ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

АдыгэлI хахуэ Цагъуэ Нурий и Iэужь дахэр

2019-06-04

  • Цагъуэ Айтэч и къуэ Нурий (1888 — 1935 гъгъ.) и цIэр зэхэзымыхарэ абы лъэпкъым хуилэжьам щымыгъуазэрэ къытхэту къыщIэкIынкъым. Ди щIэныгъэлIхэм ямытхауэ щIэщыгъуэ гуэри схужыIэну къыщIэкIынкъым, ауэ жанрым и хабзэхэм дытекIмэ, къагурымыIуэнри хэлъщи, иджыри зэ фигу къэзгъэкIыжынщ а лIы щэджащэм хузэфIэкIар.

  • Цагъуэ зэшыпхъуищыр.

  • Цагъуэ Нурий и къуэш нэхъыщIэ Фазил и унагъуэр и гъусэу.

  • Цагъуэ Тамарэ.

  • Цагъуэ Нурий совет жылагъуэ, политикэ лэжьакIуэщ, адыгэ алыфбейр узэщIакIуэ гупым и гъусэу зэхилъхьащ, Урыс-Кавказ зауэжьым и лъэхъэнэм хэкур зрагъэбгынахэм я щIэблэм щыщщ, Щам щIыналъэм хиубыдэ Бир-Аджам къуажэ цIыкIум 1888 гъэм фокIадэм и 17-м къыщалъхуащ, итщ Википедием. ЩIалэ цIыкIур илъэсих фIэкI мыхъуауэ и адэ-анэр зэкIэлъхьэужьу дунейм ехыжри, зэкъуэшхэр къыхуэнащ я адэ къуэш, тыркудзэм и генерал Цагъуэ Екъуб.
  • Екъуб и къуэш бынхэр ипIащ, IэщIагъэ- щIэныгъэ яригъэгъуэтащ. 1897 гъэм Нурий гимназием щIигъэтIысхьэри къригъэухащ, иужькIэ нэхъыфI дыдэу еджэ ныбжьыщIи 10-м яхэту 1907 гъэм щIагъэтIысхьащ Истамбыл университетым и юридическэ къудамэм.
  • А лъэхъэнэм ирихьэлIэу тырку меджлисым къыхилъхьащ Iуэху телъыджэ — Кавказым икIа мухьэжырхэр хуит къащIащ, Уэсмэн къэралыгъуэм КъурIэныр зэрыщадж тырку тхыбзэжьыр тегъэщIапIэ ящIу, адыгэ алыфбей зэхагъэувэну. Абдеж щыщIидзащ Цагъуэ Нурий и жылагъуэ-щэнхабзэ лэжьыгъэр.
  • «МэшхуэфI Умар, НэгъущI Суад, Мэт Изэт, Чунэтыкъуэ Мухьэмэд-Алий, Хьид Талхьэт, Агъэмыкъуэ Умар сымэ (иджыри зи цIэр сымыщIэж щIалэ зыбжанэ къытхэту) дызэщIыгъуу тырку-хьэрып тхыбзэм-рэ латинымрэ къэдгъэсэбэпурэ адыгэбзэ алыфбейм елэжьын щIэддзат. КъищынэмыщIауэ, ди лъэпкъэгъухэр зыдэс къуажэхэм къыщызэрагъэпэщат лъэпкъ щэнхабзэм зыщрагъэужь IуэхущIапIэхэр», — итхыжащ Нурий иужькIэ.
  • А IуэхущIапIэхэм къекIуалIэхэм ахъшэ зэхадзэурэ, студент гупым зыщIагъакъуэрт, я лэжьыгъэр зэпымыун папщIэ. Апхуэдэу, 1910 гъэм къыдэкIын щIидзащ Цагъуэ Нурий зи унафэщI «Гъуазэ» газетыр.
