«Спартак» — «Автомобилист» — «Эльбрус» — «Спартак-Налшык»
2019-04-18
- Нобэ илъэс 60 ирокъу Къэбэрдей-Балъкъэрым и футбол командэ нэхъыщхьэр къэралпсо утыку къызэрихьэрэ
- Япэ лъэбакъуэхэр зычахэр
- Ди республикэм футболым зыщиужьын щIидзащ къэралым и чемпионатым щыджэгуну Налшык и «Спартак» командэр 1959 гъэм къызэрагъэпэща и ужькIэ. СССР-м и етIуанэ лигэм и «Б» классым къыщыщIидзэри, абы ехъулIэныгъэ инхэр иIащ. Къапщтэмэ, 1965, 1970 гъэхэм РСФСР-м и чемпион хъуащ, 1972 гъэм япэ лигэм хыхьащ. ГуфIэгъуэшхуэ къытхуихьащ 2005 гъэм — япэ дивизионым етIуанэ увыпIэр щиубыдри, зэи къэмыхъуауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ нэхъыщхьэр премьер-лигэм кIуащ икIи абы щыхэта япэ илъэсым ебгъуанэ хъуащ. Урысей Федерацэм футболымкIэ и гуп нэхъыфI пщыкIухым «Спартак-Налшыкыр» илъэсихрэ ныкъуэкIэ хэтащ икIи дэрэжэгъуэ ин къыдитащ.
-
БлэкIа зэманым къриубыдэу ди республикэм и командэ нэхъыщхьэм и цIэр зыбжанэрэ ихъуэжащ. Къызэрыхэдгъэщащи, Налшык и «Спартак»-у ар къежьащ. 1969-1972 гъэхэм «Автомобилист»-у утыку итащ. ИужькIэ зытетам техьэжри, илъэсищкIэ ар зэрихьауэ «Эльбрус» фIащащ. Наурзокъуэ Юрэ и тренер нэхъыщхьэу щыщыта 1976 гъэм и закъуэщ Европэм и Iуащхьэ нэхъ лъагэ дыдэм и жьауэм щIэту ди командэр зэхьэзэхуэм зэрыхэтар. КъыкIэлъыкIуэ илъэсым, аргуэрыжьти, «Спартак»-м техьэжащ. IэмалыншагъэкIэ и цIэр иужьу ихъуэжын хуей щыхъуар премьер-лигэм щыхыхьа 2006 гъэращ. Мэзкуудэсхэм къалъытащ, езыхэм я «Спартак» футбол командэм фIэ- кIа, нэгъуэщIым апхуэдэу еджэу къэра-лым щыщыIэ мыхъуну. Дыдейхэри куэд- рэ ныкъуэкъуакъым — гупым и фIэщыгъэцIэм республикэм и къалащхьэм зэреджэр дыщIагъури, «Спартак-Налшык» зыфIащыжащ. Нобэр къыздэсми абы тетщ.
- Илъэс 60 гъуэгуанэр кIэщIкъым. А зэманым къриубыдэу къэрал псом я цIэр фIыкIэ щыIуащ адыгэ футболист щIалэхэу Iэпщэ Александр, Наурзокъуэ Юрэ, Ещтрэч Владимир, Лъэрыгухэ Викторрэ Къазбэчрэ, КIурашын Олег, Гъубж Вячеслав, Наурыз Басир, Хьэпэ Заур, нэгъуэщI куэдми.
- Зэи къэмыхъуауэ, Совет Союзым щекIуэкI зэхьэзэхуэм хыхьэну 1959 гъэм ди республикэм Iэмал къыщратым зэхуашэса Налшык и «Спартак»-м ди лъэпкъэгъухэм ящыщу Наурзокъуэ Юрэ, Iэпщэ Александр, Алий Руслан сымэ ирагъэблэгъащ. Ахэращ адыгэхэм топджэгум щагъэтIылъа лъабжьэм и къежьапIэ хъуар.
