Адыгэ ныпым и махуэр зэрагъэлъэпIар
2019-04-27
- Мамырыгъэм и дамыгъэ
- Ди лъэпкъэгъухэр щыпсэу щIыпIэ псоми Адыгэ ныпым и махуэр гукъинэжу щагъэлъэпIащ. Лъэпкъыр нэхъри зэкъуэзыгъэувэ Iуэху дахэм адыгэ фащэ екIур ящыгъыу цIыху куэд хэтащ, вагъуэ пщыкIутIыр къызытещ ныпыр зэдагъэлъапIэу, я нэгум гуфIэгъуэрэ гушхуэныгъэрэ къищу. Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалэхэмрэ къуажэхэмрэ а махуэм пшыхь щIэщыгъуэхэр, концертхэр, джэгухэр, спорт зэхьэзэхуэхэр, шыгъажэхэр щекIуэкIащ. Налшык къалэми зэхыхьэ гъэщIэгъуэнхэр къыщызэрагъэпэщащ.
- Лъэпкъ зэкъуэтыныгъэм и дамыгъэу ягъэува махуэшхуэм хухаха зэхыхьэ щIэщыгъуэхэр Къэбэрдей уэрамым щрагъэкIуэкIащ. Абы щагъэлъэгъуащ цIыхубэ IэпщIэлъапщIэхэм, сурэтыщIхэм я Iэдакъэ къыщIэкIа лэжьыгъэ хьэлэмэтхэр, уагъэкIэ хэдыкIа саугъэт цIыкIуфэкIу- хэр. IэпэIэсэхэм я хьэпшыпхэм дамыхьэхыу щIа- гъуэ къэнатэкъым, лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуэ пасэрей IэщIагъэ дахэм хуэIэзэхэм ящIахэр апхуэдэу куэдым гъэщIэгъуэн ящыхъуу зэпаплъыхьырти.
- Республикэм и уэрэджыIакIуэхэмрэ къэфакIуэ гупхэмрэ ята концертым махуэшхуэр нэхъри игъэдэхащ, къекIуэлIахэми я гукъыдэжым хагъэхъуащ. Къэбэрдей-Балъкъэр радиом и журналист Джэдгъэф Беслъэн иригъэкIуэкIа кхъуейплъыжькIэрыщIэми куэд зэхуишэсащ. Зи зэфIэкIымрэ къарумрэ къэзыпщытэжыну хуей щIалэ бланэхэм я дежкIэ ар IэмалыфIт.
- Пщыхьэщхьэм Абхъазым и утыкум щызэхаша нэгузыужь джэгум зэрыгушхуэ лъэпкъ ныпыр къащхьэщыту щIалэгъуалэр куэду къекIуэлIащ. ХьэтиякIуэм хабзэм тету (щIалэхэр сэмэгурабгъумкIэ, хъыджэбзхэр ижьырабгъумкIэ къыщыту) утыкур хуит яхуищIри, джэгур зэхиублащ. ЩIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ къафэм зэфIэкI зэрыщаIэм къыдэкIуэу, дахэу, щэныфIэу утыку зэритар и нэщэнэт хабзэм ахэр зэрыхуэмыхамэм. Пшыхьыр уджкIэ зэхуащIыжащ. КIэухыу адыгэ ныпым къытещ вагъуэ пщыкIутI теплъэр зиIэ шэху уэздыгъэхэр пагъэнащ.
- Бэракъым цIыхухэр зэкъуэтыныгъэм къыхуреджэ, хабзэ, нэмыс яхэлъыным, нэхъыжьхэм пщIэ, нэхъыщIэхэм гулъытэ яхуэщIыным хуеущий. Адыгэ ныпыр и теплъэмкIэ нэгъуэщI куэдым йофIэкI икIи ар мамырыгъэм и дамыгъэщ. Абы тет вагъуэ 12-р адыгэ лъэпкъхэм я бжыгъэщ, я щхьэхуитыныгъэм щIэбэну къызэрекIуэкIар абы тет шабзищ зэблэдзам къагъэлъагъуэ. Гуапэщ лъэпкъ ныпыр гъэлъэпIэным и мыхьэнэр щIалэгъуалэм кIуэ пэтми нэхъ зэрызыхащIэр, Iуэху дахэм нэхъри зэрызэкъуигъэувэр, ар нэхъыжьхэми къызэрыдаIыгъыр.