  • 1912 гъэм Нурий университетыр къиу-хащ. А лъэхъэнэращ абы Хьэцыкъ Мэжидрэ КIурашын Iэдэмрэ къыщицIыхуари. Хэкужьым къикIа щIалитIым Нурий Къэбэрдейм кърагъэблэгъащ, егъэджакIуэу щылэжьэну. Илъэс дэкIри, Нурий хэкум къигъэзэжащ, икIи Цагъуэхэ зыдэса Тамбий къуажэм (Дыгулыбгъуей) дэтIысхьэжащ. НэIуасэ къыхуэхъуа къэбэрдей щIалитIым зэрыжаIауи, Нурий щIыпIэ мыдрисэм лэжьапIэ къыщыхуагъуэтащ адыгэбзэмрэ хьисэпымкIэ егъэджакIуэу.
  • 1935 гъэм мазаем и 7-м Цагъуэр яубыдауэ щытащ политикэ щIэпхъаджагъэ зэрихьауэ ягъэкъуаншэу. Ауэ ВКП(б)-м и обкомым и япэ секретарь Къалмыкъ БетIал хузэфIэкI къимыгъанэу хэлIыфIыхьащ Нурий и Iуэхум икIи тралъхьа пцIым щыхьэт техъуэн гуэри щамыгъуэтым, егъэджакIуэр къаутIыпщыжауэ щытащ.
  • А илъэс дыдэм, дыгъэгъазэ мазэу, лэжьыгъэ IуэхукIэ Нурий Налшык къалэ ираджат. Абы кIуэуэ гъуэгу тету, Цагъуэр зэрыс машинэр мылым ирихьэкIщ, гъуэгум тежри, щхьэпридзащ. Шэджэм Къундетей МыдрыщIым деж къыщы- хъуа насыпыншагъэм хиха фэбжьым къелакъым Нурий, сыхьэтитI дэкIри лIащ, щыщIалъхьэжари щыпсэуа къуажэрщ.
  • Аращ, гъэкIэщIауэ, къэпIуатэмэ, Цагъуэ Нурий и гъащIэр къызэрекIуэкIар. Иджы и творческэ лэжьыгъэм и гугъу тщIынщ.
  • Нурий хэкужьым къызэригъэзэжрэ илъэсищ дэкIауэ, ар нэIуасэ хуэхъуащ Дым Iэдэм. ЛIы жыджэритIыр щызэрихьэлIэм, илъэс нэхъ дэмыкIыу къызэIуа-хащ япэ адыгэ тхылъ тедзапIэ. Абы къыщыдагъэкIыу щIадзащ адыгэ тхыбзэм, щэнхабзэм, экономикэм зегъэужьыным теухуа тхыгъэхэр зыгъэнахуэ «Адыгэ макъ» газетыр. Гулъытэ хэха хуащIырт IуэрыIуатэм: къыдэкIыгъуэ къэс газетым къытехуэрт нарт хъыбарыжьхэр, уэрэдхэр, жыIэгъуэхэр, къуажэхьхэр, псысэхэр. А лъэхъэнэм жылагъуэм зиужьын щIидзащ икIи лъэпкъылI куэд щызэхуэсырт Щэнхабзэм и Бахъсэн IуэхущIапIэм. Ахэр тепсэлъыхьырт художественнэ литературэм, хьэрып алыфбейр тегъэщIапIэ ящIу ягъэпса адыгэ тхыбзэм зегъэужьын зэрыхуейм.
  • А гукъыдэжым зэрихьэ узэщIакIуэхэм я къарур зэхалъхьэри, 1917 гъэм Кушмэзыкъуей къыщызэрагъэпэщащ иджыри зы мыдрисэ. Абы щрагъэджырт тхыдэр, хьисэпыр, диныр, нэгъуэщIхэри. Цагъуэм игу илъат апхуэдэ еджапIэхэр Налшык къали къыщызэригъэпэщыну. Ауэ къызэщIэхъея революцэм къызэпиудащ узэщIакIуэм ирихьэжьа Iуэху щхьэпэр.