- Чемпионыгъэм хуэзыша гъуэгур
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортым и тхыдэм дыщэпскIэ итхащ 1965 гъэр. А илъэсым СССР-м футболымкIэ и «Б» классым и 4-нэ зонэм щытекIуэри, Налшык и «Спартак»-р «А» классым (иужькIэ япэ лигэ хъужам) кIуащ. КъыкIэлъыкIуэу, бжьыхьэм зэхэта гупхэм щытекIуахэм я зэхьэзэхуэм ди футболистхэм пашэныгъэр щаубыдри, зэи къэмыхъуауэ, Урысей Федерацэм и чемпионыгъэр зы-Iэрагъэхьащ.
- 1965 гъэм ирихьэлIэу гуп лъэщ къызэрагъэпэщат Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и тренер Чихрадзе Дмитрийрэ абы и дэIэпыкъуэгъу Котов Юрэрэ. «Б» классым и 4-нэ зонэм абы и пэ ит илъэсым еплIанэ увыпIэр зэрыщиубыдам ди «Спартак»-м нэхъ къалэнышхуэжхэр зэрыхузэфIэкIы-нур къыбгуригъаIуэрт. Зи пщIэмрэ зэфIэкIымрэ хуабжьу лъагэ Iэпщэ Александр къахыхьэжа иужькIэ, налшыкдэсхэр узыпэщIэмытыфын къару лъэщ хъуащ.
- ПэщIэдзэ зэIущIиплIми щытекIуэри, «Спартак»-м занщIэу бжьыпэр иубыдащ икIи зэхьэзэ-хуэр иухыхукIэ ар иутIыпщакъым. Зэпеуэр зэфIэкIыным иджыри зыкъом иIэжт, налшыкдэсхэм япэ увыпIэр къызэрахьар наIуэ щыхъуам. Абыхэм къызэранэкIат Куржым, Армением, Урысей Федерацэм я командэ 19, Баку, Кировабад, Сухуми, Батуми, Мэхъэчкъалэ, Ставрополь, Новороссийск, Орджоникидзе (иджы Владикавказ) я гуп лъэщхэр яхэту. Налшык и «Спартак»-р ипэкIэ игъэкIуатэрт абы и капитан Iэпщэ Александр.
- Зыхэта гупым япэ увыпIэр къыщахьакIэ Iуэхур зэфIэкIатэкъым. Зыхэхуа зонэм щытекIуахэм Iэмал яIэт Урысей Федерацэм щынэхъ лъэщхэр щызэхагъэкIыну зэхьэзэхуэм зыкъыщагъэлъэгъуэну. Зэпеуэр IыхьитIу зэщхьэщыхат. Япэм командэхэр финал ныкъуэм гупиплIу щаугуэшащ, дэтхэнэми щырыщ хэту. Ахэр щекIуэкIыну яубзыхуат Калининград, Саратов, Армавир, Налшык.
- Ди командэм къищынэмыщIауэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм къыщызэхуэсат Сыбырым щынэхъ лъэща Омск и «Иртыш»-мрэ Томск и «Торпедо»-мрэ. Ахэр тIорытIэ зэдэджэгуу гупым щытекIуар зэхагъэкIын хуейт, иужькIэ кIэух зэпеуэм ар ягъэкIуэн папщIэ.
- Къэбэрдей-Балъкъэрыр зэрыщыту футболым итхьэкъуауэ къыпщыхъурт 1965 гъэм щэкIуэгъуэм (ноябрым) и пэщIэдзэм. Дэнэ щIыпIи щекIуэкI псалъэмакъхэм я нэхъыбэр зытеухуар Урысей Федерацэм и командэ нэхъ лъэщхэр Налшык зэрыщызэIущIэрт икIи ди «Спартак»-р абыхэм зэрахэтырт. Джэгухэр щекIуэкIыну махуэхэм республикэм футболым щыдихьэххэр хэти хьэлъэзешэ машинэкIэ, хэти автобускIэ, хэти шууэ, хэти лъэсу Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм къекIуалIэрт. «Спартак» стадионым IэпэдэIупIэ имыIэжу цIыхур изт. Абыхэм къахуэгъэсыртэкъым ди щIалэхэр джэгупIэ губгъуэм къыщихьэну дакъикъэхэр.
