ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Мыхьэнэшхуэ  зиIэу  къалъытэ

2019-06-04

  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мэкъуауэгъуэм и 1 — 3-хэм щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэм шэщIауэ зиужьыным хуэгъэпса зэхуэсышхуэр. Абы и къызэгъэпэщакIуэщ УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэм и Аппаратыр, «Урысей зэкъуэт» Урысейпсо политикэ партыр, КъБР-м и Правительствэр, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым социально-консервативнэ политикэмкIэ и центрыр.

  • Форумым хухаха махуищым къитIасэу къызэрагъэпэща зэIущIэхэм щытепсэлъыхьащ хэгъэгухэм ухуэныгъэщIэхэр зэрыщегъэ- кIуэкIыпхъэм, бгылъэ щIыпIэхэм зегъэужьыным, къызэрымыкIуэ щытыкIэхэм къашэ тхьэмыщкIагъэхэр гъэмэщIа хъун папщIэ зэфIэгъэкIыпхъэхэм, экологием хэщIыныгъэу игъуэтхэр гъэзэкIуэжыным хуэунэтIа Iэмалхэм, тхыдэм, щэнхабзэм я щIэинхэмрэ унагъуэхэм ижькIэрэ къадекIуэкI хабзэ дахэхэмрэ зэрахуэсакъыпхъэм, цIыхухэр узыншэу псэун папщIэ лэжьыпхъэхэм. КъищынэмыщIауэ, форумым щызэрихьэлIа IэщIагъэлIхэр къытеувыIащ бжыгъэхэм ятещIыхьа экономикэм зиужьыным хуэунэтIауэ зэхагъэува проектыщIэхэм, егъэджэныгъэм къыщыхалъхьэ технологиещIэхэм, нэгъуэщIхэми.
  • Дызэрыщыгъуазэщи, илъэс зыбжанэ ипэкIэ къыхалъхьауэ щыта лъэпкъ проектхэм Iуэху куэд дыдэ къызэщIаубыдэ. Псалъэм папщIэ, ахэр зыхуэгъэзар демографие щытыкIэм фIы и лъэныкъуэкIэ зегъэхъуэжынырщ, цIыхухэм я узыншагъэр егъэфIэкIуэнырщ, егъэджэныгъэм IэмалыщIэхэр къыщыгъэсэбэпынырщ, къалэхэр зэIузэпэщ щIынырщ, щIыуэпсыр хъумэнырщ, гъуэгухэр егъэфIэкIуэнырщ, хьэрычэт IэнатIэ мыинымрэ курытымрэ, бжыгъэхэм ятещIыхьа экономи-кэм, щэнхабзэм зегъэужьынырщ, къэрал зэхуаку кооперацэмрэ экспортымкIэ унэтIыныгъэщIэхэр зэраубзыхур ди къэралым нэрылъагъу щыщIынырщ. Ахэр псори, щхьэж гъэзэщIа зэрыхъуну щIыкIэм теухуа паспортхэр зэпкърыхауэ къыщыгъэлъэгъуащ УФ-м и Президентым и накъыгъэ указым, 2024 гъэр къихьэху зэфIэгъэкIыпхъэ къалэн нэхъыщхьэхэр къыщыгъэувам. Лъэпкъ проектхэр гъэзэщIэным бюджетым щыщ ахъшэу текIуэдэнущ сом триллион 25,7-м нэблагъэ.
  • Тембот ФатIимэт

    «Лъэпкъ проектхэмрэ Кавказ Ищхъэрэм шэщIауэ зиужьынымрэ» зыфIаща Iыхьэр япэ махуэм КъБКъУ-м щекIуэкIащ икIи ягъэбелджыла Iуэхухэр зэпкърахащ. Зэхуэсым къыщыхагъэщащ утыку кърахьа Iуэхуэхэм Кавказ Ищхъэрэм хиубыдэ щIыналъэ псоми я дежкIэ мыхьэнэшхуэ зэраIэр.

