Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыхубэ усакIуэ Кулиев Къайсын и Фэеплъ махуэ
2019-06-04
- КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм къызэритамкIэ, 2019 гъэм мэкъуауэгъуэм и 4-м сыхьэтыр 11-м деж Кулиев Къайсын и фэеплъым (Кулиевым и цIэр зезыхьэ уэрам) удз гъэгъахэр тралъхьэнущ.
- Кулиев Къайсын дэтхэнэми езым и ныбжьэгъуу, и егъэджакIуэу жиIэфынущ, сыту жыпIэмэ, абы усыгъэр гуапагъэкIэ, дахагъэкIэ, цIыхугъэкIэ гъэнщIащ.УсакIуэм псори къызэрыдихьэхыр поэзием щиIэ зэфIэкIышхуэм и закъуэтэкъым. Ар зыхуэбгъэдэн щымыIэ, псэ зыIуту дунейм тет псори фIыуэ зылъагъу цIыхут.
- Дауэдапщэхэр Налшык щызэфIэкIа нэужь, щэнхабзэм, гъуазджэм я лэжьакIуэхэр, усакIуэшхуэм и IэдакъэщIэкIхэр фIыуэ зылъагъухэр Шэджэм къалэм кIуэнущ икIи абы и унэ-музейм еплъынущ.