Германием щыпсэу адыгэхэм я зэхыхьэ
2019-05-07
- Германием щыпсэу адыгэхэр илъэскIэ зыпэплъэ Iуэхур Iэтауэ щекIуэкIащ Берлин пэблагъэ Рулсдорф-Мариенвердер зыгъэпсэхупIэ цIыкIум. Мэлыжьы- хьым и 19-м щыщIэдзауэ 22 хъуху абы щекIуэкIащ Адыгэ щэнхабзэм и 11-нэ дунейпсо фестивалыр. Зэхыхьэм хэтащ нэмыцэ къэралым и къалэхэм къищынэмыщIауэ, Австрие, Швейцарие, Бельгие, Финляндие, Франджы, Голландие, Швецие, Урысей, нэгъуэщIхэми къикIа ди лъэпкъэгъухэр.
- Ар езыгъэкIуэкIыну Хасэр пхъэидзэкIэ илъэс къэс къыхахыу арати, мы гъэм зи пщэ къыдэхуар Берлин Адыгэ Хасэращ, абы и тхьэмадэр Къумыкъу Уэхьбийщ. Хабзэ зэрыхъуам тету, фестивалым ирагъэблэгъащ хэкум щыщ артистхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, журналистхэр. Налшык щыщ уэрэджыIакIуэхэу «Бзэрабзэ» гупым хэт щIалэхэр, ДыщэкI ФатIимэ, Цышэ Зарэ (Мейкъуапэ) я макъ дахэм Iуэхур нэхъри иIэтащ, адыгэ дунейм щыцIэрыIуэ ТIэш Светланэ жыджэру интернетымкIэ зэбгригъэхащ дауэдапщэм и екIуэкIыкIэр.
- Хуабжьу нэгузыужьу, гукъинэжу къызэрагъэпэщат а махуэхэр. ЩIалэгъуали нэхъыжьыIуи, уеблэмэ унагъуэкIэрэ щызэхуэса фестивалым лъэпкъ тхыпхъэщIыпхъэхэмкIэ гъэщIэрэщIа фэилъхьэгъуэхэр зыд IэпэIэсэхэм я хьэпшыпхэр щагъэлъэгъуащ, адыгэ тхыдэм, щэнхабзэм, хабзэм теухуа лекцэхэм къыщеджащ, дерс гъэщIэгъуэн-хэр щатащ, телевиденэ нэтынхэр щагъэлъэгъуащ, адыгэ хьэпшып цIыкIуфэкIухэр щащащ, адыгэ матэ кхъуей нэгъунэ Iэнэм телъащ, езы щIалэгъуалэр замыгъэнщIыжу адыгэбзэкIэ зэпсалъэу зэхэсащ.
- Ахэр псори Iуэху щхьэпэщ европейхэм яхэс ди къуэшхэмрэ шыпхъухэмрэ я лъэпкъ зэхэщIыкIыр хъума хъунымкIэ, адыгэр адыгэу къызэтенэнымкIэ.
- Фигу къэдгъэкIыжынщи, Адыгэ щэнхабзэм и 10-нэ дунейпсо фестивалыр Европэм щыпсэу адыгэхэм я Щэнхабзэ федерацэм и тхьэмадэ, Бремен Хасэм и унафэщI ДыщэкI Эртан нэгъабэ къызэригъэпэщауэ щытащ, абы щрагъэкIуэкIащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым и зи чэзу зэIущIэри.
- НэщIэпыджэ Замирэ.