- Япэ дыдэ зэIущIэм «Спартак»-р пэщIэхуащ Омск и «Иртыш»-м ихъуреягъкIэ зыкъызэригъэбыдам. ДэнэкIэ къыщыбгъэдыхьэ-ми, ди щIалэхэм ар къызэранэкIы-фыртэкъым. Апхуэдэу щыхъум, стадионым изу ис топджэгум дихьэххэр Iуэхум къыхыхьащ. УвыIэгъуэ имыIэу я макъ къызэрихькIэ абыхэм хэгъэрейхэр трагъэгушхуэрт. Ар пщIэншэ хъуакъым. Джэгур иухыным дакъикъипщI фIэ- кIа имыIэжу, Сыбырым къикIахэм я зыхъумэжыныгъэр налшыкдэсхэм кIуэцIратхъащ икIи 1:0-у ахэр хагъэщIащ. Ар япэ текIуэныгъэт икIи псом нэхърэ нэхъ гугъуат. АдэкIэ щыIар бжыгъэшхуэ защIэщ — Томск и «Торпедо»-м тIэунейрэ 3:0, 5:0-у ефIэкIри, «Иртыш»-ми етIуанэу 3:0-у къыфIихьыжащ. Стадионым исхэм абыхэм къра- та дэрэжэгъуэмрэ гуфIэгъуэмрэ къыпхуэмыIуэтэнт. АрщхьэкIэ иджыри къапэщылъыр куэдкIэ нэхъыфIыжт.
- Арати, зэIущIиплIми щытекIуэри, Налшык и «Спартак»-м зыхэта гупым япэ увыпIэр щиубыдащ. АдэкIэ кIэух зэпеуэм хэтыну абы Iэмал игъуэтащ. Ар Налшык щыIэну щытраухуам, зэрыреспубликэу хуабжьу щыгуфIыкIащ. КъызэгъэпэщакIуэхэм къызэрымыкIуэу ягу ирихьат финал ныкъуэ зэхьэзэхуэхэр ди деж зэрыщекIуэкIа щIыкIэр, цIыхухэр изу стадионым къызэрекIуалIэр.
- Зэпеуэм и мыхьэнэр зэрыдэуеяр къалъытэри, топджэгум дихьэх-хэр нэхъыбэжу къекIуалIэу хуежьащ. ЗэIущIэм щIидзэным иджыри сыхьэт зыбжанэ иIэжу ахэр «Спартак» стадионым из хъурти, темыпыIэжу зыдэщIхэм пэплъэрт. ЦIыху мин тIощIым щIигъу къызэхуэсыныр а махуэхэм мардэт.
- ДжэгупIэ губгъуэм къихьэ футболистхэм гурэ псэкIэ зыхащIэрт жэуаплыныгъэшхуэ я пщэ къызэрыдэхуэр. Iэпщэ Александр ахэр тригъэгушхуэурэ «Фымыгузавэ!» яжриIэ хабзэт. Абы и псалъэр къызыгурыIуэр гупым къыдыхэт и лъэпкъэгъухэу ТыIэщ Хьэсэнбийрэ Щэрмэт Валерэрэ я закъуэтэ-къым. Ар зэхащIыкIырт куржы Гогибедашвили Заур (иужькIэ Хьэмгъуокъухэ я малъхъэ хъуам), осетин Джиоев Владимир, украинхэу Николаенкэ Владимиррэ Дьяченкэ Юрэрэ, урысхэу Алдышев Анатолий, Давыдов Игорь, Литвинов Борис, Красиков Геннадий, Кривошеев Анатолий, Ильин Валерэ, Ивановский Юрэ, Малютин Владимир, Шаповалов Анатолий, Першин Валерий сыми. Ахэращ япэ дыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр футболымкIэ зыIэтар икIи Урысейм и дыщэ медалхэр къытхуэзыхьар.
