Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым и зэхуэс Налшык щекIуэкIащ
2019-04-18
- Ди газетым зэрытетащи, иджыблагъэ Налшык щекIуэкIащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэм я зэIущIэ. Зэхуэсым кърихьэлIащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къардэн Мурат, бизнесымкIэ институтым и ректор, философие щIэныгъэхэм я доктор Хъурей Феликс, КъБР-м граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министр КIурашын Анзор.
- ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий зэIущIэр къызэIуихри, мы зэхуэсыгъуэм зытепсэлъыхьыну къыхагъэщхьэхукIа Iуэхугъуэхэр утыку кърилъхьащ икIи ахэр зэпкърыхыным яужь ихьащ.
- Япэу псалъэ зрата, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд Хасэм 2018 гъэм иригъэкIуэкIа лэжьыгъэм тепсэлъыхьащ. Абы я гугъу ищIащ жылагъуэ зэгухьэныгъэм и пщIэр къэзыIэт, лъэпкъыр хъума хъунымкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ лэжьыгъэу республикэм щрагъэкIуэкIахэм, иджыри зэлэжь проектхэм. Адыгэ псоми зэдагъэлъапIэ махуэшхуэхэм нэмыщI, Хасэм илъэс зыбжанэ хъуауэ иригъэкIуэкI «Адыгэ пщащэ» зэпеуэр цIыхухэм ягу зэрыдыхьам, абы кIуэ пэтми зэрызиубгъум щыхьэт техъуэ видео теплъэгъуэхэр къызэхуэсахэм яригъэлъэгъуащ. Апхуэдэу, илъэс 20-м нэблагъэ ипэкIэ КъАХ-м и жэрдэмкIэ ирагъэжьа «Си бзэ — си псэ, си дуней» республикопсо зэпеуэр, нобэми мыужьыхауэ илъэс къэс екIуэкIыр, мыхьэнэшхуэ зиIэ проекту зэрыщытыр къалъытащ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и мызакъуэу, ар нэгъуэщI щIыналъэхэми къызэрыдащтари жаIащ. Апхуэдэу, иужьрей зэманым КъАХ-м и лэжьыгъэм нэхъ мыхьэнэ зиIэу хэтахэм ящыщщ ди лъэпкъым къыхэкIа цIыху щэджащэхэр гъэлъэпIэным хуэунэтIауэ республикэм щекIуэкI Iуэхухэр.
- ХьэфIыцIэ Мухьэмэд къызэрыхигъэщамкIэ, КъАХ-мрэ щIалэгъуалэмрэ зэрощIэ икIи зэгъусэу Iуэху щхьэпэ куэд зэфIагъэкI, икIи хущIокъу а зэпыщIэныгъэхэр кIуэ пэтми нэхъ быдэ, купщIафIэ зэрыхъуным.
- АдэкIэ зэхуэсым щытепсэлъыхьащ ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым и комитетхэр 2019 — 2021 гъэхэм зэлэжьынухэр убзыхуным. Мыбы теухуауэ япэу псалъэ зрата, ДАХ-м и тхьэмадэм и къуэдзэ Щоджэн Iэминат пыухыкIауэ и гугъу ищIащ комитетхэр илъэсищым зэлэжьыну Iуэхугъуэу къагъэлъэгъуахэм, абыхэм ящыщу гулъытэ нэхъыбэ зыхуэщIыпхъэхэм, япэ игъэщыпхъэхэм. Абыхэм ящыщу къыхигъэщащ хэхэс адыгэхэр адэжь щIыналъэм къэшэжыным зи нэIэ тет гупым и лэжьыгъэм гулъытэ нэхъыбэ хуащIыныр, УФ-м щыпсэуну къэкIуэжа ди лъэпкъэгъухэр гъащIэм хэзэгъэжынымкIэ ядэIэпыкъуным нэхъ тегъэщIауэ Iуэхухэр къызэгъэпэщыныр.