  • ЕтIуанэ махуэм хьэщIэхэм Бахъсэн и псыхъуащхьэхэм щыIэ IуэхущIапIэ зыбжанэм зыщрагъэплъыхьащ. Тырныауз къалэ дэт «Асыл Суу» бдзэжьей гъэхъупIэм и унафэщIхэр абыхэм гуапэу къаIущIащ икIи псыгуэнхэр ирагъэлъэгъуащ, предприятэм и къэунэхукIэ-зыужьыкIэм, и нобэрей щыIэкIэм, дяпэкIэ яхузэфIэкIыну къалъытэхэм щыгъуазэ хуащIащ.
  • Урысейм и щIыпIэ куэдым къикIа щIэныгъэлIхэр, политикхэр, властымрэ жылагъуэмрэ щыщхэр абы и ужькIэ щыIащ КъБКъУ-м Эльбрус къуажэм щиIэ и егъэджэныгъэ-щIэныгъэ комплексым. Иджырей мардэхэм къитIасэу щIэрыщIэу зэрагъэпэщыжа унэ екIум щызэхуэсахэр купщIафIэу лэжьащ.
  • КъБКъУ-м и ректор Алътуд Юрий иригъэкIуэкIа а зэхуэсым хэтахэр, Къэбэрдей-Балъкъэрыр щапхъэу къагъэлъагъуэурэ, тепсэлъыхьащ ищхьэкIэ къыщыхэдгъэщахэм ящыщ «Экологие» лъэпкъ проектыр бгылъэ щIыпIэхэм щыгъэзэщIэнымкIэ щыIэ Iэмалхэмрэ хэкIыпIэхэмрэ.
  • КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и министр ЩоджэнцIыкIу Мурат къызэхуэсахэм гу лъаригъэтащ бгылъэ щIыпIэхэм я экологием хуэсакъыным, абы и хъугъуэфIыгъуэхэр хъумэным хуэгъэзауэ Урысей Федерацэм хабзэ пыухыкIа гуэри нобэр къыздэсым зэры щымыIэм, абы къыхэкIыуи апхуэдэр пхыгъэкIын зэрыхуейм.
  • УФ-м и МЧС-м и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и IуэхущIапIэ нэхъыщхьэм и унафэщIым и къуэдзэ Анаев Магомет тепсэлъыхьащ 2017 гъэм Бахъсэн и псыхъуащхьэхэм къыщехауэ щыта ятIэпсхэм къашауэ щыта тхьэмыщкIагъэхэм яужькIэ КъБР-м и щIыналъэм къызэрымыкIуэ щытыкIэхэр къыщымыгъэхъуным ехьэлIауэ зэхагъэува программэм щыщу нэхъыщхьэу къилъытэхэм.
  • Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и академием Бгылъэ щIыпIэхэм я экологиемкIэ и институтым и унафэщI Тембот ФатIимэт, щIыуэпсыр хъумэным ехьэлIауэ ди республикэм иужьрей зэманым щрагъэкIуэкIа Iуэхугъуэхэр тегъэщIапIэ ищIурэ, жиIащ экологиер хъумэным хуэущиин хуейр къызэрыгуэкI цIыхухэм я закъуэу зэрыщымытыр, атIэ щIыуэпсым емыгуэуэным, псом япэрауэ, хьэрычэтыщIэхэр къызэрыхуеджапхъэр икIи иужьрейхэм я IуэхущIафэхэм зэраныгъэу къашэр куэдкIэ зэрынэхъыбэри къыхигъэщащ.
  • «Урысей зэкъуэт» Урысейпсо политикэ партым и Совет нэхъыщхьэм и унафэщIым и чэнджэщэгъу Шувалов Юрий къыщыпсалъэм къыхигъэбелджылыкIащ лъэпкъ проектхэм властым щыщхэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэр, щIэныгъэмрэ егъэджэныгъэ IэнатIэм щылажьэхэмрэ, нэгъуэщIхэри зэрызэкъуагъэувэр.
