Сокъур Алим и къулыкъущIэ
2019-06-04
- «Россельхозбанк» АО-м и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщIу Сокъур Алим ягъэуващ.
- Сокъур Алим Олег и къуэр 1985 гъэм бадзэуэгъуэм и 7-м къыщалъхуащ КъБР-м и Аруан районым хыхьэ Нарткъалэ.
- Урысейм и МИД-м и МГИМО-р къиухащ.
- 2007 — 2009 гъэхэм ар лэжьащ ЩIыналъэхэм зэдай клиринг коммерческэ банкым и правленэм и унафэщIым менеджмент IуэхухэмкIэ и чэнджэщэгъуу, операционно-кассэ управленэм и унафэщIу. «Россельхозбанк» АО-м и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм Налшык къалэ щиIэ 44/11 офисым и Iэтащхьэм и къуэдзэу, иужькIэ Шэджэм къалэмкIэ и офисым и унафэщIу щытащ.
- 2012 гъэм бадзэуэгъуэм щыщIэдзауэ «Россельхозбанк» АО-м и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм и унафэщIым и къуэдзэу лэжьащ. Банкым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщIу 2019 гъэм накъыгъэм и 30-м ягъэуващ.
- УАРДЭ Жантинэ.