Хьэрычэт IэнатIэм и гулъытэ
2019-04-18
- Ди республикэм и сымаджэщ, поликлиникэ зыбжанэм «Лада Гранта» автомобиль щIэрыпсхэр къаIэрыхьащ. Ахэр 25-рэ мэхъу. Абы ехьэлIа гуфIэгъуэ зэхыхьэр Налшык Абхъазым и утыкум дыгъуасэ щекIуэкIащ. ЗэIущIэм кърихьэлIащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, республикэм и Правительствэм и Тхьэмадэм и къуэдзэ Мовсисян Грант, узыншагъэр хъумэнымкIэ министр Хъубий Марат, зыхуэупсэну медицинэ IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэр.
- «Бахъсэным и жыг хадэхэр» компанием — автомобилхэр къэзыщэхуам — и лIыкIуэхэм фIыщIэ псалъэ зэхрагъэхащ Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, Мовсисян Грант, машинэщIэ зылъыса IуэхущIапIэхэм щылажьэхэм.
- — Къыхэгъэщыпхъэщ, республикэм и унафэщIхэм цIыхухэм я узыншагъэр хъумэным ехьэлIа Iуэхухэм гулъытэ хэIэтыкIа зэрыхуащIыр. Абы къыдэкIуэуи, си фIэщ мэхъу, республикэм щыпсэухэм гу лъатэу икIи бизнес-жылагъуэр ди дэIэпыкъуэгъуу, медицинэ Iуэхутхьэбзэ-хэм я фIагъыр къызэрытхуэIэтынури, — къыхигъэщащ Къуэдзокъуэ Мухьэмэд.
- — Машинэхэр «Бахъсэным и жыг хадэхэр» («Сады Баксана») ООО-м и мылъкукIэ къащэхуащ. Ахэр район сымаджэщ нэхъыщхьэхэмрэ Налшык къалэ дэт поликлиникэ зыбжанэмрэ ятедгуэшащ. Мыпхуэдэ машинэ псынщIэхэр зэгъэбыдылIа ди автопаркыр 2007 гъэ лъандэрэ къагъэщIэрэщIэжатэкъым. Абы къыхэкIыуи, машинэхэм жьыфэ къатеуат. Спонсорым, «гъущIыгу» зыкъизыххэм къищынэмыщIа, дэ къытхуищэхуащ сымаджэщхэм хуабжьу къахуэщхьэпэну уэншэку мини 3-м щIигъурэ тепIэнщIэлъын 4800-м нэблагъэрэ. Машинэхэри яхэту, «Бахъсэным и жыг хадэхэр» ООО-м мы зэманым дэ къытхуищIа псоми сом мелуан 30-м щIигъу я уасэщ, — къыхигъэщащ Хъубий Марат.
- Автомобилхэм я IункIыбзэIуххэр IэщIалъхьащ республикэм и сымаджэщхэмрэ поликлиникэхэмрэ ящыщу зыхуагъэфэщахэм я дохутыр нэхъыщхьэхэм. КъедбжэкI хъумэ, иджы а машинэщIэхэр къагъэсэбэпынущ республикэмрэ къалэмрэ я сабий клиникэ сымаджэщхэм, жьэн узым щеIэзэ, щIыфэ-венерологие диспансерхэм, Налшык дэт поликлиникэхэу №№1-м, 2-м, 3-м, районхэм щыIэ сымаджэщ нэхъыщхьэхэм.
- Фигу къэдгъэкIыжынщи, КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэ- кIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек 2019 гъэм и гъатхэпэм ди республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и IуэхущIапIэхэм я дохутыр нэхъыщхьэхэм яхуэзат. А зэIущIэм къыщаIэта псалъэмакъым щыщт сымаджэщхэмрэ поликлиникэхэмрэ транспорт зэрахуримыкъум теухуари.
- — Хуабжьу дызыгъэгушхуэщ, ди лъэр жан зыщIщ федеральнэ, республикэ унафэщIхэм зэпымыууэ гулъытэ хэха къызэрытхуащIым и мызакъуэу, ди щIыналъэм зыщызыужь бизнес IэнатIэми и гупэр ди дежкIэ къызэригъазэр, къахэхъуэ мылъкум щыщ социальнэ мыхьэнэ зиIэ Iуэхухэми зэрытрагъэкIуэдэн гукъыдэж яIэу, — къыпищащ и псалъэм Хъубий Марат.
- Тхыгъэри сурэтхэри КЪУМАХУЭ Аслъэн ейщ.