ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

«ТекIуэныгъэм и диктант»

2019-04-27

  • ЗауэлI щIыхьым и къалэ Налшык, Урысейм и адрей къалипщIхэми яхуэдэу, накъыгъэм и 7-м хэтынущ «ТекIуэныгъэм и диктант» Урысейпсо акцэм. Хэку зауэшхуэм и тхыдэм теухуа тестыр Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ щатх хъунущ къалащхьэм дэт еджапIэ нэхъыщхьищым языхэзым — Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым, Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и къэрал институтым.

  • Хэку зауэшхуэм и зэманым теухуа диктантыр егъэкIуэкIынымкIэ къызэгъэпэщакIуэ комитетым мэлыжьыхьым и 18-м иригъэкIуэкIа зи чэзу зэIущIэм КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ, «Урысей зэкъуэт» партым и щIыналъэ къудамэм и секретарь АфэщIагъуэ Михаил зэрыщыжиIамкIэ, диктантыр егъэкIуэкIыным, абы хэплъэжыным, кърикIуахэр зэхэлъхьэжыным теухуа мардэр псом я дежкIи зыуэ щытщ. «КъызэгъэпэщакIуэ комитетым и нобэрей зэхуэсым дэ дыщытепсэлъыхьащ диктантым ехьэлIа Iуэху псоми. Нэхъ пасэу дубзыхуауэ щытащ диктантыр щекIуэкIыну щIыпIэхэр. «ТекIуэныгъэм и диктант» лэжьыгъэр сыт хуэдэ ныбжьым итми итхыну хуитщ, ауэ дыхуейт республикэм щыпсэу щIалэгъуалэ нэхъыбэ абы хэтыну. Апхуэдэу акцэм къыхэтшэну дыхуейщ Хэку зауэшхуэм и ветеранхэр, жылагъуэ Iуэху еплъыкIэр нэхъыбэу зыубзыхухэр. Апхуэдэ гукъыдэж зиIэ дэтхэнэ зыри къыдогъэблагъэ а Iуэхум хэтыну икIи я щIэныгъэр здынэсыр къапщытэну», — жиIащ АфэщIагъуэм.
  • «ТекIуэныгъэм и диктант» Iуэхур къызэгъэпэщыным хэтынущ «Урысей зэкъуэтым» и ЩIэблэщIэ гвардием» щыщхэри, «ТекIуэныгъэм и волонтёрхэр» жылагъуэ зэгухьэныгъэм хэтхэри.
  • Нэмыцэ-фашистыдзэхэр Хэку зауэшхуэм зэрыщызэхакъутэрэ илъэс 74-рэ щрикъум траухуа «ТекIуэныгъэм и диктант» акцэр накъыгъэм и 7-м щекIуэкIынущ Урысейм и щIыналъэ псоми.
  • «ТекIуэныгъэм и диктантыр» «Урысей зэкъуэт» Урысейпсо политикэ партым Урысей тхыдэ, Урысей дзэ-тхыдэ зэгухьэныгъэхэм ящIыгъуу иригъэкIуэкI проектышхуэщ. Тестыр ятеухуауэ щытынущ зауэм и тхыдэм, абы и лIыхъужьхэмрэ ТекIуэныгъэм и Махуэмрэ. Лэжьыгъэм кърикIуахэр Урысейм и Махуэм — мэкъуауэгъуэм и 12-м — хэIущIыIу ящIынущ.