БлэкIари къэкIуэнури зэпызыщIэ Иуан Аскэрбий
2019-06-04
- Иуан Аскэрбий Iэмин и къуэр республикэм пщIэ зыщыхуащIхэм, фIы и лъэныкъуэкIэ къыщацIыхухэм ящыщщ. Апхуэдэ гулъытэм и лъабжьэр, дэ къызэрытлъытэмкIэ, абы бгъэдэлъ щIэныгъэ куурщ, и зэфIэкIырщ, цIыхугъэ лъагэрщ, гъэсэныгъэ дахэрщ. Аскэрбий и дуней тетыкIэри щапхъэ зытраххэм хуэдэщи, абыи, шэч хэмылъу, и къежьапIэр Иуанхэ Iэминрэ Зулихъанрэ зи нэхъыжьу щыта адыгэ унагъуэ щыпкъэрщ.
- Аскэрбий и ныбжьыр мэкъуауэгъуэм и 1-м илъэс 60 ирикъуащ. А махуэм ирихьэлIэу дэ абы и гъащIэм, и лэжьыгъэм, дяпэкIэ и мурадхэм теухуауэ упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащи, зэрызэкIэлъыкIуэу къэтIуэтэжынщ.
- Щхьэлыкъуэ дэс Иуанхэ а къуажэм ижь-ижьыж лъандэрэ къызэрыщацIыхур зи щхьэм пщIэ хуэзыщIыж, гуащIэдэкI хьэлэлкIэ псэу лIакъуэущ. Зи тхьэмадэ унагъуэми жылэми я дежкIэ щапхъэт Аскэрбий и адэ Iэмин и гъащIэр. Ар и къару емыблэжу илъэс 50-м нэскIэ щылэжьащ Щхьэлыкъуэ къуажэм щызэхэта мэкъумэш IуэхущIапIэм. Апхуэдэ гуащIэдэкI мыухыжыр, дауи, гулъытэншэу къагъэнакъым: Iэмин къыхуагъэфэщащ «ЩIыхьым и Дамыгъэ» орденыр, ВДНХ-м и дыщэ медалу тIу, «КъБР-м и мэкъумэш IэнатIэм щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъагэр. ЛэжьакIуэ пэрытым и цIэр зэрехьэ къуажэм и уэрамхэм ящыщ зым.
- Iэмин гугъуехь псори дигуэшу, гуфIэгъуэхэр диIэту щытащ абы и щхьэгъусэ Зулихъан. А тIум быниплI: щIалитIрэ хъыджэбзитIрэ зэдагъуэтат. Я щIэблэр лъэ быдэкIэ гъащIэм зэрыхэувам я гур игъэину, я псэр дэгуфIэу псэуащ зэщхьэгъусэхэр.
- Курыт школыр ехъулIэныгъэкIэ къиуха нэужь, дохутыр IэщIагъэр зи хъуэпсапIэ Аскэрбий Налшык дэт медучилищэм щеджащ икIи 1979 гъэм ар диплом плъыжькIэ къиухащ. ЩIэ-ныгъэм хуэнэхъуеиншэ щIалэм а гъэ дыдэм еджэным щыпищащ Къэбэрдей-Балъкъэр мэкъумэш институтым. Студент гъащIэр хьэлэмэту, IуэхугъуэфIхэмкIэ гъэнщIауэ ирихьэкIащ Аскэрбий. Ар жыджэру хэтащ институтым щекIуэкI лэжьыгъэ псоми, къалэн къыхуащI Iуэхугъуэхэр игъуэрэ дагъуэншэу зэфIихырт. Апхуэдэ жэуаплыныгъэ, жэрдэм зыхэлъ щIалэм гу къылъатащ институтым и унафэщIхэм. ЕджапIэм и студент нэхъыфIхэр Германием практикэ ягъэкIуэн хуей щыхъум, Аскэрбий яхэхуащ япэу зи цIэ къраIуахэм.
- Институтыр ехъулIэныгъэкIэ къэзыуха IэщIагъэлI ныбжьыщIэм лэжьэн щригъэжьащ Налшык дэт, лыхэкIхэм щелэжь комбинатым. Инженер-лаборанту щIэзыдза Иуаныр зэман кIэщIым къриубыдэу IуэхущIапIэм и IэщIагъэлI нэхъыщхьэ хъуащ, иужькIэ абы и цеххэм ящыщ зым и унафэщI ящIащ.