- Я зы хьэрхуэрэгъуи ди щIалэхэм къапэхъуфынутэкъым! Абы щыхьэт техъуащ Урысей Федерацэм и чемпионатым и кIэух зэIущIэхэр. ЯпэщIыкIэ Саратов и «Сокол»-м, къыкIэлъыкIуэу Уфа и «Строи-тель»-м топ щырыщ жэуапыншэу худагъэкIащ. Аркъудейм «А» классым (иужькIэ япэ лигэ хъужам) щыджэгуну Налшык и «Спартак»-м хуитыныгъэ къритырт. АрщхьэкIэ дыщэм щыщIэбэныну иужь дыдэ зэIущIэр налшыкдэсхэм къапэщылът. Ахэр иджыри къэс псоми ефIэкIа Къэзан и «Рубин» коман-дэ лъэщым дэджэгун хуейт. ТекIуэр Урысей Федерацэм и чемпионт.
- Я хьэрхуэрэгъу тIурытI хагъэщIарэ бжьыпэр зэдагуэшу Нал-шык и «Спартак»-мрэ Къэзан и «Рубин»-мрэ кIэух зэIущIэм ирихьэлIащ. Топ дагъэкIахэмрэ къыхудагъэкIахэмрэ зэрызэхущытым Iэмал къитырт, зэпэщIэтыныгъэр зэрытемыгъэкIуауэ иухми, налшыкдэсхэм япэ увыпIэр яубыдыну. АрщхьэкIэ абы егупсысыр мащIэ дыдэт. Стадионым изу къекIуэлIа цIыху мин тIощIым щIигъур зыщIэхъуэпсыр зыдэщI «Спартак»-м и текIуэныгъэрат. Ар кIэух телъыджэ хуэхъунут дэрэжэгъуэ куэд къезыта 1965 гъэм екIуэкIа зэхьэзэхуэхэм.
- Ди щIалэхэр зэрыщыгугъауэ къыщIэкIащ. А пщыхьэщхьэм 3:1-уэ Къэзан и «Рубин»-р хигъащIэри, Налшык и «Спартак»-р, зэи къэмыхъуауэ, Урысей Федерацэм и чемпион хъуащ.
- Стадионым къекIуэлIа цIыху мин тIощIым щIигъум я гуфIэгъуэр пхуэмыIуэтэжынт. Зытеса газетхэр, мафIэ пагъэнауэ, абыхэм ягъэдалъэрт. 1965 гъэм щэкIуэгъуэм (ноябрым) и 20-м и пщыхьэщхьэм «Спартак» стадионыр щIыб мафIэшхуэм зэщIищтауэ къыпщыхъурт. Топджэгум дихьэххэм апхуэдэу ягъэлъапIэрт ди щIалэхэм япэу къытхуахьа текIуэныгъэ иныр. Езы футболистхэми, зы къару къахуэмынэжу ешами, насыпыфIэу Урысей Федерацэм и чемпион лентIхэр, дыщэ медалхэр, спортымкIэ мастер къызэрыфIащам щыхьэт техъуэ тхылъхэр гуфIэжу къыIахырт. Абыхэм яхэтт илъэс етIуанэ хъуауэ апхуэдэ дэрэжэгъуэр къызэхъулIэ Iэпщэ Александр. Нэгъабэ ар Совет Союзым и чемпион хъуат, иджы Урысей Федерацэм и дыщэр зыIэригъэхьат. Iэпщэм текIуэныгъэрэ насыпрэ къызыхуихьар Тбилиси и «Динамо»-м и закъуэкъым, атIэ хуэугъурлащ зыгъэса Налшык и «Спартак»-ми.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм щрагъэкIуэкIа финал ныкъуэмрэ кIэух зэIущIэхэмрэ хыхьэ джэгугъуиблми, адрейхэм куэдкIэ зэрефIэкIыр нэрылъагъуу, ди щIалэхэр щытекIуащ. Налшык и «Спартак»-м и лъэщагъыр на- Iуэ къыпщищIырт абыхэм япкъ иткIэ и хьэрхуэрэгъухэм топ 21-рэ зэрыхудигъэкIамрэ зы топ закъуэ фIэкIа къызэрыхудамыгъэкIыфамрэ.