- — Ди жагъуэ зэрыхъунщи, «Терек» зыгъэпсэхупIэ унэм иджыри щопсэу Сирием къиIэпхъукIыжа ди лъэпкъэгъу унагъуэ зыбжанэ. Ахэр щIохъуэпс я псэупIэ яIэжу псэуным, ауэ зэкIэ къехъулIэркъым. А унагъуэхэм сэбэп дазэрыхуэхъуфын Iэмал къэтлъыхъуэныр игъуэт, — жиIащ Щоджэным. — Апхуэдэу, щIалэгъуалэ политикэмкIэ, спортымрэ туризмэмкIэ, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ гупым и къалэнхэм къыщыгъэлъэгъуащ хэхэс адыгэхэм я щIэблэр хэкужьым зыгъэпсэхуакIуэ къэгъэкIуэнымкIэ сэбэп хъун папщIэ илэжьыпхъэхэр. Мы лэжьыгъэр илъэс къэскIэ дэгъуэу зэдрагъэкIуэкI КъБР-м Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министерствэмрэ ДАХ-мрэ. Илъэсым къриубыдэу хэхэс адыгэхэм я щIэблэу къэрал зыбжанэм къикIыу хэкум къатшэр гуп зырызщ — гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэм ирихьэлIэу. Мы лэжьыгъэр гъэм и кIыхьагъым зэпымыууэ екIуэкIыну тхузэтеублатэмэ, ар езы хэхэсхэми къыддаIыгъынут, абы Iэмал къыхуэдгъуэтыным девгъэгупсыс.
- АдэкIэ псалъэмакъым къыпищащ ГъэзэщIакIуэ гупым хэт Табыщ Мурат. Адыгэбзэр хъумэным, зегъэужьыным елэжь гупым а Iуэхур зэригъэкIуэтэным щытепсэлъыхьым, абы теухуауэ гуныкъуэгъуэ щыIэхэмкIэ къыщIидзащ Табыщым. Абыхэм ящыщщ зыуэ щыт адыгэ тхыбзэ диIэным Адыгэ Республикэми КъБР-ми блэкIа илъэситIым куэдрэ зэрыщытепсэлъыхьар, ауэ иджы къыздэсым пыухыкIауэ зы унафэ гуэр абы зэримыгъуэтар. А Iуэхур зэрыщытым хуэдэу къагъэнэнрэ абы унафэ пыухыкIа иIэным ДАХ-р телэжьэнымрэ гъэнэIуатэмэ, зэрынэхъыфIыр къыхигъэщащ къэпсалъэм.
- Апхуэдэу Табыщым къыхигъэща Iуэхухэм ящыщщ адыгэбзэр хэкум щегъэджыным хухах сыхьэт бжыгъэм теухуар. Абазэ хасэхэм яхузэфIэкIащ егъэджэныгъэ планхэм абазэбзэм тхьэмахуэм сыхьэтитху щыхухахыныр. Ар щапхъэфIщ бзэр хъумэным теухуауэ. Апхуэдэу ДАХ-м хузэфIэкI хилъхьэу, щIыналъэхэм щыIэ егъэджэныгъэмкIэ управленэхэм епсалъэу, еджапIэ къэскIэ езым зэрыхуейм хуэдэу къигъэсэбэпыну иIэ сыхьэт бжыгъэм щыщ адыгэбзэр джыным хухригъэхыфатэмэ ар ехъулIэныгъэшхуэу къэплъытэ хъунут.
- КъинэмыщIауэ, Табыщым гу зылъытапхъэу къыхигъэщащ адыгэ узэщIакIуэхэу Нэгумэ Шорэ, ХьэтIохъущокъуэ Къазий, Тамбий Пагуэ, Тобыл Талъустэн сымэ лъэпкъым хуащIахэр хэIущIыIу щIыным, ахэр гъэлъэпIэным хуэунэтIа Iуэху гуэрхэр къызэгъэпэщын зэрыхуейр, мы лэжьыгъэр бзэр хъума хъуным зэрыхуэщхьэпэнум шэч зэрыхэмылъыр.
- — ГъэзэщIакIуэ гупым къыхыхьэ комитетхэм я лэжьыгъэр зэгъэуIуауэ, дэнэкIэ щыIэ хасэми я IуэхущIафэр бзэм деж къыщежьэу, бзэм хуэкIуэжу, псори абы егугъуу зэуIу тщIамэ, бзэм теухуа ди гуныкъуэгъуэхэр нэхъ мащIэ хъунут, — жиIащ Табыщым.