- ТЕКIУЖЬ Заретэ
- Сурэтхэр Къарей Элинэтрихащ.
- Гушхуэныгъэрэ гупсысэ дахэкIэ гъэнщIат
- Адыгэ ныпым и махуэм егъэщIылIа гуфIэгъуэ дауэдапщэхэр Аруан щIыналъэми щекIуэкIащ.
- Автомобиль зекIуэм хэтхэр Нарткъалэ дэт стадионым и гупэм шэджагъуэ мыхъуу щызэхуэсащ. Лыдыжу вагъуэ пщыкIутIыр зыщхьэщыт шабзищ зэблэдзар зытеда бэракъ удзыфэхэр зыщхьэщыхуарзэ машинэ гъэщIэрэщIахэм я сатырым ипэ иуващ адыгэ фащэ екIухэмкIэ зэщыхуэпыкIа шууищыр. «ЗекIуэлIхэр» къалэкум и уэрам нэхъыщхьэхэмкIэ ирикIуэри, район администра-цэм и гупэм къыщыувыIащ. Гупым хэтхэм абдежым зыкъыщагъазэри, а щIыпIэм къегъэщIылIа адрей IуэхущIапIэхэм щыпэкIу цIыхухэм ягъэщIагъуэу, районым ЩэнхабзэмкIэ и унэм и пащхьэ «щепсыхащ».
- Утыку Iэхуитлъэхуитыш-хуэм дыщихьэм, дэ зэуэ гу лъыттащ ихъуреягъкIэ цIыху куэд дыдэ зэрыщызэхуэса-ми, лъэныкъуитIымкIи кърагъэувэкIа дапхъэ зыкъизыххэр хьэпшып гъэщIэгъуэн-хэмкIэ зэрыгъэщIэрэщIа- ми, лъагапIэ нэхъыщхьэр концерт гъэлъэгъуапIэ дахэу зэрыхагъэунэхукIами.
- Зэхуэсым къекIуэлIахэм пэублэ хъуэхъукIэ зыхуагъэзащ ар и кIыхьагъкIэ дахэу езыгъэкIуэкIа ныбжьыщIэхэу Хъуэст Темырланрэ Блий Каринэрэ.
- Утыкум къихьащ Аруан район администрацэм и унафэщI Куэшей Азэмэт. Адыгэхэм я ныпым и къэунэхукIам, тхыдэм щыхиша и «лъагъуэ» гукъинэжым кIэщIу я гугъу ищIа иужь, абы жиIащ:
- — Шэрджэсхэм я бэракъым ехьэлIа гуфIэгъуэ дауэдапщэхэр мыпхуэдэу зэIухауэ ди районым япэу щедгъэкIуэкIыу аращ. Адыгэхэм я ны-пым и махуэр ди республи-кэм гъэлъэпIэн щыщIэддзар абыкIэ жэрдэмыр 2005 гъэм Дунейпсо Адыгэ Хасэм и зэIущIэу Налшык щекIуэкIам къыщащта иужькIэщ. Япэрей илъэсхэм ар концерт, зэхыхьэ тIэкIу хуэдэхэмкIэ зэфIэдгъэкIыу щытыгъами, иджы, зэрыфлъагъущи, гуфIэгъуэм и къэухьым зиубгъу зэпытщ, ар зыгъэлъэпIэну гупыж зыщIхэм я бжыгъэм, ди гуа- пэ зэрыхъущи, илъэс къэс хохъуэ. Сохъуахъуэ, нобэ дгъэлъапIэ гуфIэгъуэм хуэдэхэм лъэпкъыр дыщымыщIэну, нэжэгужагъэр ди нэгум къищу, дызэщыгуфIыкIыжрэ дызэхуэгушхуэжу, ижькIэрэ къыддекIуэкI нэмысыр тхъумэжыфрэ дыщыпсэу районым и пщIэри тIэту Тхьэм куэдрэ дыкъригъэкIуэкIыну!