-
ГъащIэм дэбакъуэу, зэманым декIуу псэу Аскэрбий и зэфIэкIхэр абы къыщынакъым. ЛIэщIыгъуэ блэкIам и 90 гъэхэм ар лэжьакIуэ ирагъэблэгъащ КъБР-м и Правительствэм и Унэм. КъалэныщIэхэм къадэкIуэу, Аскэрбий бгъэдэлъ щIэныгъэми адэкIи хигъэхъуэну мурад ищIащ. Экономист IэщIагъэр абы щызригъэгъуэтащ Псыхуабэ дэт къэрал технологие университетым икIи а еджапIэ нэхъыщхьэм финансхэм пыщIа кредит IэщIагъэмкIэ и къудамэр 2001 гъэм къиухащ.
- Щылажьэ IэнатIэр 2000 гъэм КъБР-м и Президентым и Iуэхухэр зезыгъакIуэ управленэм материально-техникэ къызэгъэпэщыныгъэмкIэ и къудамэ щащIым, Иуаныр абы и унафэщIу ягъэуващ. И къару емыблэжу, жэуаплыныгъэ зыхэлъу еса Аскэрбий Iуэхум и къызэгъэпэщакIуэ IэкIуэлъакIуэу, зи Iэтащхьэ къудамэм къыпэщылъ къалэнхэр ныкъусаныгъэншэу икIи и чэзум гъэзэщIа зэрыхъуным хущIэкъу IэщIагъэлI нэсу зыкъигъэлъэгъуащ.
- КъызыхэкIа унагъуэм, адэ-анэм я щапхъэм зи гъащIэ псом иригъуазэхэм ящыщщ Иуан Аскэрбий. Нэхъыжьхэр къыщхьэщымытыжми, абыхэм IуэхущIафэу, дуней еплъыкIэу, гупсысэу яIар езым и унагъуэми ноби я гъуэгугъэлъагъуэщ.
- — «Фи гуащIэм къимыкIар хьэлэл фхуэхъунукъым», «Сыт хуэдэ зэмани цIыхур фи щхьэ ефлъыту фыпсэу: фхузэфIэкIымкIэ фадэIэпыкъу, сэбэп фахуэхъу, фэ зыхуэвмыгъэфащэр адрейхэм фащэ яхуэвмыщI», — апхуэдэ псалъэхэр къыджаIэурэ дапIащ ди адэ-анэм. Апхуэдэ ущиехэм щIагъэдэIуащ дэ езым къытщIэхъуэжа ди щIэблэри, — игу къегъэкIыж Аскэрбий. — Ди нэхъыжьыфIхэрщ зи фIыщIэр нобэ ехъулIэныгъэ гуэр диIэми, насып гуэр къыдэуэлIами. Абыхэм я псэр къэрэгъул бжыхьу сыт щыгъуи къытщхьэщыту къытщохъу…
- Аскэрбий и щхьэгъусэ Римми, и гуащэм и щапхъэр и гъуазэу, унагъуэм исхэм я зэхуаку сытым щыгъуи зэгурыIуэныгъэ зэрыдигъэлъыным, ахэр зыхуей зэрыхуигъэзэным хущIэкъу зэпыту быныр игъэсащ. Аскэрбийрэ Риммэрэ я къуэ Аслъэнрэ япхъу Ренатэрэ щIэныгъэ нэхъыщхьи IэщIагъи яIэу, унагъуэ хъужахэу мэпсэу. Аслъэн дохутырщ, медицинэ щIэныгъэхэм я докторщ, Саратов къэрал медицинэ университетым и профессорщ, Энгельс къалэ дэт клиникэ сымаджэщ №1-м и дохутыр нэхъыщхьэщ. Ренатэ социальнэ лэжьакIуэщ, КъБР-м ЛэжыгъэмкIэ, цIыхухэр IэнатIэкIэ къызэгъэпэщынымрэ социальнэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм и къудамэхэм ящыщ зым и IэщIагъэлI нэхъыщхьэщ.
- — Дэ дыкъызэрыхъукIар адыгэ унагъуэ къызэрыгуэкIщ. Ди адэшхуэр, Джэлий (абы и щхьэгъусэм, ди анэшхуэм и цIэр Мэчэлинэт), илъэси 100-м щIигъукIэ псэуати, и гъащIэ псор къуажэм щихьащ. Япэ дунейпсо зауэм и лъэхъэнэм «Дикая дивизия» зыхужаIэм хэтащ. И цIэр къыщыхэIущIыкIащ Щхьэлыкъуэ къуажэм и кум щыгъэува, Граждан зауэмрэ Хэку зауэшхуэмрэ лIыгъэ щызезыхьахэм я цIэ-унэцIэхэр зытетха фэеплъым. ЗэкъуэшитIрэ зэшыпхъуитIрэ дыхъуу щытащ. Си къуэш нэхъыжьыр, Заурбий, илъэси 9 ипэкIэ дунейм ехыжащ. Си шыпхъу нэхъыжьыр, Iэсият, Къэхъун къуажэ Гъащтэхэ исщ, нэхъыщIэр, Ленэ, Шэджэм ЕтIуанэ дэс КIыщхэ я нысэщ. ТIуми унагъуэ хъарзынэхэр яIэщ, я бын щырыщри, Тхьэм и шыкуркIэ, гъэсащ, щIэныгъэ нэхъыщхьэхэри зрагъэгъуэтащ, — къытхуеIуатэ Иуаным.