- Щоджэнымрэ Табыщымрэ къаIэтахэр щызэпкърахым, Сэхъурокъуэ Хьэутий къызэхуэсахэм ягу къигъэкIыжащ Сирием къиIэпхъукIыжахэм псэупIэ унэхэр къыхуащэхуурэ унагъуэ куэд къуажэхэм зэрыдэтIысхьар. «Терек» зыгъэпсэхупIэ унэм къыщIэнахэр къалэм къыдэнэну зэрыхуейр и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэщ иджы къыздэсым абыхэм унэ щIамыIэм. Ауэ, мы унагъуихым ятеухуа унафэ зэрыщыIэр, мыгувэу абыхэм псэупIэ щхьэхуэ зэрыхухахынум къызэхуэсахэр щыгъуазэ ищIащ Сэхъурокъуэм. Апхуэдэу, Хасэ тхьэмадэм къызэхуэсахэм ягу къигъэкIыжащ хэхэсхэм ящыщу хэкум къэзыгъэзэжыну хуейхэм ятеухуа, къэралитIым я цIыхуу щытыну хуит зыщI унафэр 1994 гъэм УФ-м къыщыдэкIауэ зэрыщытар. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, а унафэр къэзыгъэсэбэпауэ ди лъэпкъэгъухэм мащIэт яхэтар, мы зэманми щытыкIэм зэрызихъуэжа зэрыщымыIэр.
- АР-м и Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ЛIымыщыкъуэ Рэмэзан зэрыжиIамкIэ, зыуэ щыт адыгэ тхыбзэм теухуа унафэ пыухыкIа а республикэм и щIэныгъэрылажьэхэм къащтэри, Парламентым тхылъ ирагъэхьащи, абы ящIыну унафэм поплъэ. Апхуэдэу АР-м и Хасэм и лэжьыгъэм щыщу ЛIымыщыкъуэм къыхигъэщащ хэкум къэзыгъэзэжынухэм ятеухуауэ зэфIагъэкIхэр. Абыхэм ящыщщ мы гъэм унагъуитху хэкум къашэжыну зэрытраухуар, ар гъэзэщIэным Хасэри къэрал IуэхущIапIэхэри яужь зэритыр.
- Зытепсэлъыхьым теухуауэ и Iуэху еплъыкIэр утыку кърихьащ Тыркум щыпсэу адыгэхэм я лIыкIуэу ГъэзэщIакIуэ гупым хэт Бабыгу Эргун. Абы и гуныкъуэгъуэхэм ящыщщ хэкум къэзыгъэзэжхэм я бжыгъэр зэрымащIэр. Хэкум цIыху нэхъыбэ къэшэжыным телэжьэн зэрыхуейр къагурыIуэу, зы гуп зэрагъэпэщащи абыхэм проект щхьэпэхэр яIэщ икIи ахэр зэфIэха зэрыхъуну Iэмалхэм тепсэлъыхьащ Бабыгу Эргун.
- Мы Iуэхум теухуауэ и гупсысэхэр наIуэ къищIащ ДАХ-м и Нэхъыжьхэм я советым хэт Къуэдзокъуэ Анатолэ. Абы зэригугъэмкIэ, Хэкум къэзыгъэзэжынухэм ядэлэжьэну нэхъыбэу зи пщэ къыдэхуэр а къэралхэм щыIэ хасэхэращ. Мыбы и лъэныкъуэкIэ абыхэм яхузэфIэкIынур нэхъыбэщ хэкум щыIэ хасэхэм нэхърэ.
- ГъэзэщIакIуэ гупыр зыхэплъа Iуэхугъуэхэм ящыщщ Урыс-Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 155-рэ зэрырикъум иращIэкIынухэр. Абы теухуауэ я Iуэху еплъыкIэхэр утыку кърахьащ щIыналъэхэм щыIэ хасэхэм я тхьэмадэхэм. Бабыгу Эргун зэрыжиIамкIэ, щыгъуэ-щIэж махуэм ирихьэлIэу Тыркум къикIыу Налшык къэкIуэну жэрдэм зыщIахэм я бжыгъэр нэхъыбэщ мы гъэм. Ахэр къызэрырагъэблэгъэну, хэкум зэрыщыIэну программэм елэжьыныр игъуэу къыхигъэщащ абы.