- Ди гугъэмкIэ, афIэкIа зэи щыIакъым гупым щыджэгухэмрэ абы дэщIхэмрэ апхуэдизу быдэу щызэрыубыда, щызэрыIыгъа. Пэжщ, щыIащ 1970 гъэр — Налшык и «Спартак»-р етIуанэу Урысей Федерацэм и чемпион щыхъуар. Зэи гум имыхунщ 2005 гъэм и бжьыхьэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэр япэ дыдэу къэралым и гуп нэхъыщхьэм щыхыхьамрэ ар абы илъэсихрэ ныкъуэкIэ зэрыхэтамрэ. Абы щыгъуэми япэ текIуэныгъэ иныр къыщахьа 1965 гъэр зыми хуумыгъэдэ-фынщ. Ар я лъабжьэ быдэщ къыкIэлъыкIуа ехъулIэныгъэхэм икIи зэи пщыгъупщэнукъым.
- Тхыдэм хыхьа зэIущIэ
- 1959 гъэм мэлыжьыхьым и 18-р Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхыдэм хыхьащ — ди республикэм и щIыхьыр зыхъумэ коман-дэ япэ дыдэу къэралпсо утыку ихьащ. Совет Союзым футболымкIэ щекIуэкI зэхьэзэхуэм и «Б» классым Налшык и «Спартак»-м хьэрхуэрэгъу къыщыхуэхъуащ Кавказ Ищхъэрэмрэ Кавказ АдрыщIымрэ я гуп лъэщхэр. Ереван и «Спартак»-р, Грознэ и «Тэрчыр», Краснодар и «Кубань»-р, Кутаиси и «Торпедо»-р, Дон Iус Ростов и «Ростсельмаш»-р, Баку и «Нефтяник»-р, нэгъуэщIхэри налшыкдэсхэм я япэ ныкъуэкъуэгъухэм ящыщащ.
- Зэхьэзэхуэр щIидзэным мазэ зыбжанэ иIэжу ди республикэм псалъэмакъыу щекIуэкIым я нэхъыбэр зытеухуар Налшык и «Спартак»-р къэралпсо утыку зэрихьэнурат. Совет Союзым и адрей командэ-хэм дыдейхэр дауэ ядэхъуну? «Спартак»-м хэт сымэ хагъэхьэнур? ДамыгъэукIытэну пIэрэ? Апхуэдэ упщIэхэр я куэдт ди республикэм футболым щыдихьэххэм.
- Япэ зэIущIэр щекIуэкIыну махуэм, джэгум щIидзэным иджыри сыхьэт зыбжанэ иIэжу, цIыхухэр уэру Налшык и «Спартак» стадионым къекIуалIэу хуежьащ. Мы Iуэхугъуэшхуэм и хьэтыркIэ къалэм и промышленнэ IэнатIэхэм лэжьэгъуэ махуэр щагъэкIэщIащ, къуажэ, хозяйственнэ унафэщIхэм хэти автобусхэр, апхуэдэ зимыIэхэм хьэлъэзешэ автомашинэхэр хухахащ топджэгум кIуэну хуейхэр зэIущIэм ирихьэлIэн папщIэ. Дауи, стадионым цIыхухэр из хъуащ.
- ЗэIущIэм и судья нэхъыщхьэм командэхэр губгъуэм кърешэ. Абыхэм щыту Iэгу хуоуэ стадионым ис цIыху минипщIхэр. Псом хуэмыдэу ахэр дэрэжэгъуэм къызэщIеIэтэ я лъахэгъухэу Наурзокъуэ Юрэ, Iэпщэ Александр, Алий Руслан, Николаенкэ Владимир, Желюкин Виктор, Туаев Къазбэч сымэ, адрейхэми я цIэр дикторым къыщриIуэкIэ.
