КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ Стратегие зыужьыныгъэмрэ лъэпкъ проектхэмкIэ советым и зэIущIэ
2019-04-18
- Дыгъуасэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ КъБР-м и Iэтащхьэм и деж Стратегие зыужьыныгъэмрэ лъэпкъ проектхэмкIэ щыIэ советым и зэхуэсыр. Абы хэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Т. Б., КъБР-м и Премьер-министр Мусуков А. ТI., КъБР-м къегъэщIылIа федеральнэ инспектор нэхъыщхьэ Ткачёв Е. А., министерствэхэм, ведомствэхэм, муниципальнэ зэгухьэныгъэхэм я унафэщIхэр, хьэрычэт Iуэхум хэтхэм я лIыкIуэхэр.
- КIуэкIуэ К. В. зэIущIэм хэтхэм ягу къигъэкIыжащ УФ-м и Президентым «Урысей Федерацэм 2024 гъэ пщIондэ зэрызиужьыну унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэм я IуэхукIэ» накъыгъэм къыдигъэкIа Указым къалэн нэхъыщхьэу къигъэувхэм къэралым социально-экономикэ и лъэныкъуэкIэ щIэгъэхуэбжьауэ зегъэужьыныр, цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэныр, нэхъ зыхуэIэзэм елъытауэ, дэтхэнэ зы цIыхуми и зэчийр къызыкъуихынымкIэ Iэмалхэр къыхузэгъэпэщыныр арауэ зэрыщытыр.
- «А псори къэлъытауэ, дэ Iуэхушхуэхэр зэфIэдгъэкIыну къытпэщытщ икIи ахэр къыдэхъулIэн папщIэ дэтхэнэ зыри жэуаплыныгъэшхуэ тхэлъу абыхэм дабгъэдыхьапхъэщ, фIыуэ дызэгупсыса, сыт и лъэныкъуэкIи зэпэтлъыта унафэхэр къэтщтэни хуейщ. Экономикэр къапщтэмэ — ди къалэнщ абы щIэгъэхуэбжьауэ зегъэужьыныр, IэмалыщIэ нэхъыбэ хэпщэныр, езыхэм хуэдэ товархэм сыт и лъэныкъуэкIи ехьэехуэфынухэр къыщIэгъэкIыныр. Социальнэ IэнатIэм — ар тхьэмыщкIагъэм ебэнынымрэ цIыхухэм я псэукIэр адэкIи егъэфIэкIуэнымрэщ, абыхэм я гъащIэр нэхъ кIыхь хъуным хущIэкъунырщ. Абы къикIыращи, дэ цIыхухэм я хэхъуэхэр нэхъыбэ зэрыхъуным теухуа Iэмалхэр къыхэтлъхьэн, иджырей медицинэм и Iуэхутхьэбзэхэр нэсу къагъэсэбэпыфыным, псэукIэ зэIузэпэщ яIэным дытелэжьэн хуейщ», — къыхигъэщащ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэм.
- КIуэкIуэ Казбек гулъытэ хэха хуищIащ ведомствэхэм зэдай лэжьакIуэ гупхэмрэ Iуэхур зэхьэлIа министерствэхэмрэ я унафэщIхэм лъэпкъ проектхэм щыщу щIыналъэр зыхэтхэр гъэзэщIа хъунымкIэ я пщэ къыдэхуэ жэуаплыныгъэм: «Къэралым и УнафэщIым и накъыгъэ Указым щыубзыхуа Iэмал псори нобэ нэсу къэдгъэсэбэпын хуейщ. А лэжьыгъэм кърикIуэхэрщ дэ илъэс гъунэгъухэм тхузэфIэкIынур къэзыгъэлъагъуэ пщалъэ нэхъыщхьэу увынур».
- УФ-м и Правительствэм, къыщыхагъэщащ зэхуэсым, щызэхалъхьащ лъэпкъ проект 12, федеральнэ программэ 67-рэ къызэщIаубыдэу, абыхэм ящыщу 51-м хэтщ Къэбэрдей-Балъкъэрыр. Ахэр гъэзэщIэным 2019 гъэм трагъэкIуэдэну я мурадщ сом меларди 5-рэ мелуан 455-рэ.
- Илъэс гъунэгъухэм зэлэжьынухэм ящыщу къагъэлъэгъуащ сабий куэд зиIэ унагъуэхэм зыщIагъэкъуэныр, илъэсищ иримыкъуа цIыкIухэм щакIэлъыплъыну IуэхущIапIэхэр зыхуей-зыхуэфIхэмкIэ къызэрагъэпэщыныр, зи ныбжь хэкIуэтахэм я псэукIэр ирагъэфIэкIуэныр, узыншагъэр хъумэн IэнатIэм зрагъэужьыныр, гу-лъынтхуэ, лышх узыфэхэм ебэныныр, медицинэ IуэхущIапIэхэр зи IэщIагъэм фIыуэ хэзыщIыкI лэжьакIуэхэмкIэ къызэрагъэпэщыныр, къуажэхэм еджапIэхэмрэ щэнхабзэм и IуэхущIапIэхэмрэ щыухуэныр, егъэджэныгъэ IэнатIэм и материально-техникэ лъабжьэр къэгъэщIэрэщIэжыныр, 2024 гъэм ирихьэлIэу республикэм псэупIэ унэу щащIыр метр зэбгъузэнатIэ мин 647-м нэсу хэгъэхъуэныр, зэфэну псы къабзэкIэ цIыхухэр нэсу къызэгъэпэщыныр, нэгъуэщI унэтIыныгъэхэри.
- КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэм зэфIэгъэкIыпхъэу къигъэувахэм ящыщщ инвестицэхэр щIыпIэм къыхегъэлъхьэным и Iуэхур егъэфIэкIуэнри, проектышхуэхэр гъэзэщIэнри, федеральнэ къэрал къулыкъущIапIэхэм мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхухэр щыдагъэкIкIэ ядэлэжьэнри.
- Зытепсэлъыхь Iуэхухэм ятеухуауэ докладхэр ящIащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков А. ТI., КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ — инфраструктурэмрэ бжыгъэхэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэмкIэ министр Бэлэтокъуэ В. Хь., КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Мовсисян Г. О., КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къардэн М. Н., КъБР-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Рахаев Б. М., КъБР-м щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Коновалов О. Е. сымэ.
- КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.