ лъапIэныгъэу яIэр абы Ставрополь къалэм екIуу щагъэлъагъуэ, дэри мызэ-мытIэу а Iуэху дахэхэм дыхэтащ. Иджыблагъэ ДАХ-м и президентымрэ Кавказ Ищхъэрэм щылажьэ къудамэхэм я тхьэмадэхэмрэ Шапсыгъ Хасэм и зэхуэсышхуэм дыщыIащ.
  • Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и Iуэхур сыт щыгъуи пыщIащ щIыналъэ, къэрал, жылагъуэ, политикэ къулыкъущIапIэхэмрэ IуэхущIапIэхэмрэ икIи республикэ унафэщIхэм ядолажьэ, хабзэм къызэригъэувым тету. Абы и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ лъэпкъ зэныбжьэгъугъэр гъэбыдэныр, зэныкъуэкъухэмрэ щIэпхъаджагъэхэмрэ къэмыгъэхъуным хэлIыфIыхьыныр, жылагъуэр зэгурыгъэIуэныр.
  • Апхуэдэуи лъэпкъым ехьэлIа махуэшхуэхэр къызэрегъэпэщ, щэнхабзэм, бзэм, хабзэм, литературэм, политикэ, экономикэ гъащIэм хуэгъэпса зэIущIэхэр зэхешэ. КъАХ-м и нэIэ тригъэтщ лъагапIэ зыIэрызыгъэхьа адыгэ щэджащэхэм. Жылагъуэ зэгухьэныгъэм и лэжьыгъэм, лъэпкъ гурыгъу-гурыщIэхэм теухуа газетхэр къыдегъэкI, тхыдэм, щэнхабзэм, литературэм, гъуазджэм ехьэлIа тхылъ гъэщIэгъуэнхэри егъэхьэзыр.
  • ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием хэт «Адыгэ ЩIэнгъуазэ» институтым, КъАХ-м я жэрдэмкIэ, «Черкесика» сериер яухуащ. Илъэсихым а къыдэкIыгъуэм щыщу тхылъибл дунейм къытехьащ. Япэ томыр тепсэлъыхьырт ДАХ-м и япэ тхьэмадэ, лъэпкъыр зэрыгушхуэ адыгэлI щыпкъэ Къалмыкъ Юрэ. ЕтIуанэм итщ Лермонтов Михаил Кавказым, шэрджэсхэм ятриухуа поэми 9-р. Адыгэбзэм ахэр къригъэзэгъащ КъБР-мрэ КъШР-мрэ я цIыхубэ усакIуэ Ацкъан Руслан. Ещанэ томыр хухахащ абхъаз тхакIуэ ШинкIубэ Бэгърат и «ЖылакIэ» романымрэ Лохвицкий Михаил и «Уафэгъуагъуэ макъ» повестымрэ. УрысыбзэкIэщ къызэрыдэкIар Вэрокъуэ Владимир и «Амыщ къуажэ» романыр, еплIанэ тхылъым ихуар. Етхуанэ къыдэкIыгъуэр лъысащ дунейпсо литературэм и классик Хьэткъуэ Умар (Омер Сейфеддин). Новеллэ 34-р адыгэбзэм къригъэзэгъащ зэдзэкIакIуэ Iэзэ Къэрмокъуэ Хьэмид. Къаныкъуэ Анфисэ и «Хьэтхэр» тхыдэ романым хухэтхащ «Черкесика»-м и еханэ томыр. Ебланэ тхылъым Iэмал къыдет Лохвицкий Михаил (Аджыкъу Джэрий) и «Уафэгъуагъуэ макъым» адыгэбзэкIэ дыкъеджэну. Ари зи фIыщIэр Къэрмокъуэ Хьэмидщ.
  • «Черкесика»-м хэту зэман гъунэгъум къыдэдгъэкIыну ди мурадщ тхылъ25-рэ хуэдиз.
  • Къэбэрдей Адыгэ Хасэм игъэхьэзыращ «Наши знаменитости» серием хиубыда тхылъ зыбжани: адыгэр зэрыгушхуэ цIыху зэчиифIэхэу КIыщокъуэ Алим, Къэшэж Иннэ, Шемякин Михаил, МэшбащIэ Исхьэкъ, ХьэфIыцIэ Мухьэмэд сымэ ятеухуахэр.