  • — Ар къэтлъытэри, партым и Совет нэхъыщхьэм хэтхэм иджыблагъэ къызэдгъэпэщащ «ШэщIауэ зыужьын» зыфIэтща гуп. Ар телэжьэнущ Урысей Федерацэм хыхьэ хэгъэгухэм экономикэ и лъэныкъуэкIэ я зэфIэкIымрэ лъэпкъ проектхэр а щIыналъэхэм щыпхыгъэкIынымкIэ щыIэ Iэмалхэр зыхуэдэмрэ къэхутэным, — жиIащ Шувалов Юрий.
  • Форумым кърихьэлIахэр Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым мэкъуауэгъуэм и 3-м аргуэру щызэIущIащ. Зэхыхьэм хэтащ республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек, Урысей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэм и къуэдзэ Стариков Сергей, УФ-м и Къэрал Думэм и депутатхэр, «Урысей зэкъуэт» партым и Совет нэхъыщхьэм щыщхэр, къэралым и министерствэхэмрэ ведомствэхэмрэ я къулыкъущIэхэр, Москва, Санкт-Петербург къалэхэм, Томск, Калининград областхэм, Ханты-Мансийскэ автономнэ округым, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм хыхьэ хэгъэгухэм я IэщIагъэлIхэр, нэгъуэщIхэри.
  • — Мыхьэнэ ин дыдэ зиIэ мыпхуэдэ зэхуэс Къэбэрдей-Балъкъэрым зэрыщекIуэкIам хуабжьу дрогушхуэ, — къыхигъэщащ КIуэкIуэ Казбек. — Сыту жыпIэмэ, ар и щыхьэтщ ди республикэм и пщIэр зэрылъагэми къыщытIэта псалъэмакъхэм дазэрыхуэныкъуэми. Ауэ щыхъукIи, УФ-м и Президент Путин Владимир зэрыжиIауэ, дэтхэнэми лэжьыгъэ ин дыдэхэр къытпэщылъщ. Абыхэм дазэрехъулIэнур елъытащ властым и къудамэхэр зыр адрейм зэрыдэIэпыкъуми, пэрыт лэжьэкIэу дагъэлъагъухэмрэ иджырей инновацэхэмрэ къызэрыдгъэсэбэпыфми, лъэпкъ проектхэр экономикэ, социальнэ, экологие я лъэныкъуэкIэ зэрызэхэгъэщхьэхукIар къыдгурыIуэу, ящыщ дэтхэнэми бгъэдыхьэкIэ хэхахэр къазэрыхуэдгъуэтыфми.
  • Стариков Сергей къыщыпсалъэм къыхигъэщащ, КИФЩI-м геостратегие и лъэныкъуэкIэ зыми емыщхь увыпIэ телъыджэ зэриIэр къэлъытауэ, щIыналъэм зэпIэзэрыту зиужьын папщIэ, инфраструктурэм халъхьэ инвестицэхэри щIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэхэри и чэзум къэгъэсэбэпын зэрыхуейр.
  • Зэхуэсышхуэм кърихьэлIахэм къызэрыхагъэщамкIэ, къыщыхалъхьа жэрдэмхэм иджыри зэ щытепсэлъыхьыжынущ Санкт-Петербург мы гъэм къыщызэрагъэпэщыну я мурад, экономикэм хуэгъэпса зэхыхьэшхуэм, апхуэдэуи, «Кавказ Ищхъэрэм шэщIауэ зиужьынымкIэ форум» зи фIэщыгъэ мыпхуэдэ зэIущIэхэр КИФЩI-м хыхьэ хэгъэгухэм чэзу-чэзукIэрэ дяпэкIи щрагъэкIуэкIынущ.
  •  
  • КЪУМАХУЭ Аслъэн.