Къалэмымрэ Iэдакъэмрэ пагъэнанэху
2019-06-04
- ГъащIэм ущрохьэлIэ цIыхум щIэныгъэ зригъэгъуэту къыхиха IэщIагъэм щыпэрыхьэ, иужькIэ и сабийхэр щигъасэ, ауэрэ и лэжьыгъэ гъуэгуанэр и кIэм щынэблагъэкIэ творчествэм и гур щыхуэпабгъэ. Аращ мы тхыгъэр зытеухуа Щоджэн Римми къыщыщIар. 1974 гъэм Зеикъуэ щыщ пщащэм Орджоникидзе дэт мэкъумэш институтым экономист IэщIагъэр щызыIэригъэхьащ. Ар колхозым учётчицэу, бухгалтеру щылэжьащ, КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и депутату, жылагъуэ лэжьакIуэу щытащ. Риммэ сабииплI ипIащ. Зи гугъу тщIа Iуэхугъуэхэм къыдэкIуэу абы Iуэтэжхэр, усэхэр, повестхэр и щхьэм папщIэ щитхыну зэмани къигъуэтащ. И тхыгъэхэм лъабжьэ яхуэхъуащ гъащIэм щилъэгъуа, езым игъэунэхуа Iуэхугъуэхэр.
- И лэжьыгъэ гъуэгуанэр и кIэм нэблэгъа нэужь, абы и Iэдакъэ къыщIэкIа и тхыгъэхэм хэплъэжащ икIи къыгурыIуащ ахэр къыдэкIыгъуэ зыбжанэ зэрыхъунур. Апхуэдэу Риммэ игу къэкIащ абыхэмкIэ тхылъеджэхэм ядэгуэшэну. Ар зы гупсысэт зыгъэгузавэр: и тхыгъэхэр дунейм къытехьэну яхуэфащэу пIэрэ? А упщIэмкIэ абы литераторхэм захуигъэзащ икIи абыхэм къалъытащ къыдэкIыгъуэм и чэзууэ.
- Куэд мыщIэуи къыдэкIащ Щоджэн Риммэ и «Розэм тедия нэпс» япэ тхылъыр. 2016 гъэм абы къыкIэлъыкIуащ и повестымрэ Iуэтэжхэмрэ щызэхуэхьэса «Сыхуиту зы сыхьэт уи гъащIэм щызгъэгъуэт» тхылъыр. 2017 гъэм дунейм къытехьащ «Псэм и лэрыпс» и усэ тхылъыр. 2019 гъэм Щоджэн Риммэ и повесть кIэщIхэмрэ Iуэтэжхэмрэ щызэхуэхьэса «Свет, зажжённый молнией» тхылъыр урысыбзэкIэ зэридзэкIащ Мэремкъул Ларисэ.
- 2016 гъэм Щоджэн Риммэ Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хагъэхьащ. Ноби абы и тхыгъэхэм къыпещэ. Зи адэр, адэшхуэр, абы и адэжыр уэрэджыIакIуэу къекIуэкIа Риммэ творчествэм хуиIэ лъагъуныгъэмкIэ и бынхэм яхуэупсащ. Абы и тхылъхэр игъэщIэрэщIащ декоративно-прикладной гъуазджэм и сурэтыщI IэщIагъэр иIэу 2005 гъэм КъБКъУ-р ехъулIэныгъэкIэ къэзыуха ипхъу Щоджэн-Унэж Залинэ. Ар университетым къэнэжащ архитектурэ проектхэмкIэ, дизайнымрэ ДПИ-мкIэ и кафедрэм и егъэджакIуэ нэхъыжьу. Залинэ и щIэныгъэ тхыгъэ 20-м щIигъу къыдэкIащ, аспирантурэр диплом плъыжькIэ къиухащ, «Культурологие» унэтIыныгъэмкIэ и кандидат диссертацэр и кIэм негъэблагъэ. Ар Урысейм и Дизайнерхэм я зэгухьэныгъэм хэтщ, урысейпсо, дунейпсо, республикэпсо зэпеуэхэмрэ гъэлъэгъуэныгъэхэмрэ жыджэру зыкъыщегъэлъагъуэ, дипломхэр, лауреат щIыхьыцIэр къыхуагъэфащэу.
- Щоджэн зэанэзэпхъум, тхакIуэмрэ сурэтыщIымрэ, я зэфIэкIхэр адэкIи ягъэкIуэтэну я мурадщ. Аращи, тхылъыщIэхэмрэ сурэтыщIэхэмрэ къыфпоплъэ!
- КОТЛЯРОВ Виктор.