  • 1919 гъэм Цагъуэр Налшык къалэ ираджащ «Адыгэ» газетым и редактор нэхъыщхьэу. А къулыкъур мазэ фIэкI зэримыхьауэ, Нурий редакцэм къыIукIыжащ, лъэпкъыр куэдкIэ зыщыгугъ, зэфIэкI хьэлэмэтхэр къызылъыкъуэкIа щIалэщIэ ЩоджэнцIыкIу Алий езым и пIэ иригъэувэри.
  • 1924 гъэм ирихьэлIэу Цагъуэм лэжьыгъэ зыбжанэ зэдихьырт: абы ЛУГ-м, Налшык и курыт еджапIэ зыбжанэм адыгэбзэмкIэ щригъаджэрт, Тамбий къуажэ дэт курыт еджапIэм и унафэщIт…
  • Тхылъхэмрэ интернетымрэ щумыгъуэ-тын щыIэ! Мыращ, кIэщIу жыпIэмэ, Цагъуэ Нурий теухуауэ дэтхэнэми ищIэр. Сэри абы нэсу къыщIэкIынт хэсщIыкIынур, Нурий ипхъу нэхъыщIэ Тамарэ зэрыузыншэр, къызэпсэлъэну гупыж зэри-щIар телефонкIэ къызжамыIатэмэ. Хэт и гугъэнт сыкъыщалъхуа Дыгулыбгъуей къуажэр адыгэ щIэныгъэм и гущэу цIэрыIуэ зыщIа лIы щэджащэм и бын срихьэлIэну?!
  • Цагъуэ Нурий ипхъу Тамарэ, бзылъхугъэ щIыкIафIэр, жаныр, зэпIэзэрытыр, и адэм хуэфэщэж быныр, зэрыжаIауи, къызэжьэрт, и Iэнэр зэтет хьэзыру. Зи ныбжьыр илъэс 90-м фIэкIыжа цIыхубзым «нанэ» хужыпIэну къебгъэкIуркъым: абы и пкъыр уардэу иIыгъщ, и щхьэр лъагэу Iэтауэ щысщ, и нэр къогуфIыкI, щIыкIафIэу и Iэр и куэщIым щызэтедзауэ шэнтым тесу къызоплъ, мэгуфIэ.
  • — Цагъуэ Нурий теухуауэ тхылъымрэ газетымрэ трамыдза, зыми имыщIэ гуэрым и гугъу къысхуэпщIамэ нэхъ къэсщтэнут, Тамарэ.
  • — Ди адэр Уэсмэн къэралыгъуэм къыщалъхуащ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, хэкужьым пэжыжьэу дунейм къытехьащ си адэри, абы и къуэшхэри. Дауэ къып- щыхъурэ илъэсих фIэкI умыхъуу уи адэ-анэр пщхьэщыкIыну! Насып яIэти, адэ къуэшыфI къащхьэщытащ, щIалэхэр зыхуей хуигъэзащ, иригъэджащ. Узэрыщыгъуазэщи, си адэр 1913 гъэм Къэбэрдейм къигъэзэжащ, тегушхуэри. Дунейм къыщытехьар а щIыпIэ жыжьэрами, фIэхамэт ар ди адэм, и псэр мыбыкIэ къеIэрт. КъекIуэлIэжри, Тамбий хьэблэ дэтIысхьэжащ, и адэ къуэшым зи гугъу къыхуищIар Абазэхэти (нэхъапэм ягъэблагъэу, ягъэныбжьэгъуу щыта си гугъэт), абыхэм щепсыхащ. Си анэри — Абазэ Хьэмкуц — къыщицIыхуар аращ. Си анэр еджатэкъым, щIэныгъи бгъэдэлътэкъым, ауэ хуабжьу цIыхубз Iущу щытащ. Уеблэмэ, щыхъыджэбз дэсым чэнджэщакIуэ къыхуэкIуэрт, бгырыс цIыхубзхэм я зэхуэсхэм ирагъэблагъэу щытащ. Си адэ-анэр зэрыша нэужь, щIыхьэху защIэкIэ унэ-лъапсэ яухуэри, щхьэхуэу тIысыжащ, пхъуищрэ зы щIалэ-рэ зэдагъуэтащ: Жанпагуэ, Сэтэней, сэ, Хьэбыж.