- ЖыпIэнур арамэ, зэхыхьэм и къэухьыр ину, дахэу къызэгъэпэща хъуат. Концерт теплъэгъуэхэмрэ къэпсэлъэныгъэ купщIафIэхэмрэ къищынэмыщIа, утыкум нэгъуэщI Iуэхугъуэ щхьэпэхэри щекIуэкIащ. Районым хыхьэ къуажэхэм я администрацэхэм щылажьэхэм, курыт еджапIэхэм щIэс цIыкIухэм-рэ абыхэм я гъэсакIуэхэм- рэ я зэфIэкIкIэ мыбдежым щагъэлъэгъуащ адыгэхэм пасэм диIа псэукIэм ехьэлIа Iэмэпсымэхэмрэ хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэмрэ зытрагуэша, музей теплъэ яIэу адэкIэ-мыдэкIэ къыщрагъэувэкIа дапхъэ гъэщIэрэщIахэр.
- Утыку иным щызэхуэсахэм я нэгу зрагъэужьащ республикэм фIыуэ къыщацIыху уэрэджыIакIуэхэу Хьэкъул Оксанэ, Болэ Астали, Теунэ Джэмал, Кумыщ Маринэ сымэ, нэгъуэщIхэми, Аруан щIыналъэм хыхьэ къуажэ-хэм я художественнэ къэфакIуэ гупхэм хэтхэм, район ЗАГС-м и лэжьакIуэхэм.
- Ди щхьэкIэ псом нэхъ- рэ нэхъ дыдэзыхьэхахэм ящыщщ гъэсакIуэ пажэ Мыз Хьэжмурат Псыгуэнсу къуажэм щызэхиша къэфакIуэ гупым хэтхэм утыкушхуэм гукъинэжу зэрызыщагъэзар. ИпэжыпIэкIэ, абыхэм ягъэзэщIа къафэхэм уамытхьэкъункIэ Iэмал иIакъым, хэтахэр апхуэдизу уардэрэ зэкIуж защIэу, ящыгъ фащэхэр къащылыдыкIрэ абыхэм я зэгъэпэщыным ахъшэфIи къаруушхуи зэрытрагъэкIуэдар нэрылъагъуу.
- Щыгъуазэ дызэращIамкIэ, зэхыхьэр къызэгъэпэщынымкIэ жэрдэм нэхъыщхьэр зейри ар зэкIэлъыгъэкIуауэ егъэкIуэкIыным зи гуащIэ нэхъыбэу езыхьэлIари Аруан районым ЩэнхабзэмкIэ и унэм и унафэщIым и къуэдзэ Зыхьэ Оксанэщ.
- ДгъэщIэгъуащ нэжэгужагъэр щытепщэ утыкум «Кавказ джэгукIэхэр» спорт-щэнхабзэ фестивалхэм гъэ къэси зыкъыщызыгъэлъагъуэ, ди республикэм кIап- сэ зэпекъумкIэ и командэ хэхам хэт щIалэхэм гукъинэжу зэрызыщагъэзари, гуфIэгъуэ зэхыхьэм кърихьэлIа ныбжьыщIэхэр трагъэгушхуэурэ зэпеуэ удэзыхьэххэм зэрыхашари.
- ЖыпIэнур арамэ, концерт теплъэгъуэхэр и кIэм нэблэгъами, нэфIэгуфIагъэр зи нэгум къищ цIыхухэр зэбгрыкIыжыну епIэщIэкIыртэкъым, къызыхэкIа лъэпкъым ехьэлIауэ «щызэщIакъуа» гушхуагъэмрэ гупсысэ дахэу къахуэушахэмкIэ зыр адрейм зэрыдэгуэшэным хущIэкъухэу…
- Тхыгъэри сурэтхэри КЪУМАХУЭ Аслъэнейщ.
