Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ К. В. НэщIикIыж хьид махуэшхуэм и щIыхькIэ цIыхухэм зэрехъуэхъур
2019-06-04
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и муслъымэнхэм сохъуэхъу НэщIикIыж хьид махуэ лъапIэмкIэ!
- А махуэшхуэм къызэдехь мамырыгъэрэ зыузэщIыныгъэрэ, къэщIэрэщIэжыныгъэм къыдэкIуэ дэрэжэгъуэр, ухуеущий гуапагъэмрэ гумащIагъэмрэ.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и муслъымэнхэм сыт щыгъуи къагъэлъагъуэ къыддекIуэкI хабзэхэр, унагъуэхэм илъ зэхущытыкIэфIхэр зэрагъэлъапIэр, ахэр жылагъуэ гъащIэм жыджэру хэтщ, апхуэдэуи цIыхухэм яку дэлъ зэгурыIуэныгъэмрэ зызэхэщIыкIыныгъэмрэ гъэбыдэным гулъытэ хэха хуащI. Шэч къытесхьэркъым Къэбэрдей-Балъкъэрым и муслъымэнхэр дин зэмылIэужьыгъуэхэм тетхэм яку дэлъ зэпыщIэныгъэхэм зегъэужьыным, мамырыгъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ республикэм щыгъэбыдэным дяпэкIи зэрытелэжьэнум.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и муслъымэнхэм, республикэм щыпсэу псоми узыншагъэ, насып, зэIузэпэщыгъэ яIэну сохъуэхъу. НэщIикIыж махуэ лъапIэм ди унагъуэхэм гуфIэгъуэрэ гупсэхугъуэрэ кърихьэну си гуапэщ.