  • — Псоми адыгэцIэ щыфIащым, уэ щхьэ Тамарэр къыплъысат?
  • — Дунейм сыкъыщытехьа жэщым хьэ- щIэ диIэт. Абы хьэщIагъэ ирахыу, ныжэбэ пщащэ къытхуалъхуащи, фIэпщыр и цIэщ, жраIащ. Тамарэ къысфIищащ хьэщIэм.
  • — Нурий сыт хуэдэ егъэджакIуэу, узэщIакIуэу, унафэщIу щытами псоми ящIэ. Ауэ сыт хуэдэ адэу щыта ар?
  • — Ди адэр щIэх дыдэу дунейм ехыжащ, ауэ ар зэи уигу имыхуным хуэдэу цIыхуфIт (и нэпсыр къыфIыщIож). ЕмыкIу сыкъыумыщI, си адэм сыщытепсэлъыхь-кIэ, зысхуэшыIэркъым… Ар апхуэдизкIэ цIыху щабэти, зы псэущхьэ егуэуэкIын дэнэ къэна, хьэпщхупщ нэгъунэ теувэнкIэ шынэу, и щхьэр къимыIэту, зрикIуэ гъуэгум еплъырт къыщикIухькIэ. СощIэж, зэгуэр лэжьапIэ къикIыжауэ къыхуэзащ куэбжэ цIыкIум деж щыс ди жэмым. Ар къимыгъэтэджын папщIэ, бжыхьым къыщхьэпрыпщри, къыдыхьэжат. Апхуэдэу щхьэ пщIа, жысIэу сыщеупщIым, ар хьейуанми, псэ Iутщ, щхьэ зесхуэн хуей унагъуэр дызыгъашхэр, жиIат. Хьэмэрэ, гувауэ нэкIуэжамэ, бжэ ма-къым дыкъимыгъэушын папщIэ, щхьэгъубжэмкIэ ныдэпщыжу щытащ. Сэ сысымаджэрилэт, сышхэгъуейти, сыхьэт бжыгъэкIэ къызбгъэдэсыфынут, къызэубзэу, къызэIущащэу, мы тIэкIур пшхымэ, узыхуейуэ хъуар къыпхуэсщэхунущ жиIэу.
  • — Нурий машинэм къихуу иукIауэ жаIэ. Дауэт ар къызэрыхъуар?
  • — Си шыпхъу нэхъыжьитIым еджапIэр къаухырти, абыхэми сахэплъэнщ, лэжьыгъэ IуэхукIэ къызэджащи, ари зэфIэзгъэкIынщи сыкъэкIуэжынщ жиIэри, пщэдджыжьым жьыуэ къэтэджат ди адэр. ЩIымахуэм жьыуэ нэху щыкъым, зэрыжысIам хуэдэу, пщэдджыжь нэмэзым дыкъимыгъэушын щхьэкIэ, щэху дыдэу зигъэхьэзырри щIэкIащ. Си анэм иужькIэ жиIэжат мыпхуэдэу: «Нурий Iэуэлъауэн-шэу зигъэхьэзырами, зыгуэрым сыкъигъаскIэри, сыкъызэщыуащ. Абы ирихьэлIэу гу лъыстащ, ар щIэкIауэ, бжэр къызэры- ришэлIэжым. СщIэркъым, щIыIэ-щIыIэу си гум зыгуэр къэкIри, щхьэ сыкIэлъыжэу къезмыгъэгъэзэжрэ жысIэу, сыкъэгузэващ, си гур пыхуащ, ауэ зыщхьэщызгъэуащ а гукъэкIыр». Ди адэр лъэсу къыдэкIащ къуажэм, Налшык нэс кIуэну машинэ къигъэувыIэу