- — Балигъ ухъуу, лэжьэн щIэбдза иужь, дэIэпыкъуэгъу нэхъ къыпхуэхъуахэм ящыщу хэт и цIэ къипIуэнт, Аскэрбий?
- — КъБР-м и Президентымрэ и Правительствэмрэ я Iуэхухэр зезыгъакIуэ управленэм хозяйствэмкIэ и къудамэм и экспедитору 1996 гъэм сыкъащтат. Зи гугъу сщIы IэнатIэм а зэманым и тхьэмадэу щытар Кушмэзокъуэ СэфрэIилт. Ар икIи а лъэхъэнэм КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэт. ЖыпIэнур арамэ, Кушмэзокъуэр лIы щэджащэу, цIыху губзыгъэу щытащ. Си насып кърихьэкIауэ къызолъытэ апхуэдэ цIыхухэм сазэрыдэлэжьар. Куэдым дыхуригъэсащ: лэжьыгъэм пэжу дызэрыбгъэдэтыпхъэми, цIыхухэм пщIэ яхуэтщIын зэрыхуейми, нэгъуэщIхэми. Кушмэзокъуэр фIыуэ къысхущытти, къыздэIэпыкъурт. Ар апхуэдэу къызэрысхуэсакъар си гум IэфIу къинащ.
- ЖысIэнур аращи, Правительствэм и Унэм илъэс 16-кIэ сыщылэжьати, зыгуэрым сигу зригъэбгъауэ, IейкIэ къыщызэпсэлъауэ къысхуэщIэжыркъым. ИтIани, а IуэхущIапIэм щылажьэхэр, сэ къызэрыслъытэмкIэ, я къэухькIи нэхъыбэм хащIыкIыу, я хьэл-щэнкIи нэхъ зэтету щытын хуейщ, закъыхуэзыгъазэ дэтхэнэми чэнджэщ узыншэ зэрыратыным хущIэкъухэу, я пщэ къыдэхуэ къинэмыщI къалэнхэми щехъулIэу, зыпэрыт IэнатIэми Iэзагъэ нэс къыщагъэлъагъуэу.
- Ноби апхуэдэщ
- Иуан Аскэрбий зи гупсысэр жыжьэ нэс, акъыл жан зиIэ цIыху жыджэрщ. Мы зэманым ар «Къэбэрдей-Балъкъэрым ветеринар медицинэмкIэ и центр» къэрал-кIэзонэ IуэхущIапIэм и тхьэмадэм и къуэдзэщ икIи а IэнатIэм гъэмахуэ хъупIэхэм щаIыгъ Iэщым я узыншагъэм кIэлъыплъынымкIэ и къудамэм и унафэщIщ.
- Аскэрбий и иджырей лэжьыгъэр щекIуэкI бгыщхьэ хъупIэхэм я гугъу щищIым, гу лъыттащ дыкъэзыухъуреихь дунейм и щIыпIэ телъыджэхэм ар зэрыдихьэхми, абыхэм ящыщ дэтхэнэми адыгэхэр ноби зэреджэм зэрыщыгъуазэми. Зытепсэлъыхьыр и лэжьыгъэм зэрыпыщIар къыфIыхыхьэжри, Иуаным зэгъэкIуарэ дахэу къытхуиIуэтащ Аурсэнтх и щыгуми абы ищхьэжкIэ щыIэ бгыщхьэ щIыпIэхэми я зэкIэлъыкIуэкIэри цIэуэ зэрахьэхэри.
- — Совет лъэхъэнэм а лъэныкъуэмкIэ щыдиIа хъупIэ псори иджыри мэлажьэ: ижьымкIэ — Аурсэнтх, Лэхърэнышхуэ, Лэхърэн цIыкIу; сэмэгумкIэ — Къураты цIыкIу, Къуратышхуэ, Къэнжал лъэгу, Къэнжалыщхьэ, Къэнжалыбгъу; нэхъ пыIукIуэтауэ — Домбей, Домбей губгъуэ, Мазэхэ, Джэдмышх, Чэтмэн, нэгъуэщIхэри. А псоми ярыт удзыр, ди гуапэ зэрыхъунщи, ноби яхъуэкIу.
- — Япэ зэманым хъупIэхэр колхоз-совхозхэм трагуашэу щытащ. Иджы дапхуэдэу зэрыщытыр?