- Европэм щыпсэу адыгэхэм я щэнхабзэ федерацэм и тхьэмадэ ДыщэкI Эртан а федерацэм и хэхыныгъэхэр зэрекIуэкIам, хасэм и IуэхущIафэхэм кIэщIу тепсэлъыхьащ.
- Хамэ къэрал щыпсэу адыгэхэм я щIалэгъуалэр Урысей Федерацэм и еджапIэ нэхъыщхьэхэм щегъэджэным ехьэлIат къыкIэлъыкIуэ Iуэхугъуэу ГъэзэщIакIуэ гупыр зыхэплъар. Абы теухуауэ къэпсэлъахэщ Бырсекъуэ Орфан, Бабыгу Эргун, Ансокъуэ Низар, Тхьэухъуэ Зухъеир сымэ. Абыхэм къагъэлъэгъуащ адрей илъэсхэм къащхьэщыкIыу, УФ-м щеджэну жэрдэм зыщIахэмрэ къэралым хухих бжыгъэмрэ зэрызэтемыхуэм, а щытыкIэм зезыгъэхъуэжыну Iэмал къызэрыгъуэтыпхъэм.
- АдэкIэ зыхэплъа Iуэхугъуэр зэхьэлIар ДАХ-м УФ-м и Президент Путин Владимир Зэрызыхуигъэза тхыгъэм кърикIуахэрат. А тхыгъэр зытеухуарат: мы гъэм гъатхэпэм и 29-м къыщыщIэдзауэ лэжьэн щIадзащ «УФ-м и гражданствэм теухуа» хабзэм Путиным хилъхьа зэхъуэкIыныгъэхэм. Абыхэм япкъ иткIэ, УФ-м и гражданствэр къызэрырат щIыкIэр дяпэкIэ нэхъ тынш хъунущ: япэрауэ, ди къэралым и паспортыр къратын папщIэ, цIыхур иджы УФ-м илъэситхукIэ щыпсэуауэ щытыныр Iэмалыншэкъым; етIуанэрауэ, мылъку хэха зэриIэм щыхьэт техъуэ тхылъ къыпиубыдыркъым; ещанэрауэ, урысыбзэ имыщIэми ари щхьэусыгъуэкъым. АтIэ сыт Iэмалыншэр жыпIэмэ, — УФ-м и Конституцэм къигъэувхэр гъэзэщIэнырщ. Мы хабзэр дунейм къызэрытехьэу, ДАХ-м къыбгъэдэкIыу Путин Владимир и цIэкIэ Зэрызыхуагъазэ тхылъ ягъэхьат, хамэ къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр мыпхуэдэ щIыкIэкIэ УФ-м и гражданствэр зратыну гупым хагъэхьэн папщIэ. Абы и жэуапри ДАХ-м къыIэрыхьэжащ, зытегузэвыхь Iуэхум нэхъ гулъы- тэ хэлъу хэплъэну къызэрагъэгугъэр къыщыгъэлъэгъуауэ.
- Мы Iуэхум зэреплъымрэ абы теухуауэ зыщыгъуазэмрэ тепсэлъыхьащ Иорданием щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я лIыкIуэ Ансокъуэ Низар. Хамэ щIыпIэ щыпсэу хэкуэгъухэм ядэIэпыкъун папщIэ къызэрагъэпэща «Русфонд» зэгухьэныгъэм и ЗэзыгъэуIу Советым хэтщ Ансокъуэр. Абы зэрыжиIэмкIэ, зэгухьэныгъэмрэ Адыгэ Хасэмрэ я зэдэлэжьэныгъэр иужьрей илъэсхэм щIагъэхуэбжьэну яужь итщ. Абы фIыуэ кърикIуэнухэм ящыщщ адыгэ ныбжьыщIэу «Русфонд»-м и стипендие зратхэми, хэкум и еджапIэ нэхъыщхьэхэм къыщIэтIысхьэхэми я бжыгъэр нэхъыбэ зэрыхъунур.