зригъэшэну. Бахъсэн узэрыкIуэ гъуэгум къыщысым зы машинэш-хуэ къакIуэрт, кабинэм ихуэр ису, имыхуэр кузэм дэпщеяуэ. Ди адэм и узыншагъэр щIагъуэ дыдэтэкъым, жьы къыщIихуу исыфынутэкъыми, нэгъуэщI машинэ сежьэнщ, фыкIуэ фэ, яжриIащ. «ЩIакIуи, пыIэ хуаби илъщ мыбыкIэ, удгъэхуэбэнщ, зи цIэр ираIуэ Цагъуэ Нурий дригъусэу Налшык дыкIуащ жытIэу, тIуэтэжыну дрикъунщ, къакIуэ», — щыжаIэм, дэкIуеящ. ЗэрыжаIауи, щIакIуэр къытраубгъуауэ, щIауфауэ здэкIуэм, гъуэгу щтырыгъум машинэр тежщ, жыгым жьэхэуэщ ири- дзэкIри, тIорэ-щэрэ щхьэпридзыжащ. Машинэм исауэ хъуар къридзащ, псори зэплъыжри, зыми зыри я лажьэтэкъым, ауэ ди адэр лъэныкъуэкIэ щылът, зимыщIэжу. Машинэ блэж къагъэувыIэри, сымаджэщым нагъэсащ, ауэ зыри яхуещIакъым и щхьэм игъуэта фэбжьым. Сыхьэт бжыгъэ нэхъ дэмыкIыу и псэр хэкIащ.
  • — СызэрыщыгъуазэмкIэ, фи анэ Хьэмкуци илъэсибл нэхъ дэмыкIыу дунейм ехыжащ абы иужькIэ…
  • — Хэку зауэшхуэр къыщыхъеям ирихьэлIэу, си шыпхъуитIыр унагъуэт, бын ягъуэтыжауэ апхуэдэт. Нэхъыжьыр ФочыщIэхэ ист, акушеру Хьэмидие щылажьэт, курытыр Хьэпэхъухэ я нысэт, ди адэм хуэ-дэу егъэджакIуэт. Нэмыцэ хьэщхьэрыIуэхэм бзаджагъэ куэд зэрахьэу, цIыхубзхэм лей ирахыу зэхихати, дылIэмэ — дызэгъусэу дылIэнщ, дыкъелмэ дыкъелащ жиIэри, си шыпхъуитIым я сабийхэр ящIыгъуу къишэжащ ди анэм, тIуми я щхьэгъусэхэр зауэм Iутт, я закъуэу унэм щIэсти. 1942 гъэм и шыщхьэуIу мазэм нэмыцэр Бахъсэныпс адрыщIкIэ къэтIысауэ, советыдзэр Дыгулыбгъуей дэсу зэхэуэрт. А махуэм зэхэуэр нэхъ гуащIэу къызэрехьэжьати, ди гъунэгъу хъыджэбз къекIуэкIар димыгъэкIыжу, ари, мыдрей сабийхэри щIыунэм дригъэхащ ди анэм, шэ къыфтехуэнущ жиIэри. АдэкIэ къэхъуар зыми къыдгурыIуакъым, и ажал зыхэлъыр арагъэнт — псори дигъэпщкIури, езым жэмыр къэсшынущ жиIэщ, пэгунышхуэ къищтэри, ди анэр пщIантIэм дэуващ. Асыхьэту къэлъэта лагъымыр къытехуэри, ди анэр иукIащ.
  • — АтIэ, зэшыпхъухэм уранэхъыщIэу, уи адэ-анэри пщхьэщымытыжу, уи нэхъыжьхэр унагъуэу, дауэ ухъуа?
