ЦIыхубэм я лIыкIуэхэр
2019-04-27
- Урысейм и парламентаризмэм и махуэр 2012 гъэм мэкъуауэгъуэм и 27-м федеральнэ хабзэкIэ къащтауэ щытащ. Ди къэралым и тхыдэм щыяпэ демократие институт нэхъыщхьэм — Урысейм и Къэрал Думэм — 1906 гъэм лэжьэн щIидзащ.
- УФ-м и Конституцэм ипкъ иткIэ, 1993 гъэм щегъэжьауэ Урысей Федерацэм закон къыдэзыгъэкI и орган нэхъыщ-хьэр Федеральнэ Зэхуэсращ — Урысей Федерацэм и Парламентырщ. Ар палатитIу зэхэтщ — ФедерацэмкIэ Советрэ Къэрал Думэрэ. ФедерацэмкIэ Советыр Федеральнэ Зэхуэсым и палатэ нэхъыщхьэрщ, абы къэралым и хэгъэгу къэс къыбгъэдэкI лIыкIуитI хэтщ. Къэ-рал Думэр Федеральнэ Зэхуэсым и палатэ етIуанэрщ, депутат 450-рэ хэтщ, ахэр илъэситху пIалъэ яIэу хах.
- Урысей парламентаризмэр демократием къыгуэхыпIэ зимыIэ и Iыхьэщ, цIыхум и зэфIэкIымрэ и псалъэмрэ пщIэ щаIэ жылагъуэ зэхэты-кIэ убзыхуным хуэгъэпса IэнатIэщ. Абы и фIыгъэкIэ жылагъуэм и гъащIэм епха Iуэху зэмылIэужьыгъуэхэм зэщIыгъуу унафэ тращIыхьыф, цIыху псоми я сэбэп зыхэлъхэр къалъытэурэ.
- Парламентаризмэр зэрызэфIэувар къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ Къэбэрдей-Балъкъэрым ис цIыхубэм я псэукIэми. УзэплъэкIыжрэ абы къикIуа гъуэгуанэм уриплъэжмэ, гу лъумытэнкIэ Iэмал иIэкъым зэман зэхуэмыдэхэм къалэн зэмылIэужьыгъуэхэр зэдихьу зэрекIуэкIам, а къалэнхэр депутатхэм пылъхьэншэу зэрагъэзэщIам.
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым иригъэкIуэкI лэжьыгъэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ къэрал властым и органхэр, граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэр къызэрызэрагъэпэщ, ахэр зэрылажьэ хабзэ лъабжьэхэр зэтегъэувэныр. 1997 гъэм фокIадэм и 1-м Парламентым къищтащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Конституцэр — Урысей Федерацэм хэт, демократие хабзэхэр зи лъабжьэ иджырей къэралыгъуэм и япэ конституцэр. Аращ республикэм и жылагъуэ-политикэ щытыкIэр зэпIэзэрытыным, лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэ куэдым къахэкIа цIыхубэр зэгурыIуэным джэлэс хуэхъур.
- НэщIэпыджэ Замирэ.