- — Иорданием щыпсэу Хэкуэгъухэм я 15-нэ конгрессым тхьэмахуитI ипэкIэ срагъэблэгъауэ, УФ-м и лIыкIуэу Амман щыIэм упщIэ естат: «Иорданием щыпсэу адыгэхэр УФ-м исхэм я хэкуэгъуу къыволъытэ, лъэпкъ фестиваль сыт хуэдэ щэнхабзэ Iуэхугъуэ гуэрхэм щыхэтым деж. Ауэ ди лъэпкъ гуныкъуэгъуэхэм ехьэлIа гуэрхэм Iуэхур нэса нэужь, фи Iуэху еплъыкIэм зехъуэж. А щытыкIэм сыт щыгъуэ зыщихъуэжы- нур?»,- жысIэри. Абы и жэуап къыдатыну дыкъагъэгугъащи дыпоплъэ, — жиIащ Ансокъуэм.
- Адыгэ ныбжьыщIэхэр гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэм хэкум къегъэблэгъэным теухуауэ къэпсэлъащ министр КIурашын Анзор. Абы къыхигъэщащ мы Iуэхум Хасэ къудамэхэр жэуаплыныгъэ хэлъу зэрыпэрытыр. Сабийхэр хэкум къашэ къудей мыхъуу, мыбы икIыурэ ди сабий гупхэр хэхэс адыгэхэм я деж щохьэщIэ. Хамэ къэрал яшэ сабийхэр къыхах бзэм, хабзэм щыгъуазэу, зыхыхьэм абыкIэ щапхъэ яхуэхъун хуэдэу.
- АдэкIэ Сэхъурокъуэ Хьэутий утыку къришэри игъэлъэпIащ Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм къикIа сурэтыщI Iэзэ Хьэгъундокъуэ Мухьэмэд. Абы хуагъэфэщащ ДАХ-м и ЩIыхь тхылъымрэ и Дамыгъэ лъапIэмрэ.
- ЗэIущIэм и кIэухыу гъатхэпэм и 14-м ДАХ-м иригъэкIуэкIа, адыгэбзэкIэ диктант тхыным кърикIуахэр Сэхъурокъуэ Хьэутий къызэщIикъуэжащ:
- — Адыгэ тхыбзэм и махуэр лъэпкъыр зэзыпх зы налъэу, Адыгэбзэ диктанту дэнэ щIыпIэкIи щедгъэкIуэкIар псори дызэпызыщlэ лъэмыжу, адыгэбзэр ди хъугъуэфlыгъуэ нэхъыщхьэу зэрыщытыр цIыхухэм ягу къигъэкIыжащ мы Iуэхугъуэм. ЦIыхухэм я арэзыныгъэрэ я фIыщIэ куэдрэ къыпэкIуащ мы лэжьыгъэм. АдэкIи пытщэнущ мы Iуэхум, нэхъри зедгъэубгъунущ, — жиIащ Сэхъурокъуэм.
- ДАХ-м къыбгъэдэкIыу щIыхь тхылъхэмрэ саугъэтхэмкIэ яхуэупсащ диктантыр нэхъыфIу зытхахэмрэ къэпщытакIуэ гупым хэтахэмрэ. Диктантым къыхэжаныкIахэм ящыщт еджакIуэ цIыкIухэри, школ, университет егъэджакIуэхэри, пресс-IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэри, пенсэ ныбжьым ит нэхъыжьыфIхэри.
- ЗэIущIэм кърихьэлIахэм я пащхьэ еджакIуэхэмрэ сабий садхэм я гъэсэн цIыкIухэмрэ щагъэлъэгъуащ «Анэдэлъхубзэр лъэпкъым и щIыхьщ» зыфIаща теплъэгъуэ дахэр.
- ЗэIущIэм зыщытепсэлъыхьа Iуэхугъуэхэм ятеухуа унафэхэр IэIэткIэ къащтащ икIи ГъэзэщIакIуэ гупым и къыкIэлъыкIуэ зэхуэзэр бадзэуэгъуэ мазэм щыIэну зэгурыIуащ.
- Тхыгъэри сурэтхэри
- КЪЭРЭНАШЭ Мадинэ ейщ.