  • — Зауэ нэужьым, 1946 гъэм, Налшык къалэм дэт интернатым сыщIэтIысхьащ. Ар къызэрызухыу, МГУ-м Кавказ къудамэ къыщызэIуахауэ зэхэтхати, Къэбэрдейм дикIри, цIыхуитху дыкIуащ, хъыджэбзитIрэ щIалищрэ. Журналист цIэрыIуэ АфIэунэ Рае сэрэ дызэдеджащ а лъэхъэнэм. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, дызыкIэлъыкIуа факультетыр куэдрэ щыIакъым. ИкIэщIыпIэ-кIэ зэхуащIыжын хуей щыхъум, щхьэж и гум Iэпих унэтIыныгъэм дыщIагъэтIысхьэну къытхуагъэлъагъуэри, апхуэдэу тхыдэ къудамэм сыкъыщыхутащ. ЕджапIэр къэзухри, институтым и лэжьакIуэу сыкъыщынауэ, тхыгъэшхуэ къыдэдгъэкIат. А тхыгъэр зэдзэкIауэ Тыркум нэсыжащ. Цагъуэ унэцIэр щилъагъум, институтым къэтхащ Истамбыл дэс си адэ къуэш нэхъыщIэ Фазил. Алъандэрэ хэкужьым зыгъэзэжа я къуэшым и хъыбар зымыщIэ си благъэр апхуэдэу къэзгъуэтыжри, куэдрэ дызэхуэтхащ. Зэгуэр институтым и лэжьакIуэхэр турист тхылъкIэ Тыркум ирагъэблагъэрт, я нэгу зрагъэужьыну. Абы кIуэнухэм сахэ- ту къыщысщIэм, си адэ къуэшым хуэст-хащ Истамбыл и кхъухьтедзапIэм дыщыIухьэну махуэмрэ сыхьэтымрэ, дызэхуэгъазэ, дызэрыгъэлъагъу, жысIэуи иту. Стхар зыгуэрурэ наIуэ къэхъури, Истам-был сымыкIуэну къыщIрагъэдзыжащ. Политикэ IуэхукIэ бзаджагъэ гуэр яужь сиува я гугъауэ къыщIэкIынщ, сымыщIэ. Ауэ щыхъум, Ахъуэхъу Сэфарбий деж сыкIуэу, си Iуэху зыIутыр щыхуэсIуатэм, хэпсэлъыхьащ икIи хуит сыкъащIащ Тыркум сыкIуэну. ЗэрыжысIам хуэдэу, Истамбыл дыщынэсым, жыжьэу сыплъэри, къэсцIыхуащ си адэ къуэшыр — ар ди адэм ещхьт хуабжьу. СыхьэтитIкIэт абдеж дызэрыщытынури, кхъухьым и капитаным жесIащ си благъэ къыIухьауэ къызэрыспэплъэр, абы сыхуэзэн зэрыхуейр. СелъэIуащ сыкъагъанэу емыжьэжыну. «Арамэ, кхъухьым уемыхыу, езыхэр къыдэгъэкIуеи, уи каютэм хуиту фыщызэпсалъи нэхъыфIщ», — къызжиIащ капитаным. Апхуэдэуи сщIащ. Си адэ къуэ- шым и щхьэгъусэмрэ бынищымрэ щIыгъуу къэкIуати, псори кхъухьым къыдрашейри, сыхьэтитIкIэ дыпсалъэу, си адэ-анэмрэ къыздалъхуахэмрэ я хъыбар яхуэсIуатэу дыщысащ. КъызэрыщIэкIамкIэ, езыхэри еджа защIэт. ЩIалэр США-м щеджэрт, щылажьэрт, хъыджэбзитIым я зыр дохутырт, адрейр — архитекторт.
  • — Насыпышхуэщ хамэщI щыпсэу уи Iыхьлы зэрымыщIэкIэ къэбгъуэтыжы- ну. Иджыри фызэхуэтхэрэ, Тамарэ, хэкужьым къебгъэблэгъат?
