Новочеркасск къикIа артистхэр
2019-05-07
- Хабзэ хъуауэ, Урысейм и къэрал драмэ театрхэм я артистхэр зэкIэлъокIуэ, я зэфIэкIхэмрэ гъуазджэм хэлъ щэхухэмкIэ зэдэгуашэу зэрогъэныбжьэгъу. Щхьэусыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм я зэранкIэ зэман гуэркIэ а Iуэху гуапэр зэпагъэуами, Театрым и илъэсым хыхьэу яублэжащ. Горький Максим и цIэр зезыхьэ Урыс къэрал драмэ театрым и хьэщIащ Дон Iус Ростов къалэм и Комиссаржевская В.Ф. и цIэр зезыхьэ драмэмрэ гушыIэмкIэ къэзакъ театрыр. Новочеркасск къикIа артистхэм Музыкэ театрым мэ- лыжьыхьым и 25-м удихьэхыу щагъэлъэгъуащ Островский Александр и «Бешеные деньги» пьесэм къытращIыкIа IыхьитIу зэхэт гушыIэ спектаклыр.
- Зи джэгукIэкIи, фэилъхьэгъуэкIи, псэлъэкIэкIи дагъуэншэу зыкъэзыгъэлъэгъуа артистхэм — Наджафов Сергей (Васильков), Исаев Артур (Телятев), УФ-м щIыхь зиIэ и артист Иванков Александр (Кучумов), Пуличев Роман (Глумов), УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ Шатохинэ Иринэ (Чебоксаровэ), Тоцкая Еленэ (Лидие), Макаридзе Гигэ (Василий), Ермоловэ Евгение (унэIутыр) сымэ — Iэзагъышхуэ зэрабгъэдэлъыр IупщIт. А псом къыдэкIуэу спектаклым кърихьэлIа театреплъхэр нобэрей зэманым дыхашу сыхьэтитIым нэблагъэкIэ Iуэхур щекIуэкIа XIX лIэщыгъуэм икухэм «дызэрыщагъэхьэщIар» гукъинэжщ. ЗэрытщIэщи, ар гунэс ящыхъунымкIэ куэд елъытащ декорацэхэмрэ артистхэм я фащэхэмрэ зыхуэдэм. Япэу гу зылъыптэр утыкур зэрыгъэдэхарщи, Iуэхур щекIуэкI унагъуэм я хьэщIэщыр щIэщыгъуэу режиссёрым къигъэлъэгъуэну къызэрехъулIар къыхэгъэщыпхъэщ. Артистхэм я фэилъхьэгъуэхэм я гугъу пщIымэ, лэжьыгъэм къыщыIэта Iуэхугъуэхэр щекIуэкIа лIэщIыгъуэм цIыхубзхэм зэрахьэу щыта бостей бырыбхэмрэ дыгъэм щызыхъумэ жьауэ цIыкIухэмрэ зэраIыгъым укIэлъыплъыну щIэщыгъуэт икIи XIX лIэщIыгъуэм икухэм ухэзышэт. Фащэхэр къызэрехъулIар зи фIыщIэр абы елэжьа художник Пальшковэ Натальещ.
- Спектаклым къыщыIэта темэр тхакIуэр щыпсэуа зэманым щыIа къэхъугъэхэмрэ Iуэху еплъыкIэхэм-рэ къыхихами, ар нобэрей зэманым поджэж. Абы хэт лIыхъужьхэм псом я щхьэу къалъытэр сыт хуэдэ IэмалкIэ зрагъэхъулIэми, я гуащIэкIэ къамылэжьа мылъкур тыншу зыIэрагъэхьэнырщ. Зи ишэгъуэ хъыджэбз тхьэIухудым псэлъыхъу и куэдми, лъагъуныгъэ къыхуэзыщIа щIалэркъым псэгъу ищIыну зыщIэхъуэпсыр, атIэ мылъку нэхъыбэ зыбгъэдэлъырщ. Нэхъри укъэзыгъэуIэбжьыр хъыджэбз нэпсейм и анэри абы зэрителъхьэрщ, сыту жыпIэмэ щIыхуэм щIигъэнащи ар хэкIыпIэфIу къелъытэ.
- Театрым и лэжьакIуэхэм я къалэн нэхъыщхьэр цIыхухэр ягъэдыхьэшхыу, артистхэм Iэгуауэ ин хуаIэту зэбгрыкIыжыныркъым, атIэ гъэсэныгъэ, ущииныгъэ мыхьэнэ зэрихьырщ. Нэхъыщхьэр театреплъхэр гъуджэм къызэрищым хуэдэу зы лъэныкъуэкIэ зрагъэплъыжу зрагъэцIыхужынырщ, я ныкъусаныгъэхэм, мыхъумыщIагъэхэм гу лърагъэтэжу зыщIагъэгупсысыжынырщ. Спектаклым щIэлъ гупсысэр мылъку, ахъшэ нэхъыбэ зэзыгъэпэщыну хэт, ар гъащIэм щынэхъыщхьэу къэзылъытэ цIыхухэр зэрыжьгъеймрэ апхуэдэхэр зэрыгущыкIыгъуэмрэщ. Абы и лъэныкъуэкIэ лэжьыгъэм и мыхьэнэр къэлъытэгъуейщ икIи, дунейм зэрыщыхабзэу, ар иджыри зэ щыхьэт тохъуэ и гуащIэ хьэлэлкIэ цIыхум къимылэжьа ахъшэр хьэлэл зэрыхуэмыхъум.
- КъищынэмыщIауэ, къэзакъ театрым и артистхэм Горький Максим и цIэр зезыхьэ Урыс къэрал драмэ театрым ехъулIэныгъэ яIэу щагъэлъэгъуащ «Поминальная молитва» спектаклымрэ «В гостях у сказки» интерактивнэ теплъэгъуэмрэ.
- — НэгъуэщI щIыналъэхэм ди спектаклхэр зэрыщыдгъэлъагъуэм и фIыгъэкIэ Дон Iус Ростов къалэм къищынэмыщIауэ, Урысейм и щIыпIэ куэдым дыкъыщацIыху, — жиIащ Дон Iус Ростов къалэм драмэмрэ гушыIэмкIэ и къэзакъ театрым и унафэщI Архиповэ Еленэ. — Театрым и илъэсым ирихьэлIэу къыхэтлъхьа Iуэху дахэр къыддиIыгъащ Ростов областым щэнхабзэмкIэ и министерствэм.
- Спектаклхэм ирагъэблэгъащ Налшык къалэм и курыт еджапIэхэм я еджакIуэхэр, Журтхэм я зэгухьэныгъэу Налшык щыIэм и лIыкIуэхэр. НыбжьыщIэхэр театр гъуазджэм, щэнхабзэм дегъэхьэхынымкIэ, дахагъэм ехьэлIа зы кIапэлъапэ гуэр ягу къыщыгъэушынымкIэ апхуэдэ спектаклхэр хэлъхьэныгъэфIщ. Абы и лъэныкъуэкIэ хьэщIэхэм ягъэлъэгъуа лэжьыгъэхэр, дауи, уасэншэщ. Ахэр игъэуващ Чуваш Республикэм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Восканян Ашот.
- БжьыхьэлI Розэ.
- СурэтхэрКъарей Элинэ трихащ.