- КIэфийр къэIуа иужькIэ джэгум щIе- дзэ. Апхуэдэ зэIущIэхэм зэи хэмыта Налшык и «Спартак»-м и футболистхэр зы тэлайкIэ Iэнкунщ. Абы и хьэрхуэрэгъур зыхэт гупым щыпашэхэм ящыщ зы Армением и Ленинакан къалэм къикIа «Ширак» командэращ. Ди щIалэхэр трагъэгушхуэу стадионым кърихьэлIахэр зэрогъэкIий — налшыкдэсхэр ебгъэрыкIуэну абыхэм къыхураджэ. НапIэзыпIэм стадионым исхэмрэ «Спартак»-м и футболистхэмрэ зы къару лъэщу зэкъуоувэри, я хьэрхуэрэгъу лъэщыр ирагъэкIуэт. ЯщIэнур ямыщIэжу «Ширак»-м щыджэгухэр зэрызохьэ. Абыхэм я гущхьэм къэкIакъым Налшык апхуэдэ командэ лъэщ зэман кIэщIым къриубыдэу къыщызэрагъэпэщауэ.
- Джэгум и 15-нэ дакъикъэр йокIуэкI. ХьэщIэхэм я гъуэм пэмыжыжьэу топыр къызыIэрыхьа Туаев Къазбэч и хьэрхуэрэгъум IэщIокIри, и къару къызэрихькIэ йоуэ. Ермэлыхэм я гъуащхьэтетым зыгуэр ищIэну хузэфIэкIакъым. Стадионыр зэуэ къызэроIэт — Г-о-о-о-л! Мис апхуэдэу Налшык и «Спартак»-м япэ топыр союзпсо зэхьэзэхуэм щыдигъэкIащ. Абы иужькIэ ди командэр дапщэрэ къыхэжаныкIа?! Миным щIегъу! АрщхьэкIэ япэм хуэдэ зыри щыIэкъым.
- А пщыхьэщхьэм ди «Спартак»-м япэ текIуэныгъэр къихьащ. Абы «Ширак»-р 2:1-уэ хигъэщIащ. Республикэм и щIыпIэ псоми къикIауэ стадионым щызэхуэса цIыху минхэм я дэрэжэгъуэр къыпхуэмыIуэтэнт. А гуфIэгъуэр абыхэм я унагъуэ-хэм, гъунэгъухэм, лъэпкъхэм, лэжьапIэхэм здахьат икIи топджэгум зэрыщыIамрэ зэIущIэр зэрекIуэкIамрэ теухуа хъыбархэр щIэгъэтхъауэ яIуэтэжырт. Яхуэухыжыртэкъым «Спартак»-м хэт адыгэхэм ятепсэлъыхьыныр.
- Союзпсо зэхьэзэхуэм щыхэта япэ илъэсыр ди щIалэхэм «Б» классым и 3-нэ гупым и командэ нэхъыфIипщIым яхэту кърахьэлIащ. Псоми зыхащIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и футболистхэм къикIуэт зэрамыщIэр икIи къэкIуэну дахэ зэраIэр. ЕхъулIэныгъэхэми куэдрэ зыпагъэплъакъым: илъэсих нэхъ дэмыкIыу зыхэт гупым щытекIуэри, «А» классым ягъэкIуащ икIи а гъэ дыдэм Урысей Федерацэм и чемпион хъуащ.
