Iущхэмрэ Iущыцэхэмрэ
2019-06-04
- «Iущхэмрэ Iущыцэхэмрэ» зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэр Тэрч районым щызэхуащIыжащ. ЕплIанэ джэгугъуэм и кIэух Iыхьэм хэтащ 9 — 11-нэ классхэм щIэс еджакIуэ 58-рэ.
- НыбжьыщIэ зэчиифIэхэм ябгъэдэлъ зэфIэкIхэр наIуэ къэщIыным хуэгъэп-са олимпиадэм школакIуэхэр хуегъасэ я гупсысэхэр екIуу къаIуэтэфу утыку итыным, щIэныгъэ-творчествэ и лъэныкъуэкIэ заужьыным.
- Зэхьэзэхуэм и къэпщытакIуэ гупым хэтхэт: Тэрч къалэ администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Семэн Пщыкъан, щIыналъэм щIэныгъэмкIэ и управленэм и унафэщI Варий Маринэ, абы и къуэдзэ Бэлэтокъуэ Iэсият, Дей къуажэм дэт курыт еджапIэм и унафэщI Дадэ Аслъэн сымэ.
- Нэхъ пасэу хъыбар зэрырагъэщIам тету, еджакIуэхэм щIаджыкIат урыс тхакIуэшхуэ Достоевский Фёдоррэ адыгэ усакIуэ цIэрыIуэ Къэшэж Иннэрэ я гъащIэ гъуэгуанэмрэ творчествэмрэ. Джэгур щекIуэкIым упщIэхэм убгъуауэ жэуап зэрыратхэмкIэ къыбгурыIуэрт еджакIуэхэм куууэ темэхэм щыгъуазэ зэрызащIар.
- Сабийм и акъылыфIагъэр къэзыгъэлъагъуэ джэгукIэм и лъэс лъагъуэхэм щытекIуахэщ Тэрч къалэ дэт курыт еджапIэ №3-м щыщхэу ЛIэужь Лиерэ Хьэпажэ Ахьмэдрэ, Тэрч къалэ дэт лицей №1-м щIэс ФиIэпщэ Темболэт сымэ. Балл нэхъыбэ къэзылэжьахэм ящыщу лауреат хъуахэщ Тэрч къалэ дэт курыт школ №2-м щIэс Емкъуж Ланэ, Тэрч къалэ дэт курыт еджапIэ №3-м щеджэхэу Увыж Даринэ, ХьэтIэф Къазбэч сымэ.
- ЗэIущIэм и кIэухыу къэпщытакIуэхэм джэгум къарита гукъыдэжыр къызыхэщ псалъэ дахэхэмкIэ зыхуагъэзащ къызэхуэсахэм. Апхуэдэу фIыщIэ хуащIащ еджакIуэхэр зыгъэхьэзыра егъэджакIуэхэ-ми.
- ХЬЭРЭДУРЭ Аллэ.