- Лъэпкъыр зэкъуэзыгъэувэ
- Лашынкъей къуажэми Iэтауэ щагъэлъэпIащ Адыгэ ныпым и махуэр. Махуэшхуэм хыхьэу жылэм шыгъажи щрагъэкIуэкIащ, щIалэхэм кIапсэкIэ зэпеIэнымкIэ, бжы дзынымкIэ, IэпщэрыбанэмкIэ, нэгъуэщI адыгэ джэгукIэ лIэужьыгъуэхэмкIи я зэфIэкIхэр ягъэлъэгъуащ.
- Къызэхуэсахэм псалъэ гуапэкIэ захуигъэзащ къуажэдэс нэхъыжь Бейтыгъуэн Гъумар. Абы къыхигъэщащ къытщIэхъуэ щIэблэм щIэныгъэ куу егъэгъуэтыным нэхърэ нэхъ Iуэхушхуэ зэрыщымыIэр. Езым и гъащIэм щытепсэ-лъыхьыжым, Гъумар игу къеуэу жиIащ классиплI фIэкIа къиухыну Iэмал зэримыIар, апхуэдэу щытми, Тенджыз флотым къулыкъу щищIэну и насып къызэрырихьэкIар, еджэну хунэмысами, лэжьыгъэкIэ къикIуэт имыщIэу зэрыщытар. Апхуэдэуи жиIащ мыпхуэ- дэ гуфIэгъуэ зэхыхьэхэр щIэблэр узыншэу къэгъэтэджынымкIэ щхьэпэу къызэрилъытэр.
- Лашынкъей къуажэм и ветеранхэм я советым и тхьэмадэ Тыгъуэн Назир къыхигъэщащ мыпхуэдэ зэпеуэхэм и сабиигъуэр игу къызэрагъэкIыжыр, ныбжьыщIэхэр гъэсэнымкIи нобэ екIуэкI зэпеуэхэм, гъэлъэгъуэныгъэхэм къыпхуэмылъытэным хуэдиз мыхьэнэшхуэ зэраIэр.
- Шэджэм щIыналъэм и администрацэм и Iэтащхьэ ТекIушэ Артур и гуапэу тепсэлъыхьащ Лашынкъей щIэх-щIэхыурэ къызэрыкIуэр, мыбы щрагъэкIуэкI гуфIэгъуэ зэхыхьэхэмкIэ, джэгу дахэхэмкIэ адрей къуажэхэм щапхъэ трахыпхъэу къызэрилъытэр. Ар хэхауэ тепсэлъыхьащ Адыгэ ныпым и махуэр адыгэу щыIэр зэкъуэзыгъэувэу зэрыщытым, гъэ къэси ар дахэу, жылэхэм дэс адрей лъэпкъхэри къыхыхьэу зэрегъэкIуэкIыпхъэм.
- Къызэхуэсахэм хъуэхъу псалъэхэмкIэ зыхуагъэзащ Шэджэм районым щIыпIэ самоуправленэмкIэ и советым унафэщI Уэдыжь Хьэсанш, Лашынкъей администрацэм и тхьэмадэ Хьэгъэжей Хьэсэн, къуажэм и цIыхубзхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI, егъэджакIуэ ДыщэкI Марие, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Къуэдз Iэбубэчыр сымэ, нэгъуэщIхэми.
- Урысейм и Арткомитетым и вице-президент Бейтыгъуэн Iэуес фIыщIэ яхуищIащ мы зэхыхьэ дахэр Шэджэм щIыналъэм и Iэтащхьэм, Лашынкъей къуажэм къызэрыдаIыгъам, кърихьэлIа псоми къызэрыдагъэлъэпIам папщIэ. Апхуэдэуи абы яритыжащ къуажэр илъэс 600 щрикъум ирихьэлIэу ирагъэщIа медалыр зыхуагъэфэща цIыху хыщIым нэблагъэм.
- ГуфIэгъуэ зэхыхьэр ягъэдэхащ «Шэджэм псыкъелъэхэр» ансамблым и къэфакIуэхэмрэ уэрэджыIакIуэхэмрэ, Урысейм щIыхь зиIэ и тренер Бейтыгъуэн Руслан зи гъэсакIуэ спорт школым къекIуалIэ ныбжьыщIэхэм.
- НАФIЭДЗ Мухьэмэд.