- — Иужьрей илъэсхэм къэралым конкурс ирегъэкIуэкI. Гъэ псом хъупIэу гектар пIыгъыным соми 150-м къыщыщIэдзауэ сом 250-м нэблагъэ текIуадэу аращ. Ар, сэ къызэрыслъытэмкIэ, куэдкъым. ЖыпIэнур арамэ, нэгъабэ мэлу мин 40, былыму мин 11,5-рэ, шыуэ мини 5 итащ Хьэмащэ хъупIэ и закъуэ.
- — Къущхьэхъу фыщихьэр сыт хуэдэ зэманра, Аскэрбий?
- — Инэхъыбэм хъупIэхэр накъыгъэм и 1-м къыщыщIэдзауэ щэкIуэгъуэм и 1 пщIондэ къагъэсэбэпу аращ. Мис иджы, куэд дэмыкIыу, мэкъуауэгъуэм и 10 — 15-хэм псори я пIэ изэгъэнущ. Ди IэнатIэм и къалэн нэхъыщхьэр хъупIэхэм ярыт Iэщыр узыншэу къызэтедгъэнэнырщ. Ар зэдгъэхъулIэн папщIэ, гъэм и зыкъэIэтыгъуэм Аурсэнтх штаб къыщызыдогъэпэщ. А хэщIапIэм Iэщым епха ветеринархэри, цIыхум еIэзэ дохутырхэри, токым елэжьхэри тесщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым, псори зэхэту, хъупIэу гектар мини 139-рэ диIэщ. АтIэми, куэдыр щыгъуазэкъым бгыщхьэ хъупIэхэм щIымахуэми дызэрыкIуэм, дыгъапIэхэм ярыт мэлым, Iэщым мастэ яхэтIун папщIэ.
- — Къущхьэхъур зыхъу мэлым, Iэщым ялри, я шэри нэхъ IэфIу ягъэхъыбар. Уэ сыт жыпIэнт, абы теухуауэ, Аскэрбий?
- — Шэч хэмылъу, бгыщхьэхэм къыщыкI удзыр Iэщым и шэми, илми къэуат щIэзылъхьэщ, нэхъ гурыхьи зыщIщ. ЛъагапIэхэм шыгъу фIэкIа дахыркъым, Iэщыр и шхынкIэ къыщызэбгъэпэщыным текIуадэ щыIэкъыми. Мис мы зэманым, мэлым я лъхуэн-пIэныр мэлыжьыхым и кIэхэм къыщыщIэдзауэ накъыгъэм икухэр къэмысу иухащи, къащIэхъуа щIэжьейри я гъусэу, псори къущхьэхъум итщ.
- — Губгъуэм къыщыбдэлажьэхэм ящыщу хэт сымэ я цIэхэр къипIуэнт?
- — Ди къудамэм щыпашэхэм ящыщу къыхэзгъэщыну сыхуейт Шурдым Борис, Къарэмырзэ Аслъэнбий, Шэру Аскэр сымэ, нэгъуэщIхэри. КъезбжэкIахэри, зи цIэ къизмыIуэу къэнахэри — псори дызэзышэлIэжыр сыт жыпIэмэ, лэжьыгъэм ди бгъэдэтыкIэрщ, ди зэхуаку дэлъ цIыхугъэрщ, губгъуэм щызекIуэ хабзэм дызэрытетымрэ дызыпэрыт IэнатIэм къыщыдгъэлъагъуэ Iэзагъэмрэщ…
- Иуан Аскэрбий зыпэрыта IэнатIэхэм, жылагъуэ Iуэхухэм зэрыщехъулIам и щыхьэтщ абы къыхуагъэфэща дамыгъэхэр: Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентымрэ Правительствэмрэ я щIыхь тхылъ зыбжанэр, ШахматымкIэ цIыхубзхэм я дунейпсо чемпионатыр егъэкIуэкIыным щIэгъэкъуэн зэрыхуэхъуам къыхэкIыу, КъБР-м и Президентым къыхуищIа фIыщIэр, Жылагъуэ палатэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым и профсоюзхэм я зэгухьэныгъэм къабгъэдэкIа щIыхь тхылъхэр, нэгъуэщI куэди.
- Аскэрбийрэ Риммэрэ къуэрылъху-пхъурылъхухэр яIэщи, ари насыпыфIагъэщ — абыхэм я ехъулIэныгъи фIыгъуи ухэплъэу, гъащIэм и IэфIыгъэ мыухыжыр аргуэру псэкIэ зыхэпщIэу. Апхуэдэ гуфIэгъуэхэми, нэгъуэщIхэми щымыщIэу, иджыри илъэс куэд къызэдагъэщIэну дахуохъуахъуэ езы Иуан Аскэрбии абы и щIыбагъ къыдэт и унагъуэ дахэми.
- КЪУМАХУЭ Аслъэн.