  • — Ахэр зэи щыIакъым хэкум. Ауэ зыкъомрэ дызэхуэтхащ. Си адэ къуэшыр дунейм ехыжа нэужь, и щхьэгъусэми, си дэлъху-шыпхъухэми къэтхэныр нэхъ кIащхъэ ящIри, ауэрэ дызэIэпыхужащ, я хъыбари сщIэркъым.
  • — Я адэшхуэ цIэрыIуэм и лэжьыгъэм пызыща къахэкIа Нурий и пхъурылъху- хэм?
  • — ФочыщIхэ иса си шыпхъум и къуэ Рус-лан агроном цIэрыIуэу щытащ. А зым къищынэмыщIа, щIэныгъэм хуэпабгъэ къахэкIакъым си шыпхъу бынхэм. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, си дэлъху закъуэ Хьэбыжи щIалэ дыдэу дунейм ехыжащ.
  • — Уэ уи быным-щэ?
  • — Сэ щIалэрэ хъыджэбзрэ сиIэу арати, щIалэр (Iэмырбий) Ростов щеджауэ, КъБР-м и МВД-м щылажьэу машинэ зэжьэхэуэм хэкIуэдауэ щытащ. Си пхъум, Iэсият, КъБКъУ-м инджылызыбзэмкIэ и къудамэр къиухащ, лэжьыгъэ IуэхукIэ США-ми, Канадэми, Инджылызми щы-Iащ. 1990 гъэм Iэсият дэкIуащ Италием щыщ Мартинелли Мауро. Иджыпстуи Италиеращ щыпсэур, Рим пэмыжыжьэу. Хъыджэбзым и къуэ закъуэр, Валерио, и адэшхуэм и хэкум къекIуэлIэжауэ, ди КъБКъУ-м щоджэ, си деж щыIэщ.
  • Хабзэм ипкъ иткIэ, и щхьэ, и унагъуэ, и щхьэгъусэ тепсэлъыхьыну къримыгъэкIуами, Цагъуэ Тамарэ и щхьэгъусэу щытащ ЮстицэмкIэ КъБАССР-м и министр къалэныр 1980 гъэхэм зыгъэзэщIа Що-джэн Iэбу.
  • Тхыгъэр зытеухуэжам деж къэдгъэзэжынщи, илъэси 100 ипэкIэ псэуами, Цагъуэ Нурий и гупсысэхэр нобэрей зэманми къезэгъыу, дэ къыттепсэлъыхьауэ къыпщохъу абы и тхыгъэхэм ущриплъэжкIэ. Псалъэм папщIэ, «Хэкужьым ис адыгэхэ!» тхыгъэ кIэщI цIыкIум ар щытопсэлъыхь лъэпкъыр кIуэдыжыгъуэ изыгъэувэнкIэ хъуну Iуэхугъуэхэм (зэрита дыдэу тыдо- дзэ).
  • «…Согупсысри, ди кIуэдыжыгъуэр къызыхэкIынур увыгъуитIу согъуэт:
  1. Ди бзэм дритхэу, дреджэу, щIэныгъэ зэрытхэмылъыжыр.
  2. Ди хэкужьыр къыщыднэныр.
  • Япэрауэ, зы зэман ди бжыгъэр мелуанипщIым къемыхыу щытащ, къэралыгъуи, тхыбзи, псэукIи диIащ. Ар дэ дымыщIэжми, тарихъым къеIуэтэж. Абы и щыхьэтщ къущхьэхэр «кэсэгункIэ» (тхыбзэ зиIэ жылэ) къызэрыдэджэр. Урыс-Кавказ зауэжьым урысыр къызэрыщыттекIуам хуэдэу, зэгуэр зы лъэпкъышхуэ къыттекIуэри, ди тхыбзи, ди IэщIагъи, зэгъэкIуауэ диIари тIэщIэ- хуащ. Ди щыхьэрхэр тхуэухуэжакъым, ауэ абы щхьэкIэ хэкур дыбгынакъыми, дыкуэшатэкъыми аращ куэдым дыкъыщIелар. Нурий».