  • Ди проект нэхъ инхэм яхыдобжэ 2011 гъэм щегъэжьауэ къыдэдгъэкI Адыгэ махуэгъэпс-щIэнгъуазэр. Ар лъапIэ зыщIыр ди лъэпкъэгъу цIэрыIуэхэр зэрыдигъэцIыхурщ, ахэр къыщалъхуа махуэхэр зэригъэбелджылырщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм, Шапсыгъым, Москва, Санкт-Петербург, хамэ къэралхэм щыщ, IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм ехъулIэныгъэфIхэр щызыIэрызыгъэхьа ди къуэшхэм, шыпхъухэм я цIэхэм ущрохьэлIэ мы махуэгъэпсым. Дуней псом щыцIэрыIуэ цIыху-хэм адыгэхэм щхьэкIэ жаIахэм, хэхэс шэрджэсхэм ящыщу зи цIэр жыжьэ Iуахэм, лъэпкъым и пщIэр зыIэта хэкурысхэм ятеухуауэ абы ит тхыгъэ кIэщIхэм ар нэхъри купщIафIэ, зыми емыщхь ящI. Аращ махуэгъэпсым щIэнгъуазэкIэ щIеджэри.
  • Илъэс блэкIахэм КъАХ-м хэнейрэ къызэригъэпэщащ «Адыгэ хэхэсхэр», «Дэ куэд щIауэ шэрджэскIэ къыдоджэ» гъэлъэгъуэныгъэхэр. Ахэр Налшыки Черкесски я лъэпкъ музейхэм щагъэлъэгъуащ.
  • Къыхэгъэщыпхъэу къыдолъытэ: КъАХ-м къыхилъхьэурэ лъэпкъым и махуэшхуэ зыбжанэ Дунейпсо Адыгэ Хасэм, КъБР-м и УнафэщIым зэригъэувар. Ахэр мыращ: «Адыгэ ныпым и махуэр» (2010), «Адыгэ фащэм и махуэр» (2013), «Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэр» (2014), «Адыгэшым и махуэр» (2015), «Нарт эпосым и махуэр» (2018).
  • Къэбэрдей Адыгэ Хасэм иригъэкIуэкI IуэхуфIхэм ящыщщ Кэнжэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм илъэс етхуанэ хъуауэ къыщызэригъэпэщ «Адыгэ пщащэ» республикэ зэпеуэр.А пIалъэм къриубыдэу хъыджэбз щIыкIафIэу 80 хуэдиз хэтащ а зэхьэзэхуэм. Пщащэхэм утыку кърахьэ къызыхэкIа лъэпкъым, унагъуэм я ехъулIэныгъэхэм, хабзэм, лъэпкъым и тхыдэм, адыгэ Iэнэм ятеухуауэ яIэ щIэныгъэр. Я акъылым и жанагъыр, я бзэм и шэрыуагъыр, я гупсысэкIэр, адыгэ щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ хащIыкIыр, нэгъуэщIхэри абдеж наIуэ къыщохъу. ИкIи текIуа пщащэхэри, зэпеуэм хэта дэтхэнэ зыри ди гуапэу доIэт. Дызэрыт илъэсым догъэхьэзыр адыгэ щауэхэр утыку къитшэну.
  • Уи фIыр бгъэлъапIэмэ, лъэпкъыр бгъэгушхуэу аращ. КъАХ-м къыхилъхьэри, «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 80 щрикъум, «Адыгэ лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэ» цIэ лъапIэр Дунейпсо Адыгэ Хасэм абы фIищащ. Илъэс дэкIри, апхуэдэ пщIэ лъагэ къылъысащ «Налмэс» къэрал академическэ къэфакIуэ гупым (Мейкъуапэ). КъАХ-м и жэрдэмкIэ 2013 — 2018 илъэсхэм Налшык щагъэлъэгъуащ продюсер Нэгъаплъэ Аскэрбий триха «Черкесия», «Черкесия. Адыгэ Хабзэ», «Черкесия. Чужбина», «Черкесия. Возвращение», «Черкешенка» документальнэ фильмхэр икIи абыхэм я презентацэхэми дыхэтащ.
  • Иужьрей илъэсхэм, ДАХ-м къыддиIыгъри, дэ дгъэлъэпIащ адыгэ литературэм и классик КIыщокъуэ Алим (2014); Адыгэ, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм я цIыхубэ тхакIуэ, СССР-м, РСФСР-мя Къэрал саугъэтхэм я лауреат, Адыгейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэны-гъэм и тхьэмадэ МэшбащIэ Исхьэкъ (2016), СССР-м и цIыхубэ артист, дирижёр цIэрыIуэ Темыркъан Юрийрэ япэ адыгэ усакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ Къуэдзокъуэ Лэкъумэнрэ (2018) я илъэсхэр. Иджы догъэлъапIэ Къалмыкъ Юрий, Къэшэж Иннэ, Бэчыжь Лейлэ сымэ я илъэсхэр (2019).