- Фигу къэдгъэкIыжынщ Налшык и «Спартак»-м хэту 1959 гъэм къэралпсо зэхьэзэхуэм зыкъыщызыгъэлъэгъуахэр. Абыхэм, лъагъуэхэшхэм, я цIэр Къэбэрдей-Балъкъэрым топджэгум щыдихьэххэм ящIэн хуейуэ къыдолъытэ: гъуащхьэтетхэу Алий Руслан, Францев Виктор, Туманян Адольф, Кубарев Юрэ (ар губгъуэми щыджэгуащ); гъуащхьэхъумэхэу Iэпщэ Александр, Черноиванов Эдуард, Наурзокъуэ Юрэ, Чувахин Борислав; гъуащхьэхъумэныкъуэхэу Сарумов Рафаил, Багдасарян Эмиль, Жулюкин Виктор, Николаенкэ Владимир, Чистохвалов Юрэ, гъуащхьауэхэу Костин Александр, Туаев Къазбэч (командэм и капитант), Беликов Станислав, Митрофанов Геннадий, Поцхверие Николай. Командэм и тренер нэхъыщхьэт Суэтин Владимир.
- Япэу топищэ дэзыгъэкIа Бэч Руслан
- Гъуащхьауэ Iэзэ Бэч Руслан Къэбэрдей-Балъкъэрым и топджэгум и тхыдэм лъэ быдэкIэ хыхьащ. 1976-1985 гъэхэм ди «Спартак»-м зэрыщыджэгуа лъэхъэнэм къриубыдэу абы япэ дыдэу хузэфIэкIащ и хьэрхуэрэгъухэм топи 100 яхудигъэкIыну. 1977, 1978, 1980-1982 гъэхэм налшыкдэсхэм я гъуащхьауэ нэхъ Iэзэ дыдэ хъуащ.
- И щIыхькIэ «Бэчым и клуб» къызэрагъэпэщащ, налшыкдэсхэм яхэту топищэ дэзыгъэкIахэр хагъэхьэу. НобэкIэ езы Бэч Руслан (псори зэхэту топи 105-рэ дигъэкIащ) къищынэмыщIауэ, абы хэтщ Гъубж Вячеслав (136-рэ), Кугъуэт Эдуард (122-рэ), Наурыз Басир (118-рэ) сымэ.
- Псори зэхэту ди республикэм и щIыхьыр къэралпсо утыкум зэIущIэ 332-м щихъумащ, нэхъыбэм япэ лигэм щыджэгуу.
- Нэхъыбэрэ джэгуа Наурыз Басир
- Нартан къуажэм и топджэгухэм 1977 гъэм къыхашри, Наурызыр илъэс 18-кIэ зэкIэлъхьэужьу Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ нэхъыщхьэм и щIыхьыр ихъумэу джэгуащ. Ар зэи нэгъуэщIкIэ ихъуэжакъым икIи абы нэхърэ нэхъыбэрэ Налшык и «Спартак»-м и фащэр щызытIэгъа щыIэкъым — 502-рэ.
- Командэм и капитану илъэс куэдкIэ щытащ Басир. Топи 118-рэ хьэрхуэрэгъухэм яхудигъэкIащ. 1982 гъэм Бэч Руслан и гъусэу ди командэм и гъуащхьауэ нэхъ Iэзэ хъуащ. ЗэIущIищым топ щырыщ, пщыкIузым тIурытI щыдигъэкIащ.
- Гъуащхьауэ нэхъ Iэзэ Гъубж Вячеслав
- 1980 — 1995 гъэхэм, щызэпигъэуаи къэхъуу, Налшык и «Спартак»-м щыджэгуащ. Ди командэм хэту абы зэIущIэ 415-рэ иригъэкIуэкIати, топи 136-рэ и хьэрхуэрэгъухэм яхудигъэкIащ. Апхуэдэ зыхузэфIэ-кIа Налшык и «Спартак»-м зэи хэтакъым.
- Гъубжым зэIущIэ 20-м топ тIурытI щыдигъэкIащ — апхуэди нэгъуэщI диIэкъым. ИлъэсихкIэ зэкIэлъхьэужьу 1983 — 1988 гъэхэм и хьэрхуэрэгъухэм топ нэхъыбэ дыдэ яхудигъэкIыурэ ар ди «Спартак»-м и гъуащхьауэ нэхъ Iэзэ дыдэ хъуащ. Кострома и «Спартак», Грознэм и «Эрзу», Мейкъуапэ и «Дружба», Бахъсэн и «Ав-тозапчасть» командэхэми ехъулIэныгъэхэр иIэу щыджэгуащ.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ нэхъыщхьэм и тренеру, абы и щIалэгъуалэ гупым я тренер нэхъыщхьэу лэжьащ. Иджыпсту «Спартак-Налшыкым» и спорт директорщ.