  • ЗэрыжытIагъэххэщи, Цагъуэм псэхугъуэ къезымыту щыта гупсысэхэр ди лъэхъэнэми нэхъ къэщэбакъым, бзэм теухуауэ къапщтэмэ. Ди тхыбзэр зэпэщ хъуами, адыгэр зыхуэIэижьу щыта IэщIагъэхэр къагъэщIэрэщIэжми, зымащIэкIэ дыкъэбэтэжами — а псом я лъабжьэм щIэлъын хуей анэдэлъхубзэр махэщ. Зэманым декIур лIыфIщ жытIэурэ, гъащIэм къыдэунэху IуэхугъуэщIэхэмрэ техникэмрэ къытхэпшахъуэри, анэдэлъхубзэм гугъу щыздебгъэхьын щымыIэу къэзылъытэр нэхъыбэ хъури, ар зыгъэлъапIэм фIыуэ хэщIащ.
  • Пызощэ гупсысэм Нурий и псалъэкIэ:
  • «Нобэ зэхэщIыкIыу диIэм и лей зэхэщIыкI дымыгъуэтынумэ, иджыри дыкъэмыушынумэ, адыгэр дыкIуэдыжынкIэ шынагъуэщ. ДызытекIуадэр сыт жыпIэмэ… ДызытекIуадэрщ…
  • Гъэсэныгъэ зэрытхэмылъыж лъандэрэ ди хэку дисыжынщ, дыжылэнщ жытIэркъым. Ди жылэ, ди жут, ди щIапIэ, ди хапIэ тхъумэнщ жытIэркъым. Абы и фIыгъэм ди зэхэщIыкIыр лъэIэсыркъым. Дунейр къызэрыхъу лъандэрэ ди адэжьхэм, ди лъэпкъыжьым къащIэнауэ, зыми залымыгъэкIэ къытедмыхауэ, зыми къыфIэдмытхьэкъуауэ диIэ ди Iыхьэ хьэлэтыр тхъумэн зэрыхуейр тщIапхъэщ…», — итхыгъащ Нурий. Аракъэ тIэ, нобэми къыдэфыкIыр?!
  • ЩIэныгъэ куу зыбгъэдэлъа лIы Iущым и тхыгъэхэм щытепсэлъыхьырт адыгэр къыщежьам щыщIэдзауэ и псэукIам, Адыгэ хэкум и гъунапкъэхэр здынэсу щытам, лъэщIыгъуэ куэдкIэ гупсэхугъуэ жыхуаIэр имыщIэу, и щхьэр ихъумэжын папщIэ за-уэ-банэм хэмыкIыу къызэрыгъуэгуры-кIуам, нэщхъеягъуэм нэщхъеягъуэр къытехъуэурэ, адыгэм и тхыбзэр зэрыIэщIэхуам, нэгъуэщIхэми. «Жылэм и зы ны- къуэр хамэщIым къыщынащ, и зы ныкъуэр зауэм ихьащ, и зы ныкъуэри Европэм Iэпхъуащ, апхуэдэурэ ди бжыгъэри, ди жылэ къарури мащIэ хъуащ», — итхащ Цагъуэм.
  • Бзэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор ХьэкIуащэ Андрейрэ тхакIуэ, усакIуэ Къалмыкъ Аднанрэ зэхагъэува «Тхыгъэ къыхэхахэм» уриплъа нэужь, наIуэ пщохъу Цагъуэ Нурий, егъэджакIуэу, тхыдэджу зэрыщытам и мызакъуэу, философ лъэщу, зи гупсысэр куууэ къыщIэзыгъалъэ узэщIакIуэ дызэриIар. Шэч хэлъкъым, имычэзууэ дунейм емыхыжатэмэ, уей-уей жезыгъэIэ философ цIэрыIуэхэм къызэранэкIа лэжьыгъэм хуэдэкIэ Нурий адыгэ лъэпкъым къытхуэупсэну Iэмал зэриIам.
  • Фырэ Анфисэ.