  • КъАХ-м илэжь псори гугъущ зэ къэпсэлъэгъуэкIэ, е газет напэкIуэцIкIэ къэбгъэлъэгъуэну. «Адыгэ псалъэм» зэфIэдгъэкIа Iуэхухэм я хъыбархэр къызэрытеддзэм къыхэкIыу, ди щIэджыкIакIуэхэр ди IуэхущIафэхэм щыгъуазэщ.
  • ХЬЭФIЫЦIЭ Мухьэмэд,
  • Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ,
  • «Адыгэпсалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ.
  •  
  • КъАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупыр
  • ХьэфIыцIэ Мухьэмэд — Налшык къ.
  • Лъхукъуэщауэ Хьэбас — Налшык къ.
  • Щоджэн Iэминат — Налшык къ.
  • НэщIэпыджэ Замирэ — Къэхъун къу.
  • Щомахуэ Залинэ — Инарыкъуей къу.
  • Нэзрэн Вячеслав — Шэджэм къ.
  • НафIэдз Мухьэмэд — Щхьэлыкъуэ къу.
  • Шал Хъусен — Къэрэгъэш къу.
  • Зыхьэ Оксанэ — Мысостей къу.
  • Табыщ Мурат — Зеикъуэ къу.
  • Ацкъан Руслан — Налшык къ.
  • Тэтрокъуэ Астемыр — Сэрмакъ къу.
  • Къумахуэ Аслъэн — Лэскэн II къу.
  • Едыдж Едыдж — Налшык къ.
  • Борэ Эльдар — Налшык къ.
  •  
  • КъАХ-м и Къэзыпщытэ-къэзыбж гупыр
  • ТекIужь Заретэ — унафэщI (Арщыдан)
  • НафIэдз Мухьэмэд(Щхьэлыкъуэ)
  • Къэгъэзэж Заур(Псынабэ)
  •   
  • КъАХ-м и Хасащхьэр
  • ХьэфIыцIэ Мухьэмэд — тхьэмадэ;
  • Лъхукъуэщауэ Хьэбас — тхьэмадэм и къуэдзэ;
  • Щоджэн Iэминат — тхьэмадэм и къуэдзэ;
  • НэщIэпыджэ Замирэ — тхьэмадэм и къуэдзэ;
  • Щомахуэ Залинэ — жэуап зыхь секретарь;
  • НафIэдз Мухьэмэд — Налшык къалэ Хасэ;
  • Ахъсор Хьэлым — Джылахъстэней щIыналъэ Хасэ;
  • КъущхьэтIу Хьэутий — Аруан щIыналъэ Хасэ;
  • Нэзрэн Вячеслав — Шэджэм щIыналъэ Хасэ;
  • Атэлыкъ Альберт — Лэскэн щIыналъэ Хасэ;
  • Абазэ Хъусен — Бахъсэн къалэ Хасэ;
  • Къэзан Заур — Бахъсэн щIыналъэ Хасэ;
  • Балъкъэр Руслан — Iуащхьэмахуэ щIыналъэ Хасэ;
  • Жылокъуэ Мухьэмэдин — Шэрэдж щIыналъэ Хасэ;
  • Шал Хъусен — Прохладнэ щIыналъэ Хасэ;
  • Зыхьэ Оксанэ — Налшык къалэ Хасэ;
  • Уэршыкъуэ Леонид — Дзэлыкъуэ щIыналъэ Хасэ;
  • Ует Хьэсэн — Бахъсэн щIыналъэ Хасэ;
  • Унэж Кашиф — Налшык къалэ Хасэ;
  • Табыщ Мурат — Бахъсэн щIыналъэ Хасэ;
  • Ацкъан Руслан — Налшык къалэ Хасэ;
  • Къэгъэзэж Заур — Аруан щIыналъэ Хасэ;
  • ЗэрамыщIэ Заремэ — Джылахъстэней щIыналъэ Хасэ;
  • Хьэгъэжей Беслъэн — Шэджэм щIыналъэ Хасэ;
  • Тэтрокъуэ Астемыр — Дзэлыкъуэ щIыналъэ Хасэ.