- Къэбэрдей-Балъкъэрыр псэупIэ яригъэщIат
- Топджэгур спорт зэхьэзэхуэ къудей-къым. Абы зэпыщIэныгъэ быдэхэр еубзыху, цIыху гъащIэхэр зэрепх. Сыбырым къыщыхъуа Алдышев Анатолийрэ игъащIэ лъандэрэ ди гъунэгъуфI куржыхэм къахэкIа Гогибедашвили Зауррэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэр футболым фIы дыдэу яригъэлъэгъуащ икIи я гъащIэ псокIэ ар псэупIэ яригъэщIащ.
- Налшык и «Спартак»-м и япэ ехъулIэныгъэхэм, шэч хэмылъу, хьэлъхьэныгъэшхуэ хуащIащ ди командэм и гъуэр темыплъэкъукIыу илъэс куэдкIэ (1962 гъэм щыщIэдзауэ 1973 гъэм пщIондэ) зыхъума гъуащхьэтет Iэзэ Алдышев Анатолийрэ гъуащхьэхъумэ лъэрызехьэ Гогибедашвили Зауррэ. Мыхэр илъэсищ я зэхуакуу Налшык къэкIуащ, къыздикIахэри щIыпIэ зырызщ. АрщхьэкIэ я гъащIэ псор Къэбэрдей-Балъкъэрым ирапхащ.
- Алдышевым топ джэгун щыщIидзар къыщалъхуа Сыбырырщ. Новосибирск и СКА-м къыхашри, 1962 гъэм «Спартак»-м ирагъэблэгъащ. Анатолий ди щIыпIэм занщIэу дихьэхащ икIи ар зэи нэгъуэщIкIэ ихъуэжакъым.
- Гогибедашвили Заур Батуми и «Дина-мо»-м щыджэгуу 1964 гъэм Тбилиси и «Динамо»-м хэт Iэпщэ Александр зригъэцIыхуащ. Ахэр зэныбжьэгъу хъуащ икIи илъэс дэкIри, тIуми зэгъусэу Налшык и «Спартак»-м и щIыхьыр яхъумэу хуежьащ.
- Куржы куэд ди щIыпIэм зэрыщыпсэур, адыгэхэмрэ абыхэмрэ фIы дыдэу зэрызэхущытыр, дауи, тегъэщIапIэ хъуащ Заур Къэбэрдей-Балъкъэрым и унагъуэр и гъусэу къызэрыщынам. Ар футболист Iэзэм и закъуэкъым, атIэ «гупым я псэу щыт» цIыху телъыджэщ. Налшык и «Спартак»-м зэрыхэтар илъэсищ къудейми, нобэми и джэгукIар куэдым ягу къагъэкIыж. Зэман зыбжанэ хъуауэ дэIэпыкъуэгъу псынщIэм и автомашинэхэр зезыгъакIуэ Гогибедашвили Заур иджыпстуи и IэнатIэм хьэлэлу пэрытщ. И щхьэгъусэ, Налшык дэт Музыкэ школ №1-м и директор, Хьэмгъуокъу Светланэрэ абырэ зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу зэдопсэу.
- Мис апхуэдэу Налшык и «Спартак»-м я гъащIэ гъуэгуанэр иубзыхуащ Алдышев Анатолийрэ Гогибедашвили Зауррэ. Абыхэм я закъуэкъым футболым и фIыгъэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр къэзыцIыхуар икIи псэупIэ дахэ зыхуэхъуар, лъэпкъхэм-рэ лъахэхэмрэ я зэныбжьэгъугъэмрэ зэкъуэтыныгъэмрэ игъэбыдэу.